ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хьэтхэр

2018-07-05

  • Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ
  • Тхыдэ роман
  • (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№68-69, 72-75, 78-79, 81-хэм итщ).
  • — Хуит узощIыж, Алэдамэ! Сыпхуэарэзыщ, щIалэ! Напэ уиIэу, щIыхь уиIэу, уцIыху нэсу укъыщIэкIащ, укъызыхэкIа лъэпкъышхуэм и пщIэр пIыгъыжащи, узоутIыпщыпэ. Иджыпсту щыщIэдзауэ ущхьэхуитщ. Сыхуейщ фи дежкIэ зэрыхабзэм хуэдэу, уи адэм деж усшэжыну, — къэтэджащ пщыр, Алэдамэ и нэм къыщIэплъэу.

  • ЩIалэм жиIэнури ищIэнури имыщIэу щытт, къэуIэбжьауэ.
  • — Тхьэм и нэфI къыпщыхуэ, зиусхьэн. Вакъуэ адэм и къалэныр тIуащIэу умыгъэзэщIамэ, нэхъ мащIэкъым. Си жагъуэ хъун псалъи, сигу къеуэни зэи къызупэсакъым. ФIыщIэ пхузощI. Ауэ…
  • — Сыт «ауэ», Алэдамэ? ЖыIэт уэ.
  • — Ауэ, сэ сыкIуэжыну сыхуейкъым, зиусхьэн.
  • — Сыт щхьэкIэ? УахэмызэгъэжынкIэ ушынэу ара? — етIысэхыжащ пщышхуэр.
  • — Хьэуэ, зиусхьэн. Дауи, бланэ щалъху йокIуэлIэж. Ауэ сэ гурэ псэкIэ Хьэт къэралыгъуэм сыхуэпэжщ, си гъащIэр мыращ здэщыIэр.
  • Дауи, Алэдамэ и Iуэхур куэдкIэ нэхъ тынш хъуат иджыпсту, ауэ, итIанэми, къригъэкIуа-къым «уипхъу курытыр щхьэгъусэу къызэт» жиIэу, пщым и пащхьэ иувэн. Гъуни нэзи имыIэу къыхуэгуапэ вакъуэ адэм апхуэдэ ирикуфынутэкъым щIалэм. И гур ириудыфынутэкъым, и гур зыщигъэкIыфынутэкъым. Iэнкунт. «ИкIи уимыкI икIи уимыс» жыхуиIэ-рат и Iуэхур.
  • — Арамэ, фIыщ. НэхъыфIыжщ. Сэ сыхуэныкъуэщ уэ пхуэдэ цIыху пэж, — сытыт абы иужь узыщIэлъэIужынур. — Иджы щIыналъэ уэстынщ, щхьэгъусэ къозгъэшэнщи, гъащIэщIэ бухуэнщ…
  • — Зиусхьэн, иджыпсту згъэзащIэ къалэнхэр къысхуэнэжу сыкъыщынэ хъуну уардэунэм? — пщым жиIэнур жримыгъэIэу къызэпиудащ Алэдамэ.
  • — Апхуэдэ гукъыдэж уиIэмэ, сыгуфIэну аращ, Алэдамэ, — игъэщIэгъуащ пщым.
  • Абы хэту бжэIутыр къытеуIуащ.
  • — КъыщIыхьэ, — джащ Хьэтусилэ.
  • — Зиусхьэн, гуащэр къэкIуащ, къыпхуэзэну хуейуэ.
  • — КъыщIэгъэхьэ.
  • — Зиусхьэн, хуит сыкъэпщIмэ… — щхьэщэ ищIащ Алэдамэ.
  • — КIуэ, щIалэ, кIуэ, — Хьэтусилэ къызэфIэувэри, щIалэм и дамэм арэзыуэ теIэбащ.
  • — Хьэтусилэ! — щтэIэщтаблэу къыщIэлъэдащ Дэдей.
  • — Сыт, си гуащэ дахэ? Сыт къыпщыщIар? — пежьащ абы пащтыхьыр.
  • — Амырейм хъыбар къикIащ — Къейшэху сымаджэ хъуауэ жаIэ. СымыкIуэу хъунукъым, — егъэлеяуэ гузавэрт гуащэр.
  • — ЕтIысэхыт, гуащэ. УвыIэ зэ. Сыт къыщыщIар, хэт къэкIуар? — тригъэуну хэту.
  • — Къейшэху уэндэгъущ, зэрыпщIэщи. СщIэркъым абы епхами, ауэ сымаджэ хьэлъэу жаIэ. Хъыбар къригъэхьащ, — и нэпсым къызэпижыхьащ.
  • — УкIуэну ухуейуэ ара-тIэ?
  • — НтIэ, Хьэтусилэ. Хуит сыкъэпщIмэ, — и щхьэгъусэм и Iэм щабэу теIэбащ Дэдей.
