ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Езым къыгурымыIуэ мурадхэм папщIэ цIыхум Iэщэ къищтэу нэгъуэщIхэр щIиукIыр сыт?»

2015-11-07

  • КъБР-м  щыIэ  МВД-м  и  Iэтащхьэм  и  япэ  къуэдзэ  Тату  Къазбэч  драгъэкIуэкIа  интервью
  •  ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэным телажьэ Хьэтэжьыкъуэ Валерий дызэрыт илъэсым и гъэмахуэм къытхуиIуэтэжауэ щытащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и япэ къуэдзэ Тату Къазбэч тэмэму зэрыдэлажьэр.
  • Иджы КАВПОЛИТ сайтым и корреспондентыр КъБР-м щыIэ МВД-м и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэм епсэлъащ республикэм щыIэ щэхурылажьэ бандэхэм, Налшык гъэмахуэм щрагъэкIуэкIа Iуэху хэхахэм ятеухуауэ икIи яукIа боевикхэм я бжыгъэм тещIыхьауэ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм ахъшэ къратрэ кърамытрэ, Сирием щызэуэну кIуахэм я бжыгъэмкIэ, «Къашыргъэ фIыцIэхэр» гупыр зи щIысымкIэ, КIуащ Тимур и Iуэхур зэрызэхагъэкIымкIэ, нэгъуэщI куэдхэмкIи еупщIащ.
  •  
  • — Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ щэхурылажьэ щIэпхъаджащIэхэм иджыпсту я щытыкIэм тхутепсэлъыхьыт. Ахэр сыт хуэдэу къызэгъэпэща? Я пашэхэр хэт сымэ?
  • — Иджыпсту щэхурылажьэ бандэ гупхэр хабзэ пыухыкIам тету къызэгъэпэщащ, ахэр щIыпIэ-щIыпIэкIэ тегуэшащ — республикэм и гуэшыкIэм тещIыхьауэ.
  • Зэман зэмылIэужьыгъуэхэм бандэ гуп-хэр секторкIэрэ — центральнэ, ищхъэрэ-къуэкIыпIэ, ищхъэрэ-къухьэпIэ, ипщэ- къуэкIыпIэ — гуэшауэ щытащ. Зэрыгуры-         Iуэгъуэщи, абыхэм амир, наIиб жыхуаIэ-       хэр яIэт, дэтхэнэ секторми езым и пашэ иIэжт.
  • Зэман зэмылIэужьыгъуэхэм боевикхэм я бжыгъэр зэм нэхъыбэ, зэм нэхъ мащIэ хъууэрэ екIуэкIащ, ауэ ахэр 70-м щыщIигъуакъэхъуакъым.
  • Иджыпсту абыхэм я бжыгъэр 20 нэхърэ нэхъ мащIэщ.
  • — Щэхурылажьэ щIэпхъаджащIэхэм зэребэн щIыкIэм зихъуэжрэ? Иджыпсту нэхъыбэу сыт хуэдэ Iэмалхэр къагъэ-             сэбэпрэ? СледствиемкIэ лэжьыгъэхэр, ягъэкъуаншэхэр къэубыдынымрэ гъэтIысынымрэ, абыхэм ятеухуа Iуэхухэр къызэIухыныр къагъэсэбэпрэ? Е лэжьыгъэ хэхахэм япкъ иткIэ ахэр яукIыу ара? Сыт хуэдэ къалэнхэр хуагъэуврэ хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэм?
  • — Iэмалрэ хэкIыпIэу законым къыщыгъэлъэгъуа псори къагъэсэбэп: лэжьыгъэ хэхахэр, оперативнэ-къэлъыхъуэныгъэ Iуэхухэр, щэхурылажьэ щIэпхъаджащIэхэр къэубыдыныр къагъэсэбэп. Щэхурылажьэ бандэ гупхэм ящыщу, абыхэм я дэIэпыкъуэгъуу яубыдахэр уголовнэ жэуапым ирашалIэ.
  • Ауэ апхуэдэхэр Iэщэ яIыгъыу хабзэхъумэхэм къащыпэщIэувэм деж лэжьыгъэ хэхахэр ирагъэкIуэкI. Хабзэм тету щепсалъэм и деж абыхэм зыкъатын ямыдэмэ, хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэм IэщэкIэ къахэуэу щIадзэмэ, апхуэдэхэм деж Iэмал нэхъ ткIийхэр къагъэсэбэп.
  • Сэбэп хъуну къыщалъытэм деж щIэпхъаджащIэхэм я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ щIэгъэкъуэн къыдощI, Iэмалу щыIэр къыдогъэсэбэп, цIыхухэр псэууэ къызэтенэн папщIэ.
