ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КIыщокъуэ Алим ягу къагъэкIыж

2016-07-23

  • Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим и цIэр зезыхьэ уэрамым тет и фэеплъым деж, гъэ къэси хуэдэу, цIыхушхуэ щызэхуэсащ, усакIуэр къызэралъхурэ илъэсищэрэ тIурэ щрикъум ирихьэлIэу.
  • Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Битокъу Владимир, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Алэкъей Арсен, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэр, жылагъуэ, политикэ Iуэху зезыхьэхэр, цIыхубэ усакIуэм и гуащIэр фIыуэ зылъагъухэр, ирагъэблэгъахэр.
  • КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин пэкIур къыщызэIуихым, зэхуэсахэм ехъуэхъуащ КIыщокъуэ Алим къыщалъхуа махуэмкIэ икIи жиIащ усакIуэшхуэм и лъэпкъым хуищIам папщIэ фIыщIэ зэрыхуэфащэр, къыщIэна тхыгъэхэм, усэхэм щIэупщIэшхуэ зэраIэр.
  • КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэныгъэм и правленэм и тхьэмадэ Беппаев МутIэлип и псалъэм къыхигъэщащ жэуаплыныгъэ зыпылъ къэрал къулыкъушхуэ зыбжанэм пэрыта КIыщокъуэр дэнэ щымыпсэуами къыщалъхуа Щхьэлыкъуэ къуажэр зэи игу зэримыхуар, псэуху абы зэрыхуэпэжар, усакIуэр захуагъэм и дамыгъэ зэрыхъуар. Беппаевыр къеджащ КIыщокъуэм и зы усэ.
  • ТхакIуэ, тхыдэдж Опрышкэ Олег пищащ КIыщокъуэ Алим теухуа гукъэкIыжхэм, псалъэ гуапэхэм. Абы къыхигъэщащ усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм адыгэ, союзпсо литературэхэр зэрагъэбеяр, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа, щIэныгъэшхуэ, зэфIэкI ин зыбгъэдэлъа, къэралым и цIыхушхуэу щыта тхакIуэм и зэманым зэрыхиубыдам зэрыригушхуэр. УсакIуэшхуэм и гъащIэм и къекIуэкIыкIамрэ и гуащIэмрэ ятеухуа Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьым Опрышкэ жиIащ:
  • — КIыщокъуэм и тхыгъэхэм, и усэхэм къызэщIаубыдэ и Хэкум и тхыдэр. Абыхэм куэдым ухурагъаджэ, ухуаузэщI, языныкъуэ и усэхэр уэсят пэлъытэу къытхуигъэнащ. Балъкъэр усакIуэшхуэ Кулиев Къайсын и гъусэу КIыщокъуэр Хэку зауэшхуэм щыIащ, 115-нэ Кавказ шуудзэм хэтащ, абыхэм яку дэлъа зэныбжьэгъугъэр дэркIэ щапхъэщ.
  • Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Гъут Iэдэм къытеувыIащ КIыщокъуэм и романхэм, псом хуэмыдэу «Лъапсэ» романыр зэрыкупщIа-
  • фIэм, къыщIэна тхыгъэхэр иджыри яджыну, зэпкърахыну къазэрыпэщылъым, усакIуэм и цIэр щIэблэм ящымыгъупщэу, абы и щIыхькIэ зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр, щIэщыгъуэхэр къызэрагъэпэщу зэрекIуэкIынур и фIэщ зэрыхъум.
  • Шэджэм районым щIыпIэ самоуправленэмкIэ и советым и унафэщI Уэдыжь Хьэсанш жиIащ КIыщокъуэ Алим лъэпкъым хуищIам и мыхьэнэр къызэрыIуэтэгъуейр, абы и тхыгъэхэр адыгэ литературэм и хъугъуэфIыгъуэ зэрыхъуар, усакIуэр лъэпкъым и къуэ пэжу, жылагъуэ лэжьакIуэ нэсу зэрыщытар.
  • Утым и деж КIыщокъуэм и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэм щедэIуащ.
  • ЗэIущIэр и кIэм щынэблагъэм, КIыщокъуэ Алим и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ, абы хэтахэр кIуащ КIыщокъуэ Алим къыщалъхуа, щыщIалъхьэжа Щхьэлыкъуэ къуажэм.
  • ТЕКIУЖЬ  Заретэ.
  • Сурэтхэр  Шыбзыхъуэ  Астемыр  трихащ.