ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Шыхулъагъуэ

2017-09-30

  • ЩIэныгъэлIым и псалъэ
  • РАН-м и академик Щэуджэн Iэсхьэд:  ЦIыху  гъаблэр  къэкIыгъэ гъаблэм  къыщожьэ
  • Ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэ, биологие щIэныгъэхэм я доктор, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и действительнэ член, ЩIДАА-м и академик Щэуджэн Iэсхьэд «Кубаным и зыужьыныгъэм зэрыхуэщхьэпам папщIэ» медалым и япэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ.
  •  
  • Адыгейм нэхъыфI дыдэхэм щыхабжэ Адэпсыкъуий къуажэм и курыт еджапIэр къиуха, армэм къулыкъу щищIа нэужь, Iэсхьэд Кубаным и мэкъумэш институтым щIотIысхьэ, абы иужькIэ, Тулэ областым щыщ «Дубрава» совхозым илъэсиплIкIэ щолажьэ, 1981 — 1983 гъэхэм щоджэ Прунжым и союзпсо институтым и аспирантурэм. Илъэс пщыкIутхум къриубыдэу Щэуджэным икIуащ студентымрэ биологие щIэныгъэхэм я докторымрэ я зэхуаку дэлъ гъуэгуанэр. Ар Урысейм, Германием, Оксфорд щылажьэ щIэныгъэ академиехэм я лэжьакIуэщ, Дунейпсо ЩIэныгъэ Академием и Бжьэдыгъухьэблэ (Краснодар) къудамэм и къызэгъэпэщакIуэщ. И IэщIагъэлI лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, Щэуджэныр цIэрыIуэщ и тхыдэ лэжьыгъэхэмкIэ. Абы и IэдакъэщIэкIщ «Адыгэхэм я щIыр», «Сталин» тхылъхэр.
  • Щэуджэн Iэсхьэд и тхыгъэхэр мин бжыгъэм, и тхылъхэр щитIрэ щэ ныкъуэм щхьэдох. Нобэ ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэм дыщIехъуэхъу щхьэусыгъуэр «Кубаным и зыужьыныгъэм зэрыхуэщхьэпам папщIэ» медалым и япэ нагъыщэр къызэрыратарщ.
  • «Iэсхьэд и хьэлым дахэу щызэхэухуэнащ щIэм тегушхуэ щIэныгъэлIым и жанагъымрэ цIыхухэр здэзыгъэлэжьэф унафэщI Iэзагъымрэ», — зы жьэу жаIэ академикым тепсэлъыхьхэм. Абы и щыхьэтщ Щэуджэным и гупыжкIэ Адыгейм Прунжыр щадж щIэныгъэрылажьэ институт къызэрыщызэрагъэпэщар, а къэкIыгъэм теухуауэ гъэунэхуныгъэхэр щрагъэкIуэкIыу, унэтIыныгъэщIэхэр къыщызэIуахыу. А IуэхущIапIэм и фIыгъэщ Адыгейм прунж бэв щагъэкI зэрыхъуар.
  • НобэкIэ Щэуджэн Iэсхьэд Урысей мэкъумэш академиеми, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академиеми я лэжьакIуэщ. 2001 гъэм ар щIым епха щIэныгъэхэм я академиеу Европэм щыIэм, 1997 гъэм — ЩIДАА-м хагъэхьащ. 2009 гъэм Оксфорд щыIэ щIэныгъэ зэгухьэныгъэм и унафэкIэ Щэуджэн Iэсхьэд агрохимиемрэ къэкIыгъэхэм я зэхэлъыкIэмкIэ я доктор цIэр къыфIащащ.
  • Iэсхьэд и лэжьыгъэр къабыл зэращIым и щыхьэтщ абы «Кавказ Ищхъэрэм и Iэрысэ къэкIыгъэхэмрэ мэкъумэшымрэ» тхылъым щхьэкIэ Адыгэ Республикэм и Къэрал саугъэтыр къызэрыхуагъэфэщар. «ЩIэныгъэ тхылъхэм я нэхъыфI» тыгъэр Краснодар крайм плIэнейрэ къызэрыщихьар.