  • Ауэ зыкъыщатыр зэзэмызэщ. Сэ республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэу сызэрылажьэрэ апхуэдэу зэ е тIэу къэхъуауэ къэзгубзыгъыжу аращ.
  • — Дызэрыт илъэсым и бадзэуэгъуэ мазэм Налшык апхуэдэ лэжьыгъэ хэха щрагъэкIуэкIащ. Абы теухуауэ социальнэ сетхэм хэIущIыIу ящIа информацэм тепщIыхьмэ, къаухъуреихьу унэм щIаубыдахэр езыхэм я Iыхьлыхэм телефонкIэ  епсалъэурэ жраIащ зыкъатыну Iэмал ирамыту, IэщэкIэ къеуэ хуэдэу… ЩIэпхъаджащIэу шэч зыхуащIхэм езыхэм Iэщэ ямыIыгъа хуэдэу ягъэхъыбаращ. Абы нэхъ гурыIуэгъуэу утепсэлъыхьыфыну?
  • — Пэжщ, апхуэдэ Iуэху щыIащ. Ауэ псом япэу законым тету зэпсэлъэныгъэхэр ирагъэкIуэкIащ.
  • Зэхэуэр зэфIэкIауэ а щIыпIэр щыщIапщытыкIым, щIэпхъаджащIэхэм яхэту шэч зыхуащIхэм пистолетхэр, автоматхэр, гранатэхэр, шэхэр, нэгъуэщI Iэщэ зэмылIэужьыгъуэхэр яIыгъауэ къыщIэкIащ. Абы къыхэкIыу щIэпхъаджащIэхэм Iэщэ ямыIыгъауэ икIи ди лэжьакIуэхэм къахэмыуауэ жыхуаIэр пэжкъым.
  • Япэ сыхьэтым щегъэжьауэ дэ дыщыгъуазэт фэтэрым IэщэкIэ зэщIэузэда щIэпхъаджащIэхэр зэрыщIэсым, ахэр подразделенэ хэхахэм я лэжьакIуэхэм къахэуэу щIадзащ, аращ абыхэм дебгъэрыкIуэн хуей щIэхъуар. Абы къыхэкIыу дэ фэтэрым щIэсхэм я Iыхьлыхэр едгъэпсэлъэну Iэмал дгъуэтыжакъым, я гъащIэмрэ узыншагъэмрэ шынагъуэ къызэрытехьэнум къыхэкIыу.
  • — А зэман дыдэм куэдым жаIэу щытащ апхуэдэ Iуэхухэр егъэкIуэкIыным хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэм я фейдэ хэлъу, абыкIэ ахъшэ къалэжь хуэдэу икIи а щхьэусыгъуэм къыхэкIыу лэжьыгъэ хэхахэр абыхэм зэи зэпамыгъэуну…
  • — Апхуэдэ лэжьыгъэхэм, апхуэдэу щэхурылажьэ бандэ гупхэм хэтхэр зэраукIым ахъшэ лей къапэкIуэу кърагъэкIуэкIхэр шыпсэщ. А Iуэхухэм папщIэ зыми саугъэт хэхахэр къыхуагъэфащэркъым. Ар махуэ къэс къытпэщыт къалэнщ икIи ахэр зэрагъэзащIэм папщIэ зыри ахъшэкIэ ягъэгушхуэркъым.
  • Апхуэдэу ягъэхъыбар дзэхэр мыбы зэрыщыIэм фейдэ пылъу. ЩIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ я органхэм я лэжьакIуэхэр Кавказ Ищхъэрэм лэжьыгъэ IуэхукIэ пIалъэкIэ къагъакIуэ икIи ахэр ди щIыналъэм хабзэм и хъумакIуэу щыIэхэм хуабжьу къадоIэпыкъу.
  • Ауэ къэралым а псоми ахъшэ лей зэрыт-ригъэкIуадэм   нэмыщI, нэгъуэщI фейдэ лъэпкъ апхуэдэ Iуэхум къыпэкIуэркъым. Аращ лэжьыгъэ хэхауэ нэхъыбэ едгъэкIуэкIыху ди дежкIэ нэхъыфIу зэрыжаIэм лъабжьэ щIимыIэр. Дэ къытхэткъым мамыру, зэгурыIуэу псэуну хуэмей.
  • — Ауэ дэ зи гугъу тщIыр къалэн хэхахэр зыгъэзащIэ лэжьакIуэхэрщ, адрейхэм        нэхърэ нэхъыбэрэ псэ зэпылъхьэпIэхэм хэхуэхэрщ — зи гъащIэм емыблэжхэрщ. Сыт ахэр ягъэпажэ щIэмыхъур?
