ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2018-02-03

  • Тхыдэ
  • Къэбэрдей уэркъхэр  Польшэм щозауэ
  • XVI лIэщIыгъуэм Польшэм къэбэрдей уэркъитху зэрыкIуэгъамрэ иужь-кIэ абыхэм я щхьэ кърикIуамрэ теухуа лэжьыгъэр зи IэдакъэщIэкIыр лыхь (поляк) тхыдэтх Грушницкий Мартинщ. А тхыгъэр Иорданием щыпсэу ди хэкуэгъу Жэмыхъуэ Амжэд зэридзэкIри, «Адыгэ псалъэм» тридзащ. Нобэ псалъэмакъым къыпещэ Германием къикIыжа, Мейкъуапэ щыпсэу еджагъэшхуэ Едыдж Батырай.
  • Дэ жытIэркъыммыбы къыщыхьа Iуэхугъуэхэр, цIэ-унэцIэхэр, лъэхъэнэр, нэгъуэщIхэри тэмэм дыдэу къэгъэлъэгъуа хъуауэ. Ахэр зэхэзыгъэкIыпхъэр тхыдэтххэрщ. Ауэ тхыгъэр лъэпкъ тхыдэм ехьэлIауэ зэрыщытри, абы лыхь щIэныгъэлI зэрытетхыхьари гъэщIэгъуэнщ, ди гугъэщ ди щIэджыкIакIуэхэми ар щIэщыгъуэ ящыхъуну.
  •  
  • Лыхьыдзэм хэт къэбэрдей уэркъыр. 1562 гъэ

    Польшэм и щIыналъэр псэупIэ зыхуэхъуа уэркъ щIалитхур Кавказ Ищхъэрэм къикIат, нэхъ тэмэмыIуэу жыпIэмэ, Псыжьрэ Тэрчрэ я зэхуаку дэлъ лъахэм. Мы щIыпIэм тэтэрхэр БештаукIэ, урысхэр ПятигорсккIэ йоджэ, ауэ и пэжыпIэр пщIэну ухуеймэ, абы и цIэр Къэбэрдейщ. Къэбэрдей, беслъэней адыгэхэрщ а лъахэм щыпсэур.

  • XV-XVII лIэщIыгъуэхэм Къэбэрдейр къэралыгъуэ щхьэхуиту щытащ. А къэралым Урысейм исхэр ЧеркесиекIэ (ШэрджэскIэ), лыхьхэмрэ литвинхэмрэ ПятиршкикIэ еджэрт. Къэбэрдеймрэ Кърымымрэ быдагъэ яку дэлъащ — зыр къииныгъэ хэхуэмэ, адрейр къыщхьэщыжырт. ЩыIащ зэгурымыIуэныгъэхэри.
  • Къэбэрдейр Урысейм и жыIэ щыщIэ-хуа 1555 — 1560 гъэхэм къриубыдэу Украинэм и пащтыхьыкъуэ Вишневецкий Дмитрий урысхэр и гъусэу тэтэрхэм езэуащ. Илъэсищэ хуэдиз дэкIауэ Польшэм и пащтыхь хъуа Вишневецкий Дмитрий. Корбут Михаил и адэшхуэщ. А зэманым Польшэри, Украинэри, Беларусри, Литвари зы къэралыгъуэу зэхэтащ. Дмитрий Запорожьем щыпсэу къэзакъхэр къызэщIиIэтэри, тэтэрхэм удын хьэлъэ иридзыгъащ, езыми лIыгъэшхуэ къигъэлъэгъуащ.
  • Зауэ нэужьым Иван ЕплIанэм (Шынагъуэм) Дмитрий Къэбэрдейм лIыкIуэу игъэкIуащ. Къэзакъ куэд абы щыгъуэ а щIыналъэм здишауэ щытащ дзэпщым. Адыгэхэм ягурыIуэу, я Iуэху дэкIынымкIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуу, Дмитрий илъэс зыбжанэкIэ абыхэм яхэсащ. ЦIэрэ щхьэ-рэ зиIэ бгырыс куэди и лъэныкъуэ къищIыфащ, и дзэми хигъэхьащ.
