ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Бейтыгъуэн Сэфарбий: АдыгэщIым хъугъуэфIыгъуэ куэд щызокIуэ

2015-12-29

  • Тхыдэтх, философ, тхакIуэ Бейтыгъуэн Сэфарбий къыдигъэкIащ «Пионеры всемирной истории. Энциклопедия» зыфIища тхылъ.
  • Уи закъуэу щIэнгъуазэ (энциклопедие) птхыным сыт хуэдэ гуащIэ епхьэлIэн хуей? ЩIэнгъуазэр щIэныгъэрэ IэщIагъэкIэ лъагъуэхэш хъуахэм ятеухуамэ-щэ?! Зы тхылъ итхын щхьэкIэ тегъэщIапIэ ищIын тхылъ 70-м нэс къэзыгъэсэбэпам, зытепсэлъыхьынур псалъащхьэ 46-уэ зыгъэбелджылам ухуэмызэу дауэ щIэнгъуазэм узэрытепсэлъыхьынур? Аращ, хьисэпымсыхэкIыу, езымсепсэлъэнумурадщIэсщIар.
  •  
  • — Сэфарбий, япэрауэ, фIыщIэ пхузощI мыпхуэдэ лэжьыгъэшхуэкIэ лъэпкъым узэрыхуэупсам папщIэ. ЕтIуанэрауэ, уи тхылъым сытетхыхьын хуейуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд пщэрылъ къысщищIати, сыгужьейри уи деж сынэпсэлъауэ аращ, мыбы илъэс пщIы бжыгъэкIэ итхар сэ сыхьэт зыбжанэкIэ дауэ зэрызэхэсхынур, жысIэри. Дауэ уигу къэкIыхха цIыхуцIэ зиIэм къигъэщIа IэщIагъэхэмрэ щIэныгъэ лIэужьыгъуэхэмрэ япэу лъагъуэ щыпхызышахэр зэбгъэуIуну, абыхэм адыгэхэри яхэбгъэувэу?
  • — Мы энциклопедием ерагъыу сыкъыхэкIати, аргуэру сыхэпшэжу аращ (мэдыхьэшх). «Щхьэщытхъур къысфIащ» жиIэу уэрэдыжьым зэрыхэтым хуэдэу, уи лэжьыгъэм ущытепсэлъыхькIэ узыщытхъужу къащыхъунри хэлъщ. Уэри зэрыпщIэщи, энциклопедием цIыху зыхыбл зэделэжь хабзэщ. Мыбы зеспщытщ, сыщIегъуэжри, згъэтIылъыжынуи яужь ситат, ауэ «ара пхузэфIэкIынур?» жысIэри, мащIэ-мащIэурэ сыхыхьэжащ. Усэ тхылъ е роман птхыну нэхъ тыншщ энциклопедием нэхърэ.
  • — Уи щхьэмрэ къалэмрэщ узыхуейр жыхуэпIэщ.
  • — Упсэу. Къапщтэмэ, сэ физикэм, химием, биологием хэсщIыкI щыIэкъым, ауэ а щIэныгъэхэмкIэ лъагъуэщIэ хэзышахэм, абыхэм къахутам я гугъу щыпщIкIэ, зы хьэрфкIи ущыуэ хъунукъым. Аращ редактор лэжьыгъэри сэ къалэн зыщысщIыжу къытезгъэзэжурэ псалъэ къэс мызэ-мытIэу сыщIриплъэжар. ЗэкIэ слъагъукъым щыуагъэ кIуа-     уэ, нэгъуэщIхэм къагъуэтынуми сщIэркъым.
  • Сыт мы лэжьыгъэм сезыгъэувэлIар? Къуагъым дыкъуэсщ адыгэр, дызэрымащIэм къыхэкIыу. Ауэ сэ жысIэращ: лъэпкъ мащIэри цIыкIури губзыгъэм я бжыгъэмкIэ зэхуэдизщ, делэм я бжыгъэкIэщ зэрызэщхьэщыкIыр.
  • — Ари сыбгъэдащ, Сэфарбий. Уи афоризмхэм яхэттхэ хъунущ а жыпIар.
  • — США-м, Китайм, Франджым, нэгъуэщIхэми ящIэркъым адыгэр зищIысыр, уарэзы абыкIэ?
  • — Дауи, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, езы адыгэми яхэтщ адыгэр зищIысыр зымыщIэ, и тхыдэр зэримыджам, и анэдэлъхубзэм зэрыримыпсалъэм, нэгъуэщIми тещIыхьауэ убгъэдыхьэмэ. Апхуэдэхэр лъэпкъым дежкIэ къригъэплъэкIыжынкIэ мэхъу уи тхылъым, дэри дызэрыгушхуэн диIэщ, жаIэу.
  • — Дыщыгугъынщ. АтIэ, мо къэралышхуэхэм я дежкIэ згъэзэжынщи, дауи, абыхэм я тхыдэтх, щэнхабзэм и лэжьакIуэ пажэ закъуэтIакъуэм дыкъащIэу къыщIэкIынщ, ари мащIэ дыдэу. ДыкъыщIамыщIэр дэ ттеухуа тхылъ зэраIэрымыхьэрщ. Тхылъыр къаруушхуэщ, арагъэнущ тепщэ хъухэм къащIыхэкIыр ар зыгъэс. Псалъэм папщIэ, Аристотель, Платон хуэдэхэм, кIэщIу жыпIэмэ, пасэрей Урымымрэ Алыджымрэ щатхауэ, щIэныгъэу а зэманым ирагъэжьауэ щытар щызэхуахьэса. Александрие библиотекэр ягъэсат Урым император Иосиф I и унафэкIэ, ди эрэм и пэкIэ 310 гъэм. Абы щыгъуэм чристэн диным цивилизацэм и гъуэгур зэпиущIри, зыужьыныгъэр къигъэувыIащ. ИужькIэ, илъэс мин дэкIыжу курыт лIэщIыгъуэхэм епха «Возрождение» зыфIаща лъэхъэнэр къыщыунэхуам къагъэщIэрэщIэжар сыт? Античнэ цивилизацэращ. Чристэнхэм ямыдамрэ я Iуэху еплъыкIэм темыхуэу къалъытэу зэхафыщIэу ягъэсамрэщ.
  • — Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, а библиотекэм щыщу къэнэжар ислъам дин къэунэхуагъащIэр къабыл зыщIахэм ягъэсыжащ. 642 гъэм хьэрып дзэзешэ Омар Александрие къыщищтам, библиотекэр ягъэсыну и блыгущIэтхэм унафэ яхуищIащ, а тхылъхэм итыр КъурIэным итыр армырамэ — вгъэс, КъурIэным итырамэ — абы щыгъуэми ахэр лейщ, жиIэри. Ар щIыдыщIызгъужар, Сэфарбий, щIэныгъэм и Iуэхур зэи тыншу зэрыщымытарщ. Коперник и къэхутэныгъэр лIэщIыгъуитIым щIигъукIэ «гъэпщкIуауэ» католическэ церковым иIыгъащ. Коперник и щIэныгъэхутэ лэжьыгъэм пызыща Галилей лажьэ имыIэу инквизицэм зэрыIэщIэкIуэдамкIэ церковым зыщиумысыжар, щIэныгъэлIыр зэрыхейр Иоанн Павел II щыжиIар 1992 гъэрщ! УмыгъэщIагъуэ ар плъэкIмэ! Иджы тхылъым и Iуэхур нэхъ тынш?
  • — Александрие библиотекэ ягъэсами Гитлер игъэсами зыгуэрхэр къелащ. Тхылъыр мафIэм щыхисхьэпэр абы уемыджэмэщ. ЩIэныгъэр лейуэ, псори къыпхуэщэхуу къыщалъыта зэманщ иджы дыщыпсэур. ЩIэблэм я нэхъыбэм гугъу зрагъэхьыну хуейкъым тхылъ еджэнымкIэ. Адыгэм диIэщ псалъэжь: «Хьилмым и пэр зэзым хуэдэу дыджщ, и кIэр фом хуэдэу IэфIщ». Аристотель жиIэгъащ абы ещхь дыдэ. ЩIэныгъэм, тхылъым я IэфIыр къэпщIэн щхьэкIэ уеджэн хуейщ. Интернетым псори щыбгъуэту, ар тхылъым и пIэм иувауэ жызыIэ щыIэщ, ауэ сэ нэгъуэщIущ къызэрыслъытэр: абы узыIэпишэныр узщ.
  • Ди хэкум, адыгэщIым хъугъуэфIыгъуэ куэд щызокIуэ. Адыгэ псори мыбы къекIуэлIэжын хуей-   уэ аракъым ар щIыжысIэр. Ди лъэпкъэгъухэр дэнэ щымыпсэуми, зэрыадыгэр ягъэлъэгъуэн хуейщ. Ермэлы псори зыкъуэзыгъэувэ Католикос яIэщ, абы и дежкIэ маплъэ дуней псом щикъухьами. Дэри диIэщ дызэкъуэзыгъэувэ — ар адыгагъэ жыхуэтIэращ. АбыкIэ уакъыхэщыфынущ сыт хуэдэ къэрал ущыпсэуми.
  • КIэщIу жыпIэмэ, а ди щэнхабзэр, ди цIыху цIэрыIуэхэр нэгъуэщIхэми къегъэцIыхуа зэрыхъунум куэд щIауэ сегупсысырт. СызыхуэкIуар мыращ: цIыхуцIэ зиIэм къигъэщIам и лъагъуэхэш хъуахэм дыдейхэри хэгъэхьэн хуейщ. Япэ лъэбакъуэхэр иужьрей илъэси 100-м тчыуэ щIэддзауэ аращ дэ. Кавказыр зэуэным къыхуалъхурт, цIыхухъухэм ящыщу илъэс 30 къэзымыгъащIэр куэдт. ЦIыхум зиужьын щыщIидзэр а ныбжьрат, адыгэм я дуней тетыкIэр къапщтэмэ. Ауэ абы къэмысу зауэ губгъуэм икIуадэрт. Аращ унэ тэмэм щIыдимыIари тхылъ зытхын къыщIытхэмыкIари. А зауэм къиша насыпыншагъэхэр куэд мэхъу.
  • Совет властым иригъэкIуэкIа лъэпкъ политикэм и фIыгъэкIэ щIэныгъэм урысыбзэкIэ дыхыхьэри (абы и пэкIэ тэтэрыбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ дыпсалъэу щытащ), зыдужьу щIэддзащ. Дауи, диIащ Нэгумэ Шорэ, Къаз-Джэрий, Хъан-Джэрий сымэ. Сэ зи гугъу сщIыр лъэпкъ псом тхыбзэ иIэ щыхъуарщ. Сыхуейт а лъагъуэхэш хъуахэр нэгъуэщIхэм ябгъурызгъэувэну.
  • США-м я Конгрессым и библиотекэм тхылъ мелуани 158-рэ щIэлъщ, Британие музейм и библиотекэм — мелуани 150-рэ. Ди къэралым и библиотекэ нэхъ ин дыдэм, Лениным и цIэр зезыхьэм, мелуан 50 иIэу аращ. Зи Iуэху зес-   хуэр мы библиотекэхэми нэгъуэщI къэралхэм ейхэми яIэрызгъэхьэнращ мы энциклопедиер. Мыбы итщ адыгэм ятеухуауэ тхыгъэ 300-м нэс, балъкъэрхэм ятеухуауэ 60-м щIигъу — ди къуэшщ, дызэдопсэу, дызэдэпсэунущ игъащIэкIэ.
  • — Сэфарбий, тхылъыр къыдэбгъэкIынри иджы а уэ жыхуэпIэ библиотекэхэм яIэрыбгъэхьэнри ахъшэшхуэ зытекIуадэ Iуэхущ. Абы щыгъуэми, энциклопедиер пщэн бдэркъым, цIыхухэм уахуоупсэ.
  • — Энциклопедием сом мин 200 ихьащ. Хьэкъун Тимур и фIыщIэщ тхылъыр дунейм къызэрытехьар. Тимур экономикэ щIэныгъэхэм я докторщ, хьэрычэтыщIэщ, Москва щопсэу. Абы Къэбэрдейм щэнхабзэ и IуэхукIэ хуабжьу зыкъыщIегъакъуэ. Зэгуэр Хьэкъунхэ я тхыдэр яхуэстхыжауэ щытати, абы лъандэрэ Тимур фIыуэ соцIыху, дызэкIэлъокIуэ. Апхуэдэ цIыхухэр диIэу «адыгэр дыхокIуэдэж» жаIэу здэнукъым, сыту жыпIэмэ апхуэдэ цIыхухэр зи куэд лъэпкъ дунейм теткъым.
  • — Сэфарбий, лъагъуэхэшу къэплъытэхэмкIэ уарэзы хьэмэрэ тхылъыр къыдэкIа нэужь къыпщыгъупща къыкъуэкIыжа?
  • — КъыкъуэкIыжащ, къыкъуэмыкIыжынкIи Iэмал иIакъым. «Великие личности и ценности. Мир острой критики» энциклопедием сыщелэжьам тхылъ напэу зэзгъэдзэкIам щIэ щIэткъым. Си Iэрытххэр къэпкIэ схьыри архивым естащ, мы иужьрей тхылъымкIи Iэрытхыр зэрынэхъ мащIэ щыIэкъым. Ар щIыжысIэр куэд зэбгъэзэхуэн, зэхуэбгъэкIуэн хуей зэрыхъурщ.
  • — ЭнциклопедиемкIэ кIэщIу икIи гурыIуэгъуэу адыгэ лъэпкъым и тхыдэм утепсэлъыхьащ. Сыт яжепIэр дэ дыкъэзымыцIыхухэм?
  • — Тхыдэм теухуауэ адыгэм ди щхьэр зыхуэдгъэлъэхъшэн дунейм теткъым. Абы щытхъу хэлъкъым. Iуэхум къыщIэзыгъалъэу егупсысыф щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, адыгэр хетхэм къахэкIащ. Ди эрэм и пэкIэ ХVIII — ХV лIэщIыгъуэхэм дунейм тетащ ахэр. Алыджхэм я лъэныкъуэкIэ къикIа «народы моря» жыхуаIэхэм ягъэлъэлъащ а къэралыгъуэр, езы хетхэри зэрызэгурымыIуэр абы хыхьэжри, къутэгъуафIэ хъуащ. Тхыбзэ ипэ дыдэу къезыгъэжьар хетхэращ, Индием къыщегъэжьауэ Атлантикэм нэсу, Средиземнэ хым (Египетыр хэмыту) къыщегъэжьауэ Балтикэм нэсу а щIы абрагъуэм лъэпкъ дапщэ исами, зи бзэм ипэ дыдэу тхыбзэ хузэхэзылъхьар хетхэращ. Ауэ Хет къэралыгъуэр щызэтракъутэм, лъэпкъыр адэ-мыдэкIэ хэгуэша хъуахэщ, ахэм ящыщ зым дэ дыкъытепщIыкIыжауэ аращ. Тхыбзэри тфIэкIуэдащ, зэ зы диным, зэ нэгъуэщIым дихьэурэ. Арати, IуэрыIуатэм дыкъыхуэнащ. IуэрыIуатэ гъуэзэджэм. Иуаныкъуэ Нурбий, тхьэр арэзы къыхухъу, нартыр адыгэм зэрейр гъуэзэджэу къигъэлъэгъуащ. Ауэ къущхьэхэм, балъкъэрхэм, ингушхэм, кIэщIу жыпIэмэ, ди гъунэгъу лъэпкъхэм «Эпос народов Кавказа» жаIэу ар зэраIэм пэж хэлъщ, сыту жыпIэмэ щэнхабзэ ягу ирихьыр зыщIащтэ хабзэщ, езыхэм ейуэ зыгуэрхэр хагъэувэурэ. Къуажапщэм къыщежьа псалъэмакъыр къуажэкIэм нэгъуэщIу нос зы махуэм. Ар щIыжысIэращи, нартри адыгэри къыщежьар Хет къэралыгъуэрщ, КъуэкIыпIэ Анадолэм щыIащ, нобэми археологхэр абы щолажьэ, къапщтэмэ, тхыгъэ зытет гуэрхэр къатIэщIыж.
  • — Уэри бощIэ ар, Сэфарбий, щIэныгъэлIхэр куэд щIауэ иризодауэ ар зи щэнхабзэ щIэи-      ным теухуауэ. Иджы, ятхым тепщIыхьмэ, ар адыгэр къызытехъукIам я Iэужьу зэрыщытым куэдри еувэлIащ, дэуэныр щызымыгъэта щыIэми.
  • — Куэд зэбгъэпщэн хуей мэхъу мыпхуэдэ тхылъ ущелэжькIэ, уэри уи псалъэ жыпIэну Iэмал къует.
  • Литературэм теухуауэ куэд итщ мы тхылъым. Къапщтэмэ, ПащIэ Бэчмырзэ и лэжьыгъэр къанэ щымыIэу къэзыхутауэ сэ къэслъытэр Нало Заурщ. Адыгэ тхэкIэм, тхыбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъар Бэчмырзэщ. Ауэ литературэр нэхъ зыубгъуауэ къапщтэмэ — ЩоджэнцIыкIу Алийщ япэр. Мис апхуэдэурэ тхылъым къыщызгъэлъэгъуащ адыгэбзэкIэ япэ поэмэ зытхар,  тхыгъэ цIэрыIуэ гуэр япэу адыгэбзэм къизыгъэзэгъар, япэ драматургыр, ди къэфакIуэ гъуэзэджэхэр, адыгэ фащэр. Къапщтэмэ, ар дыдымейуэ зэрыт энциклопедие гуэрхэр къыдэкI хъуащ.
  • — Уеблэмэ мыбдежи уащрохьэлIэ ар нэгъуэщI лъэпкъым «езытыжыну» хуейхэм.
  • — Москва къыщыдэкIа энциклопедие гуэрым «черкеска» жиIэу итщ, ауэ я щхьэр ягъэлэжьэну хуэмейрэ е ящIэурэ ятхрэ, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я фащэущ зэритыр, ар къэзыгъэщIа лъэпкъыр зыкIи къыхэмыгъэщауэ. Апхуэдэхэм дапэщIэувэн хуейщ. Дэ ди КонституцэмкIэ дыхуитщ ди щэнхабзэр тхъумэжыну, дгъэбэгъуэну. НэгъуэщI зы щапхъэ. Тамбукъан гуэлыр Ставрополь крайм ейуэ итщ энциклопедием. Абы къикIыр ди республикэм и щIым щыщ трахам хуэдэу аращ. Апхуэдэ Iуэху, дауи, зыми зэрихуакъым икIи зэрихуэркъым, ауэ щIэныгъэ зыхуримыкъум и фIэщ хъунущ. Апхуэдэхэм япэщIэувэн хуейщ щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ я хабзэкIэ.      А щыуагъэхэр щызэгъэзэхуэжа тхылъ щымыIэу хъунукъым.
