ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мадинэ хуэдэр зырызщ

2017-07-11

  • Бзылъхугъэ гуакIуэ, анэ гумащIэ, тележурналист Iэзэ, цIыху щабэ, «1 КъБР» къэрал телеканалым и редактор Жэман Мадинэ и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъур ди щхьэусыгъуэу, «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм и хьэщIэщым къедгъэблэгъащ. Зи нэтын гъэщIэгъуэнхэмкIэ телевизореплъхэм ягу дыхьэ Жэман Мадинэ и лэжьыгъэм зэрыхуэIэижьым и закъуэкъым фIагъ нэхъыщхьэу бгъэдэлъыр, атIэ и благъэхэми Iыхьлыхэми фIыуэ къалъагъуу, зыхэт гупми пщIэ къыхуащIу, зызрипщыт псоми хэзагъэу апхуэдэщ.
  •  
  • Дызэрызэдэлажьэ илъэс бжыгъэм къриубыдэу махуэ къэс дызэрымылъагъуми, сэ гу лъыстащ языныкъуэхэр зыпэмылъэщын Iуэхухэр Мадинэ шэрыуэу зэрызэфIигъэкIым, унагъуэмрэ лэжьыгъэмрэ цIыхубз куэдым яхуздэмыхьу жаIэ пэтми, ар абы фIыуэ къызэрехъулIэм, зыхэт псоми зэрыбгъэдэтын цIыхугъэрэ бзэ IэфIагъкIэ къытекIуэн зэрыгъуэтыгъуейм. Ар щылажьэ «1 КъБР» каналым щригъэкIуэкI нэтынхэм уакIэлъыплъмэ, пщIэ зиIэ IэщIагъэлIхэр, жылагъуэ гъащIэм жыджэру хэтхэр, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щынэхъ пажэхэр, кIуэаракъэ, республикэм исхэм гъуазэ яхуэхъу цIыхухэр къызэрыхихыфым тепщIыхьмэ, и IэщIагъэм къыхуигъэщIащ зыхужаIэхэр Мадинэ хуэдэхэрщ.
  • Налшык къалэ дэт Педагогикэ училищэр къиуха нэужь, Мадинэ лэжьэн щыщIидзар сабий гъэсапIэрщ. ИлъэсипщIкIэ 44-нэ садым категорие нэхъыщхьэ зиIэ гъэсакIуэу щыIащ Жэманыр, зэрылажьэм хуэдэурэ, щIэныгъэ нэхъыщхьи зригъэгъуэтыжащ. 1990 гъэхэм ди къэралым къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр и щхьэусыгъуэу, лэжьапIэм къыIукIын хуей хъуащ ар. Ауэ щIэх дыдэу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал телевиденэм ирагъэблэгъащ. Абы и япэ IэщIагъэм и лъэужь и хьэлым къызэрыхэнам шэч хэлъкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гъэсакIуэм сабий къэс гулъытэ зэрахуищIым хуэдэущ дэри къызэрытхэтыр: упщIэ уиIэмэ, чэнджэщ и деж ущылъыхъуэмэ, гъуэгум я нэхъ захуэм утригъэувэнущ, гумащIагърэ шыIэныгъэрэ хэлъу и лэжьэгъухэм ябгъэдэтыфщ.
  • — Зэманым дызыхуишэнур тщIэртэкъым 90 гъэхэм. ФIыуэ слъагъуу къыхэсха IэщIагъэм сигу пэщыху сримылэжьауэ сыкъыIукIащ. А лъэхъэнэм си шыпхъур телевиденэм щылажьэти, си кIэн къикIри, къыкъуэкIа IэнатIэм и хъыбар зэхэсхащ. Машинисткэу сыкъащтэри, мазэ бжыгъэ фIэкIа сымылэжьауэ, хъыбарыщIэхэм срагъэблэгъащ. СыкъыздыIукIа лэжьыгъэмкIэ си гур щыIэу, къысхуагъэлъагъуэ Iуэхум сытемыгушхуащэу хъыбарыщIэхэмкIэ къудамэм лэжьэн щыщIэздзат. А лъэхъэнэм Жылэтeж Сэлэдин, Къуэдзокъуэ Хьэсэн, Тхьэмокъуэ Барэсбий, КIурашын БетIал сымэ сахэхуащ сэ. Мис ар си дежкIэ насыпышхуэт, — игу къегъэкIыж Мадинэ. — КIурашын БетIалт ди редактор нэхъыщхьэри, абы и лэжьыгъэм сэ дерсышхуэ къыхэсхащ, адрейхэми я сэбэп къызэкIащ.
