Ацкъан Руслан и новеллэхэр
2017-09-30
- ДэIэпыкъуэгъу
- А щIалэ цIыкIур ди уэрамым щыслъагъурт. Нэсри къигъэзэжауэ зэранщIакIуэт. Зытемыгушхуэ щыIэтэкъым, зыгъэшынэнрэ зыгъэдзыхэнрэ дунейм тету фIэщщIыгъуейт. Зэм жыгыщхьэм фIэсу плъагъунт, зэми унащхьэм къытехутэнт. Дыркъуэ темылъу зы IэпапIэ иIэ хъунтэкъым абы и щIыфэм. Хьэм я нэхъ бзаджэми и кIэр и бэкъум дикъузэжырт, ар къыщыкIуэкIэ.
- Зыми хуэмыгъэдзыхэну къысфIэщIа а щIалэ цIыкIум зымахуэ нэгъуэщIыпIэ сыщыхуэзащ. Икъутэжауэ къыщIэкIыну и Iэ лъэныкъуэр кIэрыщIауэ ар и адэ-анэм сымаджэщ пщIантIэм къыдашыжырт. ЩыцIыкIу дыдэм щыгъуэ зэрыджэгуу щытагъэну «мыщэр» адрей Iэ лъэныкъуэмкIэ и бгъэм ирикъузылIэрт. Уи псэр къэдзыха нэужь, зи деж дэIэпыкъуэгъу ущылъыхъуэнкIэ хъунур пщIэнукъым.
- ЛIыгъэм и нагъыщэ
- Ди адэр абы зэреджэр Ванят. Дэри, десэжауэ, абыкIэ деджэрт, апхуэдэ хуитыныгъэ къыздитхам демыгупсысу.
- Ваня Петербург щыпсэурт. Ди адэмрэ абырэ Хэку зауэшхуэм зэдыхэтат.
- Ваня илъэс къэс жыхуаIэм хуэдэу ди деж къакIуэрт. Махуэ зыбжанэкIэ щыIэнти, и псэр дэзыхьэх ди щIыналъэм къыхуеплъэкIыжу кIуэжынт. ИужькIэ дэ дыпэплъэрт къыкIэлъыкIуэ гъэмахуэр къэсу Ваня аргуэру къыщыкIуэнум.
- Ди адэр ноби си нэгу щIэтщ Ваня хуригъэхьыну пхъэщхьэмыщхьэр игъэхьэзыру, ар зыдилъхьа ашык цIыкIум и щхьэр сакъыу триIулIэжрэ абы тритхэм куэдрэ елIалIэу. А Iуэхум ди адэм гухэхъуэшхуэ къызэрыритыр нэрылъагъут. Апхуэдэу илъэс куэд екIуэ-кIащ. Иджы Ваня жьы зэрыхъуам гу лъыттэрт, ди адэри абы зэрыхуэдэм дригъэгупсысу.
- Сымэджауэ къыщIэкIынт Ваня, зэпигъэури, илъэс зытIукIэ ди деж къэкIуакъым, ауэ зы гъэмахуэ пщыхьэщхьэ гуэрым ар, хьэлъэу зэрыбауэр плъагъуу, ди пщIантIэм къыдыхьащ. Ваня къызэрыкIуэ-нур ди адэм имыщIагъэнри хэлът. Ар апхуэдизу гуфIати, пщIантIэкум джэрэзу къинат. Я натIэр зэгъэкъуауэ а тIур зыкъомрэ утыкум итащ, итIанэ, гу лъыдамыгъэтэну хэту, я нэпсыр щIалъэщIыкIащ. Иджы Ваня ди деж зэрыщы-Iар махуищ къудейщ. Пщэдей хуэдэм ежьэжыну, ар бжьэ-пэм тет тетIысхьэпIэм тест, зэм псыежэхым хэплъэу, зэми и пащхьэ къит бгы задэр щIэзыхъума мэз Iувым и нэр тедиеу.
