Гужьеигъуэ пшыхь
2016-05-28
- КъБР-м щыIэ МЧС-м накъыгъэм и 26-м сыхьэт 16-рэ дакъикъэ 32-м си жып телефоным къригъэхьа хъыбар кIэщIым итт: «Зы сыхьэт-сыхьэтищ гъунэгъум Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм жьапщэ ин зыщIэт уэлбанэшхуэ, уафэгъуэгъуэ лъэщ щыщыIэну, уэ къехыну хуагъэфащэ».
- Гъубж кIуам и пщыхьэщхьэм уэшх гуащIэм сыхиубыдэу гугъу сызэригъэхьар сщIэжырти, иджыри апхуэдэу къысщымыщIын папщIэ, лэжьапIэм нэхъ пасэу сыкъыщIэкIыжащ.
- Уафэм сыдэплъейри, пшэхэр къыщхьэщыхьат икIи фIыцIагъэм къыхэщ хужьыгъэ пакIэхэр уэ нэщэнэу хуэзгъэфэщащ. МЧС-м къита хъыбарым тесщIыхьри, абы къигъэлъэгъуа пIалъэр къэмыс щIыкIэ лъэсу унэм сынэсыжыну къэслъытащ. АрщхьэкIэ километр ны-къуи къэскIуатэкъым уэшх пIащэхэм къызэпхидзу щыщIидзам. СепIэщIэкIыу, нэхъ спэгъунэгъу автобус къэувыIэпIэм сытелъэдащ, маршруткэр къэсмэ псынщIэу ситIысхьэн мурад сиIэу. АрщхьэкIэ сыкъыщыс дыдэм сызыхуейр Iужыжу срихьэлIащ.
- Зы тэлай дэкIауэ арат зэуэзэпсу уэлбанэшхуэм къыщыщиудам. ЦIыхухэм тыкуэнхэм, IуэхущIапIэхэм, къэувыIэпIэхэм зыщIадзащ. Уэ пIащэхэр къатещащэу щыщIидзэм, цIыхухэм егъэзыпIэ зрагъэгъуэтыну къажыхь хъуащ. Автомашинэ псынщIэхэр къытежурэ гъуэгубгъум Iут жыгхэм я лъабжьэм зыщагъапщкIурт.
- Мыгувэу дызытет Лениным и проспектым толъкъуну псыр щежэх хъуащ. Уэр хэзу хэлъу, ар шынагъуэу къехырт, псы уэр къиуам хуэдэу. НапIэзыпIэм автобус къэувыIэпIэми дыкъимыхъумэж хъуащ. Ди вакъэхэр щIигъанэу псыр къыщытщIэуэм, тетIысхьэпIэхэр тхузэрымыгъэгъуэту дытеуващ. Дыкъеплъыхмэ, тенджызым дыхэплъэм хуэдэу, псыежэхым и уэрагъым щхьэр игъэуназэрт.
- Языныкъуэ автобусхэр къэмыувыIэххэу блэжырт, адрейхэм хуэсакъыпэурэ цIыхухэр кърагъэкIырт е ирагъэтIысхьэрт. АрщхьэкIэ зрагъэгъуэта гъущапIэ тIэкIур зыбгынэу абыхэм кIуэну гукъыдэж зиIэхэр мащIэт. Автобусым е таксим уитIысхьэн папщIэ метр зыщыплIкIэ ухуэкIуэн хуейт, хэлъ уэм мылым хуэдэу игъэщIыIа псы уэрым уи лъэгуажьэм нэблагъэу ухэту. Ар куэдым яфIэдзыхьщIыгъуэджэт. Iэмалыншагъэм ирихулIахэрат абы тегушхуэфынур.
- Iэ зырызымкIэ сабиитI иIыгъыу фызыр маршруткэм итIысхьэну ежьащ. ЦIыкIухэр абы щришием и вакъэ лъэныкъуэр псым щихащ. Къищтэжыну щыкIэлъыпхъуэм, адрейри кIэлъыкIуащ. И гугъэхэр хихыжауэ фызым и Iэр ищIри, микроавтобусым и бжэр къригъэжэлIэжащ.
- Зы уэ теуэгъуэр иухри, етIуанэми нэхъ гуащIэжу къыщIидзащ. КъэувыIэпIэм тетхэр гузэвауэ Iыхьлыхэм, благъэхэм я деж телефонкIэ псалъэрт, ахэр здэщыIэр зрагъэщIэну. Псом хуэмыдэу иригузавэрт сабий садхэм ирашыж цIыкIухэм я Iуэхур зэрыхъуам.
- Хамэ къэрал щащIа автомашинэ екIу ди пащхьэм къыщыувыIэри: «Искожым кIуэжын къыфхэтмэ, фыздэсшэжынщ», — жиIащ абы и рулым дэс щIалэщIэ цIыкIум. «Упсэу, щIалэфI, дэ университетымкIэщ дыздэкIуэр», — жэуап еттыжащ абы.
