ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2013-08-15

  • Къэжэр Альберт Хьэту и къуэр
  •  Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. 2013 гъэм шыщхьэуIум и 14-м автомобиль зэжьэхэуэм хэ­кIуэдащ политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэ­рыIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIэкIэ Урысей  Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэт Къэжэр Альберт Хьэту и къуэр.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм а хъыбар гузэвэ­гъуэр ягу щIыхьащ. Дунейм ехыжащ гушхуэ, псэ къабзэ зиIа, зи IэщIагъэм хуэIэ­кIуэлъакIуэу щыта цIыхур.
  • Къэжэр Альберт Хьэту и къуэр Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм щыщ Тырныауз къалэм 1965 гъэм щIы­шы­лэм и 8-м къыщалъхуащ. Абы курыт еджапIэр 1982 гъэм КъБР-м щыщ Аруан районым хыхьэ Старэ Лэскэн къуажэм къыщиухащ. Шэшэн-Ингуш АССР-м щыщ Сурхажинскэ полупроводник Iэмэпсымэ заводым ухуэныгъэмкIэ и IэнатIэм и рабочэу лэжьэн щIидзащ. 1983 — 1985 гъэхэм совет ар­мэм и гъущI гъуэгу дзэхэм къулыкъу щищIащ. Ломоносов М. В.  и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал университетым и юридическэ фа­культетыр 1993 гъэм къиу­хащ. А еджапIэ дыдэм и диссертацэр щып­хи­гъэкIри, политикэ щIэ­ны­гъэ­­хэм я кандидат хъуащ. ЕтIуанэ щIэныгъэ нэхъыщхьэр абы щызэригъэгъуэтащ Къэрал къулыкъумкIэ Урысей академием. 1994 гъэм ще­гъэ­жьауэ Москва къалэм и уэчылхэм я коллегием хэтащ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым и кандидату 2002 гъэм екIуэ­кIа хэхыныгъэхэм хэтащ. 2006 гъэм ар «КъБР-м Инвестицэхэмрэ зыужьыны­гъэм­кIэ и агентствэ» акцио­нер зэгухьэныгъэ зэIухам и унафэщIхэм я советым ха­гъэ­хьащ. А илъэсым и щэ­кIуэгъуэ мазэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым и Администрацэм и УнафэщIу ягъэуващ. 2009 гъэм КъБР-м и Пар­ламентым и еплIанэ хэхыгъуэм и депутату хахащ. мыгувэу,  накъыгъэ мазэм, ФедерацэмкIэ Советым сенатору ягъэкIуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым законхэр къыдэзыгъэкI и органым и сэбэп зыхэлъхэр пхигъэ­кIын папщIэ.
  • Къэжэр А. Хь. и профессиональнэ, жылагъуэ-политикэ лэжьыгъэр, зэрыщыту и гъащIэр лъэпкъым, республикэм, къэралым яхуэпэжу щытыным и щапхъэ нэсщ. Щалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъуеиншэу фIыуэ илъа­гъурт, абы къарууэ иIэр ехьэ­лIауэ тела­жьэрт, езым и лъэпкъэгъухэм, ахэр дэнэ щIыпIэ щы­Iэ­ми, зэ­ра­дэ­Iэ­пыкъуным ху-щIэкъурт. Иужьрей зэманым Къэжэрым куэд илэ­жьащ нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр къешэ­лIэ­жыным и лъэныкъуэкIэ икIи абыхэм ящыщ зыбжанэм я адэжь щIыналъэр ягъуэ­­­ты­жы­нымкIэ защIи­гъэ­­­къуащ.
  • Сыт хуэдэ къулыкъу пэрытами, Къэжэр Альберт зыкъигъэлъэгъуащ зэ­фIэ­кIышхуэ зыбгъэдэлъ Iэ­щIа­гъэлIу, Къэбэрдей-Балъ­къэ­рым и цIыхубэм пэж­кIэ яхуэлажьэ уна­фэщI IэкIуэ­лъа­кIуэу.
  • Къэжэр Альберт Хьэту и къуэр — цIыху пэжыр, ныбжьэгъу нэсыр — дэ зэи тщыгъупщэнкъым.