  • 1561 гъэм Иван ЕплIанэр Польшэм щытеуэм, Дмитрий афIэкIа Урысейм къулыкъу хуищIэн идэжакъым икIи и хэкур ихъумэжыну Къэбэрдейм игъэзэ-жащ. Абы игъэгубжьащ урыс пащты-хьыр. «Дмитрий хьэм хуэдэу къакIуэри, хьэм хуэдэуи кIуэжащ», — аращ Иван ЕплIанэм жиIауэ яIуэтэжыр.
  • Ауэ Дмитрий и сэбэпынагъ ин и хэ- куэгъухэм яригъэкIыфакъым. Ар Бессарабием щаубыдри, Истамбыл гъэ-ру ирагъэшащ. Тыркухэмрэ кърым тэтэрхэмрэ зэрезауэм папщIэ а къалэм ар щхьэпылъэ щащIащ.
  • Дмитрий хэкум зэригъэзэжрэ мазих нэхъ дэмыкIауэ, къэбэрдей уэркъ щIалэ зыбжанэ Польшэм кIуэну ежьащ, Къэбэрдейм урысыдзэр игъэкъэбзыкIыжынымкIэ щIэгъэкъуэн къахуэхъуну елъэIуну, лыхьхэм я гъусэу къулыкъу ящIэну. Урыс пащтыхьым ар щызэхихым, унафэ ищIащ «жыIэмыдаIуэ лъэпкъым» къыхэкIа лIыкIуэхэр яукIыну.
  • Польшэм и пащтыхьыр гуапэу къыIущIащ адыгэхэм, тыгъэ лъапIэхэри къахуищIащ. 1562 гъэм къэбэрдей уэркъитхур, я унагъуэхэмрэ зауэлI 300-рэ я гъусэу, а къэралым къызэрыкIуэгъар щIэныгъэлIхэм ятхыжащ. Адыгэхэми хуабжьу ягу ирихьащ лыхьхэм зэрырагъэблэ- гъар. Дэфтэр тхыгъэжьхэм зэритымкIэ, мыхэращ а зэманым Польшэм кIуа къэбэрдей уэркъхэр:
  • 1. Черкасский Къамбулэт и къуэ Къасым;
  • 2. Черкасский Къамбулэт и къуэ Гаврилэ;
  • 3. Анчокъуэ Къудэнэт и къуэ Александр (Темрыкъуэпщым и благъэщ);
  • 4. Сэлджий;
  • 5. Черкасский Цымкъуэ и къуэ Темрыкъуэ.
  • Иван ЕплIанэр щIегъуэжат е нэгъуэщI мурад гуэр ищIат, сытми адыгэ щIалэ-хэм ягъэзэжыну къелъэIуу Клобуков Алексей лIыкIуэ къахуищIащ, ауэ мыдрейхэм ар ядакъым. Адыгэ щIалэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ католик диныр къащтагъэххэт.
  • Сэлджийрэ Темрыкъуэрэ Польшэм и дзэм хэту зэхаша шэрджэс зауэлIхэм пашэ хуащIащ. Абыхэм зэрахьа лIыгъэм теухуа дэфтэрхэр щыIэщ. Псом хуэмы-дэу куэд тратхыхьащ Темрыкъуэ.
  • 1572 гъэм мэлыжьыхьым и 13-м Бессарабием и щIыналъэм Тыркумрэ Польшэмрэ я дзэхэр щызэпэщIэуващ. А зауэм лыхьхэр къыщыхагъащIэри кърахужьэжат. Ауэ Темрыкъуэ и зауэлIхэр къахуикIуэтакъым, къебгъэрыкIуэ бийр абыхэм къызэтрагъэувыIэгъащ. Лыхьхэм заугъуеижыху, Темрыкъуэ и шууейхэм тыркухэр зэтраIыгъащ.