  • — Дэ тхьэрыIуэ псалъэ дотри, абы тету долажьэ, хабзэ мардэхэм къызэрагъэувым езэгъыу. Хабзэхэр нэсу гъэзэщIэн хуейщ, щытыкIэр зэрызэIыхьам къыхэкIыу террорым пэщIэтынымкIэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI щIыпIэм хуэгъэза мардэхэр ягъэувамэ, псом хуэмыдэжу а мардэхэр зэман кIыхьым тещIыхьауэ ягъэувамэ. Апхуэдэ Iуэхухэм хэт дэтхэнэ зы лэжьакIуэми террорым пэщIэтынымкIэ хабзэхэр щигъэзащIэ зэманым хиубыдэ дэтхэнэ зы махуэ-           ри махуищым пэуву къалъытэ. Къэрал кIуэцI    IуэхухэмкIэ органхэм къыщыхэкIыжым деж апхуэдэ цIыхум къулыкъу зэри-щIа зэманыр абы тещIыхьауэ къабжынущ. Ауэ боевикхэр, щэхурылажьэ бандэхэм щыщхэр зэраукIам, апхуэдэхэм я бжыгъэм тещIыхьауэ зыри ягъэпажэркъым. Къытызогъэзэжри, а псори шыпсэщ.
  • — Сирием кIуахэм датегъэпсэлъыхьырт. Абыхэм ятеухуауэ фи республикэм официальнэ бжыгъэ гуэрхэр щыIэ?
  • — Дэ шэч дощI цIыхуипщI зыбжанэ абы кIуауэ дунейпсо террорист организацэ-             хэм яхэту зауэу икIи апхуэдэ шэчым лъабжьэ пыухыкIахэр иIэщ.
  • Апхуэдэ цIыхухэм ятеухуауэ Урысей Федерацэм и Уголовнэ кодексым и 280-нэ статьям ипкъ иткIэ уголовнэ Iуэхухэр къызэIуахащ. Зым нэгъабэ суд тращIыхьри, илъэсищ тралъхьащ, дунейпсо террорист организацэхэм я лэжьыгъэм зэрыхэтым папщIэ.
  • — Сыт хуэдэ цIыху ахэр? Абыхэм я шыфэлIыфэр къыджепIэфын?
  • — Ахэр гуп зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщщ. Абыхэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэтахэр яхэтщ, ахэр социальнэ гуп зэмылIэужьыгъуэхэм хеубыдэ, лэжьапIэншэхэри къадэкIуэу.
  • Щэхурылажьэ бандэхэм яхэбгъуэтэнущ Москва дэт вузхэр къэзыухахэр, боевикхэм яхэтщ дохутыр IэщIагъэм хуеджэу щыта студентхэр.
  • ЗанщIэу школыр къызэраухыу щэхурылажьэ гупхэм яхэхуахэри, нэхъ япэкIэ хьэрычэт Iуэху гуэрхэр зэблэзыгъэкIыу щытахэри яхэбгъуэтэнущ.
  • — ЩIэныгъэ зыбгъэдэмылъ, хуэмыщIауэ псэу цIыхухэр нэхъ къэгъэдэIуэ-       гъуафIэщ. Ауэ уэ дауэ къэплъытэрэ — щIэныгъэ зыбгъэдэлъ, зыхуей хуэзэу псэу цIыхухэр абыхэм Iэрыубыд щхьэ ящIыфрэ?
  • — Дэ псори зы гъащIэм дыхопсэукI, псоми  ди къекIуэкIыкIэр зэтохуэ — садым, школым, институтым докIуэ, псоми ди зэхуэдэ хабзэхэм дакъыхохъукI, ауэ и кIэм деж языныкъуэхэр зы гупым, адрейхэр нэгъуэщI гупым хохуэ.
  • Щэхурылажьэ бандэхэр къызэрагъэпэ-щу щыщIадзам, 2005 гъэм япэкIэ, цIыхухэм диным зрату, нэмэз ящIу щытеувам щIалэгъуалэри жыджэру мэжджытхэм екIуалIэу хуежьащ. Абы щыгъуэ жэмыхьэтхэм я амирхэр щыIэ хъуати, зэфIагъэкIа лэжьыгъэм теухуауэ мазэ къэс мыпхуэдэ отчетхэр ятхырт: «Дэ нобэ, Алыхьым и шыкуркIэ, жэмыхьэтым цIыхуитху къыхэдгъэ-хьащ. А тхум ящыщу тIур цIыху тэмэму къыщIэкIащ, ауэ адрей щыр   дяпэкIэ къыдэмыкIуэлIэну яхуэдгъэуващ, муслъымэн нэсу зэрыщымытым е дэ яхуэдгъэувхэр зэрамыгъэзащIэм къыхэкIыу».
