ЩIэблэмрэ телефонымрэ
2023-04-06
- Адэ-анэмрэ щIэблэмрэ я зэхуакум щыхупIэ задэ дэлъщ сытым дежи. Сабийхэм къэзылъхуахэм къагурымыIуэу, адэ-анэм я бынхэр езыхэм зрагъапщэурэ, «зэрыщытын хуейм хуэдэу щымыту» къащыхъуу гъащIэр къогъуэгурыкIуэ. А зэхущытыкIэр ткIийуэ шэщIа Iуданэм хуэдэщ, напIэзыпIэм зэпычын хьэзыру. Псом хуэмыдэжу нобэ, тхылъ Iущхэм щIапIыкIа адэ-анэхэмрэ телефонымрэ интернетымрэ игъэса щIэблэмрэ щызэгурымыIуэм. Сыт-тIэ абы шынагъуэу хэлъыр? ЦIыхур машинэм хуэдэу гущIыIэ, псэншэ дэхъуа техникэм и зыужьыгъуэм хьэмэрэ нэгъуэщI цIыху лIэужьыгъуэ къыдэунэхуауэ ар къыдгурымыIуэу ара?
- Сабийхэмрэ «гаджетхэмрэ» я Iуэхур адэ-анэхэм я закъуэ мыхъуу, дохутырхэми лэжьыгъэ хьэлъэ ящыхъуащ. Сыту жыпIэмэ, техникэр сабийм зэран хуэхъуу, абыхэм дахьэхыIуэурэ тхылъ еджэн, джэгун, псэлъэн щагъэтыжу жаIэ. Къыхэгъэщыпхъэщи, дохутыр псори абыкIэ зэхуэдэу арэзыкъым.
- — Дэ компьютер щыщымыIа, ар щыIэкIэ-псэукIэм «зэран» щыхуэмыхъуа лъэхъэнэм дыщалъхуащ. Нобэрейхэм «бжыгъэр зы лъабжьэ щIэблэ» фIащащ щIэныгъэрылажьэхэм. Ахэр «телефоныр IэщIэлъу къалъхуащ» жыхуаIэ лIакъуэщ. Пэжщ, ахэр зэ IуплъэгъуэкIэ къызэрыгуэкI сабийщ, нэгъуэщI IэмалкIэ дунейм къытехьауи аракъым. Ауэ ахэр технологием и дунейм халъхуащи, нэгъуэщIу псэуфынукъым. Къапщтэмэ, езы адэ-анэхэращ сабийм телефон IэщIэзылъхьэри. Абы щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэр иIэщ: зэран мыхъун, теун папщIэ е нэхъ псынщIэу бжэн, псэлъэн, тхэн щIадзэн я гугъэу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ сабийм къыIэрыхьа щIэныгъэхэр зыхуэдэр иджыри къэпщытапхъэщ. Шэч зыхэмылъыр зыщ — сабийр телефоным нэхъыбэрэ исщ, егъэджакIуэм, гъэсакIуэм зэрыдэлажьэм нэхърэ. Аращи, сабийм балигъ щIымыгъуу, езыр-езыру зигъэсэжу жыпIэ хъунущ. Зэ IуплъэгъуэкIэ, ар фIыщ: балигъым и щхьэ Iуэху зэрехуэж, сабийр гъыкъым, ныкъуакъуэркъым, езым зегъэсэж, ауэ ныкъусаныгъэ гуэрхэри хэлъщ мы Iуэхум — сабийм и ныбжьым къемызэгъ щIэныгъэ куэдыIуэ зэуэ къыIэрохьэри, ар хузэмыгъэза- хуэу гугъу ирегъэхь. КъищынэмыщIауэ, адэ-анэм я къалэн нэхъыщхьэр ягъэзащIэркъым — сабийр ирагъаджэркъым, ягъасэркъым. Абы къыхэкIыу, ахэр зэпызыщIэ, зэрызэрыIыгъ къуэпсхэрзэпоч, — жеIэ ЩэнхабзэмкIэ Москва къалэм дэт къэрал институтым и лэжьакIуэ Фурсовэ Дарье.
