Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2013-11-16
- Фэ фщIэрэ?
- Псалъэхэм я мыхьэнэр
- Гуащэ. Псалъэм мыхьэнищ иIэщ: 1. НысащIэм и щхьэгъусэм и анэ. 2. Пщым и щхьэгъусэ. 3. ЦIыху сурэт теплъэ иIэу сабийхэр зэрагъэджэгу хьэпшып.
- ГуэшапIэ. ЗекIуэ, чырэ кIуэным епха псалъэщ. Пасэ зэманым зекIуэ щыIахэм къагъэзэжа нэужь, къахуа былымымрэ къахьа хьэпшыпхэмрэ щIыпIэ хэха гуэрым деж щагуэшыжырт. Апхуэдэ щIыпIэм «ГуэшапIэкIэ» еджэрт. ГуэшапIэу ящIу щытар къуажэбгъурщ.
- Губру. ЗекIуэхэм деж адыгэхэм къагъэсэбэпу щыта зэуэкIэ хабзэщ. Зыгуэрхэр къатеуэнкIэ шынагъуэ щыIэмэ, зекIуэм хэтхэм гухэр хъурейуэ кърагъэувэкIырти, быдапIэ ящIырт. «ГубрукIэ» зэджэ апхуэдэ быдапIэм дэсу ахэр бийм яIущIэрт.
- ГукIэкъузыбжьэ. ЩIыхьэхум ехьэлIа хабзэщ. Гъавэр губгъуэм къишыжыным, мэзым пхъэкIэбжьэкIэ къыщIэшыным, нэгъуэщI Iуэхугъуахэми теухуауэ щIыхьэху щащIкIэ, яужь дыдэ иту къэзыгъэзэжам бжьэ иратырт, дяпэкIэ псоми ятекIуэу лэжьэ-ну, и Iуэху дэкIыну ехъуэхъухэрти. А бжьэм «ГукIэкъузыбжьэкIэ» йоджэ.
- ГуфIапщIэ. Ижь- ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадекIуэкI хабзэщ. ЯгъэгуфIа цIыхум зэрагъэгуфIам папщIэ ит тыгъэм «ГуфIапщIэкIэ» йоджэ. Унагъуэр щIэгуфIэн хъыбар гуапэ япэу къахуэзыхьам «гуфIапщIэщ» жаIэрти, тыгъэ гуэрхэр иратырт. ГуфIапщIэ адыгэхэм ятырт я унагъуэм къуэ къыхуалъхуамэ, нысэ къыхуашамэ, зэман кIыхькIэ зыпэплъа цIыхум къигъэзэжамэ, хьэщIэ лъапIэ къыхуэкIуамэ, н.къ. ГуфIапщIэ нэхъыбэу зрату щытар ныбжьыщIэхэрт.
- ГуфIапщIэ Iэнэ. ГуфIэгъуэм ехьэлIа хабзэщ. Унагъуэм хъыбар гуфIэгъуэ къыхуэзыхьам ныбжь иIэу щытмэ, апхуэдэу гуфIапщIэ иратыртэкъым, атIэ мэл е джэдкъаз хуаукIырт, шыгъу-пIастэ Iэнэ къыхуагъэувырти, ягъэхьэщIэрт. Абы «ГуфIапщIэ IэнэкIэ» йоджэ.
- ГуIэ шхын. Нэщхъеягъуэм епха хабзэхэм щыщщ. Ипэ зэманым цIыху зэрылIыкIа унагъуэм махуищкIэ щыпщафIэу щытакъым, муслъымэн дин хабзэм тету. Жэнэзым къекIуалIэхэр гъунэгъум шхын щыхуащIурэ е благъэ-Iыхьлыхэм, гъунэгъухэм къахьхэмкIэ ягъашхэу щытащ. Апхуэдэ ерыскъым «ГуIэ шхынкIэ» еджэрт. Хабзэр иджыри куей зыбжанэм щагъэзащIэ.
- Думэн Хьэсэн.
- Псалъэжьхэр
- Уэсэпсым кхъухь трехуэ
- Мыущий ущиикIэкIэ Iэзэщ.
- Пхъэдакъэжьым уепсалъэкIэ зэхищIыкIын?
- эсэпсым кхъухь трехуэ.
- Уеплъмэ — дахэщ, зэгуэпхмэ — банэщ.
- Фыз къэкIухьрейр и унэ нэсыжмэ, щIопхъуэ.
- ФIы зыхуэпщIэу е зыщыхъу.
- Хьэлэл и гъуэмылэ пэшхщ.
