ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нартандэсхэм я хъуэпсапIэхэр

2013-06-19

  • ЦIыху мин 13 щыпсэу мы жылагъуэр ди республикэм щынэхъ инхэм ящыщщ. Ауэ щыхъукIи къа­лащхьэр зэрыпэ­гъу­нэгъум къыхэкIыу, а бжыгъэм къы­хэхъуэ зэ­пытщ.
  •  
  • Зэман и пэкIэ Нар­тан къыщызэIуаха кхъэщIэр къуажэдэсхэм я жэрдэмкIэ къа­гъэувыхьыну иужь ихьат, ауэ къыхах ахъшэм зэфIигъэкIар Iуэ­хум и зэхуэдитIым нэст. Апхуэдэ щыты­кIэр къилъытэри, Шэ­джэм район администрацэм и Iэтащхьэ Бакъ Руслан кхъэм и Iуэху­кIэ сом мин 350-рэ щIы­пIэ бюджетым къы­­хэкIыу къахуиу­тIып­щащ.
  • Нартаным и теплъэр егъэфIэкIуэным теухуауэ ипэ игъэщыпхъэ Iуэху мыинхэр къра­хьэлIэн папщIэ иджыри сом мин 650-рэ хуха­хащ икIи шэч хэлъкъым ахэр купщIа­фIэу къызэрагъэсэбэпынум.
  • Ухуэныгъэ и лъэныкъуэкIэ дызыхуэкIуэ зэман гъунэгъухэм щызэфIагъэкIын хуейуэ къапэщылъщ спорткомплексымрэ ЩэнхабзэмкIэ унэмрэ я ухуэныгъэхэр.
  • Къуажэдэсхэр зы­щIэ­лъэIу Iуэхухэм ящыщ зыщ Налшыкыпсым лъэмыж телъхьэнри. Абы цIыхухэм я гугъуе­хьыр куэдкIэ къа­щигъэпсынщIэнут.
  •  
  • ЛЪОСТЭН Музэ.