- Абы щэху цIыкIуу сыбгъурытIысхьащ, и гупсысэхэм къыхэзмышын мурад сиIэу, арщхьэкIэ занщIэу гу къыслъитащ, уеблэмэ къыспэплъауэ къысщыхъуащ. Ваня и жыпым зыгуэр кърихащ, и Iэгум ирикъузэу. «Мы нагъыщэр къызатауэ щытащ зэхэуэ гуащIэм щызесхьа лIыгъэм щхьэкIэ, — жиIащ абы, и Iэгур зэтрихыурэ. — А зэхэуэм сэ ажалым сыкъыщригъэлащ уи адэм, абдеж къыщытхьа текIуэныгъэр нэхъыбэу зи фIыщIэри арат».
- ЕтIуанэ махуэм Ваня кIуэжащ, иужь дыдэу псоми Iэп-лIэ къытхуищIыжри. Нэсыж-ри, махуэ зыбжанэ псэужауэ аращ. Зыкъом дэкIыжауэщ Ваня сигъэлъэгъуауэ щыта нагъыщэр ди адэм и нагъыщэхэм къазэрыхилъхьам гу щылъыттар…
- Пхъэ кумылэ
- Ди адэр псалъэгъуейт, ауэ, къыфIеблу, и сабиигъуэм щыщ гуэрхэр къыщиIуэтэжи щыIэт. Сэ сфIэфIт абыхэм седэIуэну.
- Ди адэм къиIуэтэжа ма- щIэр псори сигу къинащ, ауэ мы теплъэгъуэр нэхъыбэрэ си нэгу къыщIохьэж. «Сэ зауэм сыкIуэн и пэ гъащIэм сыпыкIынкIэ щыхъуну щытыкIэ зыбжанэрэ сихуауэ щытащ, ауэ, уи натIэм имытмэ, зыри къыпщыщIынукъым, — къригъэжьат абы. — Си ныбжьыр илъэсипщI хуэдэ гуэ-рым итт абы щыхъуэм. Дэ зы шы дэгъуэ диIэт. Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэти, еджапIэм сыщIэтIысхьэжыху, шыр слъахъэурэ мэз лъапэм щызгъэхъуэкIуэну ди адэм си пщэ къыдилъхьат. Шыр хъуакIуэрт, сэ джабащхьэм тет кхъужьеижьым и щIагъым сыщIэст, хъуреягъыр къэсплъыхьу. Псом хуэмыдэу сфIэфIт уафэм щызеуэ пшэ гумызагъэхэм сакIэлъыплъыну. Ахэр зэрызехьэу зыщIыпIэкIэ ежьа нэужь, я ужь сиувэну сыхьэзырт. Си гур гъуэгу жы-жьэм хуэпабгъэ зэпытт, хуэму фIэкIа сызэрыхэмыхъуэм сыризэгуэпт. Пшэхэм гъуэгум и мэ къакIэрихыу къысщыхъурт.
- А махуэми сыщIэст кхъужьеижь щIагъым. Сызытес Iуащхьэм сеплъыхмэ, хьэмым лажьэу тес гупыр слъагъурт. Я дыхьэшх макъи зэзэмызэ къэIурт, абдеж гушыIэ дахэ зэрыщызекIуэм и щыхьэту. Абыхэм жаIэм семыдэIуэнкIэ Iэмал имыIэ мэхъури, Iуащхьэм сох. Хьэмым и пщIантIэр къызэрыхухьа чы бжыхьым сыкIэрытIысхьащи, щэху цIыкIуу сыщысщ, зэпадзыжу яIуатэ хъыбархэм сыдихьэхауэ.
- Апхуэдэу сыщысащ, жэщ хъууэ лэжьакIуэхэм зызэщIакъуэжыху. ИтIанэщ шыр сигу къыщыкIыжар. Зисчащи, Iуащхьэм сыдожей. Зэуэ кIыфI хъуащ, нэм къыщIэIэбэр умылъагъуу. Дыгъужьыр зэрыкуэдыр сощIэри, шынэр си бгъэм къыщопIэжьажьэ, ауэ шыр сымышэжу сыкIуэж хъунукъым.
