ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ХадэхэкIхэр гъэкIыным тещIыхьа проектхэр

2013-01-25

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым нэрылъагъу къещI социально-экономикэ зыужьыны­гъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр тегушхуауэ зэрыпхигъэкIыр
  •  
  • Илъэс зыбжанэкIэ щымыIауэ щIыналъэм тезыгъэ­зэжа хьэщIэхэм зэакъылэгъуу къыхагъэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэхъуэкIыныгъэ инхэр къызэрыщы­хъуар. Бгъэ­щIэ­гъуэ­ну абы зыри хэлъкъым — КъБР-м псын­щIэу зеужь, социально-экономикэ зыужьы­ны­гъэм и IэнатIэ нэхъыщхьэ псори япэкIэ егъэкIуатэ икIи Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщ куэдымкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыпашэхэм яхэту къокIуэкI.
  •  
  • Заужьу щIадзащ
  •  
  • И нэхъыбапIэкIэ дотацэм щыгугъыу зэгуэрым щыта Къэбэрдей-Балъкъэрыр езыр зы­­хэпсэукIын къэзылэжьыжыф щIыналъэ хъууэ хуежьащ. Налогу къыхахыр зэпымыууэ нэхъыбэ мэхъу. 2011 гъэм бюджетым и IэнатIэ псоми налогу, налогхэм ящымыщ ахъшэу сом меларди 8,16-рэ, абы япэ ита илъэсым елъытауэ проценти 6,8-кIэ нэ­хъы­бэ къыхузэщIа­гъэуIуащ. IэщIагъэлIхэм къы­хагъэщ республикэм и зыужьыныгъэр нэхъ наIуэу къэзыгъэлъагъуэ Iуэхури — валовэ щIыналъэ продуктыр зэпымыууэ нэ­хъыбэ мэхъу. 2010 гъэм елъытауэ абы процент 24-рэ къыхэхъуащ. КъызэрабжамкIэ, 2012 гъэм валовэ щIыналъэ продуктыр сом мелард 94,2-м нос.
  • — Мыбы и лъэныкъуэкIэ сэбэп хъуащ зыр адрейм пыщIауэ Iуэху куэд зэрызэ­фIа­гъэ­кIар, — жеIэ республикэм и Iэтащхьэ Къано­къуэ Арсен. — Экономикэ, социальнэ зыу­жь­­ыныгъэмкIэ хуабжьу зэпэлъытауэ зэхалъхьа программэхэм я лъабжьэщ инновацэ бгъэ­­дыхьэкIэр, пасэрей гупсысэкIэм къы­те­­кIыныр. Апхуэдэу сэбэп хъуащ цIыхухэм я зэфIэкIым зэрыхэхъуари — лэжьакIуэхэм иджы IэщIагъэ лъагэ яIэщ.
  • Къэрал инвестицэ политикэр пхыгъэ­кIын­ми гулъытэшхуэ хуащI, абы къыхэкIыу ла­жьэу щыIэ предприятэхэр къагъэщIэрэщIэжащ, щIэуэ куэд яухуащ. Псалъэм папщIэ, иджырей техникэмрэ технологиехэмкIэ къызэрагъэпэщащ «Алькасар» (жызумым йолэжь, шагъырхэр ещI), «Кристалл-Тэрч» (минеральнэ псы ирегъахъуэ) предприятэхэр. Налшык дэт макарон фабрикэм кIэщIу зэпыупщIа макаронхэр щащI IэнатIэ, Налшык гъэш комбинатым шэ щIэмыхуам къыхэщIыкIа шхыныгъуэхэр щагъэхьэзыр цех къыщызэIуахащ.
