ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Путин Владимир и унафэкIэ къаIэрыхьэнущ Налшык къалэм дэт психоневрологие диспансерым и унэр зэгъэпэщыжыным трагъэкIуэдэну ахъшэр

2016-07-23

  • Дыгъуасэ Путин Владимир Iэ щIидзащ Президентым и гъэтIылъыгъэ фондым щыщ ахъшэ узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэм яхухэхыным теухуа унафэм.
  • Абы ипкъ иткIэ республикэм сом 17.987.400-рэ къыIэрыхьэнущ, Налшык къалэм дэт психоневрологие диспансерым и унэр капитальнэу зэгъэпэщыжыным трагъэкIуэдэн папщIэ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.