  • Аращи, цIыхуитI къонэ икIи абыхэм текI имыIэу сыт хуэдэ унафэри ягъэзэщIэну хьэзырщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, жэмыхьэтыр зыхуейр куэдым емыгупсысырщ. Амирым жиIар абыхэм я дежкIэ хабзэу щытыпхъэщ икIи ар шэч лъэпкъ къытрамыхьэу къащтэн хуейщ. Амирым и псалъэм шэч къытезыхьэхэр абыхэм зыхагъэхьэнукъым. Аращи, къанэр сыт хуэдэ унафэри зыгъэзэщIэну хьэзырхэрщ икIи ахэр зытеува гъуэгум къытепшыну икъукIэ гугъущ.
  • — Сирием къикIыжхэм я Iуэхур дауэ хъурэ, абыхэм ящыщу къаIэрыхьэхэм сыт иращIэр? Суд тращIыхьрэ, къыхуа-гъэгъурэ?..
  • — Апхуэдэ цIыхур дунейпсо террорист зэгухьэныгъэхэм я лъэныкъуэу зауэм зэрыхэтар наIуэ къащIамэ, Урысей Федерацэм и законодательствэм тету бгъэдохьэ. Уго-      ловнэ Iуэху къызэIуах, къэхъуа псори зэхагъэкI.
  • ЗэрыжысIащи, блэкIа зэманым къриубыдэу апхуэдэ къуаншагъэм папщIэ суд зы цIыхум тращIыхьауэ аращ. Дунейпсо террорист зэгухьэныгъэхэм зэрыхэтар  наIуэ къызэращIам  къыхэкIыу  уголовнэ жэуапым ирашэлIапхъэ цIыхухэм ятеухуа                      Iуэхухэр зэхагъэкI икIи ахэр федеральнэ  IэнатIэми дуней псоми къыщалъыхъуэ.
  • — Боевикыу щытахэр гъащIэм хэгъэзэгъэжыным елэжь комиссэ Къэбэрдей- Балъкъэрым щыIэ?
  • — Апхуэдэ комиссэ щыIэщ, ар илъэс зыбжанэ япэкIэ къызэрагъэпэщащ, ауэ щэхурылажьэ бандэхэм зэрахэтым папщIэ иджыпсту къалъыхъуэхэм ящыщу зыми а комиссэм зэи зыкъыхуигъэзакъым, Iэщэри игъэтIылъакъым.
  • Языныкъуэхэм къуаншагъэ ялэжьа хуэдэу шэч къыхуащIу, къакIэлъыплъу икIи мыхъумыщIагъэхэр къыкIэлъызэрахьэну загъэхьэзыру къащохъу. Апхуэдэхэм комиссэм зыкъыщыхуагъазэм деж къэралым щызекIуэ законхэр гурагъаIуэ икIи зэрахузэфIэкIкIэ доIэпыкъу. Иджыпсту апхуэдэ цIыхухэр мамыру мэпсэу, мэлажьэ, я бынхэр япIыж икIи Iуэху мыщхьэпэ лъэпкъ абыхэм къапкърыкIыркъым.
  • Зыхуэфащэ лэжьыгъэхэр драгъэкIуэкI щэхурылажьэ бандэхэм хэтхэм я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмри, ауэ къэгъэлъэгъуапхъэщ ахэр къешэлIэгъуафIэ зэрымыхъур. Зы лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, я бынхэм зэхащIыхьхэр хабзэм зыкIи къызэремызэгъыр абыхэм къагуроIуэ, ауэ итIани щэхурылажьэ бандэхэм яхэт я Iыхьлыхэм я телъхьэщ. Ахэр ягъэзэхуэну, бандит гупхэм щIахэхуа щхьэусыгъуэр псоми гурагъэIуэну яужь итщ.
  • Пэжщ, абыхэм даIыгъыркъым я бынхэр IэщэкIэ зэрызауэр, хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэр, къызэрыгуэкI цIыхухэр зэраукIыр, ахъшэ зыбгъэдэлъхэр зэрахъунщIэр, ауэ Iуэхур зэрыщымыту къагъэлъэгъуэну хущIокъури, жаIэ я бынхэр зэрымуслъымэным, нэмэз зэращIым къыхэкIыу зэхэзехуэн ящIауэ икIи мыдрейхэм нэгъуэщI хэкIыпIэ ямыгъуэтыжу загъэпщкIуурэ IэщэкIэ зэщIэузэда щIэпхъаджащIэхэм яхыхьауэ.