  • Польшэм и пащтыхьым пщIэшхуэ къыхуищIыжащ Темрыкъуэ: ар лыхь аристократхэм я бжыгъэм хитхащ, Подо-льем щIышхуэ, унэ-лъапсэ иту, къыщритащ. Апхуэдэурэ Подольем итIысхьа къэбэрдейхэм заубгъуащ. Хэкум къикIыурэ абыхэм зауэлI куэд къахэхъуащ. Илъэс зыбжанэм къриубыдэу адыгэдзэр Польшэм и дзэм ефIэкI хъуат. Бгырыс хъыжьэхэр хуэщIауэ а щIыпIэм щыпсэуащ 1785 гъэр къэсыху.
  • А илъэсым Подольер Урысейм, Пруссием, Австрием зэхуагуэшыжащ. Польшэм и дзэм адыгэ зауэлIу хэтыр нэхъ мащIэ хъууэ хуожьэ. ИужькIэ украинхэмрэ тэтэрхэмрэ къебэкI мэхъу. Ауэ зэуэкIэ хабзэр, зауэлI зэхущытыкIэр, шы гъэсэкIэр къэбэрдейхэм ейм къытенэжащ.
  • Къэбэрдей уэркъитхумрэ адрей зауэлIхэмрэ я щIэблэр зыхэс лъэпкъым хуэм-хуэмурэ хэшыпсыхьыжащ. Урысейм Украинэр иубыда нэужь, афIэкIа Подольем къина адыгэхэм я хъыбар къэIужакъым.
  • Иджырей лыхь тхыдэтххэм къалъытэ курыт лIэщIыгъуэхэм я зэманым къэбэрдей зауэлIхэм Польшэм и дзэм зэхъуэкIыныгъэ щхьэпэхэр хуащIауэ, зауэ тактикэм зрагъэужьауэ.
  • Едыдж Батырай,
  • философие щIэныгъэхэм я доктор,
  • ЩIДАА-м и академик.
  •  Мейкъуапэ къалэ
  •  
  • Гъуазджэ
  • Балакирев Милий и «Ислъэмейр»
  • Балакирев Милий (1837 — 1910) «Гуп лъэщ» («Могучая кучка») жыхуаIэ композитор зыбжанэм ящыщт, уеблэмэ я къызэгъэпэщакIуэу къэплъытэ хъуну. Адыгэ пшыналъэхэм зыкIи емыщхь абы и композитор лэжьыгъэхэр ди дежкIэ гъэщIэгъуэн зыщIыр абы «Ислъэмей» зыфIища и макъамэращ.
  •  
  • ЗэрыжаIэжымкIэ, Балакиревыр Кавказым щэнейрэ къэкIуащ, ар зрихьэлIари адыгэм нэхъ гуащIэу зыхищIа 1862, 1863, 1868 гъэхэращ. «Ислъэмейр» композиторым Мэзкуу игъэзэжа нэужь, 1869 гъэм, зэхилъхьащ. Музыкэ щIэныгъэбзэкIэ абы зэреджэр мыпхуэдэущ: «фортепианэм папщIэ къухьэпIэ фантазие». А фIэщыгъэм щIэту «МузыкэмкIэ щIэнгъуазэм» «Ислъэмейм» теухуауэ етх:
  • «Фортепианэм папщIэ Балакиревым зэхилъхьа макъамэхэм я лъагапIэу къэплъытэ хъуну лэжьыгъэщ «Ислъэмейр». Мыр езы Балакиревыр къозыгъэ- цIыхухэм ящыщщ. Япэрауэ, къуэкIыпIэ щэнхабзэм зэрыдихьэх хьэлымкIэ; етIуанэрауэ, и макъамэтх Iэмалхэм зэрызихъуэжар къэзыгъэлъагъуэ щапхъэу. Пьесэр къуэкIыпIэ темэ дыдэу къэплъытэ хъунущ, IыхьитIу зэхэтщ: япэр — къэбэрдей къафэ «Ислъэмейр» аращ (абы пьесэм и цIэр фIащыжащ); етIуанэр — кърым-тэтэр бзылъхугъэ уэрэдщ. ТемитIри гукъыдэж къагъэлъагъуэмкIэ зэтехуэркъым. Япэрейр кавказ макъамэ IэмэпсымэкIэ ягъэзащIэ, жьы зыщIэт макъамэ псынщIэщ, «фа» нотэм нэхъ тещIыхьауэ. Ар бгырыс хахуагъ уигу къэзыгъэкI макъамэ «гуащIэу» плъытэнумэ, етIуанэр — щабэу, лантIэу, бзылъхугъэ хьэлым нэхъ иупхыу щыт пшыналъэщ. Шопен, Лист сымэ ятха макъамэ балладэхэ- ми ещхьщ.
