Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфащэхэр
2018-06-14
- Урысейм и махуэм, мэкъуауэгъуэм и 12-м, Кремлым щагъэлъэпIащ 2017 гъэм щIэныгъэм, технологиехэм, литературэм, гъуазджэм, гуманитар Iуэхухэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIахэр. УФ-м и Президент Путин Владимир Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща цIыху гуащIафIэхэм щIыхь дамыгъэхэмрэ дипломхэмрэ яритыжащ, ахъшэ саугъэту сом мелуан тхурытху щIыгъуу.
-
Путин Владимир зэхуэсыр къыщызэIуихым зэхыхьэм хэтхэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ икIи и гуапэу къыхигъэщащ ар ди къэралым къызэринэкIа тхыдэ инымрэ абы и къэкIуэнур дахэу щытыным зэрыхущIэкъумрэ я дамыгъэу зэрыувар.
- — Къэралым и къарумрэ щIыхьымрэ нэхъри лъагэу яIэт иджырей ди цIыхухэм я лэжьыгъэфIхэмрэ ехъулIэныгъэхэмкIэ. Хабзэ хъуауэ, Урысейм и тхыдэм нэхъ мыхьэнэ зиIэ и къэхъугъэхэм ящыщу къалъытэ Къэрал саугъэтым и лауреатхэр щагъэпажэ зэхыхьэ гуапэр. Ди къэралым и цIыху цIэрыIуэхэр дгъэлъэпIэным хухэтха гуфIэгъуэ пшыхьым къыщыдолъытэ Хэкум и деж абыхэм щаIэ фIыщIэр, — жиIащ Президентым.
- Путин Владимир Къэрал саугъэтыр зритыжахэу щэнхабзэм, щIэныгъэм, егъэджэныгъэм, узэщIыныгъэм хуэлажьэхэм фIыщIэ щахуищIым жиIащ я гъащIэмрэ къыхаха IэщIагъэм зэрыхуэпэжымкIэ ахэр зэрыщапхъэр, дяпэкIи ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрагъэхьэну зэригуапэр. Президентым къыхигъэщащ апхуэдэ цIыху гуащIафIэ, зэфIэкI зиIэ щэ, мин бжыгъэхэм ди къэралым и лъабжьэр, и къэкIуэнур нэхъри зэрагъэбыдэр.
- Литературэ, гъуазджэ унэтIыныгъэхэмкIэ Урысейм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэщахэм ящыщщ дызэрыгушхуэ ди хэкуэгъу, СССР-м, РСФСР-м, КъБР-м я цIыхубэ артист, УФ-м и Къэрал саугъэтымрэ Глинкэм и цIэр зезыхьэ саугъэтымрэ я лауреат, Санкт-Петербург щIыхь зиIэ и цIыху, а къалэм и къэрал филармонием и Академическэ симфоние оркестрым и художественнэ унафэщI къулыкъум илъэс 30 хъуауэ пэрыт, дирижёр цIэрыIуэ, къэрал куэдым хэIу- щIыIу щыхъуа оркестрхэм я тхьэмадэ Темыркъан Юрий, Санкт-Петербург балетымкIэ и академическэ театрым и унафэщI Эйфман Борис, Калининград щыIэ музейм и унафэщI Сивковэ Светланэ сымэ.
- ЩIэныгъэмрэ технологиехэмкIэ Къэрал саугъэтыр иратащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием и «Кристаллография и фотоника» щIэныгъэ-къэхутакIуэ центрым и лэжьакIуэхэу Алфимов Михаил, Громов Сергей, Чибисов Александр сымэ. Апхуэдэу а унэтIыныгъэм и лауреат хъуахэм ящыщщ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и эндокринолог нэхъыщхьэ, академик Дедов Иван, биологие щIэныгъэхэм я доктор Рогаев Евгений сымэ.
- Пушкин Александр и цIэр зезыхьэ, СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ къэрал музейм и президент Антоновэ Иринэ Гуманитар IуэхухэмкIэ къэрал саугъэтыр иратащ, а унэтIыныгъэм ехъулIэныгъэ инхэр зэрыщызыIэригъэхьам папщIэ.
- — Дамыгъэ лъапIэ куэд къысхуагъэфэщащ, ауэ нобэ хуэдэу сыщыпIейтея къэхъуауэ сщIэжыркъым, сыту жыпIэмэ иджырейр Пушкиным ехьэлIащ. Тхьэм фигъэпсэу! — жиIащ Темыркъан Юрий.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.