- Къапщтэмэ, сабийхэр зэрысабийуэ къэнэжащ, цIыхум и щыIэкIэ-псэукIэмрэ щэнхабзэмрэ архъуанэм ирилъэфауэ къыщекIэрэхъуэкI зэманым халъхуащ жумыIэмэ. ДызэвгъэплъэкIыжи, географиемкIэ дунейпсо къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкIа лъэхъэнэм сабийхэр кхъухьым ирагъэтIысхьэурэ хым траутIыпщхьакъым, машинэ къыщагупсысам сабийхэм машинэ къехуэкIыкIэ ящIэу къалъхуу я гугъакъым, цIыхур хьэршым щылъэтами, сабийхэр Мазэм щрагъэтIысыкIакъым, я щхьэ Iуэху зэрахуэжынщ жаIэу… Ауэ иужьрей илъэси 10-м къалъхуахэм телефонымрэ планшетхэмрэ яIэщIэкIыркъым, ахэр пшахъуэм хэсу джэгуу плъагъужыркъым. Хьэмэрэ ар цIыхугъэ зиIэм зэрызиужьым къыздихь сыт хуэдэ щIэщыгъуэми дызэрыщышынэм и Iэужь? Къапщтэмэ, Сократ жиIэу щытащ тхыбзэр щIэблэм зэранышхуэ зэрыхуэхъур. Тхыбзэр къэмыунэху щIыкIэ, цIыхум зэхихыр игу ириубыдэу, IуэрыIуатэу тхы-дэр зэIэпахыу къэгъуэгурыкIуауэ аращ. Илъэс минитI дэкIыжауэ дегупсысмэ, Сократ зэрыщыуар наIуэ тщохъу. Дэри дыщыуэу пIэрэ сабийхэм техникэ зэраIэщIэлъым дызэрытешыныхьымкIэ?
- Абы теухуауэ психологхэм жаIэр зэтохуэ: сабийр цIыху хъун папщIэ щIэныгъэр пытхъахуэурэ Iэрыхьэн хуейщ. Ар зэригъэзэхуэн, игу ириубыдэн, къыгурыIуэн папщIэ, къыкIэлъыкIуэ «Iубыгъуэр» абы хигъэзэгъэфын хуэдэу. Телефоныр куэдыIуэрэ зыIэщIэлъ, хъыбар зэщымыщ куэдыIуэ зэуэ къызыIэрыхьэ сабийхэм я псэр гугъу йохь. Ахэр иужькIэ бгъэсэжыну, еджэкIэ ебгъэщIэжыну гугъу мэхъу. Сыту жыпIэмэ, тхылъ ущеджэкIэ уи нэм илъагъу хьэрфхэращ нэгум къыщIэнэр, ар акъылым ирезыгъэубыдэр. Ауэ сабийхэм я закъуэ мыхъуу, балигъхэми пачащ я псэлъэным. Зэхуэтхэмэ нэхъ къащтэ. ИкIи ар куэдым я гум нэхъ зэрыдыхьэр наIуэщ.
- Биологием ещIэ цIыху лIэужьыгъуэ зыбжанэ: homo habilis, homo erectus, homo sapiens, нэгъуэщIхэри. Зэрытлъагъущи, зэхъуэкIыныгъэ инхэр къохъу икIи homo digital (бжыгъэр зы лъабжьэ щIэблэ» жыхуэтIар) цIыху лIэужьыгъуэщIэ къэунэхуауэ жыпIэ хъуну къыщIэкIынщ. Ар зыкIи къыпхузэтемыгъэувыIэжыну екIуэкI зэхъуэкIыныгъэщ, гаджетхэр ди гъащIэм щыщ хъуагъэххэщ. Дэ, «лъэхъэнэжьым» и фIыр зыщIэ адэ-анэу щIэм ижь зыщIихуахэм ди къалэнщ щIэблэщIэр зыхалъхуа зэманым къигъэув псэукIэм сабийхэр екIуу хэтпIыкIыну, абыхэм я дуней телъыджэр къыдгурыIуэну.
- Ди щхьэр къэдвгъащти, дызыхэмыпсэукIыфыну къытщыхъу зэманыжьым щыпсэуа лIы Iущ Къэзанокъуэ Жэбагъы лIот жиIар? Зэманым декIур лIыфIщ… Ар пэжщ. Ди сабийхэр зыхалъхуа зэманым декIуу аращи, абы и Iэужьыр ди нэгу щIэкIыжынщ. Хэт ищIэрэ, дызэса дунейр фIы и лъэныкъуэкIэ ягъэкIуэтэнри хэлъщ.
- Гъэсэныгъэм теухуауэ нэгъуэщI псалъэжьым жеIэ: Фи сабийхэр фымыгъасэу, фэ фызыкIэлъыплъыж, ахэр фэращ зэщхь хъужынури.
- Фырэ Анфисэ.