  •   
  • Къанокъуэ А.Б., Чеченов А.А., Хьэсанэ Р.ТI., Вербицкий А.И., Къуэшырокъуэ З.Къ., Амщокъуэ Ф.Къ., Ажахъуэ Къ.М., Беппаев С.У., Бечелов И.Б., Быф А.Ж., Бозий Н.М., Васильев Ю.В., Вэрокъуэ В.Хъ., Геккиев З.Д., Гриневич В.В., Дзасэжь Хь.У., Ещыгуауэ Р.Щ., Жаным Р.М., Зумакулов Б.М., Иуан П.М., Къаздэхъу А.Б., Канунников А.Д., Къарэмырзэ Б.С., Къармокъуэ Хь.М., Кебеков Вл.С., Кебеков В.С.,  Къуэдзокъуэ М.М., Марьяш И.Е., Несутулов В.Г., Пащты Б.С., Рахаев А.М., Саенкэ Т.В., Сэхъурокъуэ Хь. Хь., Тау П. Къ., Тхьэгъэпсо Хь. Хь., Уянаев Къ.Хь.-М., Фырэ Р.Б., Хъурей Ф.А., ХьэфIыцIэ М.М., Черкесов Г.М., Щыхьмырзэ М.М., Шэт И.М., Щоджэн М.М., Щхьэгуэш А.Л.
  •  
  •  ***
  •    Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и­ депутатхэмрэ КъБР-м и Парламентым и Аппаратым и­ лэ­жьа­кIуэ­хэмрэ гущIыхьэ ящы­хъуащ УФ-м и Федера­ль­нэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Со­ветым хэт Къэжэр Альберт Хьэту и къуэр гуузу зэрыхэкIуэдар икIи абы и Iыхьлыхэмрэ и бла­гъэ­хэмрэ яхуогузавэ.
  •   
  • ***
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и деж
  •  ПщIэшхуэ зыхуэтщI Къанокъуэ Арсен Башир и къуэ!
  • Адыгэ лъэпкъым и бын пажэхэм ящыщ зы цIыху хэкупсэ-лъэпкъыпсэ, КъБР-м и лъэпкъ лIыкIуэ Къэжэр Альберт зэрыхэкIуэдам теухуауэ къытIэрыхьа хъыбар гу­­зэ­вэгъуэм ди гур зэригъэузар къытхуэмыIуэтэным хуэ­дизщ.
  • Дунейм ехыжа ди къуэш лъапIэм дыхуолъаIуэ Тхьэм гущIэгъу къыхуищIыну, зыдэкIуам щигъэтыншыну, жэнэт лъапIэр къыхуигъэфэщэну. Абы и унагъуэм, иужь къи­на щIэблэм, зэрыщыту Къэбэрдейм дахуогузавэ. И ужьыр псоми махуэ фхухъу, фIыкIэ куэдрэ Тхьэм фы­кIэ­лъигъэпсэу.
  • КАФФЕД-м и тхьэмадэ
  • Шыгъэлыгъуэ Уаджид.
  • Анкара, 2013 гъэм шыщхьэуIум и 14-м
  •   
  • ***
  •    Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей, Адыгей, Шэрджэс, Шапсыгъ, Мэздэгу Адыгэ хасэхэм, КъБР-м щылажьэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я ЗэзыгъэуIу Советым хэтхэм, Европэм щылажьэ хасэхэм я федерацэм, Иорданием, Сирием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэхэм гущIыхьэ ящыхъуащ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэ хуэсым ФедерацэмкIэ и Советым КъБР-м и лIыкIуэу хэт Къэжэр Альберт Хьэту и къуэр автомобиль зэжьэхэуэм зэрыхэкIуэдар икIи дунейм ехыжам и унагъуэм, и Iыхьлы-благъэхэм яхуогузавэ.
  •    «Сирием щекIуэкI зауэм и гузэвэгъуэр нэхъ зытещIэ цIыху мамырхэр а мафIэм къыхэшыным, ди лъэпкъэгъухэм я адэжь щIыналъэхэр псэупIэ яхуэхъужыным зи къару куэд езыхьэлIа хэкупсэ щыпкъэм и дуней тетыкIар, и IуэхущIафэ дахэхэр зэи дигу ихункъым. Гуауэшхуэр Къэжэрхи, зэрыщыту адыгэ лъэпкъми IэтыгъуафIэ Тхьэм ящищI», — итщ лъэпкъ зэ­гухьэныгъэхэм я унафэщIхэм ДАХ-м и IуэхущIапIэм къа­гъэ­хьа телеграммэхэм.
  •