Унагъуэрат и ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэу къилъытэр
2023-04-04
- ЦIыхум сэбэп уахуэхъуу упсэуныр арагъэнщ дунейм дыкъыщIытехьэр. Абы тету псэуами ярейщ «Новэ-Хьэмидей къуажэм щIыхь зиIэ и цIыху», «Лэжьыгъэм и ветеран», «Зауэм и бынхэр» медалхэр зыхуагъэфэща, «Егъэджэныгъэм и отличник», Новэ-Хьэмидей къуажэм и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу лэжьа Дэцырхъуей Мусэрбий ТIэхьир и къуэр.
- Илъэс 42-кIэ лэжьыгъэ IэнатIэ зэхуэмыдэхэм пэрыта лIым пенсэм кIуа нэужьи зэи щыс иIакъым, жылагъуэ Iуэхум хуэжыджэру псэуащ. Псалъэм папщIэ, Новэ-Хьэмидей къуажэм и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу илъэсипщIым щIигъукIэ ар щытащ. Мусэрбий сыт щыгъуи хущIэкъуащ зи ныбжь хэкIуэтахэм я Iуэху зытетым зыщигъэгъуазэу, сыт и лъэныкъуэкIи зэрызащIигъэкъуэным. Ди республикэм и щIыпIэ дахэхэм абыхэм зыщегъэплъыхьыным, концертхэм шэным, я узыншагъэм гулъытэ хуэщIыным нэхъыжьыр зэпымыууэ пылът — дэтхэнэми и гукъеуэм щIэдэIурт, я махуэшхуэхэр ядиIэтырт.
- … Ар езыр зи сабиигъуэр пасэу зыIэщIэкIахэм, зауэм и бынкIэ зэджэхэм ящыщт. Хэку зауэшхуэм зи адэ хэкIуэдахэм ягъэунэхуат мэжэщIалIагъэри, щыгъыныджагъэри, къащхьэщымытыж нэхъыжьхэм я пIэкIэ лэжьэнри. Зэрысабийм щхьэкIэ къэмынэу, я анэ Блинэ бгъурыту абырэ и шынэхъыщIэ Заурбийрэ фашистхэм зэтракъутар зэфIэгъэувэжыным хэлэжьыхьащ.
- Сыт хуэдэ гугъуехь илъэгъуами, лъэпощхьэпо дапщэ Iууами, и гъащIэм и къекIуэкIыкIам зэрыхуэарэзыр Мусэрбий дэслъэгъуат зэгуэр интервью къыщеIысхам.
- Курыт еджапIэр къызэриухыу, колхозым зэман тIэкIу фIэкIа щымылэжьауэ, ар дзэм къулыкъу щищIэну дашри, илъэсищкIэ къэтащ.
- ИужькIэ абы къиухат КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и къудамэр. ЕгъэджакIуэу лэжьэн щIидзэри, Новэ-Хьэмидей къуажэм дэт интернатым, Арыкъ, Хьэмидей жылэхэм я курыт школхэм я унафэщIуи щытащ.
- Мусэрбий еджакIуэ минхэр игъэсащ. Сабийхэр еджэным дригъэхьэхын щхьэкIэ, классщIыб лэжьыгъэхэри къызэригъэпэщырт, зэпеуэхэр иригъэкIуэкIырт, пэшыр екIуу игъэхьэзырырт. Апхуэдэуи езы егъэджакIуэми и щIэныгъэм щыхигъахъуэрт семинархэмрэ курсхэмрэ.
- НэгъуэщI зы Iуэхугъуэми хэлъхьэныгъэ хуищIащ Дэцырхъуейм. Хэку зауэшхуэм хэкIуэдауэ зи хъыбар ямыщIэхэр къэлъыхъуэжыным илъэс куэдкIэ ар и ужь итащ, апхуэдэхэм я унэцIэхэр фэеплъхэм тратхэжынымкIэ лэжьыгъэхэр езыгъэкIуэкIахэми яхэтащ. Абы и гуащIэ хэлъщ ди хэкуэгъу цIыху 20-м я хьэдэхэр щыщIалъхьа щIыпIэхэр гъэнэIуа зэрыхъуам. А лэжьыгъэм къапэкIуэу, Дэцырхъуейм къыхуагъэфэщащ 151-нэ фочауэ гупым хэтахэм я зэгухьэныгъэм и бгъэхэIу дамыгъэр.
- Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэта Дэцырхъуейм итхащ зауэм и ветеранхэм, абыхэм къащIэхъуа щIэблэм, гуащIэрыпсэу цIыхухэм ятеухуа тхыгъэ куэд, и хъыбархэмрэ щалъхуа жылэм и цIыхухэмрэ ятеухуауэ тхылъитI къыдигъэкIащ. Абы и гуащIэм къыпэкIуа щIыхь тхылъхэм яхэтщ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, Тэрч районым ЦIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм, Ветеранхэм я республикэ зэгухьэныгъэм, КъБР-м пенсэм щысхэм я зэгухьэныгъэу щыIэм къабгъэдэкIахэр, нэгъуэщIхэри.
- Ауэ езы Дэцырхъуейм и ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэу къилъытэу щытар и щхьэгъусэ Налифкэрэ абырэ яухуа унагъуэ быдэрт. Ахэр илъэс 50-м щIигъукIэ зэдэпсэуащ, зым жиIэр адрейм диIыгъыфу, зэгурыIуэу. Унагъуэм бынитху къагъэтэджащ, Iэдэбу, гъэсауэ къагъэхъунуи яхузэфIэкIащ. Дэтхэнэми щIэныгъэ ирагъэгъуэтащ, псори унагъуэу ягъэтIысыжащ. Къуэрылъху пщыкIуплI яIэу, ахэр я нэ-я псэу, насыпыфIэу гъуэгуанэ дахэ къызэдакIуащ. 2017 гъэм Унагъуэхэм я махуэм ирихьэлIэу, «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжынымрэ папщIэ» медалыр Мусэрбийрэ Налифкэрэ къыхуагъэфэщат.
- Къуажэми жылэми пщIэ щиIэу дунейм тета Мусэрбий, шэч хэлъкъым, цIыху куэдым я гум фIыкIэ къызэринэнум.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.