  • Щэуджэным зэрехьэ Краснодар краймрэ Адыгеймрэ я къэрал дамыгъэхэм я нэхъ лъапIэхэу «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр, «Кубаным и зыужьыныгъэм зэрыхуэщхьэпам папщIэ» медалым и етIуанэ, ещанэ нагъыщэхэр, иджы абыхэм къахэхъуащ япэ нагъыщэр.
  • «Щэуджэн Iэсхьэд жьы щIэту мэлажьэ, уи нэгум къыщIэбгъэхьэнуи гугъущ ар зы махуэм зыхунэсыр, — етх и лэжьэгъухэм я зым. — Абы дэтхэнэ дакъикъэри егъэнщI щIэныгъэ лэжьыгъэкIэ, и литературнэ тхыгъэхэми зэман къахудегъэкIыф».
  • Абы и гъэсэнхэм я бжыгъэри мащIэкъым. Зэманышхуэ щIэныгъэлIым ятрегъэкIуадэ Кубаным и къэрал мэкъумэш институтым щеджэхэм. Щэуджэным и унафэм щIэту доктор диссертацэу 7, кандидат диссертацэу 31-рэ пхагъэкIащ.
  • «ЦIыху гъаблэр къэкIыгъэ гъаблэм къыщожьэ. Дэ хьэкъыу тпхыкIауэ щытын хуейщ: гъавэ мащIэр — экономикэ щыщIэныгъэщ. Ар щIым етха лейщ — щIыгулъыр зыгъэкIуэд, къэкIыгъэхэм зэран яхуэхъу щыщIагъэщ, мэкъумэшыр зи Iус псэущхьэхэм я гугъуехьщ, ди узыншагъэм етхыж зэраныгъэщ. КъэкIыгъэхэр дгъашхэмэ, дэри ди ныбэ из хъунущ. Нобэ мэкъумэш лэжьакIуэхэр зэрыщIэу зэрызэдэмылажьэм къыхэкI щыщIэныгъэхэр дгъэкIуэдын папщIэ, къэрал унафэщIхэм, къулыкъущIэхэм я псалъэ дыхуэныкъуэщ», — жеIэ академик Щэуджэн Iэсхьэд.
  • Чэрим  Марианнэ.
  •  
  • Жыжьэ – гъунэгъу
  • Къуэжей  Сосрыкъуэ и  вагъуэ  нэхур
  • Къэбэрдей литературэм и псыпэр къыщежьэхэм ящыщу къалъытэ Тэрч щIыналъэм хыхьэ Курп Ищхъэрэ къуажэм 1901 гъэм къыщалъхуа Къуэжей Сосрыкъуэ.
  •  
  • А тхакIуэм и гъащIэмрэ и IэдакъэщIэкIхэмрэ ятеухуа лэжьыгъэ куэд ди деж къэсыжакъым, ауэ а мащIэри а цIыху щыпкъэм и зэфIэкI лъагэм щыхьэт тохъуэ.
  • Къуэжей Мухьэмэд и къуэр щIэныгъэлIу илъагъуну щIэхъуэпсырти, хузэфIэкIымкIэ зыщIигъэкъуащ. 1913 — 1918 гъэхэм Сосрыкъуэ Налшык дэт реальнэ училищэм щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ. Абы щеджэ зэманым Япэ дунейпсо зауэр ирихьэлIат. Тэрч деж щекIуэкIа зауэм илъэс 18-м иту Сосрыкъуэ хыхьэри, Совет властым щIэзэуащ, Беслъэней Хьэбалэрэ нэгъуэщI большевик пэрытхэмрэ ящIыгъуу Джылахъстэней полкым и штабым щылэжьащ. А лъэхъэнэращ ар партым щыхыхьар. 1920 гъэм Къэбэрдей шуудзэ полкым и комиссару, абы иужькIэ облисполкомым, щIыналъэ прокуратурэм щылэжьащ.
