«Ажалыр щащэр къыджеIэ!»
2016-11-12
- ЩэкIуэгъуэм и 14-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм щыщIидзэнущ «Ажалыр щащэр къыджеIэ!» наркотикхэм япэщIэтынымкIэ урысейпсо акцэм.
- Хабзэ хъуауэ къызэрагъэпэщ а Iуэхугъуэр щэкIуэгъуэм и 25 пщIондэ екIуэкIынущ. И мурадыр хабзэм къемызэгъыу наркотикхэр зезыгъакIуэхэм япэщIэтыным теухуа лэжьыгъэм жылагъуэр зыубгъуауэ хэшэнырщ. Махуэ пщыкIузым къриубыдэу акцэм хэтыну министерствэ, IуэхущIапIэ псоми дзыхь зыхуащI я телефонхэмкIэ наркоманиер профилактикэ зэрыщIыпхъэм, щхъухьым иубыдахэм зэреIэзапхъэм теухуауэ цIыхухэм я упщIэхэмрэ къыхалъхьэ Iуэхугъуэхэмрэ едэIуэнущ, апхуэдэу хуимыту наркотикхэр зэблэзыгъэкIхэм ятеухуа хъыбархэр Iахынущ.
- Акцэм и къызэгъэпэщакIуэм — КъБР-м щыIэ МВД-м наркотикхэр зэрызэблагъэкIым кIэлъыплъ и управленэм — фигу къегъэкIыж хабзэм къемызэгъыу а щхъухьхэр зэрагъакIуэу гу лъыфтэмэ, акцэр щекIуэкIыну махуэхэм я мызакъуэу, сыт щыгъуэ зэмани хъыбар евгъащIэ зэрыхъунур.
- Дэтхэнэ зыри нахуэуи щэхууи псалъэу наркотик щхъухьхэр хуимыту зезыгъакIуэхэм, наркотикхэр хэIущIыIу зыщI интернет-сайтхэм, апхуэдэу ахэр зэрызэIэпах щIыкIэм ятеухуа хъыбархэр КъБР-м щыIэ МВД-м щылажьэ (8662) 49-50-62 «дзыхь зыхуащI телефонымкIэ» е дежурнэ частым и (8662) 40-49-10 телефонымкIэ жраIэ хъунущ. Зы хъыбари гулъытэншэ ящIынукъым.
- КъБР-м щыIэ МВД-м
- и пресс-IуэхущIапIэ.