  • «Ислъэмейр» фортепианэм хуэIэзэ узыщI макъа- мэ гъэщIэгъуэнщ: аккордхэр, октавэхэр, нотэ тIуащIэхэр, пассажхэр хэту. Мэжэр композитор Лист Ференц и еджакIуэхэм а макъамэр яригъэгъэзэщIэну ифIэфI дыдэт, езым зэхилъхьэхэм зэрещхьым къыхэкIыу. Псоми ящIэ Лист урыс композиторхэр фIыуэ илъагъуу зэрыщытар».
  • ЗэрыжытIауэ, Балакиревыр Кавказым 1862, 1863, 1868 гъэхэм щыIащ. 1862 гъэм и гъэмахуэм абы Стасов Владимир хуигъэ-хьа тхыгъэм Псыхуабэ къызэрыщыхъуам щытепсэлъыхьырт: «Лермонтовым и хьэуакIэ собауэ… Итхахэр аргуэру зэ щIэзджыкIы- жауэ, мыр жызоIэ: урысыбзэкIэ ятха псоми Лермонтовым ейхэм хуэдэу си гум лъэIэсыф яхэткъым. Дэ икIи куэдкIэ дызэтохуэ. Сэри, Лермонтовым ещхьу, щIыуэпсыр сфIэфIщ, абы хуэдэ дыдэу ар куууэ зыхызощIэ, шэрджэсхэри, я фащэм деж щыщIэдзауэ (адыгэ фащэм нэхърэ нэхъыфI щыIэу сщIэркъым) сигу ирохь. Си гум пшынэ Iэпэ куэд иIэщ, Лермонтовыр еIусэху, зыкъызагъащIэу».
  • 1863 гъэм Балакиревыр Железноводск, Нартсанэ, Псыхуабэ пианисту щыIащ, Лермонтовыр здэщыIа щIыпIэхэм зыщиплъыхьащ, бгырыс макъамэхэм едэIуащ, бгырысхэм къагъэщхьэпэ макъамэ Iэмэпсымэхэр зригъэцIыхуащ. Иужь дыдэу ар Кавказым щыщыIар 1868 гъэращ. Кавказым и дунейм цIыхум зыхригъащIэ хуитыныгъэ хъуапсэр абы къыщигъэ- лъэгъуащ «Мцыри» поэмэм хузэхилъхьа макъамэм.
  • Лермонтовым и псалъэхэр къигъэсэбэпурэ, Балакиревым и «КъухьэпIэ Iэрамэм» папщIэ уэрэдищ зэхилъхьауэ щытащ. Абыхэм ящыщщ «Измаил-бей»-м хэт «Адыгэ уэрэдыр», «Мцыри»-м щыщ бдзэжьейм теухуа уэрэдыр, нэгъуэщIхэри. А псоми ящIэтыр макъамэ щабэщ.
  • Макъамэтххэм зэрыжаIэмкIэ, шэч закъуи хэлъкъым Балакиревыр «Ислъэмейм» елэжьыныр абы Рубинштейн Николай ныбжьэгъу къызэрыхуэхъуам зэрепхам. Лист Ференц ещхьу, лъэпкъ макъамэхэр фортепианэм папщIэ щызэхилъхьэкIэ, Балакиревым абы лъэпкъ хьэлыр химыгъэкIыу, уеблэмэ нэхъ къыхэщу къызэригъэнэным хущIэкъурт. Апхуэдэщ абы и къэбэрдей къафэр. Егъэлеяуэ щIэщыгъуэ «Ислъэмейм» и макъамэм абы хуэфэщэн пщIэ щригъэгъуэтащ музыкэм елэжь IэщIагъэлIхэм я деж.