  • 1922 гъэм комсомолым и щIыналъэ комитет къыщызэрагъэпэщам секретару трагъэувар Къуэжей Сосрыкъуэщ.
  • Граждан зауэм хэтахэм я нэгу щIэкIахэм, зэрахьа лIыгъэхэм трагъэпсэлъыхьыну комсомолым и ячейкэхэм я лIыкIуэхэмрэ ЧОН-м и гупжьейм и зауэлIхэмрэ хэту Налшык щрагъэкIуэкIа пэкIум къэпсэлъапIэ лъагэм тету къызэхуэсахэм зыхуагъэзат Къалмыкъ БетIалрэ Къуэжей Сосрыкъуэрэ. Адыгэ, балъкъэр лъэпкъхэм зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэ лъагэхэм, дяпэкIи бэлэрыгъ зэрымыхъунум и гугъу ящIащ абыхэм.
  • 20 гъэхэм икухэм нэблэгъэху Къуэжейр щIыналъэ прокуратурэм и следователь нэхъыщхьэу лэжьащ. IэнатIэр мытыншми, псэхугъуэ имыгъуэтми, цIыху къызэрыгуэкIхэм я деж пщIэшхуэ къыщилэжьат щIалэщIэм. Ауэ жагъуэгъухэри и мащIэтэкъым, захуагъэм тет совет судыр зыхуэлъэхэм Сосрыкъуэ мурад бзаджэхэр къыхуащIырт. Абы и щхьэгъусэ Къуэжей Марие жиIэжырт Сосрыкъуэ зы жэщым тIэунейрэ къытеуауэ зэрыщытар.
  • 1929 гъэм и кIэуххэм Къуэжейр облисполкомым ягъэкIуащ. ЩIыналъэм щызэхэзекIуэурэ мэкъумэшыщIэхэмрэ гуащIэрыпсэухэмрэ я фэм дэкI гугъуехьыр Сосрыкъуэ илъагъурт, ауэ щыхъукIи я къару щымысхьыжу пщэдейм зэрытелажьэм гу лъитэрт. Абы и нэгу щIэкIахэр я лъабжьэщ иужькIэ газетым къытригъэдза очеркхэмрэ тхыгъэ кIэщIхэмрэ.
  • Сосрыкъуэ статья гъэщIэгъуэнхэр тхын щIидзэри, иужькIэ очеркым хуэкIуэжащ. ЩIыналъэ газет напэкIуэцI-хэм гъащIэщIэм и бийхэр къыщыщIигъэщырт, щIалэгъуалэр зыхуэныкъуэм щытепсэлъыхьырт, комсомолым и мурадхэмрэ зыхуигъэувыж къалэнхэмрэ я гугъу ищIырт.
  • Къапщтэмэ, 1921 гъэм Сосрыкъуэ журналист лэжьыгъэм щIидзауэ жыпIэ хъунущ. Партым и щIыналъэ комитетым и унафэкIэ Къуэжейм нэгъуэщI щIалитI и гъусэу щIыналъэм и парт гъащIэм теухуа бюллетень мазэм зэ къыдигъэкIырт. А гъэхэм «Верный путь священной борьбы» фIэщыгъэм щIэту Къуэжейм и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъыр Налшык япэу къыщыдагъэкIахэм ящыщщ.
  • Куэд дэмыкIыу Сосрыкъуэ парт лэжьыгъэ и пщэ къыдалъхьащ. Тынштэкъым а илъэсхэр тхакIуэм дежкIэ.
  • 1934 гъэм Къуэжейм илъэс куэдкIэ хъуэпсапIэу иIар къехъулIащ — литературэм игукIи и псэкIи хыхьащ, къызэрагъэпэщагъащIэ ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и секретару хахри. Совет тхакIуэхэм я япэ съездым и лэжьыгъэм зэрыхэтар абы и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэт.
  • ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм къызэгъэпэщакIуэ лъэщу щыIэт Сосрыкъуэ. Ар я Iэрытххэм еджэрт, творческэ зэIущIэхэр, тхэн щIэзыдзагъащIэхэм я семинархэр къызэригъэпэщырт, IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным, ахэр печатым хуэгъэхьэзырыным и гуащIэ хилъхьэрт.
  • Коммунистхэм я мэкъумэш школ нэхъыщхьэу Налшык дэтым 1935 гъэм Къуэжейм щригъэджэн щIидзащ, СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хыхьащ, абы къыдэкIуэу Москва дэт Литературэ институтым щеджащ. 1936 гъэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэр тхылъ тедзапIэм художественнэ тхыгъэхэм я редактору щытащ.
  • Журналисту иригъэжьами, гъащIэм щилъагъу зэхуэмыдэныгъэхэм, ухуэкIэщIэм къалэмыр кърагъащтэри, повесть инкIэ къэбэрдей литературэм хэбэкъуащ Сосрыкъуэ. 1934 гъэм и Iэдакъэ къыщIэкIа «ЩIэ» повестыр гъащIэщIэм теухуа япэ тхыгъэщ. Абы ипэ щыIа къэбэрдей прозэр нэхъыбэу граждан зауэрат зытеухуар. «ЩIэ» повестыр къэбэрдей литературэр увыным и япэ лъэбакъуэу жыпIэ хъунущ.
  • Литературэ тхыгъэхэм къищынэмыщIауэ статья купщIафIэхэри и Iэдакъэ къыщIэкIащ Къуэжейм. Борыкъуей ТIутIэ, ЩоджэнцIыкIу Алий, Нало Жансэхъу сымэ я гъусэу урысыбзэр и тегъэщIапIэу къэбэрдей тхыбзэр зэфIэгъэувэным и телъхьэу къэпсэлъауэ щытащ ар.
  • Сосрыкъуэ яхэтащ 1935 гъэм Москва къыщыдэкIа «Кабардинский фольклор» академическэ тхылъым елэжьахэм.
  • 1937 гъэм Къуэжейм пцIы къытралъхьэри ягъэтIысауэ щытащ. Творческэ мурадхэр зи куэд  щIалэр куэд дэмыкIыу  дунейм ехыжащ.
  • Щомахуэ  Залинэ.
  •  
  • ТхылъыщIэхэр
  • Лъэпкъым  и  лIыхъужьхэр
  • «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ дунейм къыщытехьащ «Адыгэ тхыдэ къыдэкIыгъуэм» хыхьэу Къэзакъ Аслъэн и «Черкесы на российской государственной и военной службе» тхылъыр. Абы зи гугъу щыщIа Iуэхугъуэхэм къызэщIаубыдэ XVI лIэщIыгъуэм икухэм щегъэжьауэ XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм нэс.
  •  
  • Тхылъым къибгъуэтэнущ Урысей къэралыгъуэм къулыкъу хуэзыщIа адыгэхэмрэ абазэхэмрэ ятеухуа хъыбархэр. Тхыдэм къыхэна лIыхъужьхэр зыщыщ лъэпкъхэр яхузэхэмыгъэкIыу щызэдауэ куэдрэ дрохьэлIэ. Абыхэми я гугъу щыщIащ къыдэкIыгъуэм икIи тхыдэ дэфтэрхэмкIи щIэгъэбыдэжащ.