- Абы сегупсыса къудейуэ, зы цIу гуэрхэр кIыфIыгъэм къыхолыдыкI. Нэхъ гъунэгъу къысхуохъури, зи нэхэр лыд дыгъужьхэр къызолъагъу. Сыгужьеящи, ахэр куэд дыдэ хъууэ къысщохъу. «Шыр зэпкъратхъа хъунщ, иджы ди адэм дауэ сыIуплъэжыну?» — согупсыс, си щхьэри сщыгъупщэжауэ. Зы сэ зэIупх-зэIуплъхьэ цIыкIу сиIэт, гъэпщкIуауэ зесхьэу. ЖэщкIэ зыщIыпIэ кIэщIэсIурт, пщэдджыжькIэ си жыпым ислъхьэжырт. АбыкIэ дзэлым кIэфий къыхэсщIыкIырт, бэрэжьей фоч сщIырт. Сэр сызэриIэр сигу къокIыжри, си жыпым соуэ, ауэ къысщыгъупщауэ къыщIокI. Абы и пIэкIэ пхъэ кIапэ гуэр къысIэрохьэ. Пхъэр си жыпым къызэрисхыу блэуэ хуожьэ, абы и нэхур зэралъагъуу, дыгъужьхэр йокIуэт. Апхуэдэурэ шым лъахъэр изохри, дыгъужьхэр къыскIэлъыплъу къызошэхыж.
- ПщIантIэм сыкъыдыхьэжа нэужь, апхуэдизу сэбэп къысхуэхъуа пхъэ кIапэр къыздикIар сигу къокIыж. Дыгъуэпшыхь, сыгъуэлъыжын и пэ си сэр згъэпщкIуну сыкъыщыщIэкIам, пхъэ къутапIэмкIэ зы нэху гуэр къыщыблэу слъагъури сыкIуэтат. Нэхур зыдз пхъэ кумыл ща цIыкIур сапэмкIэ къизгъэпкIри си жыпым ислъхьат. Иджы ар быдэу сокъуз. Си Iэгур зэтызохри, кумылэр нэхъ нэхужу маблэ, IуэхуфI ищIам щыгуфIыкIыж хуэдэ.
- Мы хъыбарыр ди адэм къиIуэтэжащ дунейм ехыжын и пэ. Хъыбарыр иIуэтэху къехьэхауэ щыта и напIэр иIэтри ажалым къезыгъэлауэ щыта пхъэ кумылэ щам и нэхур абы и нэм къыщIэщауэ къысщыхъуащ…
- «Мо усакIуэшхуэм схуетыж»
- Куэдым я лъагъуныгъэр гъэунэхупIэ гугъущ, абы зэрыщытауэ къелри закъуэтIакъуэщ. Куэдым я лъа- гъуныгъэм пэмылъэщахэм ящыщт си ныбжьэгъуфI усакIуэри. Абы и гъусэу загъэлъэгъуэну, зы бжьэ дефэну хуейр Iэджэт. Ирагъафэм, хуамыщIа щымыIэу къалъытэрт. Апхуэдэурэ мо псэ хьэлэлыр фадафэ ящIат. Иджы ар и щхьэм хуитыжтэкъым, фадэ къилъыхъуэ хъуат, фадафэри теIукIат, ауэ и усэхэр цIыхухэм зэIэпахырт. Абы усакIуэм и гъащIэр тIу ирищIыкIащ — и усэхэр щхьэхуэу псэу хъуащ. Iуэхур зыхуэкIуэр къызгурыIуэрти, си ныбжьэгъум сыдэIэпыкъун мурад сщIащ. Фадэр нэрыгъ зыхуэхъуахэм щеIэзэ сымаджэщым сыгуроIуэ абы щэхуу къеIэзэну. Си ныбжьэгъур ерагъкIэ къытызогъэхьэри, дохутырым и деж сошэ, ауэ щIегъуэжащи, сымаджэщым схущIыхьэркъым. Аращи, дыщытщ, дызодауэри.