  • Журналистикэм цIыхухъур нэхъыбэу щыщылэжьа зэманщ Мадинэ къыщыщIидзар. Дауи, абыхэм уахэтынуи IэщIагъэм зыхуебгъэсэнуи тыншу щытауэ къыщIэкIынукъым. Зэманри апхуэдэти, нобэ дэ техникэкIэ, Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ дыкъызэрызэгъэпэщам хуэдэтэкъым. Ауэ гъащIэми лэжьыгъэми хуэжыджэр пщащэр зэман куэд дэмыкIыу яхэсыхьащ, зыхыхьахэм я пщIэм и лъагагъымрэ я Iэзагъымрэ хуэнабдзэгубдзаплъэти, занщIэу задригъэкIуфащ.
  • Сабийхэм яхэта гъэсакIуэм республикэм теухуа хъыбарыщIэхэр зэрагъэхьэзыр щIыкIэр зэуэ къипхъуэтэныр Iуэху къызэрыгуэкIтэкъым, ауэ «лэжьыгъэр апхуэдизкIэ гъэщIэгъуэнти, занщIэу сыдихьэхат икIи зи гугъу сщIа цIыхухъухэри си дэIэпыкъуэгъути, сыхэзэгъащ», — игу къегъэкIыж Мадинэ.
  • Илъэс 23-рэ дэкIащ абы лъандэрэ. Нобэ Жэманыр тележурналист нэхъыфIхэм хабжэу мэлажьэ. «Узыншэу фыщыт», «Ди псэлъэгъухэр», «Унагъуэ» — апхуэдэ нэтынхэр цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуащ. Сыт Мадинэ къехъулIэр? Зи хъыбаррэ псэукIэкIэ, зи IэщIагъэрэ гупсысэкIэкIэ удэзыхьэх лIыхъужьхэр къегъуэтыф. Щабэу абыхэм япкърыупщIыхьурэ гъащIэм и щэхухэр, псэукIэм епха гурыгъугурыщIэхэр, цIыхум и къалэн нэхъыщхьэхэр, IэщIагъэфI зиIэр зэрынасыпыфIэр, унагъуэфI ухъуным нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр нэрылъагъу къытщещI.
  • — Ди республикэр мыин дыдэми, щIэх-щIэхыурэ уахуозэ цIыху гъэщIэгъуэнхэм, — жеIэ Мадинэ. — Ахэр дэ къыщытлъыхъуи, нэгъуэщIхэм къыщытхуагъэлъагъуи, езыхэм дыкъыщалъыхъуи щыIэщ. Ауэ гъэщIэгъуэну хэлъыр пщIэрэ? ГъащIэр зэрызэхэлъыр къагъэлъэгъуэф телевиденэ нэтынхэм. Уэри къыпхузэмынэкIын гугъуехь упэщIэхуауэ къыпщыхъуу уи гур щыкIуэдкIэ, нэгъуэщI цIыху урохьэлIэ, абы хузэфIэкIам ущIо- дэIури, «зыкъыбощIэж», ар щапхъэу уиIэурэ нэхъыфIыж гуэр уи гъуэгу къытохьэ. Мис апхуэдэхэр къэб-
  • гъуэтыным, къэбгъэлъэгъуэным узыIэпешэ. А къэпта нэтыным цIыхухэр тепсэлъыхьыжу зэхэпхмэ, къэп-салъэрэ фIыщIэ къыпхуащIмэ, абы нэхъыбэжым утрегъэгушхуэ, къаруущIэ къыпхелъхьэ, гупсысэщIэхэм ухуашэ. Уэрамым уздрикIуэм укъацIыхужурэ къыббгъэдохьэ, ягу ирихь-иримыхьыр къыбжаIэ, чэнджэщ къуат — мис абыхэм, шэч хэмылъу, уигу хагъахъуэ.
