ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Шыфэкъуж Данэ: Адэжь лъахэм ущыпэIэщIэм дежщ ар зэрылъапIэр щызыхэпщIэр

2016-03-16

  • Хэхэс адыгэхэм я Iуэху нэхъ щыдэкIыу, я бзэр нэхъ щахъумэфу къалъытэ Иорданиер. Абы куэдрэ тхутопсэлъыхь Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэт, Иордан Хьэшимит Пащтыхьыгъуэм и сенатор, а къэралым щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Къардэн Самир, нэгъуэщIхэри. «Адыгэ псалъэ» редакцэм и хьэщIэщ пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ еджапIэм адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ Шыфэкъуж (ХьэфIыцIэ) Данэ.
  • Данэ къыщалъхуари къыщыхъуари Налшыкщ, КъБКъУ-р къиухащ, Амман щыщ адыгэ щIалэ дэкIуауэ абы щопсэу. Абы къэралитIыр зэрызэпищIар, е нэхъ пэжу жыпIэмэ, Урысеймрэ Иорданиемрэ адыгэ пщащэм и гъащIэм щаубыд увыпIэр гъэщIэгъуэнщ. Абы и адэр ди республикэми, нэгъуэщI щIыпIэхэми фIыуэ къыщацIыху, ДАХ-м и Хасащхьэм хэт, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ.
  • Дызэрыщыгъуазэщи, абы Iуэхушхуэ ирегъэкIуэкI хэхэс адыгэхэм я щыIэкIэ-псэукIэм дыщигъэгъуэзэным, хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ нэхъри зэпыщIа хъуным теухуауэ. Мухьэмэд и щхьэ IуэхукIи хэхэс адыгэхэм япыщIа хъуат Иорданием щыпсэу Нэгуэрхэ малъхъэ щахуэхъуам. Мухьэмэдрэ абы и япэ щхьэгъусэу щыта Нансирэ япхъущ Данэ.
  •  Данэ зыпIа и адэм и IэщIагъэр и гум дыхьэу къыщIэкIынти, филологие щIэныгъэ зригъэгъуэтащ, и насыпыр здэщыIэр арати, и анэр щыпсэу къэралым унагъуэ щихьащ. Данэ къэкIуэжауэ дыхуэзэри, депсэлъащ, езыми и гуапэу ди упщIэхэм жэуап къаритащ.
  •  
  • — БалигъыпIэ уиувэху ущыпсэуа щIыпIэр щыпхъуэжам гугъу уехьа?
  • — Къыщалъхуа щIыпIэр ихъуэжыныр зым и дежкIи тыншу къыщIэкIынукъым. Ауэ Амман сыкIуа нэужь, зэман гуэр дэкIри, цIыхухэми сесащ, бзэри зэзгъащIэри, си Iуэхур фIы хъуащ. Мазийм къриубыдэу хьэрыпыбзэр зэзгъэщIащ. АбыкIэ хуабжьу сэбэп къысхуэхъуащ занщIэу лэжьэн зэрыщIэздзар. БзэмкIэ си дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэ хъуар, дауи, езгъаджэ сабийхэрщ. А цIыкIухэм хьэрыпыбзэкIэ зыгуэр щажесIэкIэ, сыщыуамэ, гу лъызагъэтэжырт, сэри адыгэбзэр езгъэджу арати, яфIэгъэщIэгъуэну япхъуатэрт.
  • ИтIанэ щыуагъэншэу бзэм срипсэлъэф хъуа нэужь, тхэн, еджэн щIэздзащ. Хьэрыпыбзэр гугъущ, хьэрфыр здэщытым елъытауэ и къэпсэлъыкIэм зехъуэж, ауэ школым къыщыздэлажьэ егъэджакIуэхэри къыздэIэпыкъуурэ, япэщIыкIэ цIыкIухэм я цIэ-унэцIэхэм сыкъеджэфу, итIанэ псысэ сакъыхуеджэу щIэздзащ, ауэрэ газетхэм сыщIэджыкIыу сыхъуащ. Зы илъэс нэужьым бзэр тыншу схуэгъэшэрыуэрт.