  • Лъэпкъым и блэкIар зыщIэну хуей, тхыдэм дихьэх дэтхэнэми гъэщIэгъуэн куэд къригъуэтэнущ тхылъым. КъыдэкIыгъуэр IыхьитIу гуэшащ. Япэ Iыхьэм Урысей къэралыгъуэр ефIэкIуэным я гуащIэр хуагъэпсу IэнатIэ зэхуэмыдэхэм пэрыта адыгэ, абазэ лIы щэджащэ куэдым я гъащIэм и къекIуэкIыкIам щыгъуазэ зыщыхуэпщIыфынущ. ЕтIуанэ Iыхьэм къызэщIеубыдэ тэрч къэзакъ Бэрэгъун Иван, Ашэбей шы заводым и япэ унафэщIым, полк дохутыр Щоджэн Бэчмырзэ, Серебряков-Даутокъуэ лъэпкъым и офицерхэм, Кърым хъаныгъуэмрэ Шэрджэсымрэ яку дэлъа зэхущытыкIэ щхьэхуэхэм, нэгъуэщIхэми ятеухуа тхыгъэхэр.
  • Тхылъым зи гугъу щыщIахэм ящыщу итщ генерал-майорхэу Жамбэч Жантемыр, Анзор Мудар, Даутокъуэ-Серебряков Заурбэч, Хьэгъундокъуэ Едыдж, Къаз-Джэрий СулътIан, полковникхэу Тамбий Иван, Ло Мэмэтджэрий, Къылышбий СулътIанбэч, Къудалий Махъты, Мамыщ Барэсбий, прапорщикхэу ХьэтIохъущокъуэ Аслъэнбэч, Хъуран Батий, Андырхъуей Абдрахьмэн сымэ, нэгъуэщIхэми я сурэтхэр.
  • ЩхьэщэмыщI  Изэ.
  •  
  • Япэ адыгэ сабий мюзикл
  • «Бзу анэм и уэрэд» — аращ зэреджэр усакIуэ-уэрэдус Вындыжь Марие сабийхэм папщIэ къыдигъэкIа тхылъым. Марие и усэм композитор Къул Амир макъамэ щIилъхьэжри, япэ адыгэ сабий мюзикл ягъэхьэзыращ.
  •  
  • Тхылъыр икъукIэ щхьэпэ яхуэхъунущ макъамэм щыхурагъаджэ школхэм, шэч хэлъкъым сабийхэми ар гъэщIэгъуэн зэращыхъунум.
  • «Бзухэм я образымкIэ мюзиклым къыщыдгъэлъэгъуащ пцIы умыупсу, умыдыгъуэу, умыфыгъуэу псэ хьэлэлкIэ дунейм утетмэ, ныбжьэгъу куэд узэриIэнур, уи гъащIэри нэхъ гъэщIэгъуэну, нэхъ дахэу зэрыщытынур. Ныбжьэгъу куэд уиIэныр — ар цIыхум и къулеягъэщ, зэкъуэтыныгъэр — ар и лъэщагъщ. Дэ дыхуейщ апхуэдэу ди ныбжьыщIэ цIыкIухэр фытлъагъуну», — апхуэдэ псалъэхэмкIэ сабийхэм зыхуагъазэ лэжьыгъэр зи IэдакъэщIэкIхэу Вындыжь Мариерэ Къул Амиррэ.
  • Тхылъыр сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ дахэу, удихьэхыу игъэщIэрэщIащ художник Алий Юрэ. Ар къыдэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ псапащIэ фондыр.
  • Тхьэхущынэ  Ланэ.
  •  
  • Вэрокъуэ Ибрэхьим и тыгъэхэр
  • Иорданием щыпсэу ди лъэпкъэгъу Вэрокъуэ Ибрэхьим иджыблагъэ тхылъитI къыдигъэкIащ.
  •  
  • Япэм — «Адыгэ лъэпкъхэм я дамыгъэхэр» бзищкIэ (адыгэбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ) тхам, адыгэ лIакъуэ 12-м я лъэпкъ дамыгъэхэр, къыщыхьащ. Апхуэдэуи абы щыбгъуэтынущ адыгэхэм я мифо-эпическэ алыфбей, лъэпкъым пасэм къигъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэм я сурэт, тхыдэм къыхэна картэхэр, нэгъуэщI куэди. Жинт удзыфэм къытелыдыкI адыгэ ныпыр и теплъэу къыдагъэкIа а тхылъым ди лъэпкъэгъу куэд зэрыщыгуфIыкIынум шэч хэлъкъым.