  • — Хуит узмыщIми, укIуэнущ уэ абы, Дэдей. УзоцIыхуж сэ уэ. Быным нэсамэ, жыIэмыдаIуэ уохъу. КIуэ, — арэзы техъуащ пщыр. — Ауэ Алэдамэ гъусэ пхуэсщIынущ. НэгъуэщIу узутIыпщынукъым.
  • — Нэптери къыздэсщтэнщ, хъункъэ? И шыпхъур игу къэкIауэ ара си гугъэщ, иужьрей зэманым нэщхъеирилэщ.
  • — Къыздэщтэ, теунщ, — арэзы техъуащ адэ гумащIэр.
  • Зэанэзэпхъур гъуэгу теуващ. Дэдей бэIутIэIуншэу Амырейм зэрынашэсынур ищIэ пэтми, и гур къидзэкъыкIырт. Ар щIэгузавэри и пIэм щIимысыжыфри и пхъур сымаджэу зэрыжаIарат. Дэдей и нэкIу дахэм зэлъа мащIэ къытридзат, и щхьэцыгъуэшхуэми тхъугъэ закъуэтIакъуэ хэтт, ауэ зэрыгуакIуэт, зэрыдахэт. Абы и нэщхъыр зэхэлът, гухъыринэм и Iупхъуэр IуигъэкIуэтурэ, щIэх-щIэхыурэ дэплъырт.
  • Нэптерэ и гур щIэжабзэ цIыхухъур пэмыжыжьэу щытти, абы дихьыну махуэ бжыгъэхэр иухынкIэ шынэу Тхьэхэм елъэIурт. Асыхьэтуи и шыпхъу нэхутхьэхур зэрысымаджэр къищIэжырти, нэщхъейуэ и анэм хуеплъэкIырт.
  • — Ди анэ, тIэкIу зыбгъэпсэхумэ, хъунтэкъэ?! Махуищ мэхъури гъуэгу дытетщ, дыкъызэрыу-выIа щIагъуэ щымыIэу. Уи бгыр пхуэIыгъыжкъым. Шэтыр едгъэгъэувынщи, ущылъынщ, зыбгъэпсэхунщ, — и анэм и Iэм щабэу тоIэбэ Нэптерэ.
  • — Хьэуэ, Нэптерэ. Си гум сызэрехуэ. Дэ иджыри гъуэгушхуэ къытпэщылъщ. Сешакъым сэ, умыгузавэ, — и щхьэр зэрехьэ.
  • — Апхуэдэу хъунукъым, ди анэ, — и анэм и фэр зэрырихыжыр и жагъуэщ пщащэм.
  • — Уэ-щэ?! Сыт уэ уи лажьэр, си тхьэIухуд? Гу лъыстащ нэщхъей узэрыхъуам. Апхуэдэ дыдэу ущытакъым, — ипхъу къамылыфэм и нэ дахэм щIэплъащ анэр.
  • — Сэ сыхъарзынэщ, сэр щхьэкIэ умыгузавэ. Уардэунэм сесэркъым. Хьэкъмыс нэхъыфIт, — и щхьэр ирехьэх, и нэ гурыIуатэр игъэпщкIуу.
  • — Сэри Хьэкъмыс нэхъ сфIэфIт, — пыгуфIыкIащ гуащэр, и гъащIэм и нэхъыбапIэр щихьа щIыпIэр игу къэкIыжри. — Фи адэм и къуэм иритыжа къалэр насыпылъэ псоми тхуэхъуат, фэ фыщыдгъуэтащ абы. Ауэ Тэшмий Хьэтуссэращ къыщалъхуар, абы фIыуэ илъагъун хуейщ къалащхьэр.
  • — Абыи и гум дыхьащэркъым, пэжыр жысIэнщи, — дыхьэшхащ Нэптерэ, и дзэ хужьыпсхэр къыIущу.
  • — ЗыкIэ нэхъ дахэж уохъури ущыгуфIэкIэ, си нэхунэ. Мис апхуэдэу ущызгъэтынут сытым дежи, — и напэм Iэ делъэ. — Нэптерэ, мыхьэнэ зимыIэхэм сетауэрэ, нэхъыщхьэ дыдэм сытеплъэкъукIыу къысщохъу… Зыгуэрым узэримыгъэтыншыр наIуэщ. Ар зищIысри сощIэ, — хэщэтыкIащ гуащэр.
  • — Ди анэ… — укIытауэ и щхьэр ирихьэкIащ пщащэм.
  • — Мыдэ къызэплъыт. Алэдамэ гурылъ хуэпщIауэ ара?
  • Нэптерэ и гур къызэфIэнат, иджыпсту къыщиудыну хьэ-зырт. И анэм псори къызэрыгурыIуам ириукIытат икIи иришынат пщыпхъур.
  • — КъызжеIэ уи гум щыщIэр, си тхьэIухуд. Анэм нэхъ укъызыгурыIуэнрэ узымыIуэтэжынрэ мы дунеищIэм щIэткъым.