  • Ди республикэм, Кавказ Ищхъэрэм, зэрыщыту Урысей Федерацэм щыщу цIыху мелуанхэр тхьэ йолъэIу, нэмэз ящI, ауэ ахэр зыми   зэхэзехуэн  ищIыркъым.
  • Аращи, дин щхьэусыгъуэкIэ щIалэгъуалэр зэхэзехуэн зэращIым теухуа псалъэ-            макъхэр пцIы зэфэзэщщ икIи ахэр зи фIэщ хъухэр зэпымыууэ нэхъ мащIэ мэхъу.
  • Республикэми, зэрыщыту къэралми, хуитыныгъэ щыIэщ дэтхэнэми зыхуей диныр иIыгъыну. Абы папщIэ члисэхэр, мэжджытхэр къызэIуах. Иджыблагъэ Москва къыщызэIуахащ муслъымэнхэм я мэжджыт нэхъыщхьэр.
  • ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ, Интернет-сайт зэмылIэужьыгъуэхэм къытра-дзэхэр зэпкърыпхмэ, нэрылъагъу къыпщохъу: радикализмэм и къежьапIэхэмрэ абы и мурадхэмрэ къызыгурыIуэхэр зэпымыууэ нэхъыбэ мэхъу икIи а мурадхэр мытэмэму къэзылъытэ цIыхухэм я бжыгъэм хохъуэ.
  • — Иджыпсту ямыгъуэтыж цIыхухэм ятеухуауэ сыт къыджепIэфын? Ахэр къыхэтхыкIауэ щыIэ? Абыхэм ящыщу къуаншагъэхэр зэралэжьам папщIэ къалъыхъуэхэр проценткIэ дапщэу пIэрэ?
  • — ЦIыхур зэман пыухыкIакIэ ямыгъуэтыжауэ къэт нэужьым Урысейм и МВД-м и хабзэ мардэхэм къызэрагъэувым ипкъ иткIэ, Урысей Федерацэм и Уголовнэ кодексым и Iыхьэ 1-м и 105-нэ статьям тету уголовнэ Iуэху къызэIуах икIи абы хиубыдэу лэжьыгъэ пыухыкIахэр зэфIагъэкI апхуэдэ цIыхур здэщыIэ щIыпIэр убзыхуным хуэгъэзауэ.
  • Хъыбарыншэу къэтхэр псори зэхэту зэрыхъур щыIэщ. А гупым «боевик» жыхуэтIэхэм ящыщу, бандитхэм я дэIэпыкъуэгъуу хэтхэр проценткIэ куэд дыдэ хъуркъым.
  • — 2011 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым гуп гуэр щыIащ «Къашыргъэ фIыцIэхэр» цIэр зэрихьэу. Иджыпсту абы теухуауэ хъыбар гуэр зэхэфхрэ? Апхуэдэхэм фащыгъуазэмэ, хэт ахэр зэщIэзыгъэуIуар? Абыхэм хабзэм и хъумакIуэхэр япыщIауэ щытауэ къэплъытэрэ?
  • — Апхуэдэ щIыкIэкIэ щэхурылажьэ бандэхэр къыжьэдакъуэну зыгуэрхэр хэтауэ къыщIэкIынущ. Ауэ пыухыкIауэ Iуэху гуэрхэр а гупым зэи зэфIагъэкIакъым.
  • «Къашыргъэ фIыцIэхэм» щэхурылажьэ бандэ гупхэм хэтхэр ягъэшынэну хэтащ, ахэр къызэтемыувыIэмэ, езыхэми я Iыхь- лыхэми ткIийуэ зэрапэщIэувэнур хуагъэувурэ.
  • Апхуэдэ тхыгъэхэр интернетым зыбжанэрэ къралъхьэри, абдеж псори щиухащ. Иджыпсту республикэм щыIэкъым хэIущIыIу замыщIу щэхурылажьэ бандэ гупхэм хэтхэм япэщIэувэ къарухэр.
  • Абы къыщымынэу, дэ дыхущIокъу боевикхэм я Iыхьлыхэр адрейхэм къахэмыщу зэрыпсэуным. Сабийхэм я адэ-анэхэм я къуаншагъэр къажьэхэуэн хуейкъым. Ахэр адрей сабий псори щеджэ школхэм макIуэ. Ди насыпщи, республикэм щыпсэу социальнэ гуп зэмылIэужьыгъуэхэм яку зэныкъуэкъухэр дэлъкъым.
  • — Апхуэдэу щыщыткIэ нэгъуэщI Iуэхухэм дытепсэлъыхьынщ. КIуащ Тимур и Iуэхум дыщIэупщIэнут. Уэ къызэрыпщыхъумкIэ, сыт абы и Iуэхур иджыри къэс щIызэхамыгъэкIыфым и щхьэусыгъуэр?
