Махуэ 50-кIэ екIуэкIащ
2013-08-31
- Курск щекIуэкIа зауэр мы гъэм илъэс 70 зэрырикъур Налшык щагъэлъэпIащ. Курскрэ Орловскрэ деж щызэуахэр зэхуэсри, ягу къагъэкIыжащ фронтым щагъэкIуа махуэхэр, я хэкум папщIэ зи псэр зыта лIыхъужьхэр.
- Налшык къалэ щыIэ Ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа зэIущIэр къызэIуихри, фIыщIэ яхуищIащ щIыпIэр хуит къэзыщIыжа зауэлIхэм, Курск деж лIыхъужьыгъэ къыщызыгъэлъэгъуа и ныбжьэгъухэм. «Урысейм и дэтхэнэ балигъми и къалэнщ ди адэшхуэхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэм пщIэ хуищIыну, къыдэкIуэтей щIэблэр абы щагъэгъуэзэну, лъэпкъ, дин зэпэщIэувэныгъэхэр къамыгъэхъуну, щIалэгъуалэр хэкупсэу ягъэсэну», — жиIащ Абдуллаевым.
- Ди къуэшхэр щыхэкIуэда щIыпIэм щIы IэмыщIэ кърашащ Курск зауэм хэта Багъ Сэфудинрэ Хлебин Евгенийрэ.
- Дызэрыт зэманым ди республикэм щопсэу Хэку зауэшхуэм хэта лIыхъужь 290-рэ, абыхэм ящыщу 14-р Курск деж щызэуащ, ауэ зэIущIэм кърихьэлIэфар цIыхуи 8-ращ.
- Узыншагъэ быдэ яIэну нэхъыжьхэм ехъуэхъуащ Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Тап Руслан, апхуэдэуи саугъэтхэр яритащ.
- Фигу къыдогъэкIыж, Курс деж щекIуэкIа зэхэуэм ЕтIуанэ дунейпсо зауэр зыхуэкIуэнкIэ хъунум елъытауэ мыхьэнэшхуэ зэриIар. Махуэ 50-кIэ — 1943 гъэм бадзэуэгъуэм и 5-м щегъэжьауэ шыщхьэуIум и 25 хъухукIэ — Курск деж зауэ щекIуэкIащ, ар тхыдэм къыхэна зэпэщIэтыныгъэ нэхъ гуащIэхэм ящыщ хъуащ.
- Уянаевэ Заринэ.