  • 2011 гъэм «Тэрчалмаз» компанием УФ-м Промышленностымрэ сатумкIэ и министерствэм къэрал контракт ирищIылIащ иджырей автомат системэхэм къыщагъэсэбэп IэмэпсымэщIэ зэращI технологие зэтегъэувэным теухуауэ. Зэрагъэпэщыжри иджырей техникэ Iэмэпсымэхэр щагъэуващ «Телемеханика», «Кавказкабель» кабель завод» предприятэхэм. «Севкаврентген-Д» заводым иджырей рентген техникэ щащIу щIадзащ, апхуэдэу металлым къыхэщIыкIа пкъыгъуэ­хэр къыщIэзыгъэкI IэнатIэ щызэтрагъэуващ.
  • «Комплект» вакъэ фабрикэм Италием щыщ «Maingrup» фирмэм кърашри щагъэуващ лъэгущIыхь зэмыфэгъухэр щагъэж линэ. Апхуэдэу лъахъстэным къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр къыщIэзыгъэкI «Кариста» предприятэщIэ лажьэу яутIыпщащ. «Эрпак» предприятэм Италием щыщ «SIPACK» фирмэм и иджырей оборудованнэ щолажьэ. ГъущI-бетон пкъыгъуэхэр къыщIигъэкIыу Налшык дэт заводым лъэс зекIуапIэхэр къы­зэ­рыращIыкI иджырей плиткэхэр ща­-       гъэ­хьэзыр. Яухуэри лажьэу яутIыпщащ «Джеха» унэлъащIэхэр щащIа заводымрэ щхьэ­гъубжэхэр щащI «Фенстер-Бау» заводымрэ.
  •  
  • Къуажэм папщIэ инвестицэхэр
  •  
  • КъБР-м и мэкъумэш IэнатIэм зэпIэзэрыту ла­жьэу, зиужьу хуежьащ — а IэнатIэм къыщалэжь мэкъумэшхэкIхэр 2010 — 2012 гъэхэм къриубыдэу процент 25-кIэ хэхъуащ. МэкъумэшыщIэхэм къэралым и дэIэпы­къу­ны­гъэу сом меларди 4-рэ мелуан 420-рэ  хуаутIыпщащ, абы щыщу сом меларди 3-рэ мелуан 450-р лэжьыгъэ IэнатIэхэм трагъэ­кIуэ­дэн, адрей къэнар къуажэм и социальнэ зыу­жьыныгъэм ехьэлIа Iуэхухэм хухахын папщIэ.
  • Республикэм псори зэхэту сом меларди 10 и уасэу инвестицэ проект 82-рэ ща­гъэ­за­щIэ. Мыбдеж гулъытэ хэха щыхуащIащ агропромышленнэ комплексым зы­щIэзы­гъа­къуэ банкхэм я кредит политикэр зэгъэу­Iу­ным, апхуэдэу мэкъумэш продукцэ къехьэ­лIэным, хъумэным, абы елэжьыным теухуауэ дуней псом щыIэ технологие нэ­хъыфI­хэр IэнатIэм къыщыгъэсэбэпыным.
  • Аграрнэ промышленностым зегъэужьы­нымкIэ унэтIыныгъэ нэхъыщхьэу къыхахащ пхъэщхьэмыщхьэ, жызум, хадэхэкI гъэ­кIы­ныр, Iэщ гъэхъуныр. Къэбэрдей-Балъкъэрым егупсысауэ икIи егугъуу щолэжь хозяйствэ инхэмрэ цIыхухэм я уней лъапсэхэмрэ жыг хадэхэр щыгъэкIыным. Республикэм пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэу езым хурикъуну псори егъэкI. Абы къыдэкIуэу жыгыщIэхэр ящэхун папщIэ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ псоми къикIыурэ къокIуэ.
  • Жыг хадэхэр щагъэкIыу Шэджэм районым щыIэ «Аламат» предприятэм куэд мыщIауэ щы­щыIам УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Федоров Николай жиIащ жыг хадэхэр гъэкIынымкIэ КъБР-м щыIэ лэжьэкIэр «хэкум щащIа продукцэр рынокым щыпхыгъэкIыным щегъэжьауэ хозяйствэхэм  иджырей инфрастуктурэрэ техникэщIэмрэ ирикъуу зэрамыIэм нэсу» агропромышленнэ комплексым щыIэ гугъуехьхэр дагъэ­кIы­ным­кIэ адрей предприятэхэм щапхъэу къащтэ зэрыхъунур.