  • — Уэ ущыпсэуну, ущылэжьэну укIуати, нэхъуеиншэу зэбгъащIэрт бзэр. Ебгъаджэ цIыкIухэм дауэ къащыхъурэт анэдэлъхубзэр?
  • — Зы псалъэухакIэ уи упщIэм жэуап ептмэ, 3-нэ классым нэса цIыкIухэм адыгэбзэкIэ диктант щезгъэтхкIэ, инджылызыбзэмрэ хьэрыпыбзэмрэ нэхърэ нэхъыфIу ятх. Илъэс 17 хъуауэ сыщолажьэ школми, гу лъызотэ адыгэбзэр нэхъ псынщIэу къызэрапхъуатэм.
  • Сабийхэр школым къэкIуа нэужь, япэ класситIым дерсхэр джэгукIэ щIыкIэм тету едгъэкIуэкIыу аращ. Ещанэ классращ хьэрфхэр зэгъэщIэным иужь дыщихьэр. Сэ а цIыкIухэм нэхъ яфIэгъэщIэгъуэныну, къызэрыдэсхьэхыну, зэрытезгъэгушхуэну Iэмалхэр къэсщIа нэужь, тхылъитI къыдэзгъэкIауэ абыкIэ изогъаджэ. ПэщIэдзэ классхэм щIэсхэр зэреджэ тхылъыр къэрэндащ зэмыфэгъукIэ ялэхэм хуэдэщ. ПсалъэкIэ нэхъ гурыIуэгъуей хъунущи, а тхылъ цIыкIум ит сурэтхэр ялэурэ зрагъащIэ, ахэр зищIысыр, апхуэдэурэ адыгэбзэр къагурыIуэу, мащIэу ирипсэлъэфу йосэ. ЕтIуанэ классым кIуэ цIыкIухэр тхылъкIэ мэлажьэ, сурэт иту, ар зищIысыр кIэщIэтхауэ. Ещанэ класс хъуа нэужь хьэрфхэри зыдогъащIэ, псалъэхэр пычыгъуэкIэ зэпагъэувэ, ауэрэ школ программэм дытохьэри, я къэухьым зиужьурэ макIуэ. Япэ класситIым инджылызыбзэмрэ хьэрыпыбзэмрэ ядж сабийхэми, къатемыхьэлъэн, зэхамыгъэзэрыхьын папщIэ дэ алыфбейм и гугъу тщIыркъым, ещанэм деж щыщIэдзауэ нэхъ тыншщи, абы дытетщ.
  • — Хамэ къэралхэм адыгэ лIакъуэхэр щызэхэпхъащ. Диалектхэр егъэцIыхуным щхьэхуэу иужь фит?
  • — Хьэуэ. ДызэгурыIуауэ зэредгъаджэр къэбэрдей-шэрджэсыбзэ жыхуэтIэращ. Мейкъуапэ никIауэ зы егъэджакIуэ диIэщи, абыи аращ зэрыригъаджэр. Арыншауи хъунукъым, зэхагъэзэрыхьынущ. ЛIакъуэхэр щызэхэпхъащ жыхуэпIэр пэжщ, языныкъуэхэм деж къэхъур пщIэрэ? Сэ адыгэбзэкIэ яжесIар е зрагъэщIэну естар етIуанэ махуэм къокIуэри, бжьэдыгъубзэкIэ къызжаIэ! Апхуэдэхэм сапэрыуэркъым, ныбжьыщIэм и адэ-анэр нэхъ зыхуэшэрыуэ бзэмкIэ ирагъащIэу аращ усэр.
  • — Школыр  къэзыух адыгэ сабийм анэдэлъхубзэр ищIэрэ, ирипсэлъэфрэ? Уи гугъуехьым, уи лэжьыгъэм къыпэкIуэм арэзы укъищIрэ?
  • — Си жагъуэ зэрыхъущи, сыт хуэдизу семыгугъуми, сабийр адыгэбзэкIэ псэлъэныр зэлъытар сэракъым, атIэ ар къыщыхъу унагъуэрщ. Сэ хьэрфри, тхэкIэри, еджэкIэри язогъащIэ. Ауэ и унагъуэм щымыпсалъэмэ, и адэ-анэр абы емыгугъумэ, сабийр къэуву адыгэбзэкIэ къопсэлъэнукъым, дерсым тэмэму жэуап щит щхьэкIэ. Унэм адыгэбзэкIэ къыщемыпсалъэмэ, абыкIэ къэрал экзамен имытмэ, дэ дызыхуей гулъытэ анэдэлъхубзэм игъуэтыркъым. Сабийхэм зэи укъагъапцIэркъым, абыхэм къыщызжаIэ щыIэщ: «Сэ дыгъуэпшыхь унэм сыщеджэну сыхуеят, ауэ си анэм идакъым, хьэрыпыбзэм, есэпым е инджылызыбзэм нэхъ егугъу, ар нэхъыщхьэщ» жиIэри. Абыхэм быдэу яжызоIэ: «Псом нэхърэ нэхъыщхьэр фи анэдэлъхубзэращ, фи адэ-анэхэр иримыпсэлъэфмэ, сэ фэзгъащIэхэр фыкIуэжурэ абыхэми евгъэлъагъу».
  • КъищынэмыщIауэ, ди Iуэхур нэхъ гугъу зыщIхэм ящыщщ адыгэбзэмкIэ дерсхэм хухэха сыхьэт бжыгъэр зэрагъэмэщIар. Нэхъапэм адыгэбзэр тхьэмахуэм тхуэ хэту щытащ. ИужькIэ инджылызыбзэмкIэ иджыри зы предмет къыхагъэхьэри, ди дерсхэр ягъэмэщIащ. Иджы 1-7-нэ классхэм тхьэмахуэм дерси 3, 8-10-нэ классхэм сыхьэтитI яIэу аращ.
  • Дэтхэнэ адыгэ унагъуэми и быныр ди деж къигъэкIуэну пылъщ. Бзэр щызрагъащIэкIэ къохьэлъэкIхэр, адэ-анэхэри абы и лъэныкъуэкIэ сабийхэм гугъу ядохь, ауэ къызыхэкIар зищIысыр ищIэжу ныбжьыщIэр къэтэджын папщIэ, а школым Iэмал имыIэу кIуэн хуейуэ ягъэув.
  • Сэ цIыкIухэм сытым дежи яжызоIэ: «Фи курткэм, футболкэм «адыгэ» псалъэр тету, адыгэ бэракъыр фIыгъыу, хьэрыпыбзэкIэ «сыадыгэщ» жыфIэу фыдэмыт. Абы къикIыркъым фэ фызэрыадыгэр. Бзэр фщIэмэ, хабзэр зефхьэмэ — фыадыгэщ, занщIэу фыкъацIыхунущ, дакъикъипщIкIэ къывбгъэдэтым фи адыгагъэр здынэсыр игъэунэхунущ. Аращ нэхъыщхьэр».
  • — Адыгэ защIэ фи еджапIэм щIэсыр, хьэмэрэ хьэрыпи яхэт?
  • — НыбжьыщIэ миным щIигъу щIэсщи, проценти 3 хуэдизыр хьэрыпу къыщIэкIынщ. Зы классым зы-тIу щIэсынкIэ мэхъу. Апхуэдэхэм я нэхъыбэм я анэр урысщ, е адыгэщ, е кавказ лъэпкъхэм ящыщщ, ауэ я адэр хьэрыпщ. Ди школым зи адэри зи анэри хьэрып къыщыщIагъэтIысхьэ щыIэщ. Иорданием исхэм фIыуэ ящIэ адыгэхэм пащтыхьым деж        къулыкъу зэрыщащIэр, абыхэм я пэжагъымрэ къабзагъымрэ, я дуней тетыкIэмрэ я цIыхугъэмрэ щытхъу зэраIэр. «Фэ фхуэдэу ди быныр вгъэсэну дыхуейщ», — жаIэурэ къыщытхуашэ щыIэщ хьэрып цIыкIухэр.