- ДыздэкIуа сымаджэщым и гупэм делэхэм щеIэзэ сымаджэщыр къитт. Хьэуа къабзэкIэ ягъэбэуэну къыщIаша сымаджэхэр гъущI хъарым иту солъагъури сфIэгуэныхь хъууэ сахоплъэ. Абыхэм зы цIыхубз цIыкIу къахуокIуэрти, и Iэр къысхуещI, моуэ къэкIуатэ жыхуиIэу. Зы къару гуэрым сызэщIишэу ар зэрыт гъущI хъарым сыбгъэдохьэ. И Iупс тIэкIур и жьэпкъыпэмкIэ къежэхыу цIыхубзыр къысхуогуфIэ, итIанэ и щIыбымкIэ ирихьэкIауэ иIыгъ «удз гъэгъар», тхылъымпIэ плъыжьым къыхибзыкIар, гъущI хъарым кърешиикI. «Мыр мо усакIуэшхуэм схуетыж!» — жи, и Iэпэр си ныбжьэгъум и дежкIэ ешийри. Тыгъэр абы къыIызохри, си ныбжьэгъум хузохь. «Мыр сыт?» — къысщIогубжьэ. «Мис мобы къуитыжащ, — изогъэлъагъу и Iэр къищIу гъущI хъарым ит цIыхубзыр. — Уэ делэхэми укъацIыху…
- ПишхыкIыу иIыгъ тутын ныкъуэфыр лъапэкIэ щIым хепIытIэри, усакIуэр сымаджэщым щIохьэ. Абы иужькIэ усакIуэм зэманыфI дихащ, фадэ емыфэу. И тхыгъэ гъуэзэджэ куэди дунейм къытехьащ.
- Иджы цIыхубз делэ цIыкIур си нэгу къыщIыхьэрт куэдрэ. ФIыуэ илъагъуу щыта усэхэр игу къызэрыщыушыжар абы хущхъуэгъуэ хуэхъуауэ си фIэщ сщIыну сыхуейт…
- Аслъэн
- Псоми Аслъэн и гугъу ящIырт а зэманым. Ар хэтми ищIэу ди къалэ цIыкIум дэсыр мащIэт, ауэ абыкIэ зызумысыжынур нэхъ мащIэжт. «Аслъэн, зиунагъуэрэ!» — жаIэрт, абыкIэ псори къиIуэтауэ ябжу. Хэти ар уафэм нэс иIэтыну хуежьэрт, и лIыгъэмрэ и къарумрэ къыхигъэщу, хэти иIуатэрт Аслъэн зэгуэр лIы иукIауэ. Ар зи инагъ зы щIалэ къуэгъужь цIыкIу гуэрым къиубэрэжьауэ зыгъэхъыбари щыIэт. Дауэ щымытми, нэхъыбэр Аслъэн и телъхьэт, ар къызыхэкIри жыIэгъуейт.
- Сэ Аслъэн зэ закъуэ слъэгъуауэ арат, ари уэрамым кърикIуэу. «Аслъэн къокIуэ»! — жаIэурэ псори зэплъэкIырти, сэри сызэплъэкIат. Ар егъэлеяуэ лIышхуэт, псоми къахэщырт. Ину бакъуэу къехырт Къэбэрдей уэрамым, блэкIыу хъуар къызэреплъыр ищIэу. ТщхьэщыкIа нэужьи зыкъомрэ сыкIэлъыплъат абы, си гупсысэр Iэджэм хуэкIуэу: «ЛIы иукIар пэжмэ, хэт иукIар, щIиукIари сыт? Дауэ къапщ-тэу цIыху зэрыбукIынур, итIанэ, зыри къэмыхъуа хуэдэ, узэрыпсэунур?»
- ЗыкъомыфI дэкIауэ, зы жэщ кIыфI гуэрым, етIуанэу сыхуэзащ Аслъэн. Гувауэ сыкъыздэкIуэжым, зы къуэгъэнапIэ зэв гуэрым щIалэжь гуп дэту солъагъу. Зэрефар я нэгум къищырт, зэзэуэжыным нэсауэ зэдауэхэрт. Шынагъуэ гуэрым сызэрыIууар зыхэсщIат, ауэ икIуэтыжыпIэ сиIэтэкъым.
- Зэдэуэныр щагъэтри, щIалэхэр си дежкIэ къэплъащ. «Мор сукIмэ, си щIыхуэр стекIыжа?» — щIэупщIащ абыхэм ящыщ зы, и Iэпэр си дежкIэ къишийри. Жэуапым пэмыплъэу ар къысхуэкIуэу къежьащ, зэщIэлыдэ гуэр и жыпым кърихри. Си лъэр щIэнат, сыщIэпхъуэн зэрыхуейри къызгурымыIуэжу.
- Абдеж, къыздикIар сымыщIэу, Аслъэн кIыфIыгъэм къыхокI. «Сыт мы щIалэм къыпыфхыну фызыхуейр?» — къэIуащ япэу зэхэсх абы и макъ шынагъуэр. Аслъэн зэралъагъуу, щIалэжьхэр, къеплъэкI ямыIэу, зэбгрыжащ. «КIуэ, си щIалэ цIыкIу, кIуэж, жэщым уэрамым удэмыт, узыIууэнур пщIэнукъым», — жиIащ Аслъэн щабэу.
