ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Насып къуимытми хуитыныгъэм, Ар гъащIэм купщIэ хуэхъуу фIыгъуэщ

2017-11-25

  • Ди тхыгъэм фIэщыгъэ хуэтщIа псалъэхэр къитхащ «Homo duplex, или Взойти на эшафот» тхылъым. Ар зи къалэмыпэм къыпыкIар щIэныгъэлI, бзэм и философ, а унэтIыныгъэмкIэ къэхутэныгъэ купщIафIэхэр (монографие щхьэхуэри яхэту) зэфIэзыха, филологие щIэныгъэхэм я доктор Семэн Iэмырхъанщ. ГъащIэм хуаIэ гупсысэхэмрэ я дуней еплъыкIэхэмкIэ куэдым къащхьэщыкI цIыху гумызагъэхэм, пэрытхэм, пэжым и лъыхъуакIуэхэм ящыщщ ар. И анэдэлъхубзэмрэ урысыбзэмрэ нэсу зэрищIэм къадэкIуэу, Iэмырхъан хуиту иропсалъэ франджыбзэми латиныбзэми. КъызэрысщыхъумкIэ, адыгэбзэм къыкIэлъыкIуэу, абы и псэм нэхъ и гъунэгъухэм ящыщщ латиныбзэр — иджырей Италием и щIыналъэр ижь-ижьыж лъэхъэнэхэм зи псэупIэу щыта лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэр. «Scientia unescamus» («ЩIэныгъэмкIэ дызэкъуэувэнщ») — аращ зэреджэр Семэныр зи пашэ Гуманитар егъэджэныгъэ центрым. Езыми и гъащIэ гъуазэхэри къыхощ латин жыIэгъуэхэу «Viva vox docet» («ЩIэныгъэ къозытыфынур цIыхурщ») «Vitae, non scholae discimus» («ДыщIеджэр школым щхьэкIэкъым, атIэ гъащIэм папщIэщ»).
  •  
  • Семэн Iэмырхъан

    Аруан щIыналъэм хыхьэ Псыгуэнсу къуажэм 1957 гъэм къыщалъхуащ Iэмырхъан. Жылэм пщIэрэ нэмысрэ щызиIахэм ящыщащ Семэнхэ я унагъуэшхуэм я нэхъыжь, Хэку зауэшхуэм лIыгъэ зэрихьэу хэта ТIутIи абы и щхьэгъусэ КIутIи. А нэхъыжьыфIхэм ябгъэдэлъа зэхэщIыкI куум, гупсысэ шэщIамрэ акъылыфIагъэмрэ, хабзэмрэ нэмысымрэ ятеухуа хъыбар куэд ноби щызэхэпхынущ къуажэм. Я бынхэу Iэмирэт, Чэбирэт, Хьэбас, Ларэ (Iэмсирэт), Iэмырхъан, Мадинэ сымэ щIэныгъэ нэхъыщхьэрэ зэрыпсэуфын IэщIагъэрэ ирагъэгъуэтащ зэщхьэгъусэхэм. Зы анэ къилъхуахэм, ди жагъуэ зэрыхъущи, яхэщIащ Iэмирэтрэ Хьэбасрэ. Зэшыпхъуищым иджы плъапIэу яIэр ади, ани, дэлъхуи яхуэхъу я псэ закъуэ Iэмырхъанщ. Нэхъыжьхэр ямыIэжми, ахэр мэпсэу абыхэм я щапхъэр я гъуазэу, цIыхугъэр, пэжыгъэр, лъэпкъ хабзэр, пщIэр ягъэнэхъапэу.

  • — Ди адэ-анэм езыхэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ ямыIами, дэ, я бынхэм, къытхалъхьэфа хьэл-щэ- ныфIхэм ящыщщ еджэным дыхуэпабгъэу, дымыщIэр зэд-гъэщIэным дыхущIэкъуу дыкъызэрагъэтэджар, — жеIэ Iэмырхъан. — КъинэмыщIауэ, абыхэм дыхуагъэсащ псалъэм пщIэ хуэтщIу, гупсысэр абы япэ иту, адыгэ псалъэжьым зэрыжиIауэ, «акъылым и анэр гупсысэу» зэрыщытыр зыхэтщIэу дыпсэуным.
  • Къуажэм дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, еджэным хуэнэхъуеиншэ щIалэщIэм мурад ищIащ къэралым и щыхьэрым кIуэуэ абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуэну. А гуращэр абы IэщIыб ищIакъым дзэм къулыкъу щыщищIа илъэсхэми. А къалэн ткIийр къызыхуэтыншэу зэригъэзащIэм къыдэкIуэу, зэман мащIэ къыщыхудэхуэм, тхылъыр и Iэпэгъут, къыпэщылъ экзаменхэм зыхуигъэхьэзырырт.
  • Дзэ къулыкъур щIыхь пылъу ирихьэкIа нэужь, Iэмырхъан занщIэу иунэтIащ Москва, и мура-дыр зригъэхъулIэну. Бзэм и къарур, и лъэщагъыр, и купщIэр зыхэзыщIэ щIалэщIэр щIэтIысхьащ Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэмкIэ университетым, а лъэхъэнэм Лумумбэ Патрис и цIэр зезыхьэу щытам (иджы РУДН). Хрущёв Никитэ и тетыгъуэм къыхалъхьащ а егъэджэныгъэ проектыр хуабжьу цIэрыIуэ щыхъуащ СССР-м. Абы ипкъ иткIэ Москва къыщызэIуахауэ щытащ етIуанэ (япэр Ломоносовым и цIэр зезыхьэ МКъУ-р) университетыр. Къалащхьэм дэт адрей еджапIэ нэхъыщхьэ псори абы щыгъуэ институтт.
  • Азием, Африкэм, Латин Америкэм хыхьэ зызыужь къэралхэм папщIэ квалификацэ лъагэ зиIэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным теухуауэ щытащ РУДН-м и лэжьыгъэр. Хамэ щIыпIэхэм къикIа апхуэдэ щIалэгъуалэм ящIыгъуу абы щеджэрт совет студентхэри. Арат а университетым и купщIэ нэхъыщхьэр: щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщ щIалэгъуа-лэм зэгъусэу щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ ягъэгъуэтын, апхуэдэуи лъэпкъхэм я зэхуаку зэныбжьэгъугъэ дэлъхьэн. Апхуэдэ интернационалист Iуэху еплъыкIэт а лъэхъэнэм диIар дэ, дызыщIапIыкIари арат Совет Союзым и цIыхухэр. Зи гугъу тщIы гупсысэхэм зэщIаIыгъэт Семэн Iэмырхъани, РУДН-м и студент щыхъуам щыгъуэ. Мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ а университетым ущIэхуэн папщIэ, щIэныгъэшхуэ е цIыхугъэшхуэ уиIэн зэрыхуеяр. НэгъуэщI Iэмал щыIэтэкъым. Семэным Тхьэр къызэрыхуэупсар япэ идгъэща Iэмалырт: зэрыцIыкIурэ тхылъыр фIыуэ илъагъуу, абы къриджыкI дэтхэнэ Iущыгъэри и гум ириубыдэу къэхъуа сабийм къищIыкIат щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ, абы пщIэ хуэзыщI адыгэ щIалэ нэс.
  • Анэмрэ къуэмрэ. Псыгуэнсу, 2004 гъэ

