ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Дыхуейкъым зауэ! Зауэм дригъэзэшащ»

2018-05-23

  • Адыгэ Хэкур и гурыфIыгъуэу лъэпкъышхуэр зэгуэр псэуат, ауэ абы и натIэ кърикIуам ар зэбгригъэщэщащи, накъыгъэм и 21-р и Щыгъуэ-щIэж махуэщ. Илъэси 154-рэ и пэкIэ иуха Кавказ зауэм зи щхьэ хэзылъхьахэмрэ зи лъахэр зыбгынэн хуей хъуахэмрэ ягу къыщагъэкIыж фэеплъ махуэм Налшык къалэм дэт «Псэ жыгым» деж пэкIу щекIуэкIащ. Къызэхуэса цIыхушхуэм яхэтт Тыркум, Иорданием, Израилым, Сирием, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм къикIа ди лъэпкъэгъу 45-м щIигъу.

  •  

    Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий и псалъэ.

     

  • Абы псалъэ зрита Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ: «Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Тхыдэджхэм къызэралъытэмкIэ илъэси 154-рэ и пэкIэ ди адыгэ лъэпкъыр зыхэта зауэм нэхъ гущIэгъуншэ дуней псом щекIуэкIакъым. Лъэпкъым абы къыхуихьа хэщIыныгъэр зыхуэдизыр къэлъытэгъуейщ. Аращ нобэр къыздэсым щIытщымыгъупщэр, дыркъуэу ди псэм къыщIытенар. ЦIыхуипщIым ящыщу зыр Хэкум къинауэ аращ, адрейр зауэм хэкIуэдащ е абы и щхьэр Хэкум ирихын хуей хъуащ. Ди лъэпкъэгъухэр нобэ къэрал 54-м щопсэу. Зэрыс щIыналъэхэм я хабзэ яIэжщи, абыхэм ахэр темыту хъуркъым, ауэ дыхуейт адэжь Хэкур, лъэпкъыр къызэрацIыху адыгагъэр, нэмысыр, бзэр зыми зэи ящымыгъупщэу псэуну. Зэманым зыми къыхуегъэгъэзэжакъым. Лъэпкъыр ипэкIэ дыплъэн хуейщ. Адыгэ хабзэм, нэмысым, фащэм я мыхьэнэм ди щIэблэр зэрыщIэтпIыкIыным, дызэрыт зэманым хуэфащэ щIэныгъэ абыхэм зэреттыным дыхуэсакъыпхъэщ. Лъэпкъыр щефIэкIуэнур дызэрыIыгъыу, дызэрыгъуэту, ди бзэр зыIэщIэдмыгъэхуу дыпсэумэщ. Анэдэлъхубзэр хъумэным къулыкъущIэри цIыху къызэрыгуэкIри, зэрыжаIэу, къыдгурыIуэу дытелэжьэн хуейщ. Ди тхыдэм, ди адэжьхэм я фэеплъым пщIэ хуэтщIыныр ди хьэкъыу къызолъытэ. Адыгэм икъукIэ тхыдэшхуэ и щIыбагъ къыдэлъщ, ар лъэпкъ куэдым я ныбжьэгъуу къекIуэкIащ. БлэкIар тщыгъупщэ щIэмыхъуныр зыгуэрым зедгъэщIэжын щхьэкIэкъым. УщIэгушхуэнщ ди лъэпкъым къыхэкIа куэдым      ди зэманым ехъулIэныгъэшхуэхэр къызэрагъэлъагъуэр, къулыкъушхуэхэр яIыгъыу хамэ къэралхэм къызэрыщыхэщыр. Сыхуейт къыдэкIуэтей ди щIэблэри гъэсэныгъэ хэлъу, нэхъыжьым жиIэм едаIуэу, къэкIуэным гудзакъэ хуиIэу къэхъуну. Ди Iуэхур къыддэзыIыгъыну къекIуэлIа псоми фIыщIэ яхузощI».