  • ЕтIуанэр «Я нэхъ дахэу псалъэжьи 100» фIэщыгъэм щIэтщ. Ари бзищкIэ зэдзэкIащ. Альбом щIыкIэ зиIэ тхылъым къыщыхьа псалъэжь къэс сурэт екIукIэ щIэгъэбыдэжащ. «Адыгэу дунейм тетым тыгъэ яхудощI» псалъэ гуапэхэмкIэ къыщыппожьэ ар къыдэзыгъэкIахэр япэ напэкIуэцIым.
  • ЩIэблэр ираущийрэ чэнджэщым я нэхъ пэжыр къызыхахыу ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къыдекIуэкI адыгэ псалъэжьхэм ящыщу нобэрей гъащIэм нэхъ къезэгъхэр щызэхуэхьэсащ абы. «ЛIы и псалъэ епцIыжыркъым», «Мыпсэлъэху, делэри губзыгъэщ», «Дыгъужьыр жьы хъумэ, хьэм и джэгуалъэщ», «Дыщэр уэсу къесмэ, уасэ иIэнтэкъым», «Благъэ жыжьэ нэхърэ — гъунэгъуфI», «Гугъэм бгыр екъутэ», «Уи нысэ уигу ебгъэмэ, уипхъу ешхыдэ», «Мазэ пэтрэ дыркъуэ иIэщ», адыгэхэм я нэгъуэщI гупсысэ куэдми ди лъэпкъэгъухэм я мызакъуэу, хьэрыпыбзэ, инджылызыбзэ зыщIэ дэтхэнэми зыщагъэгъуэзэфынущ.
  • ТЭРЧОКЪУЭ  Дисэ.
  •  
  • Адыгэ фащэм ирогушхуэ
  • ФокIадэм и 28-м Налшык щагъэлъэпIащ Адыгэ фащэм и дунейпсо махуэр. Абы теухуа Iуэхугъуэ зыбжанэ щекIуэкIащ республикэм и щыхьэрым.
  •  
  • «Нарт хэку» щIалэгъуалэ хасэр дауэдапщэ зыбжанэкIэ утыку къихьащ — фокIадэм и 27-м Профсоюзхэм я унэм щекIуэкIащ пщащэ IэпэIэсэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа фащэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. Хэгъэрейхэм къищынэмыщIауэ, абы кърихьэлIат Мейкъуапэрэ Черкесскрэ къикIа дэрбзэрхэр. Къызэхуэсахэм адыгэ джэгушхуэ зэхашэри, псори я лъэгу щIагъэплъащ.
  • Япэ ищу Фащэ гъэфIэжыр фокIадэм и 27-м щIагъэлъэпIами щхьэусыгъуэ иIэщ — фокIадэм и 28-м, хабзэ зэрыхъуауэ, Адыгэ фащэм и дунейпсо махуэм и щIыхькIэ Нэхущ Чэрим концертышхуэ иригъэкIуэкIынути, зы Iуэхугъуэр адрейм зэран хуэмыхъун папщIэт.
  • КъищынэмыщIауэ, Сэралъп Мадинэ и арт-IуэхущIапIэм щекIуэкIащ Тыркум щыпсэу адыгэ сурэтыщI, дизайнер Бещто Зэки «Шыхэмрэ дамыгъэхэмрэ» зыфIища и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэр.
  • Къыхэгъэщыпхъэщи, мы махуэхэм цIыху куэд лъэпкъ фащэкIэ хуэпауэ къалэм дэтащ, зэрыгушхуэр, зэрырипагэр, зэрафIэфIыр наIуэу.
  • Фырэ  Анфисэ.
  • Мы паннор фIэлъщ Налшык ипподромым и дыхьэпIэм деж.