  • Зы лIы гуэр къэкIуат и къуитIыр къишэри, «сэ адыгэхэм куэдрэ сахуозэ, абыхэм хуэдэу акъыл гъэтIыса зиIэ, зи бын дахэу зыгъасэ срихьэлIакъым, си сабийхэри апхуэдэу къэхъуну сыхуейти, мы школым къэсшащ», — жиIэри.
  • — Псоми жаIэ Иорданием адыгэхэм пщIэшхуэ зэрыщыхуащIыр.
  • — Ар пэжщ. Иорданием сыщыкIуагъащIэм «дэнэ ущыщ» жаIэмэ, «Урысейм сыкъикIащ» жысIэрт. Ауэ Урысеймрэ урысхэмрэ нэхърэ нэхъыфIу шэрджэсхэр къыщацIыху абы икIи фIыуэ къыщалъагъу. Сыт хуэдэ зэхыхьэ сыкIуэми, хьэрып дапщэ ныбжьэгъу схуэхъуми, си щхьэр лъагэу сагъэлъагъуж, адыгэхэр яфIэщапхъэщи. Сыщылажьэ школым щыIэ гупыр къапщтэмэ, зэгу-рыIуэрэ зэдэIуэжу, зыр зым ечэнджэщыжу, дэIэпыкъуу апхуэдэхэщ. Зы псалъэкIэ жыпIэмэ, адыгагъэ яхэлъщ, аращ хьэрыпхэри нэхъ къыдэзыхьэхыр. Щылажьэхэр адыгэбзэкIэ мэпсалъэ, зи анэдэлъхубзэр зыхуэмыгъэшэрыуэми, Iэмал имыIэу адыгэ хабзэр зэрехьэ.
  • — Къэралхэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм ящыщу нэхъ иныр Амман щыIэ ФIыщIэ Хасэращ. УкIуэрэ абы?
  • — Пэжщ, икIи инщ икIи лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI АФIХ-м. Абы и нэIэ щIэтщ сэ сыщылажьэ школри, абы къепхыжа сабий гъэсапIэри. Хасэм и лэжьакIуэхэм балигъхэми сабийхэми я нэIэ трагъэтщ, нэхъыбэу зытрагъащIэр бзэр хъумэнырщ, адыгэ щэнхабзэр зехьэнырщ, хабзэр яхэлъынырщ, зэрыадыгэр ящымыгъупщэу псэунырщ. КъищынэмыщIауэ, гъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэри къызэщIиубыдэу къудамэ щхьэхуэхэр иIэщи, абы нэхъ тынш икIи куу ещI адыгэ гъащIэм теухуа лэжьыгъэр. Сэ щIэх-щIэхыурэ сахохьэ абыхэм, къызэрагъэпэщ махуэшхуэхэм сыхэтщ. ЩIысфIэфIри си адэм и ныбжьэгъу куэд щыIэщи, ахэр слъагъуну сыт щыгъуи си гуапэщ. Хэкум никIахэм абы сащыIуощIэ.
  • — МыбыкIэ щыпсэухэмрэ абыхэмрэ зэбгъапщэмэ… Дауэ къызэтена Иорданием ис адыгэхэр, уэ узэреплъымкIэ?
  • — ЩызэрыIыгъщ абы адыгэхэр, я зы хъугъуэфIыгъуи зэрамыгъэмэщIэным иужь иту. НэгъуэщI къэрал щымыпсэуам ищIэнукъым: хамэ-хэм уащыхэтым  деж  уи бзэр зыIурылъыр, уи хабзэр зезыхьэр уи шыпхъу, уи дэлъху пэлъытэщ. Хэкум апхуэдэу щызыхэпщIэркъым ар. Уи лъэпкъым ухэсщи, а зи гугъу сщIыхэм уегупсысыххэркъым. Адэжь лъахэм ущыпэIэщIэм дежщ ар зэрылъапIэр щызыхэпщIэр. Къалэнышхуэ ягъ
  •  
  • эзащIэ абы и лъэныкъуэкIэ Хасэхэм. Аращ хэхэсхэм адыгэ жьэгу яхуэхъур.