  • — КIуащ Тимур и хьэдэр къызэрагъуэтыжам къыхэкIыу, ар яукIауэ къилъытэри, Урысей Федерацэм СледствиемкIэ и комитетым СледствиемкIэ и управленэу КъБР-м щыIэм УФ-м и Уголовнэ кодексым и 105-нэ статьям тету уголовнэ Iуэху къызэIуихауэ зэхегъэкI.
  • Мы Iуэхум ехьэлIауэ экспертизэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэкIуэкIащ, нобэм къэс СледствиемкIэ комитетыр абы йолэжь. Ар    и унэм къыщIэмыкI япэкIи къыщIэкIа                     нэужьи къэхъуахэр зэхагъэкI. Видеокамерэ-                    хэм ятхахэм еплъыжащ, оперативнэ-къэ-             лъыхъуэныгъэ,  следствие лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ.
  • — Абы и блэгущIэм хуэзэу мастэ хэIупIэ иIэу къызэрыщIэкIам сыт и хъыбар?
  • — Абы пыухыкIауэ жэуап естыну сыхьэзыркъым. Мастэ хэIупIэ зэриIэр яубзыхуащ, ауэ ар къызыхэкIар гурыIуэгъуэкъым. Ахэр следствием зэхигъэкIын хуейуэ аращ. АдэкIэ къэхъуамрэ мастэмрэ зэпыщIэныгъэ зэхуаIэу зэкIэ яхузэхэгъэкIакъым. Ар зэры-лIыкIар мастэр арауэ яубзыхуфакъым. Следствиер иджыри йокIуэкI.
  • — «ЦIыху 58-м я Iуэхум» республикэм щыIэ щытыкIэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр ириту гу лъыфтэрэ?
  •  — Суд унафэм нобэм ирихьэлIэу къару игъуэтакъым,  абы теухуауэ иджыри мэтхьэусыхэжхэр. Законым игъэува пIалъэхэм къриубыдэу УФ-м и Суд Нэхъыщхьэр абыхэм хэплъэжу хуежьэнущ.
  • — Иужьрей зэманым уголовнэ Iуэху щхьэхуэхэр къызэрызэIуахам къыхэкIыу ягъэхъыбару щIадзащ щэхурылажьэ бандэхэр цIыхушхуэхэм я жыIэщIэу щыт хуэдэу. Дагъыстэным щыщ къулыкъущIэхэри бизнесменхэри абы и лъэныкъуэкIэ ягъэкъуаншэу щIадзащ. КъБР-м ехьэлIауэ апхуэдэ Iуэху щыIэу пIэрэ?
  • — КъБР-м апхуэдэ зэи къыщыхъуакъым, иджыпстуи щекIуэкIыркъым.
  • — АтIэ Дагъыстэным щIыщекIуэкIыр,              КъБР-м щIыщемыкIуэкIыр сыт?
  • — Сэ Дагъыстэным щекIуэкIхэм сытепсэлъыхьыну сыхуейкъым. Дызэпэмыжыжьэу дызэдэпсэуми, щхьэж езым и дуней еплъыкIэ, хабзэ иIэжщ. Мыбдежым  псори щызэхэпщащ: лъэпкъхэм я къыхэщхьэхукIыныгъэхэри, я псэукIэри, нэгъуэщI куэди.
  • Ди деж зэи къыщыхъуакъым унафэщI къулыкъухэм пэрытхэм щэхурылажьэ бандэхэр яунэтIу. Абы къыщымынэу, щIэпхъаджащIэхэм ахъшэ къызытрамых щыIэтэкъым, абыхэм унафэщI къулыкъу зыIыгъхэри яхэту. Апхуэдэ къулыкъущIэхэм я жыIэм хэту щытамэ, боевикхэр абыхэм зэи къеIусэнутэкъым.
  • — Иджыпсту боевикхэм ахъшэ бизнесменхэм къыщытрах къэхъурэ?
  • — Хьэуэ. Япэхэм абыхэм флешкэхэм тетхауэ коммерсантхэм хуагъэхьырт джихадыр ирагъэкIуэкIын, щэхурылажьэ бандэхэм къагъэсэбэпын папщIэ ахъшэ ятыну зэрыхуагъэувыр. Иужь зэманым едгъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ апхуэдэ иджы щыIэжкъым.
  • — Уэ уи щхьэкIэ сыт хуэдэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм уадэлажьэрэ?
