ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2015-11-10

  • Жэщ-махуэ  ямыIэу  икIи  дэнэ  щIыпIи  лъэIэсу
  • Хабзэхъумэхэр, абыхэм ягъэзащIэ лэжьыгъэм и мыхьэнэр дигу къыщыкIыжыр зэхэгъэкIыпIэ Iуэхухэм дыщыхэхуэхэм я дежщ. ИтIани догупсыс апхуэдэ зэхэгъэкIыпIэхэм куэдрэ дазэрыхэмыхуэри абыхэм зэрафIыщIэм. КъыдгуроIуэ ахэр ди пIейтеиншэ гъащIэр къызэзыгъэпэщ къарууэ зэрыщытыр.
  • 1917 гъэм Октябрь революцэр зэрытекIуэу щэкIуэгъуэм и 10-м «революцэ жылагъуэ хабзэр хъумэн папщIэ» РСФСР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и ЦIыхубэ комиссариатым и унафэкIэ рабочэ милицэ къызэрагъэпэщащ. ЯпэщIыкIэ ахэр щIыпIэ Советхэм я унафэм щIэтащ, иужькIэ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ наркоматым, 1946 гъэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм хагъэхьащ. ПIалъэ кIыхь-кIэ щэкIуэгъуэм и 10-р Милицэм и махуэу щытащ. 2011 гъэм гъатхэпэм и 1-м «Полицэм и IуэхукIэ» законыщIэм къару игъуэтати, а цIэр къемызэгъыж хъуащ икIи УФ-м и Президентым а гъэм жэпуэгъуэм и 13-м къыдигъэкIа Указ №1348-м иужькIэ гуфIэгъуэм иджы хуэдэу еджэ хъуащ.
  • ФIы куэд яхужыпIэ хъунущ хабзэхъумэхэм икIи ахэр зэи егъэлеиныгъэу щытынукъым. Абыхэм ди къэралым и лъэхъэнэ псоми мыкIуэдыжын лъэужь къыханащ, лIыхъужьыгъэ нэскIэ гъэнщIауэ. Мыри къыхэдгъэщын хуейщ: революцэм и ужькIэ гуащIэрыпсэухэм я гугъащ Граждан зауэр иухрэ псэукIэщIэ зэтраухуэмэ, щIэпхъаджагъэ псори кIуэдыжыну икIи милицэм къэралыр хуэмеижыну. АрщхьэкIэ дэ дощIэ а псори гугъэпцIу къызэрыщIэкIар. Абы и закъуэкъым: щIэпхъаджагъэ зэралэжь IэмалыщIэ куэд къагупсысырт. Апхуэдэ хьилагъэхэр сэтей къащIын, бзаджащIэхэр яубыдын папщIэ хабзэхъумэхэм Iэзагъышхуэрэ лIыгъэрэ яхэлъын хуейт.
  • ИкIи зэманым къигъэлъэгъуащ абыхэм апхуэдэ зэфIэкI зэрабгъэдэлъыр.
  • Хэку зауэшхуэм и зэманым къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэм фронтми езы къэрал кIуэцIми лэжьыгъэшхуэ щагъэзэщIащ. Абы дэ дыщыгъуазэщ хабзэхъумэхэм ирагъэкIуэкIа Iуэхухэм ятеухуауэ ягъэува фильм хьэлэмэтхэмкIэ, тхылъхэмкIэ.
  • Ди зэманри тыншкъым хабзэхъумэхэм я дежкIэ. Абыхэм зэпымыууэ яхъумэн хуей мэхъу къэралымрэ жылагъуэмрэ я шынагъуэншагъэр, ди цIыхухэм я пIейтеиншэ гъащIэр, мамыр лэжьыгъэр.
  • Урысейм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм хэту ди республикэм и хабзэхъумэхэми я къалэныр хьэлэлу ягъэзащIэ. Куэдрэ къэхъуащ абыхэм я IэнатIэм пэрыту я псэр щата. Дэ хабзэхъумэ хэкIуэдахэр сыт щыгъуи дигу къыдогъэкIыж, абыхэм я фэеплъыр догъэлъапIэ.
  • Илъэс куэд лъандэрэ хабзэу къызэрекIуэкIщи, хабзэхъумэхэм я гуфIэгъуэ махуэм и щIыхькIэ концертышхуэ ят, къыхэжаныкIа лэжьакIуэхэм я мызакъуэу ОВД-м хэтахэми йохъуэхъу, узыншагъэ, насып яIэну, я къалэн гугъухэм ехъулIэну зэрагуапэр жаIэ.
  • Шал Мухьэмэд.
  •  
  • «Си адэ-анэр  полицэм  щолажьэ»
  • Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэм и махуэм ирихьэлIэу, IэнатIэм и пщIэр къэIэтыным теухуауэ Урысей МВД-м сабийхэм папщIэ къызэригъэпэщащ «Си адэ-анэр полицэм щолажьэ» сурэт зэпеуэ.
  • КъБР-м щыIэ МВД-м ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкI 30-м щIигъум щыхэплъащ.
  • Министерствэм щыIэ Жылагъуэ советым и унафэщI Балъкъыз Валерэ, КъБР-м и Хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ къэрал кIуэцIыдзэхэмрэ я ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Думай Борис, КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэр, Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Новиковэ Еленэ сымэ зыхэта жюрим и дежкIэ тынштэкъым нэхъыфIыр къыхэхыныр, ауэ зэдэарэзыуэ япэ увыпIэр лъагъэсащ Прохладнэ къалэм дэт курыт еджапIэ №3-м и 5-нэ классым щIэс Киселёв Вениамин. Шэджэм къалэм и курыт еджапIэ №2-м щеджэ КIуэкIуэ Астемыр етIуанэ хъуащ. Нарткъалэ дэт лицей №1-м и 4-нэ „г“ классым щIэс Хаханаевэ Виолеттэ ещанэ увыпIэр къихьащ.
  • Налшык къалэ дэт школ-интернат №3-м и ебланэ классым щеджэ Къалмыкъ Марие пластилиным къыхищIыкIа лэжьыгъэм гулъытэ хэха хуащIащ.
  • Советым къыбгъэдэкI саугъэт щхьэхуэхэр иратащ школакIуэхэу Алборэ Ажанэ (Нарткъалэ, СОШ №2 ), Щоджэн Камилэ (Щоджэн Хъ.М. и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №2, Шэджэм къ.), Хапаев Ахъмэт (Iуащхьэмахуэ район, СОШ №3), Гулиевэ Алинэ (Шэджэм къалэ, СОШ №2).
  • Зэхьэзэхуэм япэ увыпIищыр зыщыхуагъэфэща сурэтхэр Мэзкуу къалэм щекIуэкIыну Урысейпсо зэпеуэм ягъэхьынущ.
  • Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэ.