Апхуэдэхэр ящыгъупщэркъым
2023-04-20
- ХамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ятеухуауэ Нэгъаплъэ Аскэрбий триха «Черкесия. Чужбина» фильмым сеплъауэ Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм сыкъыщыщIэкIыжым ЛIыгъур Чэрим сыIуощIэ, и ныбжьэгъу щIалитI щIыгъуу. «АтIэ дауэ къыпщыхъуа кинор?» — жысIэу сыщIеупщIым, тIэкIу къызэрыгумэщIар бэяну, и нэпсри мащIэу къыфIекIуауэ жеIэ: «Уэрей, слъэкIатэмэ, Правительстэм и Унэм и гупэм къит утыкушхуэм деж а режиссерым фэеплъышхуэ щыхуэзгъэувынтэмэ». АпхуэдизкIэ фильмыр и гум нэсат, и псэм лъэIэсат, хэхэсу хамэ къэралхэм ис пэтми, адыгэм я хабзэр, я къэфэкIэ дахэхэр IэщIыб зэрамыщIам, я адэжьхэм ялъ зэращIэтым дэрэжэгъуэ ин къритати, дуней фIыгъуэр къеуэлIауэ къыщыхъурт.
- Журналист IэщIагъэм ущыбгъэдэткIэ цIыху куэдым уахуозэ, уэршэрэгъу пхуохъу, набдзэгубдзаплъэу уакIэлъыплъмэ, тIорэ щэрэ уаIущIэмэ, Iэджэм я гупсысэр зыхуэдэр, я шым къижынур зыхуэдизыр наIуэ пщохъу. Дауи, абыхэм къахокI зи хьэл-щэныр, зи цIыху хэтыкIэр, зи Iуэху еплъыкIэр уфIэкъабыл, зи акъылыр жыжьэ нэс, дэплъагъу хьэл-щэным хуэдэ гуэр сэри схэлъарэт жыпIэу узыIэпызышэхэри. Апхуэдэт Зеикъуэ къуажэ къыщыхъуа, пэжыр зи гъуазэу дунейм тета ЛIыгъур Чэрим.
- … Чэрим щхьэгъусэ хуэхъуат Хэку зауэшхуэм и бэлыхь къомыр зыгъэва, я жылэм щыщ Сыжажэ Талий ипхъу Рае. Езым и адэ Хьэзизи зауэм и мафIэ лыгъэм хэтахэм ящыщт. КъызыхэкIа лъэпкъыр зэрымылIыгъэншэр щапхъэу ягъэлъагъуэу фронтым щыIа лIитIыр ныб- жьэгъу зэрызэхуэхъуам и фIыгъэкIэ ныбжьыщIитIыр зэрыцIыхуауэ щытыгъащ.
- Я жылэм дэт курыт еджапIэм къыщIэкIа нэужь, ЛIыгъур Чэрим щIотIысхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и адыгэ къудамэм икIи къызэриухыу дзэм къулыкъу щищIэну ираджэ. Ари хъарзынэу къызэренэкI, къокIуэжри, егъэджакIуэу лэжьэн щыщIедзэ Зеикъуэ дэт 2-нэ курыт школым. Ауэ куэдрэ ирилэжьакъым и IэщIагъэм. 1966 гъэм милицэм хохьэри, законым, хабзэм, захуагъэм зэрителъхьэр IуэхукIэ игъэлъагъуэу, зыпэрыт лэжьыгъэр Iэпэдэгъэлэл имыщIу и къалэныр ирехьэкI. Илъэс 30-м нэскIэ хэтауэ, подполковник хъуауэ къыхокIыж. Абы иужькIэ IэнатIэ зы-тIуми пэрытащ ЛIыгъурыр.
- Чэрим теухуауэ зыри къыщIэзгупсысыни кIэрымылъ фIагъ гуэр щIыкIэрыслъхьэни щыIэкъым. Сыту жыпIэмэ, илъэс 40-м щхьэдэхащ ар цIыхугъэ зэрысхуэхъурэ. Уеблэмэ абы хэлъа, дэслъэгъуа хабзэр, цIыхугъэр, адыгагъэр нэсу къызэрысхуэмыIуэтэнур сощIэ. Си шынэхъыжьымрэ абырэ зэмалъхъэгъути, гуфIэгъуэми гузэвэгъуэми щIэх-щIэхыурэ дыщызэхуэзэрт. И щыкъуми, и малъхъэгъухэми, и ныбжьэгъухэми сыт хуэдэ Iуэху къалъыкъуэкIми зэи хэныртэкъым ар. Я гуфIэгъуэр ядиIыгъырт, я нэщхъеягъуэр ядигуэшырт.