  •  — КъулыкъукIэ къызбгъэдэхуэ къалэнхэм япкъ  иткIэ,  сэ  садолажьэ  мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ гъэбыдэным зи мурадыр хуэунэтIа жылагъуэ зэгухьэныгъэ, зэщIэхъееныгъэ псоми. ЗэщIыгъуу зэфIэдгъэкIын хуей Iуэхухэр щыщыIэм деж Хьэтэжьыкъуэ Валерэ дэрэ дызэдолажьэ абы и лъэныкъуэкIэ дэ ди бжэр зэIухащ икIи мурадыфI зиIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ псоми дадэлэжьэну дыхьэзырщ.
  • — Террорым пэщIэтыным цIыхухэр хузэщIэгъэуIуэнымкIэ дин IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр щIэгъэкъуэн къащI, ауэ ахэр щIалэгъуалэм кърадзащэркъым, пщIэшхуи хуащIыркъым. Диным пыщIауэ официальнэу къулыкъу зымыIыгъ, ауэ ипэжыпIэкIэ цIыхухэм пщIэ зыхуащI нэхъыжьхэм фащыдэлажьэ щыIэ?
  • — Къулыкъу зыIыгъ дин лэжьакIуэхэми, апхуэдэ къулыкъум пымыщIа, ауэ пщIэшхуэ зыхуащI цIыхухэми дахуозэ икIи абыхэм драгъусэу Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр къызыдогъэпэщ. Зи гугъу сщIы зэIущIэхэм муслъымэн диным ит щIалэгъуалэри кърохьэлIэ. Иужьрей зэманым нэхъыбэ хъу зэпытщ дызэщIыгъуу дызэгупсыс Iуэхухэр.
  • Аращи, абы и лъэныкъуэкIи республикэм щыщыIэ щытыкIэр нэхъ зэпIэзэрыт хъужу хуежьауэ къысфIощI, сыту жыпIэмэ дэ кIуатэху нэхъ зэIухауэ дызэпсалъэурэ йокIуэкI.
  • — ЩIалэгъуалэм я Iуэху еплъыкIэр зэзыхъуэкIыфын икIи республикэм щыщыIэ щытыкIэр зэпIэзэрыт щIыжынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъун апхуэдэ цIыхухэр сыт хуэдэ щIыкIэкIэ къэвгъуэтрэ?
  • — Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэр апхуэдизу куэд хъуркъым, атIэми дэтхэнэ жылагъуэми щIалэгъуалэм я зэхуэсыпIэхэр щыIэщ. Апхуэдэ цIыху жыджэрхэри, къу- лыкъу пыухыкIахэр зыIыгъхэри езыхэр къыкъуокI. Зи Iуэхур зэIыхьа, гузэвэгъуэм хэхуа дэтхэнэ зыри зэкIуалIэр ахэрщ.
  • Къэув Iуэхухэр дагъэкIын папщIэ ахэр         езы щIыналъэхэм щыIэ унафэщIхэм ябгъэдохьэ. Дэтхэнэ зы жылагъуэми дэс апхуэдэ цIыхухэр зэдыщIэкIыу си хэгъэрейуэ схужыIэнукъым, ауэ абыхэм я нэхъыбапIэм бзэ къахудогъуэт, абыхэм даIущIэн папщIэ зэманми деблэжыркъым.
  • ЦIыхур фIэкIыпIэ имыIэу дин Iэтащхьэм е диным пыщIа цIыхухэм я деж екIуалIэу къыщIэкIынкъым. Ар и благъэм, и ныбжьэгъум бгъэдыхьэнкIэ мэхъу, мыдрейхэми хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэм ящыщу нэхъ зыхэзыщIыкIыну къалъытэхэр къагъуэт. А псоми къадэкIуэу, къуажэхэм жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр щыIэщ икIи ахэр къыддэIэпыкъуну сытым дежи хьэзырщ.
  • Куэдым Хьэтэжьыкъуэ Валерэ фIыуэ яцIыхури, абы зыхуагъазэ.
  • — ЩIалэхэм ящыщу дапщэ гъащIэ мамырым къыхэфшэжыфа?
  • — Мыбдеж сэ къасщтэркъым Iэщэ яIыгъыу «мэзым щIыхьэжа» цIыхухэр. Зи гугъу сщIыр абыхэм Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ядэIэпыкъуу щытахэрщ. Апхуэдэхэр цIыху тIощI хуэдиз хъунущ.
  • — Щэхурылажьэ щIэпхъаджащIэхэм щIалэгъуалэр тхыгъэкIэ дахьэхыну зэрыхущIэкъум тхутепсэлъыхьыт. Сыт хуэдэ Iэмал щыIэ абы упэщIэувэн папщIэ?
