Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ
2017-09-16
- Адыл-Су аузым 2017 гъэм фокIадэм и 1-м къыщежьа ятIэпсым къиша къызэрымыкIуэ щытыкIэм и лъэужьыр гъэзэкIуэжыным хуэунэтIа къэлъыхъуэныгъэ-къегъэлакIуэ Iуэхухэмрэ икIэщIыпIэкIэ егъэкIуэкIын хуей зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэмрэ зэрызэфIэкIам, «ЦIыхухэмрэ щIыналъэхэмрэ щIыуэпсым и къэхъукъащIэхэм, техникэр къызэрагъэсэбэпым къадэкIуа къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм ящыхъумэным и IуэхукIэ» Федеральнэ законым, Урысей Федерацэм и Правительствэм «КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжынымкIэ къэрал системэ зэгуэтым теухуауэ» 2003 гъэм дыгъэгъазэм и 30-м къищта Унафэ №794-м, «ЩIыуэпсым и къэхъукъащIэхэр, техникэр къызэрагъэсэбэпым пыщIа къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм я классификацэм и IуэхукIэ» 2007 гъэм накъыгъэм и 21-м къыдигъэкIа Унафэ №304-м япкъ иткIэ:
- 1. КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжынымкIэ къэрал системэ зэгуэтым и Къэбэрдей-Балъкъэр системэ къуэдзэм и къарухэмрэ Iэмалхэмрэ папщIэ Iуащхьэмахуэ, Бахъсэн районхэм я щIыналъэхэм къызэрымыкIуэ щыты-кIэм и хабзэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ №102-РГ-мкIэ 2017 гъэм фокIадэм и 1-м щегъэжьауэ щагъэувауэ щытар 2017 гъэм фокIадэм и 14-м сыхьэти 9-м къыщыщIэдзауэ Iухыжын.
- 2. КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжынымкIэ къэрал системэ зэгуэтым и Къэбэрдей-Балъкъэр системэ къуэдзэм и къарухэмрэ Iэмалхэмрэ папщIэ щIыналъэ щытыкIэм и хабзэр Iухыжын.
- 3. КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжынымкIэ къэрал системэ зэгуэтым и Къэбэрдей-Балъкъэр системэ къуэдзэм и къарухэмрэ Iэмалхэмрэ къызэрыгуэкI лэжьэкIэ мардэм тегъэхьэ-жын.
- 4. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2017 гъэм фокIадэм и 1-м къыдигъэкIа Унафэ №102-РГ-м къару имыIэжу къэлъытэн.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
- и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Юрий.
- Налшык къалэ,
- 2017 гъэм фокIадэм и 14-м
- №108-РГ