- — Сэ Чэрим фIы дыдэу сцIыхуу щытащ, — жеIэ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Унэж Кашиф, — дэ зэшыпхъуитIым драбынщ. Абы и анэ Iэминати цIыху дыщэт. Езы Чэрим Iыхьлы-благъэхэм, и ныбжьэгъухэм апхуэдизкIэ пэжу ябгъэдэтт, фIыуэ илъагъурти, сэбэп зэрахуэхъуным иужь итт. Уеблэмэ абы я Iуэхур и щхьэ Iуэхум япэ иригъэщыфынут.
- Абы цIыхугъэшхуэ зэрыхэлъам и зы щапхъэ къэсхьынщ. Чэрим и лэжьапIэм сыкIуэрт сэ мазэм зэ-тIэу. Зы махуэ гуэрым абы и деж сыщIэсу къыщIохьэ зэлIзэфыз. А тIум Iуэхушхуэ гуэр къалъыкъуэкIати, я тхылъымпIэ сытхэр яхузэхуэгъэхъуртэкъым. Мыдэ и адэ-анэр къыщIыхьа фIэкIа умыщIэну, Чэрим ахэр игъэтIысщ, жаIэм едаIуэщ, абы иужькIэ телефонкIэ зэпсэлъапхъэм епсалъэри, я Iуэхур яхузэфIигъэкIауэ щытащ. Ахэр щIэкIыжа нэужь соупщI: «Чэрим, мы къыщIыхьахэр е уи благъэкъым е уи къуажэгъукъым, апхуэдизу щхьэ уелIэлIа?» — жызоIэри. Жэуапу къызитыжаращ: «Дэ тщыгъ фащэм, дызыIут IэнатIэм куэдым урегъэгупсыс. ИужькIэ дэри ди унагъуэри мыукIытэжын щхьэкIэ ди милицэ щыгъынри дызыхэт Iуэхури дгъэпэжын хуейщ».
- Чэрим и къэухьыр инт, ар зэпымыууэ кIэлъыплъырт къэралым, дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм. И ныбжьэгъухэм яхуэзамэ е гуп хыхьамэ, игу къеуэу тепсэлъыхьырт СССР-р зэрыкъутэжам, ди япэ итахэм, я кIэтIийр я вакъэпсу, игъащIэм къалэжьа къэрал мылъкур зы гуп цIыкIум зэраIэщIыхьам, хэкур зыхуэкIуа капитализм гъуэгум цIыхугъэр, захуагъэр, хабзэ дахэхэр зэригъэб-гъунлъам, ахъшэр тепщэ зэрыхъуам. А псор игукIи и псэкIи игъэвырт.
- И малъхъэр зэримыIэжыр нобэми хуегъэхыркъым, абы и чэнджэщым, и псалъэ дахэм хуэныкъуэщ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ музейм и лэжьакIуэ Алборэ Iэминат:
- — Чэрим си гум къызэринар цIыху къабзэущ, цIыху Iэсэлъасэущ. БлэкIа зэманым иту абы сытепсэлъыхьыну си гум къысхуидэркъым. Чэрим къыщысцIыхуар япэ классым сыщыкIуа гъэрщ. Абы щыгъуэ ар тхуэхъуат малъхъэ — си шыпхъу нэхъыжь Раерэ абырэ зэрышат. Абы лъандэрэ дыIэбэм дгъуэту, сыт хуэдэ Iуэху диIэми къыддиIыгъыу, малъхъэу къэзмылъытэу си дэлъху нэхъыжьхэм ящыщ зыуэ сыбжу къекIуэкIащ. Чэримрэ Раерэ Налшык щыпсэурт, армыхъумэ университетым еджакIуэ сыкъамыгъэкIуэнри хэлът. ЕджапIэ нэхъыщхьэм сыщыщIэсым дерс къыдатахэм ящыщ гуэр къызгурымыIуамэ сыгузавэртэкъым, абы и жэуапыр Чэрим къызэрызжиIэнур сщIэрт. Дунейм ущытеткIэ зыгуэрым уфIэлIыкIыу, зыгуэрым удэплъейуэ ущытын хуейщ. Лъэбакъуэ гуэр счын и пэ сегупсысырт, ярэби, ар Чэрим дауэ къыщыхъуну, схуигъэдэхэну пIэрэ жысIэу. Iуэху гуэр къыплъыкъуэкIамэ, зэрыщыт дыдэм хуэдэу къэпIуэтэжу фIэкIа идэнутэкъым — ар Iейми фIыми. ПцIы лъэпкъ хэзагъэртэкъым. . «Щэ и уасэу зы уэстын, хьэмэрэ зы и уасэу щэ уэстын» жери щыIэщ псалъэжь. Чэримрэ Раерэ зы щIалэщ яIэр — Хьэсэн. Ар щэ и уасэу жысIэми сыщыуэнукъым. БыниплI игъуэтыжауэ дахэу мэпсэури, ари ди гурыфIыгъуэщ.