  • — СщIэркъым сщIэнур, ди анэ, — къыщиудащ Нэптерэ. — Си гур къистхъыжыфыну?! Сыпэлъэщыркъым. КъызгуроIуэ сэ ар къызэрыстемыхуэри, псэгъу схуэхъунур къыхэсхыну сызэрыхуимытри, ауэ… ПщIэрэ… — и нэкIущхьэм уэру къытелъэда нэпсыр ирилъэщIэкIыурэ тхьэусыхэрт пщыпхъур.
  • — КъызгуроIуэ, тIасэ. КъызгуроIуэ. Сэри фи адэр сцIыхуакъым сыкъыдэкIуэн ипэ. Сыкъратын ипэ, нэхъ тэмэму жыпIэмэ. Сэри сиIащ лъагъуныгъэ щэху, — и набдзэ лъэныкъуэр дришейри, щхьэгъубжэм дэплъащ гуащэр. — Ауэ, плъагъурэ, Хьэтусилэ фIыуэ слъэгъуащ, сызэгуэудурэ сыкъратами. Ар езы цIыхухъум елъытауэ аращ, фIыуэ плъагъунрэ пхуэмылъагъунрэ. Фи адэр цIыху щабэт, хьэлэлт, къысщысхьырт, сыкъыгурыIуэрт. Плъагъурэ, езыми куэд и нэгу щIэкIат, куэд игъэвати, фIым и уасэр ищIэрт. Арати, и цIыхуфIагъымкIэ, и щабагъымкIэ, и щытыкIэ дахэмкIэ сыкъыдихьэхащ, — и пхъум къыхуоплъэкIыжри, погуфIыкI гуащэр.
  • — Си фIэщ хъуркъым сэ нэгъуэщI фIыуэ схуэлъагъуну. СхузэфIэкIынукъым. ЛIэны- гъэр нэхъыфIщ, — идэркъым хъыджэбзым.
  • — Къэсынущ зэман, мы псалъэмакъыр уигу къэкIыжурэ, удыхьэшхыу, «сыту сыщIэла, сыту сыдела» жыпIэу, — погуфIыкI гуащэр, и пхъум едэхащIэурэ.
  • Абы хэту зэрыгъэкIий макъ къэIури, гухъыринэр къэувы-Iащ. Зэанэзэпхъум зэуэ къагурыIуакъым къэхъуар, ауэ «щIач-щIач» жиIэу гухъыринэм шабзэшэхэр къыщытещащэм, псори наIуэ хъуащ — зыгуэр къатеуат.
  • — Зегъэзых! Зегъэзых! — пхъум и щхьэр ирихьэхыу, гужьеяуэ кIиящ гуащэр.
  • Гуащэм и гъусэу къежьа зауэлIхэр зэрызехьэрт, зэрыгъэкIийрт, гухъыринэр иджыпсту зэпкърыхунущ жыпIэу, шы гужьеяхэм зэрадзэрт.
  • — ФыкъимыкI, гуащэ! — къэIуащ Алэдамэ и макъыр.
  • ЩIыбымкIэ зэхэуэ гуащIэ зэрыщекIуэкIыр къапщIэу, джатэ Iэуэлъауэ макъыр увыIэртэкъым, шабзэшэхэри уэшхым хуэдэу гум къытещащэрт. Нэптерэ здисымкIэ зыгуэрым бжэр Iуихщ, пщащэм и Iэблэр иубыдри, гуащэр кIэлъыIэбэ-кIэлъыпхъуэурэ, чачэу ирилъэфащ. Асыхьэту джатэр дыгъэм пэлъыду къауэри, Нэптерэ езылъэфэжьам и Iэр пигъэхуащ. Апхуэдэ гуIэгъуэ япэ дыдэ зылъэгъуа пщащэр кIиину къыщыдришейм, Алэдамэ ар Iэ лъэныкъуэкIэ къипхъуатэщ, гухъыринэм иридзэжри, бжэр хуищIыжащ.
  • — Ди анэ! Ди анэ! Ди гъусахэр зэрыщыту хьэдэу щылъщ, — и нитIыр къыщихуауэ и анэм зридзащ пщащэм.
  • — Нэптерэ! Си хъыджэбз дыщэ, умышынэ. Дэ зыри къыдащIэнукъым. Iэпэ къытхуахьыну хуиткъым ахэр! — и пхъур зэщIиубыдащ гуащэм.
  • Зы тэлайкIэ псори щым хъужащ.
  • — Щхьэ щым хъуа? — и щхьэр къиIэтащ пщащэм. — Алэдамэ… Алэдамэ дэнэ щыIэ?! — Нэптерэ зыкъищIэжщ, и анэм зыкъыIэщIиудри, гухъыринэм къелъащ.
  • Гуащэри абы къыкIэлъелъащ.
