Жумартагъэр зэбэкIа
2023-05-06
- ТхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу
- УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхакIуэ, усакIуэ, журналист, жылагъуэ лэжьакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн Мысэд и къуэр Аруан щIыналъэм хыхьэ Старэ Шэрэдж къуажэм 1943 гъэм къыщалъхуащ. Школ нэужьым ар шофёру колхозым щылэжьащ.
- 1962 гъэм Тхьэзэплъыр щIотIысхьэ КъБКъУ-м мэкъумэш хозяйствэм и механизацэм щыхурагъаджэ къудамэм. Абы щIашри, дзэм къулыкъу щищIэну ираджэ.
- Къулыкъур ирихьэкIыу 1965 гъэм къигъэзэжа нэужь, и щIэныгъэм пещэж. Зэреджэм хуэдэурэ, Тхьэзэплъыр щIотIысхьэ Горькэм и цIэр зэрихьэу Москва дэт Литературэ институтым. Абы къыхэкIкIи, КъБКъУ-м и заочнэ къудамэм зрегъэдзыжри, ар 1970 гъэм, Литературэ институтыр 1974 гъэм къеух. 1975 — 1976 гъэхэм КПСС-м и Аруан щIыналъэ комитетым и инструкторщ. 1976 гъэм Теунэ Хьэчимрэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэмрэ я жэрдэмкIэ, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм егъэщIылIа, пропагандэмрэ художественнэ литературэмкIэ бюром и унафэщIу ягъэув. 1994 гъэм къыщыщIэдзауэ, 1998 гъэр къэсыху Тхьэзэплъ Хьэсэн ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу щытащ.
- Тхьэзэплъыр Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм 1979 гъэм и дыгъэгъазэ лъандэрэ хэтащ, илъэс куэдкIэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и щIэныгъэлI — секретару лэжьащ.
- 1999 гъэм Тхьэзэплъ Хьэсэн къыхуагъэфэщащ УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр, 2009 гъэм Лермонтов Михаил и цIэр зезыхьэ дунейпсо саугъэтым и лауреат хъуащ. ЦIыху щыпкъэу, хэлъэт зиIэу, сыт хуэдэ Iуэхуми хунэсыну хуэпIащIэу дунейм тета Тхьэзэплъым щIыхь тхылърэ дамыгъэу къратар куэд дыдэ мэхъу.
- 2000 гъэм къыщыщIэдзауэ дунейм ехыжыху Тхьэзэплъыр «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэу щытащ.
- «ЧэруанакIуэм и лъагъуэ» усэ тхылъым папщIэ Тхьэзэплъым 2018 гъэм Урысейм и Литературэ саугъэтышхуэр къыхуагъэфэщауи щытащ.
- Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ усэхэмрэ новеллэхэмрэ, цIыхум и гурыгъу-гурыщIэхэр къыщыIуэта художественнэ тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъ 30-м нэблагъэ дунейм къытехьащ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Ещанэ сменэ» (1971), «ЦIыхубз хужь» (1976), «КъежьапIэхэр» (1979), «Псыпэ» (1980), «УэрэдыщIэ» (1983), «ЩIыгу гъащIэ» (1983), «Лъагъуныгъэ пшыналъэхэр» (1993), «Вагъуэбэ чырэ» (1997), «Тхыгъэ къыхэхахэр» (2003), «Лунный дождь» (1983), «Колесо жизни» (2001), «Зёрна из сада» (2006), «Алмазная башня» (2009), «Путь караванщика» (2017) тхылъхэр. Абы и тхыгъэхэр теухуащ Хэкум, гъащIэм, лъагъуныгъэм, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм, цIыхухэм я зэхущытыкIэм. Республикэм и композиторхэми ядэлажьэу щытащ Тхьэзэплъ Хьэсэн. Абы и усэхэм макъамэхэр хуатхащ, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм ахэр ноби ягъэзащIэ.