- ЛIыгъурым фIыуэ илъагъурт лъэпкъ литературэр. Илъагъу къудейм къыщымы-нэу, езыри тхэрт. Абы и рассказхэр мызэ-мытIэу къытрадзащ «Iуащхьэмахуэ» журналми «Адыгэ псалъэ» газетми. 1968 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ «ЗэIущIэ» зи фIэщыгъэр, абы етIуанэ тхылъри къыкIэлъыкIуащ.
- Чэрим Iыхьлыи, благъи, ныбжьэгъуи и мащIакъым. Абы зэман къигъуэтырт псоми я Iуэхур ядиIыгъыну, ящIэупщIэну, якIэлъыкIуэну. Зэмалъхъэгъухэр цIыхуи-тху хъурти, зэшхэм ещхьу зэбгъэдэтт Чэрим я нэхъыжьу, абы и жыIэм псори едаIуэу. ЩIедаIуэр зэрынэхъыжьым и закъуэтэкъым, атIэ абы и жыIэр, къыхилъхьэ Iуэхур зэрытэрэзыр, абы узэрыщимыгъэуэнур къагурыIуэрти аращ. Чэримхэ я къуэ Виталий IэфIу игу къинащ шынэхъыжьым ещхьу пщIэ зыхуищIу щыта и малъхъэгъумрэ абы и щхьэгъусэ- мрэ:
- — Нобэ димыгъусэж Чэрим икъукIэ цIыху губзыгъэт, цIыху гъэсат, — жеIэ абы, — IуэхукIэ гуп хыхьамэ зыхуей хуигъазэу, и ущиер дахэу, нэхъыжьми нэхъыщIэми задригъэкIуу щытащ. Хабзэ-бзыпхъэ и лъэныкъуэкIэ псоми хищIыкIыу, зи акъылкIэ, зи дуней тетыкIэкIэ узэхъуэпсэн хуэдэ цIыхуу къэгъуэгурыкIуащ. Раерэ абырэ лIэщIы-гъуэ ныкъуэкIэ зэдэпсэуащи, а тIум яку дэлъа зэхущытыкIэ дахэр пхужымыIэным хуэдизщ. Я щIалэ закъуэм быниплI къызэрыщIэхъуам дамэ къатригъэкIауэ, дуней гуфIэгъуэр къариту, а цIыкIухэр хабзэм зэрыщIапIыкIыным, адыгэбзэм хуэшэрыуэу зэрагъэсэным иужь итащ тIури. ИкIи цIыху гуапэхэт, я унэри цIыху кIуа-пIэт.
- … МылIэжын дунейм теткъым. Ауэ и щхьэгъусэ Рае уз бзаджэм IэщIиха нэужь, Чэрим къэдзыхащ. Илъэс 50-кIэ къыпщIыгъуа, ущыгуфIэм къыбдэгуфIа, зыгуэркIэ ущыгукъыдэмыжым уи гур фIы къыпхуэзыщIа, къыпхуэгумащIэу, уи щыгъынкIи уи ерыскъыкIи къыпхуэсакъыу къыбдэгъуэгурыкIуа уи щIэлъэныкъуэр щыгуэхум деж гъэткIугъуафIэкъым. Зы илъэс закъуэщ Чэрим абы зэрыкIэлъыпсэужар.
- Илъэс мэхъу ЛIыгъур Чэрим ди щIылъэр къызэрибгынэрэ. Шэч къытесхьэркъым мыхъумыщIагъэм, хабзэншагъэм и бийуэ, фIым и джакIуэу дунейм тета а лIыр зыцIыхуу щытахэм куэдрэ IэфIу ягу къызэрагъэкIыжынум, Хьэсэнрэ абы къыщIэхъуэ щIэблэмрэ адэм, адэшхуэм хуэфащэу я гъащIэ Iыхьэр зэрырахьэкIынум.
- САУТ СулътIан.