Беллэ гунэс щыхъунут
2023-04-13
- Псэужамэ, мэлыжьыхьым и 10-м и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирикъунут республикэ радиом и унафэщIу щыта, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Гъурф (Къуэдзокъуэ) Беллэ Владимир и пхъур.
- 1983 гъэм радиожурналист IэщIагъэр къыхиха иужь, абы редакторым и деж къыщыщIидзэри, «Къэбэрдей-Балъкъэр ВТК» ГКУ-м и унафэщIым и къуэдзэм нэс дэлъ гъуэгур икIуащ. И лэжьэгъухэм я мызакъуэу, радиом едаIуэхэм, и зэфIэкIым дихьэххэм абы пщIэшхуэ хуащIырт икIи ар фIыуэ ялъагъурт. Беллэ нэмыс, хабзэ зыхэлъ цIыхут. Ар щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлът, хьэлэлт икIи цIыхухэм сыт щыгъуи ягурыIуэфырт, жэуаплыныгъэшхуэ хэлъу, и IэщIагъэм куууэ хищIыкIыу и лэжьыгъэм бгъэдэтт. Радиом щылажьэ куэдым я дежкIэ ар егъэджакIуэт икIи ныбжьэгъут.
- Беллэ нэхъыфIу зыцIыхури, абы ехьэлIа гукъэкIыжхэр зи гум щызыгъафIэри илъэс куэдкIэ абы и ныбжьэгъуахэу Урысей радиом и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мэремкъул Ларисэрэ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и унафэщI, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Теувэжыкъуэ Марианнэрэщ. Аращ ахэр псэлъэгъу щIэтщIар.
- Мэремкъул Ларисэ: — Радиом дыщызэрыцIыхуащ. Сыкъыщыувам щыгъуэ, занщIэу гу лъыстат хъыджэбз гъэщIэгъуэн цIыкIум. ЕкIуу хуэпауэ дахащэт. ЗанщIэуи зэныбжьэгъу дыхъуащ. Сабий-щIалэгъуалэ нэтынхэр зыгъэхьэзырхэр зыуэ, литдрамэр нэгъуэщIу, жылагъуэ-политикэр щхьэхуэу щытти, зы пэш зыщIэдгъэзэгъэну гугъут. АрщхьэкIэ, сыт хуэдэу тщIыми, къамыгъэсэбэпу зы пэш цIыкIу къэдгъуэтри, Гулиев Мэжид и фIыгъэкIэ, абы зэгъусэу дыщIэтIысхьауэ щытащ. Йоуэри, дзэ къулыкъум къыхокIыжри, Марианнэ и унагъуэри къокIуэж.
- Теувэжыкъуэ Марианнэ: — Ларисэрэ сэрэ дызэшыпхъущ-тIэ. Ар слъагъуну радиом сыкъыщIыхьауэщ Беллэ япэу сыщыIущIар. Сыщылэжьэн къэслъыхъуэрт, ауэ радиор сызыхуейхэм яхэттэкъым. АрщхьэкIэ зэрыхъун хуейм хуэдэу хъуащ.
- М. Л.: — Беллэ сэрэ дызыщIэс пэшым ещанэ щIэхуэнутэкъым. Аргуэрым дыулъэпхъащэу щIэддзэри, зэрахьагъащIэу зы пэш яфIэдубыдащ. Мэжид деж сыщIохьэри, зыгуэру къегъэзэгъын хуейтэкъэ, жызоIэ: «Упсэуарэт, Мэжид Саматович, уэр нэмыщIамэ игъащIэкIэ а пэшыр къытлъысынутэкъым». «Хъунщ, хъунщ»-м къыфIимыгъэкIыу сыкъыщIэкIыжат, цIыхуфIыщэт, дыхуэарэзыщ.