  • Чэрим Марианнэ.
  •  
  • Штраус Иоганн и «Шэрджэс  маршыр»
  • Дуней псом щыцIэрыIуэ щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэхэм «Адыгэ» фIэщыгъэр зыгуэркIэ епхауэ зэхэтхыху, абы щхьэусыгъуэ хуэхъуам дыщIэупщIэныр езыр-езыру пщэрылъ тхуохъу. Апхуэдэ зы щапхъэщ адыгэ макъамэтх, УФ-м и къэрал саугъэтым и лауреат Даур Аслъэн и фIыгъэкIэ хэIущIыIу хъуа, Австрием щыщ композитор цIэрыIуэ Штраус Иоганн (къуэм) и Iэдакъэ къыщIэкIа «Шэрджэс маршыр».
  •  
  • Псом нэхърэ нэхъ узыгъэбэлэрыгъыу Iуэхум хэтыр Штраус и IэдакъэщIэкIым и цIэр зэрихъуэжаращ, аращ ар куэдым щIызэхамыхари. Уигу хэзыгъэхъуэн щхьэусыгъуэ Iуэхум хэмытыххэнри хэлъщ, сыту жыпIэмэ, Штраус макъамэр щызэхилъхьар Урысейм щыщыIа илъэсхэращ, нэхъ гъунэгъуу зэрыхуагъэфащэмкIэ — 1860-1869 гъэхэм я зэхуакурщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, адыгэхэм нэхъ гугъу дыдэу яшэча илъэсхэрщ.
  • Нэмыцэбзэ зыщIэхэм Iуэ-хум и пэжыпIэм нэхъ нэгъэсауэ щыгъуазэ дащIыну къыщIэкIынщ, зэман дэкIмэ, ауэ зэкIэ зыIэрыдгъэхьэфа хъыбар зыбжанэм жаIэр зэтехуэркъым. Штраус и гъащIэ гъуэгур къезытхэкIыжхэм къызэралъытэмкIэ, композиторым «Шэрджэс маршыр» 1860 гъэхэм Урысейм щыщыIа зэманым зэхилъхьащ. Композитор цIэрыIуэр урыс император сэрейм иригъэблэгъати, Павловск къалэм дэт мафIэгу тедзапIэ цIэрыIуэм и уардэунэм концертхэр щиту щытащ. «Шэрджэс маршри» абы ирихьэлIэу зэхилъхьауэ къаIуатэ. НэгъуэщI зы хъыба-рым зэрыжиIэмкIэ, Штраус и маршыр япэу 1869 гъэм мэкъуауэгъуэм и 6-м Павловск къалэм щигъэзэщIащ, языныкъуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, «Шэрджэс маршыр» япэу щыIуар Бытырбыхущ.
  • Ауэ сыт маршым и фIэщыгъэр Штраус ихъуэжын хуей щIэхъуар?
  • КъызэрыщIэкIымкIэ, композиторыр Австрием и император Франц Иосиф и сэрейм щылэжьащ, къэралым и лIыщхьэм и нэIуасэу. 1869 гъэм и дыгъэгъазэм Мысырым (Египетым) Суэц кIэнауэр щIэрыщIэу къыщыщызэIуахыжым, хьэрып къэралым и тепщэ Исмэхьил- пащэм иригъэблэгъахэм Австрием и император Франц Иосифи яхэхуащ. Абы здиша Штраус макъамэщIэ зэхилъхьэну зэман къыхуэна къыщIэкIынтэкъыми, «Шэрджэс маршыр» арыххэу «Египет марш» хъуащ.