  • IэнатIэм адэкIи зегъэужьыным къы­гуэ­хы­пIэ зимыIэ и Iыхьэу уващ иджырей пхъэщ­хьэ­мыщхьэ, хадэхэкI хъумапIэхэр ухуэныр. Республикэм псори зэхэту тонн мини 10 зы­щIэхуэн апхуэдэ комплексу плIы, жэм 3100-рэ щаIыгъын гъэш коплексу плIы, Iэ­щIэ­выщIэу 5100-рэ щагъэшхэн IуэхущIапIэу щы, «Велес Агро» зэгухьэныгъэм и джэд­къаз фабрикэм и япэ Iыхьэр щаухуащ.
  •  
  • Республикэр гъуэгу тэмэмым тетщ
  •  
  • Къэбэрдей-Балъкъэрыр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым инвестицэхэр къы­щы­гъэ­сэбэпынымкIэ и щIыналъэ нэхъ удэзыхьэххэм ящыщщ. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Инвестицэ фондым и IуэхукIэ» КъБР-м и Правительствэм и унафэ къыдэ-кIащ, 2012 — 2015 гъэхэм ятещIыхьа «КъБР-м щыIэ инвестицэ щытыкIэр егъэфIэкIуэныр» республикэ программэ хэхар къащтащ, инвестицэ лэжьыгъэм и субъекту щыт Iуэ­ху­щIа­пIэу, предприятэу инвестицэ проектхэр щIы­налъэм щызыгъэзащIэхэм налогхэмкIэ зэрыхудачых, къаIэрыхьэ хэхъуэм техуэ налогхэр зэрыхуагъэмащIэ хабзэхэр къащтащ.
  • Илъэсищым къриубыдэу КъБР-м щра­гъэ­кIуэкI розницэ сатур товаркIэ тещIыхьауэ процент 30-м нэблагъэкIэ нэхъыбэ хъуащ. 2012 гъэм ар сом мелард 81,98-м нэсауэ къаб­жащ. Апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщу къэралщIыб экономикэ лэжьыгъэм хэтхэм, къызэралъытамкIэ, 2012 гъэм США-м и доллар мелуани 165-рэ, 2010 гъэм елъытауэ хуэдитIкIэ нэхъыбэ, зэблагъэкIащ. КъэралщIыб сату нэхъ зыубгъуауэ здащIхэм ящыщщ Италиер, Тыркур, Германиер, СНГ-м хыхьэ къэралхэм ящыщу — Азербайджаныр, Къэзахъстаныр, Украинэр.
  • — Къэбэрдей-Балъкъэрыр ящыщщ мэкъумэш хозяйствэм и IэнатIэм ехьэлIауэ Италием щызэхалъхьа IэмалыщIэхэр нэхъ тэмэму икIи зыубгъуауэ къэзыгъэсэбэп щIы­на­лъэхэм, — жиIащ Италием и лIыкIуэу Урысейм щыIэ Ланди Антонио.
  • — Экономикэм зэрызиужьым нэхъыщхьэ ды­дэу къихь сэбэпынагъыр социальнэ         гу­гъуехьхэр дэгъэкIынымкIэ диIэ Iэмалхэм зэрыхэхъуэрщ, — жеIэ Къанокъуэ Арсен. — Iуэху куэд къыдэхъулIащ: IуэхущIапIэщIэхэр къы­зэ­Iуахащ, школхэр, щэнхабзэ унэхэр, спорт комплексхэр яухуащ, сымаджэщхэмрэ поликлиникэхэмрэ мылъкурэ техникэкIэ яIэ зэфIэкIым хагъэхъуащ, псы зрижэ бжьамийуэ жьы дыдэ хъуахэр зэрахъуэкIащ, гъуэ­гухэр, псэупIэ унэхэр зэрагъэпэщыжащ, лэ­жьапIэншэхэм я бжыгъэм кIэрыхуащ, демографиер йофIэкIуэж. КIэщIу жыпIэмэ, ди зыужьыныгъэм нэрылъагъуу зричащ икIи абы къыхэкIыу республикэм исхэм я псэу­кIэр нэхъыфI хъуащ.