- Т. М.: — ЛэжьапIэ сыкъэзыщтар икъукIэ цIыху гуапэ Макитов Чэмалщ. Беллэ музыкальнэ редактору, Ларисэ литдрамэм щыIэу, сэ сабий нэтынхэр сысейуэ дызэдэлэжьащ тIэкIурэ. ИтIанэ, ди зэманхэр зэкIэлъыкIуэрти, зэпыдгъэхьэри, зы сыхьэт эфир тщIащ, япэщIыкIэ «Второй канал» и цIэу, итIанэ «Вместе» зыфIэтщыжар.
- М. Л.: — Беллэ пщIыхьэпIэ гъэщIэгъуэнхэр илъагъурт. Зы махуэ гуэрым: «Ди каналым «Вместе» фIэтщауэ сепщIыхьащ» абы щыжиIэм, зэтхъуэкIыну ди мыгугъэххауэ тхъуэжат. ИлъэсипщIкIэ едгъэкIуэкIащ ар, итIанэ дэ езым зэхуэтщIыжащ.
- ПщIэжрэ, Марианнэ, ИлъэсыщIэ эфиру зы цIыху къыщымыкIуар? Сэ эфирым ситщ, Беллэрэ Марианнэрэ къыщIохьэ-щIокIыж. ЖызоIэ: «Зыри нэтыным къэкIуакъыми, ди ныбжьэгъухэм сызэхэфхмэ, микрофоныр хуитщ». ДакъикъипщI дэкIатэкъым Балъкъэр Юрэ, Теувэжыкъуэ Владимир, Сэралъп Алик сымэ къыщысам. Нэтын телъыджэ хъуат.
- Т. М.: — Каналыр щедгъэжьам псоми ягу къытщIэгъурт икIи тхузэфIэкIыну я фIэщ хъуртэкъым. «Тхьэмахуэ къэс зы сыхьэт псокIэ эфир занщIэу нэтын евгъэкIуэкIынуи?! Хъунщ зэ е тIэу, ауэ нэхъыбэм фыхурикъунукъым» жаIэрт. Узыпэмылъэщын хуэдэтэкъым ар икIи къыдэхьэлъэкIакъым. Уи фIэщ хъунтэкъым абы къарууэ къытхилъхьэр, гухэхъуэгъуэу къыпкърыкIыр. Сыт хуэдиз цIыху щызэрыцIыхуа, зэныбжьэгъу ирихъуа а нэтыным? Уи гум фIэфI Iуэху убгъэдэтмэ, цIыхум гунэс ящыхъу къомыгъэщIынкIэ Iэмал иIэкъым.
- М. Л.: — Ди лэжьапIэр гупыфIу дызэхэтт, ауэ зыгуэр къыщемыкIуэкI щыIэ?! Мис а зыгуэрыр зэи зыхэтщIакъым, апхуэдизкIэ дызэхурикъужырти, дэ езым ди дуней диIэжти, нэгъуэщI гуэри дыхуэныкъуэтэкъым. Ди гупым хуэдэ зэхущытыкIэ сэ зэи срихьэлIакъым. Зэшыпхъухэр зэрызэхущымытыфынкIэ хъунум хуэдизу гуапэу дызэбгъэдэтащ. Щэхуи зэгурымыIуи зэи диIакъым.
- ДызыщIэхуэ нэгъуэщI зы пэш дыкIуэн хуей мэхъури, аргуэрыр зыхуей худогъазэ, унэлъащIэ дахэ къыдощэху. Ди зэныбжьэгъугъэр зыми зэремыщхьым и зы нэщэнэт ди стIолхэр зэрыдгъэувари. Матуевым къытхуигупсысат ар. Ди стIолхэр хъурейуэ къегъэувэкIат, зыр адрейм и нэгум зэпымыууэ диплъэн хуэдэу, и кум удз гъэгъа идгъэувэу вазэ дахэ итт. Бжэ зыхэлъам и деж къэна дапхъэм бдзэжьей цIыкIухэр хэсу аквариум тетт. КъуэгъэнапIэм дэт машинэмкIэ нэтыныр тездзэрти, щхьэкъэIэт щызимыIэ бэрэжьей махуэм зыри къызбгъэдамыгъэхьэу Марианнэрэ Беллэрэ сахъумэрт.