  • Иджыри зы хъыбар гъэщIэгъуэным щыгъуазэ дещI Дрон зи унэцIэ американ тхакIуэм. 1874 гъэм къыдигъэкIа «Си хъыбарыр» тхылъым абы щыжеIэ: «1872 гъэм Штраус мы къэралым (США-м) япэ дыдэ щита концертым щызэхаха «Шэрджэс маршым» и къуэкIыпIэ плъыфэмрэ и гъэзэщIэкIэ къызэрымыкIуэмрэ къызэхуэсахэр къыдихьэхат».
  • Дауэ мыхъуами, 1872 гъэм Штраус Америкэм щита концертым маршым иджыри «Circassian March» цIэр щызэрехьэ, абы щыхьэт тохъуэ «Музыкэм и академие» къыдэкIыгъуэри, «Венэ щыщ зиусхьэн Штраус Иоганн 1870 гъэм Бостон и оркестр нэхъыфI дыдэм и гъусэу блыщхьэ пщыхьэщхьэм, бадзэуэгъуэм и 8-м, игъэзэщIэну макъамэхэр» къыщрибжэкI- кIэ. Япэ Iыхьэм дыкъыщоджэ: «Штраус зэхилъхьа «Шэрджэс марш» (Circassian March, Strauss). Ардыдэм и щIэджыкIакIуэхэр щыгъуазэ ещI бадзэуэгъуэм и 2-м 1872 гъэм къыдэкIа «Нью-Йорк таймс» газетым, «Шэрджэс маршым» зыхыуигъащIэ «къухьэпIэ хьэлми» топсэлъыхь.
  • Зи гугъу тщIы макъамэр зэрыщыIэм япэу цIыхубэр щыгъуазэ зыщIар композитор Даур Аслъэнщ. Ар къызэрыхъуа щIыкIэм «Шэрджэс маршым» и лъэужьым дытету» тхыгъэм щытепсэлъыхьыжащ Белашов Евгений Абы нэхъ нэгъэсауэ къехь Даур Аслъэн и гукъэкIыжхэри: «Куэд щIакъым Мэзкуу дэт, тхылъыжьхэр зыщIэлъ тыкуэн гуэрым сыщIэту пасэу традза нотэхэр зэIыспщIыкI пэт, иджыри къэс сызыщыгъуазэу щымыта Штраус Иоганн и «Шэрджэс маршым» сызэрыIууэрэ. Нотэхэр 1872 гъэм Гутхельд А. къыдигъэкIащ, тхылъым Чайковский Пётр и ныбжьэгъуу щыта нотэтедзэ Юргенсон и мыхъурыр телъщ. Пасэрей нотэхэм я IуплъапIэ натIэм адыгэ цей зыщыгъ адыгэ гупым я сурэт тетщ, Iэщи япщIэхэлъу. Зыр шым тесщ, адрейм фоч кIэщIрэ къамэрэ иIыгъщ, ещанэм сэшхуэ IэщIэлъу бгым зыкIэригъэщIауэ щытщ».
  • «Дэнэ икIи дауэ Штраус цIэрыIуэм адыгэ макъамэ щызэхихар? — щIоупщIэ Белашовыр. — ЗэкIэ гурыIуэгъуэр зыщ — «Шэрджэс маршыр» Штраус и IэдакъэщIэкI телъыджэхэм язщ, абы концертхэм хуэфащэ увыпIэ зэрыщиубыдынуми шэч хэлъкъым».
  • Чэрим Марианнэ.
  •  
  • Хьэвжокъуэ Маждэ
  • ПщIыхьыфIыр мэлъэтэж
  • Уи удз Iущащи, псынэ уши,
  • Уи Iуащхьэмахуэ ныдэж жьыбгъи,
  • ПсынэщIэ къэзылъху уэ уи къурши,
  • Уэгум щыхуарзэ уи къуршыбгъи —
  • Я макъ зэщIэлъыр, Къэбэрдей,
  • Щызэхызохыр сэ мыбдей.
  •  
  • Согужьеижыр, зысплъыхьамэ, —
  • Сэ къысщхьэщытыр хамэ уафэщ,
  • Сызытет щIыгури сэ си хамэщ —
  • Си лъэгур къесыр абы мафIэу.