  • Алэдамэ гухъыринэм пэмыжыжьэу щытт. Абы и щIыфэр зэрыщыту зэхэуIыхьауэ, лъыр къежэхырт, Iэ сэмэгукIэ иIыгъ мэIум шабзэшэ хъушэ хэлът, и джатэдзэм лъы къыпыжырт. Ар лъэ быдэкIэ щIым тетт, сыт хуэдэ фэбжь кърадзами зыхимыщIэу, джатэ Iэпщэр икъузарэ, зричыну хьэзыру. ЗауэлI гуп къыпэщытт Алэдамэ, тIощI нэхърэ мынэхъ мащIэу. Абыхэм зыгуэр ягъэщIагъуэ хуэдэ зэплъыжырт. Iэщэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэщIэузэда гупым къызэрехьэжьэнрэ щIэпхъуэжынрэ къахуэмыщIэу Iэнкунт. Алэдамэ зэриувыкIам хуэдэу щыту, и щхьэр къриIуэнтIэкIри, зэанэзэпхъум къахуеплъэкIащ. Абы и нэкIур лъы защIэт, езыр ину бауэрт. ЩIалэм и щхьэр гухъыринэмкIэ ищIащ, фитIысхьэж жыхуиIэу.
  • Алэдамэ ищIэрт и щIыбагъ къыдэт, дзыхь къыхуащIа цIыхубзитIыр иджыпсту хуэмыхъумэмэ, зы шынагъуэ гуэр къазэрыщыщIынур, дауэ имыщIами, и закъуэ зауэлI тIощI ирихын зэрыхуейр. КъаукI хъунутэкъым, итIанэ щIэпсэужыр гъэрыпIэ ихуэнут, лей къытехьэнут. Дэнэ кърихами, къару телъыджэ гуэр къыкъуэкIын хуейт абы. Къатеуахэм я зэхуэдитIыр Алэдамэ и закъуэ зэхиупщIэтауэ арат адрейхэр къэуIэбжьауэ щIызэхэтыр. Къэнэжари гуащэмрэ Нэптерэрэ къабгъэдигъэхьэнутэкъым, сыт имыщIами.
  • «Дзэгъащтэ жыхуаIэхэм я хъыбар зэхэпха хъунщ, си щIалэ. Тхьэхэм къагъэщIа хъункъым абыхэм хуэдэ цIыху телъыджэ. Дзэгъащтэ хъужыр зауэлI нэхъ хахуэ дыдэращ, нэхъ Iэлырщ, нэхъ хъыжьэрщ. Абы хьэкъыу ещIэ къызэремылынур, итIани гурэ псэкIэ ажалым хуэхьэзыру, дзэ псом и закъуэу пэщIоувэ. Бийм и лъэр щIэхун папщIэ, игъэщтэн папщIэ. Бийр йогупсыс: «Мы зы цIыхухъум и закъуэ апхуэдиз лIыгъэ щызэрихьэкIэ, абы и щIыбагъ къыдэт дзэм къыдищIэнур сыт?!» — жеIэри. Аракъэ-тIэ, лIыгъэ жыхуаIэжыр?! Мэуэтхэм къищынэмыщIа, нэгъуэщI зы лъэпкъми иIэкъым апхуэдэ хабзэ телъыджэ. Ауэ, ди адэжьхэм жаIэж, языныкъуэ дзэгъащтэхэри псэууэ зауэм къыхэкIыжыфауэ, къыпэщIагъэува гупым щыщу зы цIыху IэщIэмыкIыу, зэтриукIауэ», — Алэдамэ иджыпсту игу къэкIыжат и мэуэт вакъуэ адэм зригъэдэIуауэ щыта хъыбарыр.
  • Къарууэ къыхуэнэжар зэхуихьэсщ, хьэуар куууэ зыжьэдишэри, Алэдамэ зричащ. ЩIалэм къыпэува зауэлI гупым яхэлъэдащи, зэдэмэпкъауэр иреуд, и джатэр зытришащIэр хегъащIэ, зытехуэр пегъэщхъ. Зэрыхъу ирехъу жиIэу, пэрыуватэкъым ар а къалэн мытын-шым, атIэ бзаджащIэхэм ящыщу зы цIыху псэ Iуту имыутIыпщыну быдэу и гум илъу яхыхьат. Алэдамэ зищIэжыртэкъым, игъащIэм зыхимыщIа гужьгъэжь фIыцIэр и кIуэцIым къыщызэщIэушауэ и IэпщэхэмкIэ къыщыхэкIыжырти, ажал щIы-Iэу бзаджащIэхэр ирихырт.
  • Гуащэмрэ Нэптерэрэ зэрыубыдыжауэ гухъыринэм ист, я фэр пыкIарэ, гузавэм зэридзэу. Пщащэм къыщыхъурт Алэдамэ къызэфIэщэхэну, и лъакъуи-тIым ямыIыгъыжу щIэщIэу, къаукIыну.