- КъуэкIыпIэ усакIуэхэу Хайям Омар, Хосров Амир, Ширази Хьэфиз, Бедиль Абдулкъадир, Навои Алишер, Низами, Рудаки, Саади, Огахия сымэ дунейпсо литературэр зэрырагъэфIэкIуам шэч хэлъ- къым. Абыхэм яжь къащIихуащ ди лъэпкъ литературэми. Псом хуэмыдэу Хьэсэн и творчествэм ар щынэрылъагъущ. Газель, касыдэ, рубаи, гошма, кыта усэ гъэпсыкIэхэм ущрохьэлIэ «Хасани» зыфIэзыщыжа Тхьэзэплъым и творчествэми. Сатыр плIырыплIурэ зэхэт, философие гупсысэ куухэмкIэ гъэн-щIа рубаи минитIым щIигъу Хьэсэн итхащ. Дауи, тхакIуэм, усакIуэм и IэдакъэщIэкIыр къызэралъытэр усэ бжыгъэу иIэркъым, атIэ и тхыгъэхэм гупсысэ куу, Iущагъ нэсу ящIилъхьэрщ. Абы и лъэныкъуэкIэ Тхьэ-зэплъым и усэ сатырхэр шэрыуэщ, гъащIэм ухуэзыузэщIщ.
- Тхьэм къыхуигъэфэща гъащIэ дахэм хуэфащэу, цIыхугъэшхуэ зыхэ-лъу дунейм тета Тхьэзэплъ Хьэсэн къытхэмытыжми, къытхуигъэна лъэужь дахэхэр мыкIуэдыжынщ. Жыджэрагърэ хэлъэтрэ зыхэлъу, жумартагъэр зэбэкIыу щыта лэжьакIуэшхуэр зыцIыхуу щыта дэтхэнэми ди гум гуапэу илъынщ. Хьэсэн и ныбжьэгъуфIу щытахэм абы хуэгъэзауэ ятхахэм щыщи ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ.
- НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
- Нэхъыжьым и псалъэ
- Зи къарум емыблэжт
- Ар зыхужаIэ цIыхухэм ящыщщ Тхьэзэплъ Хьэсэн, а цIэр абы къилэжьащ и гуащIэдэкIрэ дуней тетыкIэкIэ.
- И гуащIэдэкIым и гугъу пщIымэ, Хьэсэн и къалэмыпэм къыщIэкIащ тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд. Лейуэ утемыпсэлъыхьыжми, нэрылъагъущ а тхыгъэхэр зэрыкупщIафIэр, зэрыщIэщыгъуэр, зэрышэрыуэр — абы шэч къытезыхьэ урихьэлIэнукъым. Нобэрей ди литературэм хуэфащэ увыпIэ щаубыдащ абыхэм. Щаубыдащ я купщIэкIэ, я гъэпсыкIэкIэ, я фащэкIэ. Хьэсэн и усыгъэхэр гупсысэ куукIэ гъэнщIащ, дапщэщи гукъинэщ, ущытезаши къэхъуркъым — ари шэчыншэщ. Апхуэдэ защIэщ, псалъэм папщIэ, Тхьэзэплъым и усэ кIэщIхэр. Абыхэм я нэхъыбапIэр сатыр плIырыплIщ зэрыхъур. КъуэкIыпIэмкIэ щызэфIэувауэ, лIэщIыгъуэ зыбгъупщIым нос апхуэдэ усыгъэхэм — рубаикIэ зэджэхэм — я ныбжьыр. Хьэсэн и фIыгъэкIэ ди литературэми къыхыхьащ а жанр хьэлэмэтыр — абы щхьэкIэ пщIэ лей хуэфащэщ ди усакIуэ гуащIафIэм.
- И лэжьыгъэм и гугъу пщIымэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэ бгъэдэтащ — «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэу щытащ. Гу зылъытапхъэщи, а IэнатIэр дзыхь къызэрыхуащI лъандэрэ куэдкIэ ефIэкIуат журналыр. Абы щIэх-щIэхыурэ къытехуэрт (ноби апхуэдэщ) ди лъэпкъ литературэхэм я фIыпIэр, урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ. Хьэсэн фIыуэ щыгъуазэт цIыхухэм я пащхьэ иплъхьэну нэхъ зыхуэфащэ тхыгъэхэм, зэи теплъэкъукIыртэкъым ди тхакIуэхэм, усакIуэхэм я гуащIэдэкIым, и нэIэм щIэт зэпытт ар — апхуэдэ къалэнт журналым и тхьэмадэм и пщэ къыдэхуэри. А къалэныр дапщэщи къехъулIэрт Тхьэзэплъым. КъехъулIэрт, гулъытэ иIэти, набдзэгубдзаплъэти.