  • Сыхьэт 12-м адыгэу дунейм тетыр дакъикъэкIэ щыму щытащ, Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъу.
  • ПэкIум кърихьэлIа нэхъыжьхэм яхэтт Тыркум 1982 гъэм къиIэпхъукIыжауэ Налшык щыпсэу Бланэмыхь Фахьми. Ар илъэс 12-кIэ Истамбыл дэт Хасэм и Iуэхухэр зэригъакIуэу лэжьащ. Абы дыщигъэгъуэзащ иджыпсту и нэм фIыуэ имылъагъужми, сыт щыгъуи адыгэ Iуэхухэм зэреблагъэм, и лъэпкъэгъухэм яхэтыну зэрыфIэфIым. «Нобэрей махуэм узэгупсысын куэд хэлъщ.
  • Ауэ си дежкIэ нэхъыщхьэращи, щIэблэр хэкупсэу къызэрыдгъэхъунырщ зиужь дитын хуейр. Нобэ лъэпкъышхуэ дыхэсми, хъарзынэу дыкъызэдогъуэгурыкIуэф, Iуэху дахэ длэжьу, мамыру допсэури, ар куэд и уасэу къызолъытэ, — жиIащ нэхъыжьым. — Ныкъусаныгъэ зимыIэ щыIэкъыми, арэзы сыкъэзымыщI зы Iуэху щыIэщ. Псом япэу ар адыгэ Iуэху зезыхуэу Хэкум къэкIуэжыр зэрымащIэрщ. Хэкупсэу щытмэ, цIыхум имышэчынрэ хуэмыщIэнрэ щыIэн хуейуэ къысщыхъуркъым. Мыр ди Хэкущ, дызыхэсыр ди лъэпкъщ, адыгагъэ тхэлъу дызэдэпсэуныр псом япэщ. Сэри гугъуехь мащIэкъым слъэгъуар си лъахэм сыкъыщыкIуэжам, ауэ ахэр си псэм щIыдэхуар си Хэкур зэрызгъуэтыжарт. КъэкIуэжыну зигу илъыр нэхъыбамэ, ди гур нэхъ псэхунут».
  • ЛъэнкIэпашэхэ Мухьэмэд (и IэщIагъэкIэ юристщ) Сирием къикIыжащ и унагъуэр и гъусэу. Абыи мы Iуэхум хэтыну зыкъригъэхьэлIат. «Илъэси 10-м щIигъуауэ дыщопсэу ди лъахэм дыкъэIэпхъуэжауэ. Зы илъэси дэкIыркъым Адыгэм и щыгъуэ- щIэж махуэм екIуэкI Iуэхухэм ди лъэпкъым и гъусэу дыхэмыту, — къыддогуашэ Мухьэмэд. — Шэч хэмылъу, дэтхэнэми ди гуращэр адыгэр зы дыхъужынырщ, дызэрыгъуэтыжынырщ. Сэ адыгэ щIыналъэр си гум зэпымыууэ илъти, унагъуэм ди быным адыгэбзэкIэ фIэкIа дыщепсэлъакъым. ЩIалищрэ зы хъыджэбзрэ къытщIэхъуа-щи, зыщIэдгъэдэIуар адыгэбзэм, адыгэ хабзэм, нэмысым я лъапIагъырщ. Аращи, хамэщI дыщыпсэууэ псоми я анэдэлъхубзэр зэредгъэщIэфам срогушхуэ. Адыгэр дызэрыгъуэтыжу Хэкушхуэ дыхъужыным нэхъ хъуэпсапIэ диIэкъым. Тхьэм хуитыныгъэ, мамырыгъэ къыдит. Адыгэм къытехьа лейр дызэрыс къэралым зыхищIыкIыну дыхуейт, абы щыгъуэм ар щIэгъэкъуэнышхуэ къытхуэхъунут адыгэхэм я Хэку ягъуэтыжынымкIэ».