- Т. М.: — Бдзэжьей цIыкIухэр щылIар пщIэжрэ, Ларэ, сэ си зыгъэпсэхугъуэу сыдэсу. Си гур имыгъэузын щхьэкIэ ахэр псынщIэу Iуихат Беллэ. Зыр адрейм дызэрыхуэсакъым и зы щапхъэт ар. Абы нэхъ Iей къытщымыщIыным ущIэхъуэпс хъунут…
- Хэхыныгъэхэр екIуэкIынут, абы ехьэлIа нэтынхэр сэрат зыщIынури, и зыгъэпсэхугъуэ къэсар блимыгъэкIыу Беллэ отпуск кIуащ. И узыншагъэм кIэлъигъэплъу хуежьащ, и лъатэм ирагъэжэхри къащIащ и уз шынагъуэр…
- Сымаджэ хъуа иужь зэ къыдэсшыжат, цIыхухэми уахэтынщ, нэхъыфIи ухъунщ жысIэри. И кабинетыр хузэлъыIутхщ, удз гъэгъахэр хущIэдгъэувэри къедгъэблэгъэжат. «Сыту фIыуэ сыкъыдэпшыжа», — жиIэрт езыми, цIыхухэри хуабжьу щыгуфIыкIат. И узыншагъэм зэрызыкъигъэзэнур хьэкъыу си фIэщ хъурт, сыту жыпIэмэ Беллэ зыгуэр зытезыгъакIуэхэм ящыщтэкъым. АрщхьэкIэ… Сызэригугъауэ къыщIэкIакъым, куэдрэ лэжьэжыфакъым ди Беллэ.
- НтIэ, апхуэдиз илъэс дызэрызэныбжьэгъуам зым адрейм и жагъуэ хъун псалъэ зэжетIакъым. Хъунщ дэ, Ларэ сэрэ зы пщIантIэ дыкъыщыхъуащ, ауэ Беллэ… АпхуэдизкIэ ныбжьэгъу IыгъыкIэ ищIэрт абы.
- М. Л.: — ПщIэжрэ, Беллэ къыщалъхуа махуэу дыкIуауэ (илъэс къэси дыкIуэртэкъэ?!) дыщысти «За некровное родство» жиIэри хъуэхъу иIэтат. Ди закъуэтэкъым, ди щхьэгъусэхэри зэныбжьэгъут, унагъуэкIэ дызэкIэлъыкIуэрт. ДызэрыIыгъыфынуи къыщIэкIынтэкъым цIыхухъухэм дакъыгурымыIуэу щытамэ. Зэгъусэу дылажьэрт, зэгъусэу зыдгъэпсэхурт.
- Т. М.: — Беллэ зэрыIэпсыгъуэ-лъэпсыгъуэ цIыкIум емылъытауэ, и псэм къаруушхуэ хэлът. И узыр къыщищIами, езым дэ дытригъэурт, псори тэмэм хъуну жиIэу. Къыдэшхыдэрт, пщэдджыжьышхэ фщIыркъым, жиIэрти. КъыдэлъэIурт псы дефэну, абы Iэпкълъэпкъыр зэрыхуэныкъуэр дигу къигъэкIыж зэпытт. Абы теухуауэ зыгуэр, гъэщIэгъуэныщэу бжесIэжыни, Залинэ. Беллэ дунейм ехыжа иужь, пщIыхьэпIэу солъагъу: «Марианнэ псы хуейщ, мыр Марианнэ ейщ», — жиIэу. Махуэ бжыгъэ докIри Беллэ и хьэпшыпхэр къащтэжыну и щхьэгъусэмрэ и къуэмрэ къокIуэ радиом. И щхьэгъусэр хуейт унэлъащIэу пэшым щIэтыр къытхущIанэну. Щахуэдмыдэм, и щIалэ Анзор: «АтIэ, псы зэрыт кулерыр къэсщтэжынукъым», — жеIэри си лэжьапIэ пэшым къыщIихьащ, нобэми сиIэщ ар.