- Хьэлэлыр зэрыпщIэр и хабзэщ.
- ЖыIэгъуэхэр
- Уи гур зэIупхыну ухуэмыпIащIэ
- МыхъумыщIагъэ фIэкIа къыбдэзымылъагъур, набгъэми къыщынэркъым.
- Сабий хьэлыр кIуэдынкIэ умышынэу зыхэдз, жьы ухъумэ, укъигъуэтыжынщ.
- Тыгъэ пщIынур умыщIэмэ, уи гум къыщIитхъыр къыпыч.
- УзищIысыр умыщIэжмэ, зумыпэсым еупщI: пхуэфащэр зэхыуигъэхынщ.
- Уи гур зэIупхыну ухуэмыпIащIэ, ущIауэ къэнэнщ.
- Уи мынасып къоуалIэмэ, зыпыIудз: пшыныжыкIейр къыпхуэкIуэнщ.
- Уи пIэм сыну уижыхьмэ, ухатIэжыну хуежьэнщ.
- Уи Iэр зыхуэкIэщIым хуумыший щIыкIэ егупсыс абы узэрыхуэныкъуэр зыхуэдизым.
- ФIы пщIэну уигу къэкIамэ, еужьэрэкI — ухущIемыгъуэж щIыкIэ.
- Хъун гуэр къыбжьэдэкIмэ, къафIытегъэзэж: апхуэдэр я тхьэкIумэм ихьэркъым.
- ЦIыхум и ныкъусаныгъэр щызыбзыщIым еукI, ириубыдылIэу жезыIэри хелъафэ: Iэмал екIуэн хуейщ.
- ЦIыхум ищIэнур гъэунэху, ауэ къуищIэну псом уемыжьэ.
- Чэнджэщ кIыхьыр Iуэху зэIыщIэщ.
- Щытхъум зумыгъэхьмэ, щхъухьым укъелащ.
- Щытхъур уи щхьэм занщIэу хуумыхь — цIыхугъэм и хьэтыркIэ жаIэу арагъэнщ.
- Бейтыгъуэн Сэфарбий.
- Нэщэнэхэр
- БжэщхьэIум зыгуэр щызэIэпыпхмэ…
- Iэ щIыбкIэ псы къибгъэхъуэну фIыкъым.
- Бабыщхэм удзым зыхакухьмэ, уэлбанэ хъуну къалъытэрт.
- БжэщхьэIум зыгуэр щызэIэпыпхмэ, узэщохьэ жаIэрт.
- Былым къозытыр щIэмыфыгъужмэ, мэбагъуэ жаIэрт.
- Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
- Лэпс зэщIэт, мэлыл, кIэртIоф хэлъу
- Мэлылыр яупщIатэ е зэпауд г 30 — 60 хъууэ. ЯтхьэщI, шыуаным иралъхьэ, псы щIыIэ щIакIэри мафIэ иным тету зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. МафIэр цIыкIу ящI, шыуаныщхьэр трапIэжри дакъикъэ плIыщI хуэдизкIэ ягъавэ, зэзэмызэ тхъурымбэр къытрахыурэ.
- ИтIанэ IупщIэурэ упщIэта кIэртIоф укъэбза халъхьэ. ЗэIащIэ, шыуаныщхьэр трапIэри мафIэ щабэм тету дакъикъэ пщыкIутху-тIощIкIэ ягъавэ, абы халъхьэ бжьы-ныху-шыгъу, щимэ цIыкIуурэ упщIэта шыбжий сыр мыхьэжа, зэпэплIимэ цIыкIуурэ упщIэта бжьыныщхьэ. Шыуаныщхьэр трапIэжри хьэзыр хъуху ягъавэ.
- Шыуаныр пэшхьэкубгъум трагъэувэ, джэдгын хаудэри, и щхьэр техауэ дакъикъитху-хыкIэ щагъэт. Iэнэм фалъэ куукIэ трагъэувэ. ПIастэ щIыIэ, чыржын, хьэлIамэ, щIакхъуэ дашх.
- Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): мэлылу — г 400, лыр зэрагъэвэну псыуэ — г 1100-рэ, кIэртIоф укъэбзауэ — г 200, бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 50, бжьыныхуу — г 30, шыбжийуэ, шыгъуу, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
- «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ.