  • — Сэ сызэреплъымкIэ, дагъуэ лъэпкъ зимыIэ хэкIыпIэ къыпхуэгъуэтынукъым. Мыр аптекэм ущIыхьэу щхьэуз хущхъуэ къызэрыпщэхум хуэдэкъым. Мыбдежым лэжьыгъэ лIэужьыгъуэ Iэджэ щегъэкIуэкIын хуейщ. Сэ сызэреплъымкIэ, нэхъыщхьэ дыдэр щIалэгъуалэм я акъылыр щIэпхъэджащIэхэм емыгъэтхьэкъунырщ, цIыхур тэмэму псэун папщIэ зэран къыхуэхъуу щыIэхэр къагурыгъэIуэнырщ. Езым къыгурымыIуэ мурадхэм папщIэ цIыхум Iэщэ къищтэу нэгъуэщIхэр щIиукIыр сыт? Мис абыхэм егупсысауэ Iуэхур зэтес зыщIыну хэкIыпIэхэр къэгъуэтын хуейщ.
  • Апхуэдэу цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэми традзэ тхыгъэхэр нэхъ егугъуу, жэуаплыныгъэ зэрахьыр къагурыIуэу къыхахтэмэ нэхъыфIт.
  • — ЦIыхухэр я лъэныкъуэ къащIын папщIэ щэхурылажьэ щIэпхъаджащIэ гупхэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр къыщагъэсэбэпкIэ, а Iэмал дыдэр экстремизмэм и идеологием и бийуэ къэбгъэсэбэп хъунущ…
  • — Иджыпсту дэ абы папщIэ официальнэ прессэри, зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэри къыдогъэсэбэп, социальнэ гуп зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэм захудогъазэ.
  • СызэреплъымкIэ, апхуэдэ Iуэхухэм я нэхъыбапIэкIэ кърихьэлIэр цIыху зэIуха-хэрщ, жыджэрхэщ, нобэрей гъащIэм езэгъыу дунейм тетхэрщ. Апхуэдэу щы-          щыткIэ, дэ къэтлъыхъуапхъэщ зи Iуэху             дэзымыгъэкIыфхэр, иджыпсту екIуэкI Iуэхугъуэхэм нэгъуэщI еплъыкIэ хузиIэхэр. Ауэ апхуэдэхэр къекIуэкI гъащIэм зыпы-Iуадзу, езыхэм зытраухуам тегъэкIы-              гъуейуэ мэпсэу.
  • Щапхъэ къэсхьынщ. ФщIэжмэ, нэхъ япэкIэ псалъэмакъышхуэ екIуэкIащ хъыджэбз цIыкIухэр IэлъэщIкIэ зэщIэуфауэ зэрыкIуэм теухуауэ. Сэ сызэреплъымкIэ, ар япэбубыд къудейкIэ зэфIэкIынукъым. Апхуэдэ ткIиягъым Iуэхур нэхъри зэIигъэхьэнкIэ хъунущ. Дэ дызыхэпсэукIыр хабзэр и лъабжьэу зэтет къэралу зэрыщытыр цIыхухэм ягурыгъэIуэн хуейуэ аращ. Мис абы щыгъуэ зэхащIыкIынщ а къэралым щекIуэкI хабзэхэм тетын зэрыхуейр, абыхэм къыщхьэщыкI хабзэм ирипсэуну сабийр хэбгъэзыхь зэрымыхъунур. Ар къыдэкIуэтея нэужь езым къыхихынщ щитIэгъэнури зэрыпсэунури.
  • — А Iуэхум цIыхухэр апхуэдизу щызэщIигъаплъэкIэ уакъыпэщIэкIуэт щхьэ мыхъурэ? Сабийм езыр зэрыхуейм, и адэ-анэр зэрыхуейм хуэдэу зихуапэу школым кIуэну хуит щхьэ дымыщIрэ?…
  •  — «Адэ-анэр зэрыхуейм хуэдэу»… Абы и лъэныкъуэкIэ езы сабийм зиужьын икIи зыхуейр къыгурыIуэжын хуейщ, ари адэ-анэм хамыгъэзыхьу.
  • Ди деж дауэ зэрыщекIуэкIыр — сэ сыщымуслъымэнкIэ, си сабийри муслъымэнщ. Ауэ, сызэреплъымкIэ, зищIысри и динри цIыхум езым къыхихыжыпхъэщ псори къыгурыIуэу, зэхэщIыкI нэс иIэу щыхъуам деж. Абы езым къыхрех IэлъэщI зытрилъхьэнуми зытримылъхьэнуми, муслъымэну щытынуми чристэн диныр къищтэнуми.
  • Абы и лъэныкъуэкIэ хъыбарегъащIэ    IуэхущIапIэхэм куэд зэфIагъэкIыфынущ       икIи социальнэ щытыкIэр къагъэщэбэфынущ.