  • Налшык сыкъыщыкIуэжкIэ си гум зимыгъэнщIу хэкужьым и хьэуамкIэ собауэ, си адэм, си благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ гу ящызмыхуэу сабгъэдэсщ, дунейм и дахагъри аращи, къалэ жыг хадэм сокIуэ, абы ит дэтхэнэ жыгри мыбыкIэ сыкъыщыгупсысэкIэ си нэгу къыщIэзгъэхьэжыфын хуэдэу сигу изубыдэну сыхэтщ.
  • — Налшык укъэIэпхъуэжыну къыпщыхъурэ зэгуэр  хьэмэрэ абы уигу щыбгъэтIылъа?
  • — Си IэщIагъэр, си лэжьыгъэр, сызыхэт гупыр сэбэпышхуэ къысхуэхъуащ абы сигу щызгъэтIылъынымкIэ. Ауэ си гущIэм щэхуу илъ гуэрщ а укъызэрызэупщIар, ар нобэкъым, пщэдейкъым къыщыхъунур, ауэ дыпсэумэ…
  • — Уи пщащэ цIыкIур мащIэу къэдгъэцIыхут. Сытым нэхъ дихьэхрэ, сытхэр и мурад?
  • — Санэ ебгъуанэ классым макIуэ. IэщIагъэ хуэхъунур иджыри къыхихакъым, ауэ сурэт ищIыну хуабжьу фIэфIщ. Еджэным дехьэх, сэ сыщылажьэ школращ щеджэри, аращ Санэ сэрэ ди адыгэ дунейр щытлъагъур, адыгэбзэр щызэхэтхыр. КъищынэмыщIауэ, ныбжьэгъухэр, благъэхэр диIэщи, дакIэлъокIуэ, къытхуоблагъэ. Нэхъапэм хасэм кIуэурэ адыгэ къэфэкIэ зригъэщIащ, иджы баскетбол джэгуну фIэфIщ.
  • — ПIалъэ-пIалъэкIэрэ фIэкIа умылъагъу щIыпIэм зэрызихъуэжар уи нэгу нэхъ къыщIедзэ. СыткIэ нэхъ дахэ е нэхъ Iей хъуа Налшык?
  • — Сэ илъэсиблкIэ сыщымыIауэ сыкъэкIуэжати, псоми гупсэхугъуэ къызатырт. Сани апхуэдизкIэ итхьэкъуащ хэкуми, «си анэ, Иорданием щыдиIэ благъэхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ мыбы къэIэпхъуэжыну щытамэ, сыту фIыт Налшык ущыпсэуну» жиIэрт. Къэбэрдейм щыпсэу и адэшхуэмрэ и анэшхуэмрэ зыпищI щыIэкъым, мыбы дыщыIэху пщэдджыжь къэс и анэшхуэм и гъусэу паркым кIуэурэ къикIухьащ.
  • Налшык куэдкIэ нэхъ дахэ хъуащ. Уэрамхэм ущрикIуэкIэ, нэм илъагъу псоми гур хагъахъуэ. Ауэ цIыхухэр нэщхъейуэ къысщохъу, нэхъ нэжэгужэу саIуплъэну сыхуейт. КъурIэным итщ мыпхуэдэу: «ЦIыхум мылъкукIэ удэIэпыкъуфмэ, дэIэпыкъу, ар пхузэфIэмыкIмэ, псалъэ дахэ жеIэ, псалъэ дахэ пхужемыIэрэ — хуэгуфIэ». Гуапагъэщ ар, узэщыгуфIыкIмэ, уигухэри нэхъ зэгъунэгъу мэхъу. Сэ къызгуроIуэ: гуныкъуэгъуэ, гугъуехь гуэр зимыIэ щыIэкъым, ауэ а псор уи нэгум къищ зэпыту упсэу хъунукъым. УщыузыншэкIэ, пшхын щыбгъуэткIэ, адрейхэр псори хуэмурэ къыбдэхъунущ. Нэхъ гумащIэу, гупцIанэу дызэхущывгъэт цIыху псори.
  • Епсэлъар  НэщIэпыджэ   Замирэщ.