- Уэм ещанэуи къыщитригъазэм, Iуэхур кIыхь зэрыхъунур къыдгурыIуэри, нэгъуэщI хэкIыпIэ къэтлъыхъуэну дыхуежьащ. Таксихэм запытщIэфыртэкъым, дызыхуей епщыкIущанэ мартшруткэхэри кIуэдат, автомашинэ ис ди цIыхугъэхэри зэрыхьзэрийм Iэпхлъэпх ящIати, къытлъэIэсыфыртэкъым.
- Сыхьэтым щIигъукIэ къэувыIэпIэм дытетауэ, сытми, ерагъкIэ епщыкIубгъуанэ гъуэгуанэм тет микроавтобусым дыкъитIысхьащ. АрщхьэкIэ автомашинэ зэтрихьахэр Лениным и проспектым апхуэдизкIэ щыIувти, ар хуэм дыдэурэ фIэкIа кIуэфыртэкъым. Рулым дэсхэм светофори, гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзи, цIыхугъи щIагъуэу кърадзэжыртэкъым: щхьэж зэрыхузэфIэкIкIэ зыдэIупIэ къигъуэтурэ пхрыкIырт.
- ГъущI гъуэгу станцым и къэувыIэпIэм нэгъуэщIым дыщитIысхьэн хуейти, дыкъикIащ. Абы и Iэгъуэблагъэм гуэл теплъэ иIэ хъуат. Проспектым и кIыхьагъкIэ ежэха псыдзэр станцым и щIыхьэпIэмкIэ щыIэ утым щIэлъэдауэ абдежым къыщыувыIа автомашинэхэр къызэрыхэщыж щымыIэу щIигъэнат. Къытехьа электричкэм къикIахэм ягъэзэжынуми, адэкIэ кIуэнуми ящIэртэкъым — бгым нэсу мылым хуэдэу щIыIэ псым зэпрыкIын хуейт. Ауэ сыт ящIэнт? Тегушхуэн хуейт.
- Ещанэ гъуэгуанэм тет микроавтобусым адэкIэ дришэжьащ. Ар здрикIуэ Осетин уэрамыр, уэлбанэ щыщыIэхэм и деж сыт щыгъуи хуэдэу, автомашинэхэм я бжэ IухыпIэм нэсу псым щIигъэнат. Транспортыр зэтрихьати, кIуэцIрыкIыпIэ щIагъуэ иIэтэкъым. Хабзи, бзыпхъи щымыIэу нэхъ бзаджэхэмрэ гуащIэхэмрэ пхрыкIыу арат. «ГАИ-м и лэжьакIуэхэм щхьэ зэбламыгъэкIрэ мыхэр?» — щIэупщIащ зыр. «УщахъунщIэнум и дежщ ахэр щыбгъуэтынур. ДэIэпыкъуныгъэкIэ уащымыгугъ», — шхыдащ нэгъуэщI гуэри.
- Автовокзал №2-м пэгъунэгъу гъуэгухэм апхуэдиз транспорт щызэтрихьати, шофёрхэр зэрыгъэкIийрт, мыгувэу зэхэлъэдэжынурэ зэзэуэжынущ жыпIэу. ПащIэм и уэрамымкIэ абыхэм яхыхьа ди маршруткэм дэсым и щыуагъэр псынщIэу къыгурыIуэжри, гугъуехьышхуэ пылъу къахэкIыжащ. Осетин уэрамым аргуэру къытеувэжри, абы къыпежэкIыу Ахъуэхъум и цIэкIэ щыIэ уэрамым триунэтIащ. Абыи упхыкIыну гугъуе-хьышхуэт, арщхьэкIэ Iэмал гуэрхэр щыIэт.
- ЛэжьапIэм щыщIэдзауэ сыщыпсэум нэс дэлъ километриплI гъуэгуанэр сыхьэтитIым щIигъукIэ къызэзнэкIын хуей хъуащ, маршруткитI зэсхъуэкIыурэ. Унэм сыщыщIыхьэжам, жэнэтым сыкъыщыхутауэ къысщыхъуат.
- ЕтIуанэ пщэдджыжьым дыгъэр мащIэу къытхукъуэплъащ. Пщыхьэщхьэм щыIа дунейкъутэж пэлъытэр уигу къагъэкIыжырт адэ-мыдэкIэ щызэтрихьа пхъэнкIийм, ятIэгъуэпсым зэщIищта лъэс лъагъуэхэм. ЦIыху зэхуэзэхэм къызэрыщIадзэр «Дыгъуэпшыхьрейм дауэ фыкъела?» псалъэхэмкIэт.
- НэхъыжьыIуэхэм зэраIуэтэжымкIэ, мыпхуэдэ гужьеигъуэ нэхъапэм Налшык къыщыхъуар блэкIа лIэщIыгъуэм и хыщI гъэхэращ. Абы щыгъуэми Лениным и проспектым псыдзэр щежэхат цIыхухэм я бгым къэсу.
- МЧС-м КъБР-м щиIэ управленэм дыгъуасэ къызэритамкIэ, Налшык къыщыхъуа уалбэнэшхуэм кърикIуахэр абы и къегъэлакIуэ 95-м жэщыбг хъухукIэ ягъэзэкIуэжащ, техникэ зэмылIэужьыгъуэ 33-рэ къагъэсэбэпурэ. ХэкIуэда щыIэкъым.
- Жыласэ Заурбэч.