- ГъащIэм куэд къыщохъу
- Сурэт
- Аушыджэр щыщ бзылъхугъэ гуэрым щхьэгъусэншэу ипIа и къуэр жыIэмыдаIуэу къэхъуат. Махуэ щIагъуэ дэкIыртэкъым абы зыгуэр зэхимыщIыхьу. Сытми, ерагъыу школыр къригъэухри, лэжьапIэ игъэувыну мурад ищIащ анэм. АрщхьэкIэ дэнэт, ауэ жыжьэуи гъунэгъууи зытригъэхьакъым. ФыщIэрт, зауэрт, банэт, хадэхэм ихьэрти, жыг къудамэхэр кърищIыкIэхырт. «Уи къуэм мыр къыдищIащ», — жаIэу мащIэ унажэ къыхуэкIуэрэт анэм.
- Ауэрэ щIалэм и армэ кIуэгъуэр къоблагъэ. Гущтэгулэм хэмыкI анэм, а пIалъэр къыхуэмыгъэсу, и къуэм жреIэ:
- — Е Алыхь, зэ уи щIыб къэбгъэзауэ слъэгъуащэрэт!
- Куэд мыщIэу щIалэр дзэ къулыкъум даш. Мазэ зы-тIу дэкIауэ анэм письмо къыIэрохьэ. ЦIыхубзым пIащIэу письмоулъэр зэтречри къыдех… и къуэм и щIыбыр къэгъэзауэ зэрыт сурэт. НэгъуэщI зыри дэлътэкъым.
- Саут СулътIан.
-
- Хъыбар
- Лъэпщрэ Тхьэгъэлэджрэ я баз
- Зы гъатхэ гуэру, вэгъуэ зэманыр къыщысым, Тхьэгъэлэдж Лъэпщ деж кIуащ, фIэбз иригъэщIыну.
- Лъэпщ апхуэдизу гъукIэ Iэзэти, «гъущIым и тхьэ» хужаIэрт». Апхуэдэу къызэрыхужаIэри и напщIэ телът.
- ЗэныбжьэгъуитIыр уэршэру здэщысым, Лъэпщ и щхьэ щытхъужу жиIащ:
- — Пшахъуэ тезмыкIутэу гъущI згъэжьэнщи, фIэбз пхуэсщIынщ.
- — ПщIынкъым, — и фIэщ хъуакъым Тхьэгъэлэдж.
- — СщIынщ, — жиIащ Лъэпщ.
- — АтIэ, уэ пшахъуэ тумыкIутэу гъущI бгъажьэу щытмэ, сэ жылэ тезмысэу мэш хьэсэ бэв къэзгъэкIынщ, — жиIащ Тхьэгъэлэдж.
- Арыххэу, зэныбжьэгъуитIыр баз зэпихьащ, Iэгу-лъэгу зэхуеуэри, зэбгъэдэкIыжащ.
- Лъэпщ и щхьэ щытхъужу апхуэдэу жиIа щхьэкIэ, щIегъуэжащ. Сыт хуэдизрэ мыгупсысами, пшахъуэ тримыкIутэу гъущI игъэжьа зэрыхъунур къыхуэщIэртэкъым. Лъэпщ абы иригузавэ хъуащ.
- И лIыр зэрынэщхъейм фызым гу лъитэри, «Сыт щхьэгъусэр апхуэдизу ухэзыгъаплъэр?!» – жиIэри къеупщIащ.
- — ДелагъэкIэ си ныбжьэгъум баз сыпихьа хъуащ. Пшахъуэ тезмыкIутэу гъущI згъажьэу фIэбз хуэсщIыну езухылIащ, — жиIащ Лъэпщ.
- — Езым сыт къуиухылIар? — щIэупщIащ щхьэгъусэр.
- — Езым къызиухылIар игъащIэкIэ хузэфIэмыкIынщ. Жылэ тримысэу мэш хьэсэ бэв къигъэкIыну баз къыспихьащ.
- — АтIэ, абы уримыгузавэ, лIы, базыр уэ къэпхьагъэххэщ. Сэ сынэкIуэнщи шэдыбжьым сепщэнщ, уэ узэрылажьэ хабзэу лъащэ, пшахъуи тумыкIутэ. Уи гъущIри абы щхьэкIэ нэхъыкIэ хъунукъым, — жиIащ фызым.
- Лъэпщ къэгуфIэжри и ныбжьэгъум хуиIуэхуащ:
- — КъакIуэ, пшахъуэ тезмыкIутэу фIэбз зэрыпхуэсщIым уеплъынумэ, — жиIэри.
- Тхьэгъэлэдж къэкIуащ. Лъэпщ и ныбжьэгъур кIыщым щIишэри, псори хуиту плъагъуу, игъэтIысащ.