- Унэм сынэсыжа нэужь, псори аргуэру зэ си нэгу щIэкIыжащ. ГъэщIэгъуэнратэкъэ, Аслъэн къыщызбгъэдыхьам щыгъуэ и щхьэм фIэкIа слъэгъуауэ сщIэжыртэкъым…
- Мо цIыкIур
- нэхъыжьщ
- Зыгъэпсэхугъуэ махуэт. Паркым зыкъомрэ къыщыскIухьа нэужь, жыгышхуэ гуэрым, и жьауэм хэт тетIысхьэпIэм зытезгъэзэгъащ, иджыри тIэкIу хьэуа къабзэ-кIэ сыбэуэнщ жысIэри.
- Куэд дэмыкIыу зи ныбжьыр хэкIуэта цIыхубз къызбгъурыIысхьащ. «Сыту хуабащэ нобэ!» — жиIащ абы, псэлъэгъу зэрылъыхъуэр нэрылъагъуу. Сэри си джанэ пщампIэр судыныщIащ, цIыхубзым жиIам щыхьэт сытехъуэу. Сыпсэлъэну гукъыдэжышхуэ сызэримыIэр къыгурыIуэри, цIыхубзыр и блэгущIэм къыщIиха тхылъым еджэу тIысыжащ, лъахъшэу егъэкIуэтэха нэгъуджэм зэзэмызэ къыщIэплъу.
- Абы хэту зэрызэтIолъхуэныкъуэр нэрылъагъуу хъыджэбз цIыкIуитI удзыпцIэм джэгуу къыхэтIысхьащ, абыхэм я анэу къыщIэкIыну цIыхубз щIалэри дэ къыдбгъурытIысхьащ. «Мы цIыкIу-хэр ууей?» — щIэупщIащ зи ныбжьыр хэкIуэта цIыхубзыр, зэдэджэгу сабийхэм заулкIэ якIэлъыплъа нэужь. «Сысейщ!» — жэуап къитащ цIы-хубз щIалэм, и макъым гушхуэныгъэ хэлъу. «Мо цIыкIур нэхъыжьщ, аращ иужькIэ дунейм къытехьар. ИужькIэ дунейм къытехьаращ зэтIолъхуэныкъуэхэм я нэхъыжьу къалъытэр», — пищащ цIыхубз хэкIуэтам, сабиитIым я зым и Iэпэр хуишийри.
- — Ар дауэ къэпщIа? — игъэщIэгъуащ сабийхэм я анэм.
- — И шыпхъу нэхъыщIэ цIы-кIум зэрыхуэсакъыр плъагъуркъэ…
- Зэхэсхар гъэщIэгъуэныщэ сщыхъуауэ сытэджыжащ. СыIукIуэта нэужь, иджыри зэ хъыджэбз цIыкIуитIым са-хуеплъэкIыжащ, мы дунейм и щэхухэм бжыгъэ зэрамыIэм сегупсысу.
- Къэрал унафэ
- Ар зым емыщхьу даIуэрт, и пщэр хэшауэ, и нэхэр, зыгуэр къалъыхъуэ фIэкIа умыщIэну, зежэу. Зэзэмызэ куууэ хэщэтыкIырт, зыгуэр щхьэкIэ зэрызэгуэпыр нэрылъагъуу. А псом и щхьэусыгъуэм зыри щIэупщIэртэкъым, игъащIэми апхуэдэщ ар жаIэрти, ежьэжырт. Ар ди гъунэгъути, зэзэмызэ ди деж ныдыхьэрт. УнэмкIэ нимыгъазэу пщIантIэм щетIысэхырти, гу лъыптэу убгъэдыхьэн хуейуэ арат. Зыкъомрэ щысынти, псалъитI-щы нэхъ жимыIэу дэкIыжынт, къыщIэкIуари умыщIэу. ИужькIэ хьэ-лъэ гуэр уи гум къытенэрт.
