Абы и фIыщIэм кIуэд иIэкъым
2016-10-19
- Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэлъапIэ республикэм и япэ Президенту щыта, щIыналъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа КIуэкIуэ Валерэ къызэралъхурэ илъэс 75-рэ зэрырикъур.
- А къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэм и щIыхькIэ дыгъуасэ псалъэ гуапэ куэд щыжаIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым щрагъэкIуэкIа пэкIум. Къэпсэлъахэм къыхагъэщащ КIуэкIуэм лъэпкъхэр зэкъуэтыным, щIыналъэр ефIэкIуэным и гъащIэ псор зэрытриухуар.
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий къыщыпсалъэм къыхигъэщащ КIуэкIуэ Валерэ къэрал лэжьакIуэ лъэщу, политик Iущу зэрыщытар.
- — КIуэкIуэ Валерэ икъукIэ къаруушхуэ тригъэкIуэдащ щIыналъэр ефIакIуэ зэпыту, ди къэралыр зэкъуэту екIуэкIын папщIэ. Нобэ дызэрыпсэум уеплъмэ, абы а Iуэхугъуэшхуэхэр къехъулIауэ къэплъытэ хъунущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президентым гулъытэшхуэ хуищIу щытащ республи-кэм ис лъэпкъхэр зэгурыIуэ-зэдэIуэжу псэуным. Ар къалэн къудей зыщищIыжауэ аратэкъым абы, атIэ куууэ егупсысауэ Iуэхум бгъэдыхьат. Абы къыгурыIуэрт апхуэдэ зэхущытыкIэ здэщымыIэ щIыналъэм и экономикэри, и щэнхабзэри, и шынагъуэншагъэри къызэрызумыгъэпэщыфынур. Сыт хуэдэ Iуэхуми ар акъыл жанкIэ бгъэдыхьэрт. 1990 гъэ нэхъ гугъухэм, республикэр гъэунэхуныгъэ куэдым щыпэщIэхуэм, абы хузэфIэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэкъуигъэувэныр. Президентым и гупсысэр даIыгъащ цIыхубэми. КIуэкIуэ Валерэ сыт щыгъуи ди нэгум зэрыщIэтынур ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ пэжу, пажэу зэрыщытарщ, — жиIащ КIуэкIуэ Юрий.
- УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт Нэхущ Заурбий пэкIум хэтхэм яжриIэн иIэт: «Си гур мэпIейтей КIуэкIуэ Валерэ сыщытепсэлъыхькIэ. Псом хуэмыдэу къыттехьэлъэр ар нобэ къызэрытхэмытыжырщ, — жиIащ Нэхущым. — Къэрал Iуэху зезыгъакIуэ цIыхум и гъащIэр зэи тыншкъым. КIуэкIуэ Валерэ зэман нэхъ гугъухэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэщIигъэуIуащ. Псоми дощIэж 1990 гъэхэр зыхуэдар. Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президентым и акъылкIэ а лъэхъэнэр къызэднэкIыфат. Абы и фIыгъэщ лъэпкъхэр зэрызэпэщIэмыувар. Ар дэри ди щIэблэми зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Мамырыгъэмрэ зэгурыIуэмрэ зэпымыууэ щIэбэна ди пашэм гъуэзэджэу къэрал Iуэхур зэтригъэуващ. Сигу къокIыж ар егъэджакIуэхэм я зэхуэсым къыщыпсэлъауэ зэрыщытар. Дакъикъэ 45-рэ хуэдэкIэ абы тхылъымпIэ лъэпкъ имыIыгъыу егъэджэныгъэ Iуэхур кIуэта зэрыхъунум теухуауэ и гупсысэ купщIафIэхэр къиIуэтат. И псалъэр иухыхункIэ щыму абы едэIуа псори къызэфIэувэри Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ. Абы щыгъуэм а цIыху щыпкъэм щхьэкIэ сэ пагагъэ зыхэсщIар ноби спкърытщ. Абы жиIэрт: «Экономикэм ущыщхьэрыуамэ, пхузэгъэзэхуэжынущ, ауэ лъэпкъ зэхущытыкIэхэм ехьэлIауэ зы щыуагъэ пIэщIэкIмэ, ар илъэс пщIы бжыгъэкIи пхуэгъэзэкIуэжынукъым». Ди тхыдэм апхуэдэ цIыху Iущущ ар къызэрыхэнэнур». Нэхущ Заурбий Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий ехъуэхъуащ япэ Президентым и плъапIэу щытауэ зыхунэмысахэр къехъулIэну.
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщIым и къуэдзэ Федченкэ Людмилэ къыхигъэщащ КIуэкIуэ Валерэ пщIэшхуэ зиIэ цIыхуу дунейм зэрытетар, абы и чэнджэщхэр ноби къахуэщхьэпэу республикэм и цIыхухэр зэрыпсэур. «Ар сыт щыгъуи жыжьэ плъэрт икIи псалъэмрэ къарумрэ зыхуэунэтIыпхъэр IупщIу ищIэрт. Республикэр зэгуагъэкIын Iуэхухэр къыщежьэм, щIыналъэм и псэукIэр щымытынш дыдэм КIуэкIуэ Валерэ жылагъуэ-политикэ щытыкIэр иригъэфIэкIуэжыну хузэфIэкIат. А псор абы къыщIехъулIам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр, сэ къызэрыслъытэмкIэ, и Хэкур гукIи псэкIи фIыуэ илъагъуу, абы хуэгупцIанэу зэрыщытарщ. «Зыми хуэбгъадэ мыхъун щIыналъэ», — жиIэрт абы зэпымыууэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щхьэкIэ. КIуэкIуэ Валерэ и псалъэм къару иIэт, абы и фIыгъэкIи республикэм нэхъ нэ лейкIэ сыт щыгъуи къэралыр къеплъу щытащ».
- КIуэкIуэ лъэпкъым къабгъэдэкIыу пэкIум кърихьэлIахэм фIыщIэ яхуищIащ КIуэкIуэ Аслъэн. «КIуэкIуэ Валерэ езыри и IуэхущIафэхэри зэрыфщымыгъупщэр ди дежкIэ уасэ зимыIэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым ар сыт щыгъуи хуэпэжащ, ар егъэфIэкIуэным, цIыхухэм я зэхуаку мамырыгъэ дэлъыным телэжьащ. Нобэрей махуэр къэзгъэсэбэпу КIуэкIуэ Юрий щхьэхуэу фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейт, ди япэ Президентым хиша лъагъуэр имыгъэгъуащэу республикэм зиузэщIыным гулъытэ хэха зэрыхуищIым папщIэ», — жиIащ КIуэкIуэ Аслъэн.
- Дауэдапщэхэм щыпащащ Бахъсэн районым и Дыгулыбгъуей къуажэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президентыр ягу къагъэкIыжыну, удз гъэгъахэр абы и кхъащхьэм тралъхьэну республикэ унафэщIхэр, жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэхэр, благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ, къуажэдэсхэр зэхыхьат. Абдеж КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий къыщыхигъэщащ КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъыр зэи зэрымыкIуэдыжынур. «КIуэкIуэ Валерэ хузэфIэкIар зэманым зэрыхэмыгъуэщэнум и щыхьэт нэхъыфI ухуейкъым нобэ мыпхуэдиз цIыху дызэрызэхуэсам нэхърэ», — жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.