- М. Л.: — Пщэдджыжь къэс кофе тхуигъавэрти дефэрт. А хьэлыр зэхинакъым езыр ефэ щымыхъужми. Тхуигъавэрт, езым къезэгъын, дэри тшхы хъун гуэр къыкъуихырти дыщыст. АпхуэдизкIэ и шхынкIи и дуней тетыкIэкIи зыкIэлъыплъыжырт, зыхуэсакъыжырти, зы дакъикъэ ди гугъакъым узым пэмылъэщыну.
- Т. М.: — Музыкантхэм езым ящыщ зыуэ къалъытэрт, сыту жыпIэмэ пианинэм Iэзэу еуэрт ар, музыкэ училищэм а Iэмэпсымэм щыхуеджауэ.
- М. Л.: — Белли Марианни макъамэм хуэтхьэкIумафIэт. Концерт дыкIуамэ, сэ сигу ирихьмэ ирохь, ауэ мы тIур зэплъыжамэ, зэдаIуэм зы мыхъун гуэр халъэгъуауэ арат. Дэ дызыхэт Iуэхур, журналистикэм и закъуэкъым жыхуэсIэр, макъамэр, щэнхабзэр, литературэр, гъуазджэр – абыхэм нэхърэ нэхъыфIрэ нэхъ дахэрэ дунейм теткъым. КъыткIэлъыкIуэхэри абыхэм ирилажьэхэрати, псэ къулеигъэ уэру къытхуахьырт.
- Т. М.: — Беллэншэу упсэуныр хьэлъэщ икIи абы егъэлеяуэ дыхуэныкъуэщ. Илъэсийм нэблэгъащ дунейм зэрехыжри, зы махуи дэкIа къыщIэкIынкъым ар дигу къэмыкIыжу, уеблэмэ тщыгъупщэххэу къыщIэкIынукъым.
- М. Л.: — Щыдимыгъусэж япэ илъэсым Сэралъп Мадинэ и унэм щытщIат Беллэ и фэеплъ пшыхь, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым и хорыр хэту. ИкъукIэ гугъут а махуэр ди дежкIэ, зыми псалъэ едмыту дэ езым едгъэкIуэкIат, экраным къигъэлъагъуэ теплъэгъуэхэм зи гугъу тщIыр наIуэу къызэхуэсахэм я нэгу къыщIагъэувэу. Абы лъандэрэ хабзэ тщIауэ, илъэс къэс Беллэ и фэеплъу концерт къызыдогъэпэщ. Пианинэ еуэхэр нэхъыбэу, ауэ нэгъуэщI Iэмэпсымэхэр зи Iэпэгъухэри хэту зэхьэзэхуэ ирагъэкIуэкIри, абы нэхъыфIу къыщалъытахэм я зэхуэзыщIыж пшыхь зэхешэ Налшык дэт Музыкэ школ №2-м (и унафэщIыр Уэсмэн Марианнэщ). Абыхэм ящыщ зым, къызэгъэпэщакIуэхэм ягъэнэIуам, ахъшэ саугъэт идот Марианнэрэ сэрэ. Къыткъуэувэну хуейхэр мащIэкъым, ауэ дэ езым ар Беллэ и псэ цIыкIум папщIэ тщIымэ нэхъ къыдощтэ. Мы гъэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, мэлыжьыхьым и 10 дыдэм техуакъым концертыр, ауэ куэд дэмыкIыу екIуэкIынущ.
- Т. М.: — Быдэу си фIэщ мэхъу а Iуэхур езы Беллэ гунэс зэрыщыхъунутэр. Гугъущ къыпщIымыгъуж цIыхур, ныбжьэгъу нэсыр уигу къэбгъэкIыжыну, ауэ а пшыхьыр екIуэкIыху псэ псэхугъуэ гуэр Ларэ сэрэ зыхыдощIэ. Беллэ къигъэна лъэужь дахэр зэрытщымыгъупщэращ абы хуэтщIэжэфыр.
- Зытхыжар ИСТЭПАН Залинэщ.