  • КъыздикIари къыздихуари къахуэмыщIэу, асыхьэту шууей гуп къэсри, Алэдамэ зылъэмыIэса бзаджащIэ зыбжанэр шыбгъэгукIэ ирахащ. Къепсыхмэ — Хьэтусилэрэ Тутхьэлийрэт. Пщыр гужьеяуэ Алэдамэ-рэ гухъыринэмрэ я кум итт, зыздидзынур имыщIэу. Тутхьэлий гум бгъэдэлъадэрэ бжэр Iуихмэ — зэанэзэпхъур зэшэкIа-уэ, зэщыджэу ист.
  • — Дэдей, Нэптерэ! КъыфлъэIэсаIа? — зыкъидзащ абыхэм дежкIэ Хьэтусилэ.
  • — Зыри ди лажьэкъым… ЗэфIэкIащ! ЗэфIэкIащ псори, — увыIэжыфыртэкъым гуащэр.
  • — Алэдамэ! — аддэ жыжьэу щыт щIалэм дежкIэ Хьэтусилэ щиунэтIым, Алэдами, ерагъыу и лъэр зэщIихыу, къыпежьащ.
  • — Зиусхьэн…
  • — Алэдамэ, си щIалэ! — пщым зиплъыхьырт, губгъуэм хьэдэу илъымрэ абыхэм щIалэр зэрапэлъэщамрэ хузэхуэмыгъэ- хъуу.
  • Зэадэзэкъуэми, абыхэм ящIыгъуу къэса зауэлIхэми ягъэщIагъуэ пэтми, яхуэухыртэкъым я нэгу щIэкIар. Я щхьэр ягъэкIэрахъуэу зэхэтт.
  • — Уэ къысхуумыщIа мы дунейм теткъым, Алэдамэ. ЕтIуанэу ажалыр спыIубгъэкIуэтащ. Узыхуей дыдэмкIэ къызэлъэIу, пхуэзмыщIэн щыIэкъым, — бауэбапщэу щыт щIалэм IэплIэ хуищIащ пщым.
  • — Нэптерэ къызэт, зиусхьэн! НэгъуэщI зыри сыхуейкъым, — ерагъыу къыдришеящ Алэда-мэ.
  • Хьэтусилэ Алэдамэ зыщIэлъэIур щызэхихым, иутIыпщыжщ, къикIуэтри, щIалэм и нэгум щIэплъащ, жиIар къыгурымыIуа хуэдэ.
  • — Сыт жыпIа? — и нэщхъыр зэхиукIащ пщым.
  • — Нэптерэ щхьэгъусэу къызэт, зиусхьэн, — нэхъ ину жиIащ.
  • Хьэтусилэ пидзыжынур къыхуэмыщIэу щытт, щIалэр зэпиплъыхьу.
  • — Хьэтуссэм догъэзэж. ПсынщIэу. Мыбдеж куэдрэ дыщызэ-хэт хъунукъым. Мобы и уIэгъэхэр вгъэкъабзи, фынежьэ псынщIэу, — и шыпхъумрэ анэмрэ гъуэрыгъуэурэ тезыгъэуж Тутхьэлий зыхуигъэзащ пщым.
  • Ар хуейтэкъым Алэдамэ иджыпсту жэуап иритыну. ЩIалэр къызэринэкIа зэхэуэм нэхърэ нэхъ Iеижу къехьэлъэкIа псалъэхэр къыдришеифати, игу зэгъэжауэ, щIым етIысэхащ. Нэптерэ абы хуеплъэкIырт. Пщащэр хуейт щIалэм бгъэдэтIысхьэу едэхэщIэну, псалъэ дахэ жриIэну, и уIэгъэхэм хущхъуэ хущихуэну, зэрыпсэур и фIэщ мыхъужу, быдэу IэплIэ хуищIыну. Абы зэхихатэкъым Алэдамэ пщым зэрелъэIуар, армыхъумэ, укIытэнти здэщыт дыдэм деж кIуэцIрыхунт. Нэптерэ къыщыхъурт Алэдамэ нэхъыфIыжу илъэгъуауэ, нэхъыбэжу хуэныкъуэу, хуэлIэу.
  • — Хьэтусилэ, дауэ къэпщIа ди Iуэху зыIутыр? Щхьэ укъыткIэлъыпхъэрын хуей хъуа? — Дэдей къыгурымыIуэу, и щхьэгъусэм зыхуигъэзащ.
  • — Уэ къыпIэрыхьа хъыбарыр нэпцIщ, гуащэ. Къейшэху сымаджэкъым, — щэтащ пщыр.
  • — Дауэ? Хэт-тIэ а хъыбарыр къызыбгъэдэкIар?
  • — Ныхъуашэ къикIащ, Шэтэнду къыбгъэдэкIыу, — и щхьэр игъэкIэрэхъуащ Хьэтусилэ. — Абыхэм ящIыгъуу згъэкIуа унэIутхэм хъыбар сагъэщIауэ аращ. ЗымащIэкIэ гувауэ…
  • Шэтэнду ищIамрэ Алэдамэ зыщIэлъэIуамрэ нэхъ къэзыгъэуIэбжьар дэтхэнэрами езы Хьэтусилэ хузэхэщIыкIыжыртэкъым.