  • ГуфIэгъуэу сиIэр, Къэбэрдей,
  • Уи макъ къэIусырщ сэ си дей.
  • Си нэр зэтеспIэм сэ къысфIощIыр:
  • Къыспебгъэжьауэ адэ-Хэкум
  • Жьыбгъэм си натIэр къысхуилъэщIу,
  • Жыгхэм къыдалъэу Iэ си нэгум,
  • Псынэм схуиусу и уэрэд —
  • А псом сыгуфIэу сэ сахэт.
  •  
  • КъысфIощI Сосрыкъуэ къихьа мафIэм
  • Сэ сигу пIыщIар къигъэхуэбэжу,
  • Си адэжь лъэпкъым и бзэ IэфIыр
  • Бзэрабзэу сэ къысIуралъхьэжу…
  • Гугъэ-пщIыхьыфIыр мэлъэтэж,
  • Сэ хэхэс щIыгум сыкъонэж.
  •  
  • Къэбэрдейр япэ щыслъэгъуам
  • Си псэр егъафIэ си Хэку дахащэм,
  • Фыкъысхуэупсэу тыгъэ схуэфщIам.
  • ЗыхещIэр нобэ къару иныщэ
  • Гухэлъ гуапагъкIэ мы сигу вгъэнщIам.
  •  
  • Гъунэ зимыIэщ а гугъэ дахэр,
  • Ар къыдэхуэжу хэткIи куэдынт.
  • ГъащIэм и IэфIыр иджы си лъахэщ,
  • Мы дунеягъэр сэркIэ жэнэтщ.
  •  
  • СрихьэщIэ лъапIэщ адэжь щIыналъэм,
  • ГурыщIэ къабзэр сэ си андезщ;
  • Уэ бдэслъэгъуакъым зы фэрыщIыгъэ —
  • Сыбогъэгушхуэ, дзыхь узогъэз.
  •  
  • Дамэ схуэхъуакIэщ сэ насып иныр,
  • Къуалэбзу цIыкIуу псэм къелъэтыхь.
  • Сыхъуащ нэхъ бжьыфIэ, уэращ си диныр,
  • Уи лъагъуныгъэм си псэр и тыхьщ.
  • США, Нью-Йорк
  •  
  • ЖыIэгъуэхэмрэ  псалъэжьхэмрэ
  • Хъуэпсэгъуэ  къыпщохъуж
  • Псэун щIэзыдзэмрэ гъащIэр зыухымрэ я дуней еплъыкIэр зэтехуэркъым.
  • ГъащIэм щIагъуэ щыхыумыщIыкI щIалэгъуэм упсэуху къыбдэгъуэрыкIуэн Iуэху блэжьын хуей мэхъу.
  • НыбжьыщIитI я гъащIэр щIызэпащIэр я насып тIуащIэ ящIын папщIэщ.
  • Зыхуей зыгъуэт къэкIыгъэр мэгъагъэ, апхуэдэщ цIыхури (ЩIалэгъуэр дыгъэпс защIэм егъэутхъуэ, абы и нэгу щIэкIын хуейщ дунейм и къэхъукъащIэ ткIыбжь-хэри).
  • Гу зэщызымыхуахэм я щIалэгъуэщ.
  • ЩIалэгъуэм и гупэр — къэкIуэнум, жьыгъэм и гупэр блэкIам хуэгъэзащ.
  • ЩIалэгъуэм имытхьэлэу къелым, гъащIэ къыпоплъэ.
  • ЩIалэгъуэр зэрикIрэ сыт щIа, итIани къэдмыгъэщIа хуэдэщ.
  • ЩIалэгъуэр икIмэ, хъуэпсэгъуэ къыпщохъуж.
  • ЩIалэгъуэр IэфIщ, аращ и зэманыгъуэр щIэхыу щIикIыр.
  • ЩIалэу щIэныгъэрэ къарукIэ цIэрыIуэ ухъунщ, ауэ акъыл нэс къыщыпщтэнур балигъыпIэм унэсмэщ.
  • Зэхуэзыхьэсар
  • ГъукIакъуэ Идарщ.