  • ЦIыху уэру зэхэтым щхьэж гупсысэ щхьэхуэ щэхуу иIэжт Щыгъуэ махуэм. Абыхэм ящыщт Сирием илъэситху ипэкIэ къикIыжа, Нартан къуажэм дэс Къущхьэ Надим. «Адыгэм и щыгъуэ-щIэж махуэм Кавказ зауэшхуэр ди нэгум къыщIохьэ, — жиIащ Надим. — Абы ди лъэпкъышхуэр зэкъуичащ, Хэкур нэщI ищIащ. Куэдыр хым хэкIуэдащ, бдзэжьей Iус хъуащ. Хамэ щIыпIэм кIуам я нэхъыбэр нэгъуэщI лъэпкъхэм хошыпсыхьыж. Адыгэм гугъуехьу и псэм игъэвамрэ нэпсу щIигъэкIамрэ мащIэкъым, ар къызэрыпхуэIуэтэфын псалъи къыпхуэгъуэтыну си фIэщ хъуркъым. Гуауэшхуэ илъэгъуащ лъэпкъым, ди адэшхуэхэм къащIэнахэри хамэ къэралхэм зэрыхъукIэ ди бзэ тхъумэу дыщыпсэуащ. Насыпышхуэу къызолъытэ Хэкужьыр зэрыдгъуэтыжар. Хамэу зыкъэтлъытэжыркъым, ди псэр тыншыжащ. Сэ си щIалэри къуэрылъху цIыкIухэри къэсшэжащ, хъарзынэу курыт еджапIэхэм ахэр хэзэгъащи, согуфIэ. Абы нэхъ насып улъыхъуэн?! Хэкур дгъэбагъуэу, дефIакIуэу, IуэхуфI зэдэтщIэу Тхьэм дяпэкIэ дигъэлъагъу».
  • Хэкур зыгъуэтыжа ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэр щапхъэ зэрыхъуным хуэдэу зэрагъасэр нэрылъагъущ. Санэхэ Хьэлэ (Кременчуг-Константиновкэ дэтIысхьэжа Санэ Нидалрэ Сэлуэрэ япхъу нэхъыжьщ, Сирием къикIыжащ) илъэси 9 фIэкIа мыхъуами, зыхэтыну Iуэхум жэуаплыныгъэ пылъу зыхуигъэхьэзырат. Адыгэ фащэр къыщыпсу зэрыщыгъым къыдэкIуэу, и гупсысэ екIукIи ар къыддэгуэшащ: «Адыгэ Хэкур зыхуэдэу щытамрэ лъэпкъыр зыхэта гузэвэгъуэмрэ нэхъыжьхэм жаIэу щызэхэсхкIэ си нэпсыр къокIуэ, си гур мэуз, — жеIэ хъыджэбз цIыкIум. — ИстамбылакIуэм ди адэжьхэм къахуихьа мыгъуагъэр егъэлеящ. Сытыт адыгэм мыхъумыщIагъэу илэжьар? Сыт-кIэ дыщыуат? Ди Хэку лъапIэмрэ бзэ дахэмрэ пэIэщIэ дыхуащIу хамэ щIыгухэм дыщракъухьын хуей щхьэ хъуат? Дыхуейкъым зауэ! Зауэм дригъэзэшащ. Дэ дызыхуейр адыгэр зы дыхъужынырщ, мамыру, узыншэу, тхъэжу дыпсэунырщ».
  • — Адыгэу дыкъызэригъэщIам, адыгэлъ зэрытщIэтым щхьэкIэ сэ зэпымыууэ Тхьэм шыкур хузощI. Хэкур илъэси 100-м щIигъукIэ зыхъумэфа нэгъуэщI лъэпкъ щыIэкъым. Щхьэхуитыныгъэм щIэзэууэ зи псэ зытахэр Тхьэм жэнэткIэ игъэгуфIэ. Мыпхуэдэ Щыгъуэ махуэ дыщIиIэн щхьэусыгъуэ ди щIэблэм ямылъагъуу, лъэпкъыр узыншэу, мамыру, гуфIэгъуэ куэд зэдэтIэтыфу дыпсэуну сыхуейт. Адыгэр къызэхуэсыжа-уэ Тхьэм дигъэлъагъу. Ди бзэр, хабзэр дгъэкIуэд хъунукъым, ахэр къыщекIуэкI Хэкум нэхъ лъапIэ зыри мы дунейм теткъым, — къыддэгуэшащ СтIащ Сабри.
  • БАГЪЭТЫР Луизэ.