- Иужьрей зэманым абы и Iуэхум нэхъыбэрэ сегупсыс хъуат, сыбгъэдэтIысхьэу и гум илъ къезгъэIуатарэт жысIэу, ауэ сытегушхуэртэкъым. Сэ мы хьэблэм сызэрыщыпсэу-рэ куэд дыдэ щIатэкъыми, абы хуитыныгъэ нэхъ мащIэу къызиту къызэрысщыхъури Iуэхум хэлът.
- Зы пщыхьэщхьэ гуэрым ар ди деж ныдыхьащ, япэм емыщхьу, и щхьэр лъагэу Iэтарэ и нэхэр лыду. И зекIуэкIэри нэгъуэщI зыгуэр хъуат — хэIэтыкIауэ бакъуэрт. «Мис ар хабзэщ, къэралым зыгуэр фIыуэ ищIэнум, мис ар ищIащ!» — иджыри къэс шэщIауэ зэхэзмыха и макъым зригъэIэту жиIэрт абы.
- — Сыт зи гугъу пщIыр? — сыщIоупщIэ, слъагъур згъэщIагъуэу.
- — Мис а машинэхэр къэувыIэурэ лъэсырызекIуэхэр благъэкIын хуейуэ ящIа уна-фэ быдэр! Сыту гухэхъуэгъуэшхуэ ар! Сыкъ жиIэу къоувыIэ мо щIихьа къомыр, гъуэгум узэпрыкIыну узэрежьэу. А итхъа тIэкIум апхуэдэ къару иIэщ, уи щхьэр лъагэу уэзыгъэлъагъуж къару!
- Къытригъэзэжурэ ар ину жиIэу лIыр дэкIыжащ. ИгъащIэ лъандэрэ абы и гум телъа бампIэр тезыхам еплъ…
- Псэхугъуэ
- Ар бгылъэ щIыпIэм къыщалъхуат, зэрыцIыкIурэ куэдым къахуеплъыхыу есат. Пшэхэм зэрапэгъунэгъур и нэм къыщIэщырт, уэгум щыхуарзэ къуршыбгъэр и нэджыджым къищырт. И нэгум зэи щIэмыкI бгы задэм ешэкIа лъагъуэм теувэу ар здэкIуэм нэс кIуэну ехъуапсэми, абы хунэмысурэ балигъ хъури, тафэм къехащ. Еджэн хуейт, и гъащIэр щызэтригъэувэфынури тафэрт.
- Иджы ар гуитIщхьитIт. Мо лъагапIэм есар зы кумб гуэрым ирагъэувэха хуэдэт. Тафэм щекIуэкI гъащIэм абы къыдалъхуа хьэлыр хуэмурэ икъутэрт, зэрыпэувын къаруи иIэтэкъым.
- ГъащIэр блэлэтри ежьэжащ. Ар зэгуэр къэкIуэжащ щалъхуа щIыпIэм, ауэ бгыхэм ямыцIыхуж хуэдэт. Иджы уэгум ит пшэхэр нэгъуэщIт, нэхъ къызэрыгуэкIт. Зэпымычу къыщхьэщыта къуршыбгъэри дэнэ кIуа? Абы дзыхьмыщIу къеплъырт нэгъуэщI цIыхухэр. КIэщIу жыпIэмэ, хамэ унэм ещхьт къыздэкIуэжар. Абы и гъащIэ псор ихьат щалъхуа щIыпIэм епцIыжауэ къыщыхъуу. Мы илъагъухэр а гуныкъуэгъуэм хыхьэжати, гугъуехь тIуащIэр и псэм телът. Псори хамэм ещхьт, ауэ зыпIа щIым абы и лъэгум зыкърикъузылIэрт, афIэкI имыутIыпщыну хэт хуэдэ. Зэрыхъуар имыщIэу ар зыщIэзышэ щIы хуабэм хэгъуэлъхьащ. ЩIым щызрикъузылIэм, абы зэгуэр щхьэщысыкIыу щыта пшэхэм я мэр къыщIихьэжащ, къуршыбгъэм и макъыр, и дамэхэм я щхъыщхъ макъри хэту, и тхьэкIумэм къиIуэжащ. Езы къурш дыдэхэри къыхуэгуфIауэ къыщыхъуащ.
- Абы зыхищIащ зи псэр пыхуу ешам и пIэ щабэм хэгъуэлъхьэжа нэужь зыхищIэм хуэдэ псэхугъуэ…