  • Щапхъэ трахыу IэнатIэм пэрытым и мызакъуэу, анэ гумащIэрэ унэгуащэ жыджэру мэпсэу Мадинэ. И щIалэ Iэдэмрэ ипхъу Аксанэрэ гъащIэм я лъагъуэр щыпхаш къудейуэ арами, анэм къыкъуэтщ. ЩIалэм IэщIагъэ къыщыхихым, анэр щапхъэ хуэхъуагъэнущ. ВГИК-м и къудамэу Ростов дэт, Киномрэ телевиденэм- кIэ колледжыр къиухауэ, оператору ВГТРК-м щолажьэ. ГъуазджэмкIэ школми щеджауэ творческэ Iуэхум дихьэх щIалэщ Iэдэм. Ар, зэрылажьэм хуэдэурэ, Краснодар ЩэнхабзэмкIэ и институтым щоджэ. Шэч хэмылъу, ирогушхуэ и анэм къыхуащI пщIэм. «Мадинэ урикъуэ?» — жиIэу зыгуэр къыщеупщIкIэ, и щхьэр лъагэу елъагъуж, и гур хохъуэ. Аксанэ 9-нэ классыр къиухащ, IэщIагъэ хуэхъунум хэплъэ къудейщ, иджыпсту теннисым дехьэх. Я ныбжьым емылъытауэ, гъащIэм хуэIущхэщ Iэдэмрэ Аксанэрэ. Ар зыдэплъагъур, дауи, лэжьыгъэми щыпашэу, унагъуэми анэ набдзэгубдзаплъэу щхьэщыт Мадинэщ.
  • ГъащIэр узэрыхуей дыдэу къохъулIэркъым, зэрыхабзэу. Жэманми иIэ хъунщ игу щIэныкъуэ, къемыхъулIа хъуэпсапIэ, зыхунэмыса мурад. Ауэ акъылыфIагърэ жыджэрагъкIэ куэдым къащхьэщыкI бзылъхугъэм хуэмурэ зыхуейхэр зыIэригъэхьэу, и бынхэр имыгъэхъуапсэу, зыдэлажьэхэр арэзы ищIыфу апхуэдэщ. Мадинэ ущыдэуэршэркIэ, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым гъащIэм куууэ зэрыкIуэцIрыплъыфыр, чэнджэщэгъу Iущ зэрыпхуэхъур, зрихьэлIа лъэпощхьэпохэм игу имыгъэкIуэду къызэрыхэкIыфар. НэгъуэщIу жыпIэмэ, гъащIэм философие еплъыкIэ хуиIэщи, дэтхэнэ Iуэху ехьэжьари, нэмыщIысари зы щытыкIэ зэпIэзэрыт хуигъэкIуэфынущ. Апхуэдэ щыты-кIэр, игурэ и щхьэрэ зэрызэтелъыр, къыщежьэр а псори къыхэзылъхьа и адэ-анэм, нобэ къыкъуэт и анэкъилъхухэм я дежщ.
  • — Ди адэр цIыху щабэт, и Iэ къиIэтауи, и макъ дришеяуи сщIэжкъым, ауэ икIи къытхуэткIийт, — жеIэ Мадинэ. — Гидрометзаводым щылажьэрт икIи IэпщIэлъапщIэти, ди лъапсэр езым и IэкIэ ищIащ. Илъэс 50-м щIигъуа къудейуэ дунейм ехыжащ ар. Ди анэр гугъу ехьащ, и закъуэу быниплIыр дыкъыхуэнэри. Ауэ иджы зэрытхузэфIэкIкIэ догъафIэ.
  • Зэдэлъхузэшыпхъуу плIы дыхъурти, псоми къалэн зырыз диIэт, сэ сынэхъыжьти, жэуаплыныгъэ нэхъыбэ схьырт. Псоми еджэн яфIэфIт, щIэныгъэ нэхъыщхьи зрагъэгъуэтащ. Ди адэ-анэм къытхалъхьа, ди унагъуэм илъа хабзэрщ дэ дызытетыр. Зэдэ- лъхузэшыпхъухэм ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэр зи фIыгъэр аращ. ЗэхуэгумащIэу, зызыщIагъакъуэу, зыщIэупщIэу, зэрылъытэу апхуэдэщи, абыи сигу хегъахъуэ. Си щIыбагъ зыгуэр къызэрыдэтыр зыхэзмыщIэу зы махуи къысхуихуакъым.
  • ЦIыхур быдэу лъэкIэ щIым щытетыр и щIыбагъ зыгуэр къыдэтмэщ, и къэкIуэнур щыдахэр гугъапIэфIхэр зрипх бын къыщIэхъуэмэщ. ЛъэныкъуитIымкIи насыпыфIэщ Мадинэ. Къэзыухъуреихьхэм пщIэ къыхуащIрэ и цIэр фIыкIэ ираIуэу ныбжь дахэм нэсащи, иIэ фIыгъуэр хуэбагъуэу куэдрэ дунейм тетыну дохъуэхъу!
  •  
  • НэщIэпыджэ  Замирэ.