  • — Сэфарбий, уи тхылъым ихуа лъагъуэхэшхэм ящыщу хэт нэхъ гъэщIэгъуэн къыпщыхъуа уэр дыдэм?
  • — Ар упщIэ гугъущ. А япэу лъагъуэ хэзышам и ужьым ирикIуам тIукIэ-щыкIэ нэхъыбэ зыщIа къахэкIащ. Ауэ япэ лъэбакъуэр сытым дежи нэхъ гугъущ. Щэнхабзэри лъэпкъри зэтезыIыгъэжыр бзэращи, ПащIэ Бэчмырзэрэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ яхузэфIэкIар зыхуэбгъадэ хъун щыIэкъым. АдэкIэ уIэбэрэ,  XIX лIэщIыгъуэм Нэгумэ Шорэ хэпхмэ, ущIауэ дыкъонэ. Зыри диIэкъым. Хьэмэ къэтщтэнщ Къаз-Джарий. Пушкин къыпщытхъун жыхуэпIэр! Дэ къыдгуроIуэ: пащтыхьым имыдэн абы итхакъым, ауэ этнографием, нэгъуэщIхэм теухуауэ лэжьыгъэ гъуэзэджэ къигъэнащ.
  • МыдэкIэ театрыр къэдгъащти, ар адыгэм къахузэIузыха ДыщэкI КIунэ сымэ димыIауэ къызыщыгъэхъут, хьэмэ ди къэфакIуэ гъуэзэджэхэр, «Победа» кинотеатрым Атэлыкъхэ Жанусэрэ Аслъэнджэрийрэ тращIыкIауэ тет фэеплъыр. Политикхэм я фэеплъхэр щIым тетщ, абыхэм ейр уафэм етащ — культурэм нэхъ лъапIэ, зыхуэсакъын хуей щыIэкъым, жыхуаIэ щIыкIэу. Ахэр дызэрыпагэн цIыхухэщ, зыщыдгъэгъупщэнкIэ Iэмал зимыIэщ.
  • — Сэфарбий, мыбдеж узэрыщысым щхьэкIэкъым щIыжысIэр, ауэ журналистым и насып къихьынкIэ хъуну псэлъэгъухэм уащыщщ: тхылъыр уи Iэпэгъуу дунейм утетщи, жыпIэн уиIэщ. Тхыдэм, философием уащхьэпрыкIыжри, энциклопедие къыдэбгъэкIащ. Ари етIуанэу. Япэр «Великие личности и ценности. Мир острой критики» зыфIэпщаращ. Ахэр зэрылэжьыгъэш-      хуэр къэплъытэмэ, уэри лъагъуэхэш хъуахэм уащыщщ. Сыт иджы дызыпэплъэ хъунур?
  • — Абхъазым и щхьэхуитыныгъэм щIэбэна адыгэ щIалэхэм, Сосналы СулътIан деж къыщегъэжьауэ, зэрахьа лIыгъэмрэ лIыхъужьыгъэмрэ (а тIур зыкъым) теухуа тхылъыр стхащи, илъэсыщIэм и япэ мазитIым къриубыдэу къыдэкIыну къыщIэкIынущ. Иджы нэхъ пыухыкIауэ сызэлэжьхэм ящыщщ дуней псом щыцIэрыIуэ Платон, Аристотель, Гегель, Ницше хуэдэ философхэм, лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэм жаIар, ди адыгэ псалъэжьхэр зэрызэхуэхъум, я къарукIэ зэхуэдэ зыщIым, зэрызэщхьэщыкIым — ахэм солэжь, дыдейхэм къаIуэта гупсысэм, акъылым зэригъэзэхуам нэгъуэщIхэри щыгъуэзэн хуейуэ къызолъытэри. АдыгэщIым хъугъуэфIыгъуэ куэд щызокIуэ жозыгъэIэм ящыщщ ари.
  • — Упсэу, Сэфарбий.
  •  
  • Епсэлъар  Ширдий  Маринэщ.