  • — Еплъыт а хьэIуцыдзым! СщIащ сэ ар зэрымыувыIэнур, — жиIащ гуащэм, и пхъур нэхъри зэщIикъузэу.
  • — Рамзес хуэтхат ар, пащтыхьыгъуэр къыстрихыжыну зэрыхуейр жриIэу, абыкIэ щIэгъэкъуэн къыхуэхъуну елъэIуу. Фирхьэунми жэуап къриты-жащ. Шэтэнду дзыхь къыхуищIу къыщIэкIынукъым абы, шэсыгъу щIэлъэIуащ. Езым зитмэ, ТIэшуб и закъуэ Iуэхур хузэхуэгъэхъунукъым. ТIэшуб иритрэ, Рамзес зыхуейр къыIэрыхьэмэ, и къуэр къиукIынкIэ мэшынэ. Арати, Шэтэнду гъуэгу утришэу, шэсыгъу папщIэу узэриубыдын Iэмал къилъыхъуэу а хъыбарыр къыпIэригъэхьауэ аращ. Сэ си лъэр щIиудын, шэсыгъуншэу Iуэхур зэфIигъэкIын папщIэ.
  • — Абы зэхуигъэхъуа къомыр… — игъэщIэгъуащ гуащэм. — Фыз щхьэкIэ пщым къэралыгъуэр итрэ?!
  • — Стынут, Дэдей! Стынут. Фэращ сэ щызиIэр мы гъащIэм. Фэрыншэмэ, зыри сыхуеижкъым, — и щхьэгъусэмрэ и пхъумрэ IэплIэ яхуищIащ пщым.
  • — Сыт-тIэ, иджы Шэтэнду епщIэнур, Хьэтусилэ. Сыт хуэдэ тезыр абы хуэфащэр? — Дэдей и щхьэр и щхьэгъусэм и дамэм иригъэщIащ.
  • — Тезыру щыIэм я нэхъ ткIийр хуэфащэщ абы. Шэтэнду зэи тепыIэнукъым, ар быдэу си фIэщ хъуащ иджы. Палъэнущ. Ауэ, ТIэшуб пщы унагъуэм щыщщи, хьэпс мыхъумэ, ажал къилэжьыркъым. Си гугъэщ хытIыгу гуэрым езгъашэу, и гъащIэр хьэпсым щихьмэ нэхъыфIу. Зэнзей и дыщым ирекIуэж. НэхъапэIуэ сщIэн хуеящ апхуэдэу. Сэращ ар зи щыуагъэр. Си зэранкIэ фысIэщIэкI пэтащ, — и фIэщ мыхъужу гуащэмрэ Нэптерэрэ зэпиплъыхьырт Хьэтусилэ.
  • Гъуэгум тетыху пщыр хэкIакъым гупсысэм. Абы къыхуэщIэртэкъым и къэралымрэ Мысырымрэ я зэхуаку дэлъ зэгурымыIуэмрэ зауэ бжыгъэншэхэмрэ зэригъэувыIэнур. Хьэтхэр тыншыгъуэ жыхуаIэм щIэхъуэпсу къэнат, закъыхуэужьыжыртэкъым.
  • Уардэунэм къекIуэлIэжу, зэман дэкIыжа нэужьщ Хьэтуси-лэ Алэдамэ щриджар. Пщым жиIэнур зэхуигъэхъуу, къыщыщIидзэнури къыхуэмыщIэу, куэдрэ гупсысэу щысащ. НэгъуэщI зыгуэру щытатэмэ, зримыгъажьэу, пигъэщхъынут. Ауэ, Алэдамэ пщым и гъащIэм увыпIэшхуэ щиубыдырт, куэдыIуэкIэ зэпхати, къыхудэшейртэкъым.
  • — Уэ нэхъ малъхъэфI згъуэтынукъым сэ, Алэдамэ. Сылъыхъуэми, згъуэтынукъым. Сыбгъэпэжащ, гурэ псэкIэ укъызбгъэдэтащ, си гум илъыр си бзэм къытемыхьэ щIыкIэ, сызыхэпщIэу нобэм укъэсащ, — пщым и псалъэр и гум къикIми, ерагъыу зэкIэлъигъакIуэу арат. — Сыхуейкъым уи гур изудыну, уи жагъуэ сщIыну. Ауэ… Нэптерэ уэстыфынукъым. Абыи щхьэусыгъуэ иIэщ. Пэжщ, гу лъыстат абырэ уэрэ нэгъуэщI зыгуэру фызэрызэхущытым, ауэ фи гухэлъхэр апхуэдизу гуащIэ си гугъакъым. Гуащэм зэрыжиIэмкIэ, фIыуэ фызэролъагъу.
  • Алэдамэ зимыгъэхъейуэ щытт, и напIэр ехьэхауэ. Абы зы псалъэ закъуэт зэхихар — уэстыфынукъым. Адрейхэм зыми мыхьэнэ яIэжтэкъым.