  •  
  • Министрым жеIэ
  •  
  • УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Федоров Николай:
  • — Мыбы сэ щыслъэгъуа предприятэхэр, абы­хэм иджыпсту яухуэхэри яхэту, ипэ­жы­пIэ­кIэ иджырейщ, технологие нэхъыфI дыдэхэм ятещIыхьащ икIи къэкIуэну зэманым хэзэгъэнущ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэрщ ди къэ­ралым дунейпсо утыкум щиIэ зэфIэкIыр къэзыIэтынур. Къэбэрдей-Балъкъэрыр Дунейпсо сату организацэм къигъэувхэм пэлъэщу зэрылэжьэным хуэхьэзырщ. Я нэхъ мащIэ дыдэр арамэ, абы къэралым исхэр экологие и лъэныкъуэкIэ дагъуэ зимыIэ шхыныгъуэхэмкIэ, языныкъуэ шхын лIэужьыгъуэхэмкIэ — СНГ-м хэт къэралхэр, Европэм и къэралхэр къызэригъэпэщыфынущ. КъБР-м щрагъэкIуэкI Урысей псом зыхуэбгъэдэн щымыIэ лэжьыгъэ куэд.
  •  
  • Бжыгъэшхуэщ
  •  
  • Агропромышленнэ комплексым и Iэ­на­тIэм хиубыдэу КъБР-м щагъэзащIэ псори зэхэту сом меларди 10 зи уасэ инвестицэ проектхэр.
  • КъБР-м щагъэзащIэу щIадзащ пасэу къызыпыкIэ жыг хадэхэр, жызум хадэхэр хэсэнымкIэ, биотехнологиехэр я лъабжьэу помидорымрэ нащэмрэ теплицэхэм щыгъэкIынымкIэ, нэгъуэщI къэралхэм къраш консервхэм я пIэ иувэфын продукцэу къыщIагъэкIым хэгъэхъуэнымкIэ республикэ программэр. 2020 гъэм ирихьэлIэу щIыналъэм пхъэщхьэмыщхьэрэ мэ­ра­кIуэу къыщрахьэлIэр тонн 1 мелуаным нэсынущ.
  • КъБР-м и Парламентым къищта бюджетым ипкъ иткIэ 2013 гъэм республикэ программэ хэхауэ 22-р гъэзэщIэным трагъэ­кIуа­дэ ахъшэр нэхъыбэ ящI. Псалъэм папщIэ, унэ­гъа­щIэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным хухаха ахъшэм сом мелуан 50, сабийхэм я узынша­гъэр егъэфIэкIуэным — сом мелуан 92-рэ, ­цIы­ху­хэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ етыным, административнэ лъэпощхьэпохэр гъэмэ­щIэ­ным — сом мелуани 194-рэ щIа­гъуж.
  • Пса­лъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, КъБР-м и Правительствэм и деж къыщызэрагъэпэщащ щIэныгъэ-технологие зыужьыны­гъэм­кIэ жылагъуэ совет. Абы республикэм щра­гъэ­кIуэкI щIэныгъэ-технологие политикэм мы­хьэнэшхуэ зиIэ и унэтIыныгъэхэр иубзыхунущ, технопаркхэр, бизнес-инкубаторхэр, щIэныгъэ-технологие центрхэр, иджырей инфраструктурэм и нэгъуэщI Iуэ­ху­щIа­пIэхэр ухуэнымрэ ахэр гъэлэ­жьэ­ным­кIэ дэ­Iэ­пыкъуэгъуу щытынущ.
  • «Российская газета» («ЩIыналъэ. Кавказ Ищхъэрэ» къыдэкIыгъуэ хэха),
  • №9, 2013 гъэм щIышылэм и 18-м.
  •