  • Тулузэ университетым, къыщыдэлажьэхэр и гъусэу. Франджы,1988 гъэ

  • Университетым зэрыщIэтIыс-хьэ къэпщытэныгъэхэр лъэпощхьэпоуншэу зэфIэкIауэ, иджы ар урысыбзэм куууэ хуеджэрт, «Урысыбзэр хамэ къэралыбзэм хуэдэу» (РКИ) къудамэм щIэсу. Зи ныбжьыр илъэс 17 ирикъуху щалъхуа щIыналъэм и гъунапкъэри зэпызымыупщIа Iэмырхъан и дежкIэ Москва дэт университет цIэрыIуэм ущеджэныр ар езы гъащIэр къызэрыхуэупса фIыгъуэт, псэукIэм хуэзыгъасэ дерс щхьэпэт. Абы щагъэхьэзырырт зи IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ лэжьакIуэхэр, щагъа-сэрт гупсысэ пэрыт зиIэ щIалэгъуалэ. РУДН-р зэрыцIэрыIуэ апхуэдэ Iуэху зехьэкIэ псори, псы хуэлIа къэкIыгъэм хуэдэу, зыщIишащ Iэмырхъан. Ар и щапхъэщ а еджапIэ нэхъыщхьэм и гъэсэн нэхъыфI дыдэхэм, щIэныгъэ куурэ акъыл шэщIарэ зыбгъэдэлъхэм, цIыхугъэ лъагэрэ зэхэщIыкI инрэ зиIэхэм.
  • Урысыбзэм и щэху псори къызэраугъуейм къыдэкIуэу, совет студентхэм яджырт хамэ къэралыбзэхэри — инджылызыбзэр, франджыбзэр, испаныбзэр, нэгъуэщIхэри. А псори абыхэм къахуэщхьэпэжырт, университет нэужьым лэжьапIэ увын хуей щыхъум деж.
  • — РУДН-р ехъулIэныгъэкIэ къэзуха нэужь, сэ республикэм къэзгъэзэжащ, зэман гуэркIи КъБКъУ-м сыщылэжьащ. ИужькIэ, СССР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм къызита тхы-лъым ипкъ иткIэ, Африкэм сагъэкIуащ, — игу къегъэкIыж Семэным. — Ар си япэ хамэ къэрал IэнатIэт. ИужькIэ гъащIэм куэд- рэ къыщысхуэщхьэпащ а зэманым сызрихьэлIа Iуэхугъуэхэр. Сэ дапщэщи си насып хэлъщ цIыхуфIхэм, хьэлэмэтхэм, зэхэщIыкI куу зиIэхэм. Апхуэдэхэм куэдрэ сащрихьэлIащ си гъащIэ гъуэгум.
  • Бенинрэ Ганэрэ я зэхуаку дэлъ Того къэрал цIыкIум щыIэ щIы- пIэ университетым илъэсищкIэ щылэжьащ Iэмырхъан, урысыбзэмрэ литературэмрэ студент- хэм яригъэджу. ИужькIэ Москва къэкIуэжащ икIи лэжьыгъэм РУДН-м щыпищащ, абы и аспирантурэми щIэтIысхьащ, и щIэныгъэм адэкIэ хигъэхъуэну. 1996 гъэм ирихьэлIэу Семэным хьэзыр ищIащ икIи утыку кърихьащ и кандидат диссертацэр. Ар теухуауэ щытащ Достоевский Фё-дор и «Братья Карамазовы» романым хэт лIыхъужьхэм я цIэхэр авторым къызэрыхиха щIыкIэмрэ абыхэм япкърылъ мыхьэнэмрэ убзыхуным. А лэжьыгъэр ехъулIэныгъэ иIэу пхигъэкIащ Семэным икIи «филологие щIэныгъэхэм я кандидат» цIэр къыфIащащ.
  • РУДН-м щегъэджэнри зэи IэщIыб имыщI къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIынри къызыхуэтыншэу зэдихьырт щIэныгъэлIым, арщхьэкIэ абы и гур иджыри хуеIэрт хамэ щIыпIэхэм, урысыбзэмрэ литературэмрэ щегъэджыным и Iуэхур абыхэм зэрыщызэтеублам нэхъ гъунэгъуу нэIуасэ зыхуищIыну. Илъэс зыбжанэ дэкIри, Семэныр аргуэру къэралым икIащ ЕгъэджэныгъэмкIэ министерствэм и тхылъкIэ. А лъэхъэнэм Iэмырхъан щылэжьащ Европэм и къэралхэм. Зэман кIыхькIэ щыIащ Франджым, Тулузэ дэт университетым урысыбзэмрэ литературэмрэ щригъэджу. Къэралым и ипщэ лъэныкъуэмкIэ хуэзэу щитIысы-кIа а къалэшхуэм, Франджым и щэнхабзэ, щIэныгъэ, промышленнэ центр иным щигъэкIуа илъэсхэр гукъинэ щыхъуащ Семэным. Ар псэкIэ нэхъ гъунэгъуж хуэхъуащ армырами зыхилъхьэ щымыIэ франджы литературэм, псом хуэмыдэу усыгъэм.
  • Iэмырхъанрэ и щхьэгъусэ Иннэрэ. Париж,2000 гъэ