- Хьэсэн гу къабзэ, псэ къабзэ зиIэ цIыхуу дунейм тетащ — апхуэдэущ ар псоми, ноби зэращIэжри. Зыгуэр къыщыхуэныкъуэм деж, езым и щхьэ Iуэхур зригъэтIылъэкIынурэ, къыхуэныкъуэм зыщIигъэкъуэнут, арэзы имыщIауэ етIысэхынутэкъым, и гур зэгъэнутэкъым, и псэр тыншынутэкъым — ар псоми яхузэфIэкIыртэкъым. Хьэсэн хузэфIэкIырт, и къару еблэжынутэкъым.
- Зы гъэ, Хьэсэн и жэрдэмкIэ, ТхакIуэхэм я союзым хагъэхьауэ щытащ щIалэгъуалэ гупышхуэ. Зыбжанэ щIат абыхэм апхуэдэ гулъытэ зэрахуэфащэрэ, мыгурыIуэгъуэр зыт: хэт, сыт абыхэм лъакъуэпэщIэдз къахуэзыщIыр? Ар зэхигъэкIыху, етIысэхакъым Хьэ-сэн: Михалков Сергей деж кIуэри, зи ужь ихьар абы гуригъэIуащ, Союзым хэзыгъэхьэ комиссэр Москва къришри, тхакIуэ, усакIуэ пщыкIутхум нэблагъэ ТхакIуэхэм я союзым Налшык щыхагъэхьащ. Гудзакъэрэ гулъытэрэ зиIэ цIыхут ар зыхузэфIэкIынур. Апхуэдэт Тхьэзэплъ Хьэсэн.
- КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.
- ХужаIахэм щыщ пычыгъуэхэр
- Дэтхэнэ зы литературэ тхыгъэми псэ хэтын хуейщ, уигъэхуабэу, уи гум, уи псэм къыдыхьэу. ТхакIуэм ар хузэфIэкIамэ, и IэдакъэщIэкIхэр яджмэ, — аращ абы и дежкIэ нэхъ насыпышхуэ дыдэр.Тхьэзэплъ Хьэсэн и усэхэмрэ и поэмэхэмрэ гъащIэм и джэрпэджэжщ. Ахэр щыхьэт тохъуэ ар адыгэ литературэм лъэ быдэкIэ зэрыхэувам.
- ШЭДЖЫХЬЭЩIЭ Хьэмыщэ,
- КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ.
- 1993 гъэ
- * * *
- Тхьэзэплъ Хьэсэн и тхылъхэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи щIэх-щIэхыурэ дунейм къытохьэ. Зы усэ тхылъкъым икIи тхылъитIкъым абы Налшыкрэ Москварэ къыщыдигъэкIар. Нобэ ар лъэпкъ литературэм и жьантIэр зыгъэбжьыфIэхэм ящыщщ.
- И цIыхугъэрщи… Ди къэралышхуэ якъутэжам щIыпIэ щIагъуэ иIэ-къым Хьэсэн и цIыхугъэ, и ныбжьэгъу, фIыуэ къэзылъагъу тхакIуэ здэщымыIэ. Тхьэзэплъым пщIэ къыщыхуащI, и псалъэ къыщалъытэ, и жыIэ Iуэху щытращIыхь Москваи.
- ХЬЭХ Сэфарбий,
- тхакIуэ.
- 2013
- * * *
- Тхьэзэплъ Хьэсэн и усыгъэм щыгъуазэ зыхуэпщIа нэужь, наIуэ мэхъу ар литературэ зэчий къулей зыбгъэдэлъ цIыхуу зэрыщытыр. Ар ящыщкъым зи гурыгъу-гурыщIэхэр занщIэу къизыкIут усакIуэхэм. Хьэсэн и дэтхэнэ псалъэми гупсысэ куу щIэлъщ, абыхэм укъыхураджэ дунейм щекIуэкI Iуэху жьгъейхэм уакIуэцIрыплъу, нэхъ Iуэхугъуэшхуэхэр зыгурыбгъэIуэным.
- Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм Тхьэзэплъым и усэхэм философие лъабжьэшхуэ ярет. КъызыхэкIа лъэпкъым и гумрэ и псэмрэ щыщIэхэр къэзыIуэтэну хущIэкъу а хэкупсэм и дежкIэ а псоми мыхьэнэшхуэ яIэщ.
- ЛОПУСОВ Юрий,
- усакIуэ, УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым и секретарь.
- 2013 гъэ