- Лъэпщ и фызыр къакIуэри, шэдыбжьым епщэу къэуващ. Лъэпщ зэрылъащэ и хабзэм хуэдэу, ауэ пшахъуэ тримыкIутэу лажьэурэ, гъущIри игъэжьащ, фIэбзри ищIащ.
- — Уи фIэщ хъуа, си ныбжьэгъу, сэ сызэрыгъукIэ Iэзэр? — жиIащ Лъэпщ.
- — Хъуащ, си ныбжьэгъу, сэри баз сызэрыппихьар уи нэгу щIэзгъэкIыну узогъэгугъэ!
- Апхуэдэу Тхьэгъэлэдж жиIэри, фIэбзыр ихьри кIуэжащ.
- Лъэпщ къэхъуар къыгурымыIуэу и фызым еупщIащ:
- — Дауэ плъэкIа пшахъуэ тезмыкIутэу гъущIыр сыбгъэгъэжьэн?
- — Ар мыращ уэзыгъэгъэжьар! — жиIэри пшахъуэр и IэщхьитIым къригъэлъэлъыжащ. — Сэ шэдыбжьым сыщепщэм, мащIэурэ тIуми фымылъагъуу пхутезгъэщэщащ.
- — Сэ ар сигу къэкIынутэкъым. Фызым хузэфIэмыкIын щыIэкъым! — жиIащ Лъэпщ.
- ВакIуэ дэкIыгъуэр къыщысым, Тхьэгъэлэдж и ныбжьэгъужьым хуиIуэхури къишащ. Губгъуэм дишри игъащIэ лъандэрэ мэш зэрызэрашэ гъуэгужьым ишащ.
- Жылэ тримысэу гъуэгущхьитIыр ивэри, бжьыхьэм мэш бэв кърихьэлIащ.
- КъардэнгъущI Зырамыку.
- ГушыIэ
- Иужьрей акъыл
- ЗэлIзэфызыр зэфIэнат. ЛIым и псалъэр зэпиуду фыз губжьам:
- — Сыту акъылыншэ ухъуа, дыдыд Iей мыгъуэ! — щыжиIэм:
- — Бетэмал, нэгъуэщI мыхъуми, а иджы сиIэ акъылым и ныкъуэр сиIащэрэт, уэ пэшэгъу усщIыну сигу къыщихьам щыгъуэ, — пидзыжащ лIым.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу: 1. Хэку зауэшхуэм и зэманым нэмыцэм ямыубыдыфа Къалэ-ЛIыхъужь. 4. Диным зэрыжиIэмкIэ, зи щIалэгъуэр зэи имыкIыу жэнэтым ис тхьэIухуд. 5. А цIэр зэрахьэ: районым, къалэм, псыежэхым. 7. Гъавэ къэкIыгъэ. 10. Чы- … бжыхь. 11. ШкIэ мэжэлIам и … макъ. 12. Адыгэ таурыхъхэм узыщрихьэлIэ … фызыжь. 13. Хьэцэпэцэ пыупщIа, ямыIуэжауэ. 17. Зи тхьэмпэ инхэр щхъуафэ-фIыцIафэ, псэуалъапхъэ къызыхах жыг. 20. ХадэхэкI. 21. Къурш лъэныкъуэмкIэ къриху жьы щIыIэтыIэ. 22. Узэрыбэуэн хьэуа пхуримыкъуу, дунейр щыхуабэвэх зэман. 24. Бжэныфэм къыхащIыкI къэп. 26. КIуэ пэтми бжьиз зымыкIу. 27. Адыгэ бзылъхугъэ уэрэджыIакIуэ, профсоюз лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артисткэ. 28. Пасэрей зауэлI джанэ. 29. Iэщ гупышхуэ. 30. Ерыскъыр Iумпэм ищIу, хьэлыншэу зыкъэзыгъэлъагъуэ. 32. ЩIалэр … зэщIэщIакIэ мэкъушэ дэкIащ. 34. Пхъашэ, гъур. 36. Гъэсыныпхъэ. 37. Ди нэхъыжьыфIхэр гу къабзэрэ … хьэлэлкIэ хуэлэжьащ я хэкум. 39. Шым и «вакъэ». 40. Джэрэзыжу мылым къыщагъафэ. 41. МахуэцIэ. 42. Улажьэмэ, … пшхынщ, умылажьэмэ, лажьэ бгъуэтынщ. 46. ЩIыIэ егъэлея. 47. ХадэхэкI. 49. Пхъэщхьэмыщхьэ. 50. … вы бжьакъуэм къокI. 51. Нэмэз … 53. ЩIалэ мыин-мыцIыкIу, курыт. 54. Зи нэхэм щIагъуэу ямылъагъу. 55. Бын. 56. Псыежэх къиуам кърихьэх пхъэ, жыг хуэдэхэр.
- Къехыу: 1. ЛэжьакIуэжьым и Iэгум … трищIащ. 2. Псы Iуфэ мывалъэ-пшахъуалъэ. 3. УщIэгузэвэни ущIэдыхьэшхыни зыхэлъ Iуэху къэхъугъэ. 5. Фоч, кIэрахъуэ хуэдэхэм ипэкIэ зэрызэзауэу щыта Iэщэ. Иджыри щыIэщ спорт лIэужьыгъуэхэм ящыщ зым къыщагъэсэбэпу. 6. НапIэзыпIэ. 8. ПщIий къызыпыкIэ жыг. 9. Школым щадж предмет. 14. ПкIэуэ, лъэуэ къэзыкIухь псэущхьэ цIыкIунитIэ. 15. А унэцIэр зэрахьэ: адыгэ критик цIэрыIуэм; Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артисткэ хъуа уэрэджыIакIуэм. 16. Пхъэщхьэмыщхьэ. 18. … бэлътоку е щэкI. 19. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Министрхэм я Советым и УнафэщIу щыта. Абы и цIэр зэрехьэ Налшык и уэрамхэм ящыщ зым. 23. Къум щIыналъэхэм щыIэ псэущхьэшхуэ. 25. Жьэгу натIэм хэщIыхьа тегъэувапIэ. 26. Нобэрей махуэм сылъэуджыджати, си лъакъуэхэм … ящIащ. 27. Лъэпщ ипэкIэ нартхэм я гъукIэу щыта. 31. ЦIыхубзхэм къыздрахьэкI хьэпшып цIыкIу, зрагъэдахэу. 33. Зи … исым и уэрэд жеIэ. 34. Мылъкум лъакъуащхьэкIэ хэт цIыху. 35. Нэмэз ищIын и пэ муслъымэным зэфIигъэкI Iуэху. 38. Тафэ, гъавэ щIапIэ. 43. Хуэмыху, хуэм дыдэу фIэкIа мыIэбэ. 44. Бжэныфэм къыхащIыкI Iуданэ. 45. Жылэм я гъуор мэгуо: « … хъужыхэнхэ, зи лъэ вакъэ изылъхьэу хъуар къуажэкум фыщызэхуэс!» 46. Iуданэу зэхэща кIапсэ псыгъуэ цIыкIу. 48. КIыщокъуэ Алим и усэ цIэрыIуэ. 51. Инагъ, лъагагъ, кIыхьагъ хуэдэхэр къызэрахутэм йоджэ. 52. Бзу …
- Зэхэзылъхьар
- Мыз Ахьмэдщ.
- ЩэкIуэгъуэм и 9-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу: 8. Сэхъурокъуэ. 9. Бумэзей. 10. Гъурц. 11. Къунан. 14. Къанж. 16. Ныбгъуэ. 18. Батыр. 20. Сэшхуэ. 22. ХьэщIэщ. 23. Къэзэр. 25. Хьэсэгъу. 31. Бадзэ. 32. Дыхьэрэн. 33. Iущхьэ. 38. Уашхэ. 40. Бажэм. 41. Пхъэпс. 43. Апэсы. 45. Хьэшыр. 46. ГъумыщIэ. 47. Дерт. 50. КIадэ. 53. Таж. 55. Къуэныкъуей. 56. Ажэгъуэмэ.
- Къехыу: 1. Пэгун. 2. Иран. 3. Акъужь. 4. Къэрабэ. 5. Ауз. 6. Хьэлъкъ. 7. Берн. 12. Гъунапкъэ. 13. Къэбард. 15. Гуращэ. 17. Псыхьэ. 19. Ажэ. 21. ХущIэ. 22. Хьэмбылу. 24. Зэрэгъыж. 26. Гъуанэдэс. 27. Бдзы. 28. Гъудэ. 29. Анэ. 30. Пщы. 34. Нэмыс. 35. Абрагъуэ. 36. Емынэжь. 37. Къупщхьэ. 39. Алъп. 42. Пхъы. 44. ЩIыдагъэ. 48. Ерэн. 49. Тхылъ. 50. КIагъуэ. 51. Думэ. 52. Без. 54. Бжэ.