  • Спортыр и Iэпэгъуу. 1989 гъэ

  • Тулузэ университетым зэрыщригъаджэм хуэдэурэ, Iэмырхъан а лъэхъэнэм къызэхикIу-хьащ Европэм и къэралхэр, зэми лэжьыгъэ IуэхукIэ, адрейхэм щыгъуэ езым и жэрдэмкIэ. КъыкIэлъыкIуэу ар ягъэкIуащ Бельгием икIи Гент къалэм дэт къэрал университетым щылэжьащ. Псори зэхэту къапщтэмэ, Семэным хамэ къэралхэм щигъэкIуащ илъэси 9, урысыбзэмрэ литературэмрэ студентхэм яригъэджми IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэдзэкIакIуэу щыIэми. Ди къэралым къыщыкIуэж зэзэмызэм Iэмырхъан зэи къигъанэртэкъым щалъхуа щIыналъэм, зэман кIэщIкIэми, къимыхьэжу, и адэ-анэм, къыдалъхуахэм зэ нэхъ мыхъуми яIумыплъэу. А махуэхэр гуфIэгъуэшхуэт абы и унагъуэм, Iыхьлыхэм, благъэхэм я дежкIэ. Куэд къэзымыпсэлъу куэд жызыIэф а цIыху акъылыфIэм дэтхэнэми бзэ щхьэхуэ къыхуигъуэтыфырт, и лэжьыгъэм, гупсысэхэм, мурадхэм щахутепсэлъыхькIэ.
  • Хэкум къигъэзэжа нэужь, Семэныр иужь ихьащ и доктор диссертацэр гъэхьэзырыным. Бзэм и философием дихьэх, абы епха гупсысэ хьэлэмэтхэр зи къэхутэныгъэхэм щыпхыша щIэныгъэлIым зэман кIэщIым къриубыдэу утыку кърихьащ а унэтIыныгъэм тещIыхьа и лэжьыгъэ купщIа-фIэр. Бзэмрэ ар зыIурылъ лъэпкъым и гупсысэмрэ, бзэмрэ психологиемрэ ехьэлIа Iуэхугъуэхэр куууэ щызэпкърыхащ Семэным и диссертацэ лэжьыгъэм. Ар Iэмырхъан ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ Москва Лингвистикэ къэхутэныгъэхэмкIэ дэт институтым икIи филологие щIэныгъэхэм я доктор хъуащ.
  • Версаль и утыкухэм ящыщ зым. Франджы,1997 гъэ