  • — Лъагъуныгъэр зищIысыр сощIэ сэ. УкъызгуроIуэ. Ауэ си пхъум нэгъуэщI гъащIэщ хухэсхар. Уи жагъуэ мэхъу, щIэхфэхи утеужынукъым. СощIэ. Сыпщогугъ уэри сыкъыбгурыIуэну. УощIэ ауэ сытми зыри зэрызмыщIэр. Уэ сыкъыбгурымыIуэмэ, зыми сыкъыгурыIуэну-къым, — пщыми и напIэр къиIэту и пащхьэ ит щIалэм и нэгу щIэплъэфыртэкъым.
  • Алэдамэ къыщыхъуат мы дунеижьым псэ зыIуту зы цIыху къытемынауэ, и закъуэ дыдэу. ХьэкIэкхъуэкIи, псэущхьи, хьэпщхупщи, къуалэбзуи бзэхат. Даущыншэт щIы хъурейр. Зыри хуеижтэкъым Алэдамэ. Зыми щIэхъуэпсыжыртэкъым. Абы и хъуэпсапIэр трахат. Нэрымылъагъуу, IэкIэ улъэIэс мыхъуу щыIэ хъуэпсапIэ нэгъунэ трахат. Сытыт абы пщым пидзыжыфынур?!
  • — Зэ бжесIащ, Алэдамэ. Иджыри къытызогъазэ — Хьэкъмыс узот. Мы дуней фIыгъуэр тыгъэ пхуэсщIынт, уи лIыгъэм-рэ укъызэрысхуэпэжамрэ папщIэ. Сэ фIыуэ къызгуроIуэ, мы псалъэмакъым иужькIэ Хьэтуссэм укъызэрыщымынэнур. Уи гум техуэнукъым уэ ар. Ауэ дызэфIэкIуэдыну сыхуейтэкъым. Сэ сыхуэныкъуэщ уэ пхуэдэ дзэпщ, дамэгъу, ныбжьэгъу, — Хьэтусилэ щIалэм бгъэдэкIуатэри, и нэгум иплъащ.
  • Алэдамэ зигъэхъейртэкъым. КъэщIэгъуейт и щхьэм илъри и гум щыщIэри.
  • — Зыгуэр къызжеIэ, Алэдамэ. Умыщым! — и гур зэрыкъутэр къапщIэу, пщым и щхьэр ирихьэкIащ.
  • — ГурыIуэгъуэщ, зиусхьэн, — и щхьэр ищIащ щIалэм.
  • — Къапщтэрэ бжесIар? Хьэкъмыс и унафэщI ухъуну уарэзы?
  • — ИужькIэ жэуап уэст хъуну, зиусхьэн?
  • — Хъунущ. Узэрыхуейм хуэдизрэ гупсысэ, — арэзы хъуащ пщыр.
  • Хьэтусилэ ищIэрт Алэдамэ и жагъуэ зэрищIар. Ар зэригъэзэкIуэжыну Iэмалыр арт къыхуэмыщIэр.
  • — Зиусхьэн! — щхьэщэ ищIри, Алэдамэ пщы лэгъунэм щIэкIыжащ.
  • Хьэтусилэ шордакъым ихьащ. Абы Алэдамэ жриIатэкъым Нэптерэ хэт иритынуми. Арат езы пщыр нэхъ Iеижу зыгъэгупсысэр, зезыхуэр, зымыгъэжейр. Ауэ Хьэтусилэ быдэу и фIэщ хъурт и унафэм зэрыхущIемыгъуэжынур. Шэчи къытрихьэртэкъым а Iуэхур къэралым щхьэпэ зэрыхуэхъунум.
  • Алэдамэ псори фIызыхэзэрыхьат. Абы ищIэрт пащтыхьым «хьэуэ» къыжриIэнкIэ зэрыхъунур, ауэ апхуэдэ дыдэу и гур узын, апхуэдэу хьэлъэу а узыр къыхущIэкIын и гугъакъым. ЩIалэм и нэгу къыщIигъэхьэжырт Мэуэт щIыналъэр. Абы и дахагъэр. Ар егупсысырт зэгуэр хытет бзаджащIэхэм къамыдыгъуатэмэ, и гъащIэр нэгъуэщI зэрыхъунум. Адэ-ани, къуэши, шыпхъуи зэриIэнум, и адэм и пщыгъуэри къызэрылъысынум. Ауэ… Ауэ абы щыгъуэм Нэптерэ и нэ дахитIыр зэи илъагъунутэкъым, и щхьэц Iувым и мэ гуакIуэр къыщIихьэнутэкъым, и Iупэпщ дыхьэрэным и IэфIагъыр зыхищIэнутэкъым. Пэжщ, нэгъуэщI бзылъхугъэ игъэунэхуну хъунт, ауэ и гум Нэптерэ зэрыхэпщIам хуэдэу ар хэпщIэнут?
