Ди псэм и ныкъуэр здихьри
2023-05-03
- ГъащIэм и хабзэ ткIийхэм ящыщ зыщ фIыуэ плъагъу, пщIэ зыхуэпщI, арыншауэ умыпсэуфыну къыпщыхъу цIыхур къэгъазэ имыIэу зэрыпIэрщIэкIыр. Апхуэдэу иджыблагъэ ди псэм и ныкъуэр здихьри тхэкIыжащ ди ныбжьэгъуфI, лэжьакIуэ емызэшыж, унагъуэлI щыпкъэ, захуагъэм и телъхьэ цIыху пэж Къуэдзокъуэ Юрэ.
- Урысей Федерацэм и мэкъумэш IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуэдзокъуэ Юрэ Пётр и къуэр 1955 гъэм мэлыжьыхьым и 23-м Тэрч районым и Урожайнэ къуажэм къыщалъхуащ. 1977 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къиухащ, «инженер-механик» IэщIагъэр и дипломым иту. А илъэс дыдэм абы щригъэджэн щIидзащ Тэрч къалэм дэт СПТУ №5-м. 1978 гъэм щыщIэдзауэ Юрэ «Къэбалъкъпромстрой» трестым МеханизацэмкIэ и управленэм и IэнатIэ щхьэхуэм и мастеру, КъБР-м Псы хозяйствэмкIэ и министерствэм и «Къэббалъкъводстрой» трестым и ПМК-6-м и механикыу, Тэрч районым Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и управленэм и «Госсельхознадзор» инспекцэм и унафэщIу, Къэбэрдей-Балъкъэрым налмэс Iэмэпсымэхэр къыщыщIагъэкI и заводым механизацэмкIэ и къудамэм и тхьэмадэу, Тэрч районым ПсэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и управленэм и Iэтащхьэу щытащ. 2003 гъэм Къуэдзокъуэр ягъэуващ «Управление «Спецмелиоводхоз» федеральнэ къэрал IуэхущIапIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и къудамэм и унафэщIу. 2011 гъэм и гъатхэпэм ар «Управление эксплуатации межреспубликанских магистральных каналов» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и Iэтащхьэ ящIащ.
- Сыт хуэдэ лэжьыгъэ IэнатIэ ирихьэкIами, Юрэ зыкъигъэлъэгъуащ цIыху хэтыкIэ, гъэлэжьэкIэ зыщIэ унафэщI Iущу, зи Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIу. Абы и щыхьэту ди ныбжьэгъуфIым къыхуагъэфэщат фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр, щIыхьыцIэхэр, дамыгъэ лъапIэхэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, 1987 гъэм къратащ СССР-м и Минстанкопромым и щIыхь тхылъыр, иужькIэ ди къэралым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм (2009), Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм я щIыхь тхылъхэр (2014), «Урысейм и мэкъумэш IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр (2014), «Урысейм и мэкъумэш IэнатIэр егъэфIэкIуэным хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ» дыжьын (2017), дыщэ (2020) медалхэр, Урысей Федерацэм Аграрно-ерыскъы политикэмрэ щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ и комитетым и фIыщIэ тхылъыр (2019).
- ГъащIэр фIыуэ зылъагъу, абы и зыужьыныгъэм папщIэ сытри ищIэну хьэзыр Юрэ емызэшыжу жылагъуэ лэжьыгъэми пэрытт, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и етхуанэ зэхуэсым и депутатуи хахауэ щытащ.
- Зыхэтхэм Къуэдзокъуэр къахэщырт и IэщIагъэм зэрыхуэIэижьымкIэ, зыпэрыт IэнатIэм зэрыхуэпэжымкIэ, жэуаплыныгъэшхуэ пылъу Iуэхум зэрыбгъэдыхьэмкIэ. НэгъуэщIуи дауэт?! Юрэ зэи уигъэщIэхъунутэкъым, губзыгъэт, фыгъуэ-ижэ зыхэмылъ, зыми ебгъапщэ мыхъун цIыху нэст. УнафэщI къулыкъу зыIыгъ куэдым къамылэжь псалъэхэр хужыпIэну къылъысырт Къуэдзокъуэм: ар и лэжьэгъухэм пэжу, пщIэ яхуищIу ябгъэдэтт, и псэ хьэлэлагъыр дэтхэнэми зыхищIэрт, и Iэр къызыпекIуэкIыу щIэгъэкъуэн зэрахуэмыхъун къэбгъуэтынутэкъым. И ныбжьэгъухэм ди дежкIэ нэхъыщхьэр и напэ емыплъауэ зыри зэримылэжьынурт, зэрыцIыху нэжэгужэрт, пэжырт. А и хьэлхэрат ар нэхъыбэу фIыуэ уэзыгъэлъагъур, абы пщIэ, фIыщIэ хуозыгъэщIыр. АпхуэдизкIэ цIыху зэпIэзэрытт, мыхъумыщIагъэ лъэпкъ игу темыхуэу апхуэдэти, сыт щыгъуи и псэм дыхуэсакъыну дыхуейт.
- Дэ дыхуэныкъуэнущ Юрэ гъащIэм хуиIа гукъыдэжым, абы и гукъэкI дахэхэм, щапхъэ тхуэхъуу щыта абы и дуней тетыкIэ екIум.
- ИщхьэкIи къызэрыхэдгъэщащи, унагъуэлI нэст ар. И щхьэгъусэ Ритэрэ абырэ зэдапIащ, гъащIэм лъэ быдэкIэ хагъэуващ бынитI – къуэрэ пхъурэ. Адэ, адэшхуэ гумащIэм и закъуэтэкъым Юрэ, абы и гуапагърэ и гулъытэрэ зылъэмыIэс къыдалъхуахэми абыхэм къалъхужахэми яхэттэкъым. Арат ар адэ пэлъытэу псоми фIыуэ щIалъагъур.
- А цIыху телъыджэр дэ зэи тщыгъупщэнукъыми, и фэеплъыр дгъэлъапIэу и ныбжьэгъухэмрэ благъэхэмрэ ди гум зэрилъынур, и цIэр районым и тхыдэм къызэрыхэнэнур шэч зыхэмылъщ. Апхуэдэхэращ къэкIуэнур зыубзыхури, абы хуэфэщэн щIэблэ къыщIэхъуэну тхьэм жиIэ.
- И ныбжьэгъухэр, лэжьэгъухэр, Iыхьлыхэр.