  • Того и лъэпкъ махуэшхуэм хэту. Ломе къалэ, 1989 гъэ

  • — Бзэмрэ лъэпкъ гупсысэмрэ къыгуэхыпIэ ямыIэу зэрызэпхам шэч лъэпкъ хэлъкъым. Бзэр лъэпкъ тхыдэм и хъумакIуэщ. Аращ къэзыгъэлъагъуэр зы лъэпкъыр адрейм къызэрыщхьэщыкI щхьэхуэныгъэхэр: хабзэхэр, щэнхабзэхэр, нэщэнэхэр, — жеIэ щIэныгъэлIым. — Анэдэлъхубзэхэр, абыхэм яхэлъ хьэлэмэтагъхэр хъумэнырщ ахэр зей лъэпкъхэм я дежкIэ нэхъыщхьэр. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхур пхузэфIэхынукъым, уи анэдэлъхубзэм лъагъуныгъэ ин, къабзэ хууимыIэу, уи лъэпкъ щэнхабзэр, хабзэр зэрылъапIэр гурэ псэкIэ зыхыумыщIэу. Анэдэлъхубзэр бзэ къудейкъым — ар щIэныгъэщ, гъэсэныгъэщ, щэнхабзэщ, лъэпкъым и гущIэм узэрынэсыф IункIыбзэIух телъыджэщ, дунейпсо утыку уизышэф Iэмэпсымэ гъуэзэджэщ. Лъэпкъым и псэкупсэ къулеигъэр хъумэнымкIэ, лъэпкъ гупсысэм зегъэужьынымкIэ бзэм бгъэдэлъ къарур къыпхуэмылъытэным хуэдизу инщ, абрагъуэщ.
  • Бзэмрэ абы щIэлъ философиемрэ ятеухуа публицистикэ, щIэныгъэ тхыгъэ куэд и къалэмыпэм къыпыкIащ Семэным. Абыхэм яхэтщ ди къэралми хамэ щIыпIэхэми къыщыдэкIахэр. Iэмырхъан гъащIэм хуиIэ еплъыкIэхэр къыщигъэлъэгъуащ и тхылъхэ-ми. «Homo duplex, или Взойти на эшафот», «Ecce homo, или Жизнь вопреки» тхылъхэр усыгъэ-философие жанрым иту ухуащ.
  • — Семэн Iэмырхъан усакIуэ-гупсысакIуэшхуэщ, акъыл шэщIа зыбгъэдэлъ цIыхущ. Абы и къалэмыпэм къыпыкIа тхылъым къыщеIэт цIыхубэпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэр: гъащIэм щIэдзапIэ хуэхъум, цIыхумрэ ар къэзыухъуреихь дунеймрэ яку дэлъ зэхущытыкIэхэм, псэуныгъэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм, цIыхум и гурыгъу-гурыщIэхэм ятопсэ- лъыхь, — «Homo duplex, или Взойти на эшафот» тхылъым и пэублэ псалъэм щыжиIащ ЕгъэджэныгъэмкIэ Урысей Академием (РАО) и академик, культуролог цIэрыIуэ Шмидт Сигурд. — Бгъэдэлъ жаныгъэмкIэ, жыджэрагъымкIэ классикыу, и псэр зыхуеIэмкIэ романтикыу къэслъытэ Iэмырхъан гъащIэмрэ лIэныгъэмрэ, лъагъуныгъэмрэ лъагъумыхъуныгъэмрэ, фIымрэ Iеймрэ, гуфIэгъуэмрэ гуауэмрэ ятеухуауэ ди пащхьэ кърилъхьа еплъыкIэхэр Гёте иIа гупсысэкIэхэм хуабжьу изогъэщхь. Пэжым и лъыхъуакIуэ, захуагъэм и телъхьэ усакIуэм а гурыгъу-гурыщIэхэрщ къигъэхъуапIэ хуэхъури.
  • — Iэмырхъан и творчествэр — ар абы и псэм зыхищIэ гурыщIэ куухэр, лъапIэныгъэу къилъытэ Iуэхугъуэхэр наIуэ къэзыщI ущиещ, уазщ. Ар гъащIэм къыгуэхыпIэ имыIэу епха псэкупсэ лIыгъэм и нэщэнэщ, — а тхылъ дыдэм и кIэух псалъэм дыкъыщоджэ культуролог, философ цIэрыIуэ Померанц Григорий и псалъэхэм.
  • И тхылъхэм, щIэныгъэ, публицистикэ статьяхэм, усэхэм я нэхъыбапIэр урысыбзэкIэ гъэпса-ми, зи Хэку цIыкIур, щалъхуа щIыналъэр фIыуэ зылъагъу Семэным и къалэмыпэм къыпыкIащ ди анэдэлъхубзэмкIэ тха лэжьыгъэхэри. Абыхэм ящыщщ «Хъуэхъу» зыфIища и усэр. Iэмырхъан абы къыщеIуатэ лъэпкъым хуиIэ хъуэпсапIэхэм ящыщ куэд.
  • Фыгъуэ, жагъуэ дымыщIэу,
  • Гуапэу, гуакIуэу дыщыту,
  • ГущIэгъу цIыхум хуэтщIыфу,
  • Пэж и гъуэгу дытетыфу,
  • ПцIы и гъуэгур дымыдэу,
  • Ди лъэпкъыжь зиузэщIу,
  • Ди хэкужь тхъумэжыфу,
  • Iейр адыгэм ди мащIэу,
  • Тхьэм дэ куэдрэ дигъэпсэу!
  • ЩIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ ди лъэпкъэгъу Iущым гъащIэм хуиIэ гупсысэхэр, мурадхэр къыде-гуэш и щхьэгъусэ Иннэ. Ар Шортейхэ япхъущ, и IэщIагъэкIэ егъэджакIуэщ, Шэджэм районым егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм и пашэу лэжьащ, иджыпсту къа-лэм дэт курыт школ №4-м и унафэщIщ. ЗэгурыIуэрэ зэхэ-щIыкI лъагэрэ, пщIэрэ нэмысрэ зи зэхуаку дэлъ зэщхьэгъусэхэм къащIоувэ я дыгъэ-щыгъэ бынхэр. Сабийхэм я нэхъыжь Влад илъэс 11 мэхъу, я хъыджэбз закъуэ Миланэ илъэси 9, щIалэ нэхъыщIэ Iэдэм илъэси 6 ирикъуащ. Ахэр щIапIыкI нэхъыжьхэм къыхуагъэна фIыгъуэхэр я гъуэгугъэлъагъуэу псэуным. Апхуэдэ адэ-анэ зыщхьэщыт щIэблэр, шэч хэмылъу, къэтэджынщ щапхъэу ягъэлъагъуэхэм ящыщу. Спортыр зи Iэпэгъуу дапщэщи щыт адэм быныр абыи дрегъэхьэх.
  • Семэн Iэмырхъан, еджагъэшхуэм, акъыл куу зиIэ цIыху щыпкъэм, дохъуэхъу и щхьэгъусэр къыкъуэту, и анэкъилъхухэр хуэузыншэу, гъащIэм, быным, унагъуэм хуиIэ хъуэпсапIэхэмрэ мурадхэмрэ къехъулIэу, цIыхур насыпкIэ зэджэ фIыгъуэхэм щымыщIэу дунейм куэдрэ теты-ну, лъэпкъым ифI къызэрыкI IуэхугъуэфIхэр зэфIихыу, и гур фIыкIэ гъэнщIауэ псэуну.
  •  
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.