  • Куэдрэ щыта, мащIэрэ щыта Алэдамэ? Гупсысэу. Зимыгъэхъейуэ. Мазэр апхуэдизкIэ изт, инти, щIэплъыпIэр зэрыщыту иубыдауэ, мафIэсышхуэм ещхьу жэщныкъуэ уафэр къигъэнэхурт, къалэм щызэпрыж псыIэрышэр мафIэ лъынтхуэм хуэдэу тригъэпщIыпщIыкIырт. Хьэмэрэ, Алэдамэ и нэр теплъызауэ, апхуэдэу къыщыхъуу арат?!
  • ЩIыпIэ мыцIыху жыжьэ гуэрым къыщыхута щIалэм зыкъригъэщIэжу, бжэIух макъ и тхьэкIумэм къицырхъащ абы. Щхьэхынэу къызэплъэкIмэ, Нэптерэ щытт.
  • — Нэптерэ?! — къэуIэбжьащ Алэдамэ. — Щхьэ укъэкIуа жэщыбгым? Зыгуэр къэхъуа?
  • Пщащэм жэуап имыту Алэдамэ бгъэдэкIуэтащ. Нэптерэ и мэ гуакIуэм пэшым зыщIиукъуэдияти, Алэдамэ и нэр зэтрипIащ, и бгъэм щызу бауэу. Нэптерэ абы гъунэгъу дыдэу къыбгъэдэтт. Пщыпхъум и дамэхэм тепхъа щхьэц Iувым щабэу Iэпхъуамбэхэр щIигъалъэри, и пэм хуихьащ Алэдамэ. ТIуми къафIэIуэхутэкъым зыри. Къалъагъуми, къащIэми арэзыт. А тIум къращIам нэхърэ нэхъ Iеиж зэи къращIэжыфынутэкъым.
  • Нэптерэ и Iэр щIалэм и бгъэм трилъхьащ.
  • — Уи гур къызэреуэм седаIуэу схьынут си гъащIэр, — жиIащ абы.
  • Алэдамэ пщащэр зэщIиубыдэри, IэплIэ хуищIащ.
  • — Сэ зэи узмыутIыпщыжу мыпхуэдэу гъащIэр схьынут.
  • Алэдамэ и щIыфэм телъ уIэгъэ зэпцIыжахэм щабэу, игъэузынкIэ шынэу телъэщIыхьырт пщащэр:
  • — УсIэщIэкIынкIэ сышынат.
  • — ЖесIащ абы щыгъуэ пащтыхьым… Укъызитыну… — и нэр зэтрипIэри, жьы къыпиубыду, и Iупсыр иригъэнэхащ Алэдамэ.
  • — СощIэ, — худэплъеящ абы Нэптерэ.
  • — Нобэ жэуап къызитыжауэ аращ… Идакъым, — нэхъри нэхъ быдэжу зрикъузылIащ пща- щэр.
  • — СощIэ… Сэ нэгъуэщIщ абы сызритынур, — и нэпсыр къыщIэжащ Нэптерэ.
  • — Хэт? — бауэкIэщI хъуащ Алэдамэ.
  • — Iуэхукъым ар. Зыри Iуэхукъым. Уафэр кърещэщэх иджы хуейми, — жиIэщ, лъапэпцIийуэ уври, Алэдамэ и Iупэм пща- щэм ба хуищIащ.
  • ЩIалэр къызэщIэнауэ мафIэм исырт, къызэтемыувыIэжыфынкIэ шынэрт, ауэ Нэптерэ икIуэтыжыну къэкIуатэкъым цIыхухъу лэгъунэм. Алэдамэ и фIэщ мыхъужу, зыщимыгъэнщIыжу пщащэр зрикъузылIэрт, имыутIыпщыжыфу зэкIэлъигъэпIащIэу ба хуищIырт.
  • — Нэптерэ… Нэптерэ… Хъунукъым… — ерагъыу зыкъищIэжри, и щхьэр къиIэтащ Алэдамэ.
  • — Сызэхэпхрэ, сыхуейкъым нэгъуэщIым! Уэ зыращ… Уэ зызакъуэращ. КхъыIэ… НэгъуэщIым дзыгъуэджанэ сщихыну сыхуейкъым. Уэ зыращ си гур къыщIеуэр. Уи IэкIэ си псэр хыумых, укъэмыувыIэ, — Нэптерэ Iэпэлъапэсыс хъуауэ щIалэм и бгъэ щIыIур итIатэурэ, и гур къыздыщеуэм ба хуи-щIырт.
  • Алэдамэ адэкIэ зишыIэну къару иIэжтэкъым… ФIыщэу илъагъу цIыхубзым и Iубахъэм нэхъри къилыпщIырт ар. Хъыджэбз Iэпкълъэпкъ лан- тIэм и мэ гуакIуэм зыщIишэурэ, Алэдамэ и пщэ лъынтхуэр къэчэным хуэдэу къытридзат. Къэгъазэ щыIэтэкъым…
  • (КIэухыр къыкIэлъыкIуэнущ).
  • Хьэт зауэлIэр

    Хьэт сэнджакъыр