Iущт икIи гумызагъэт
2023-04-01
- Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щекIуэкIащ Москва къедза Долгопруднэ къалэм дэт Физико-техникэ институтыр къэзыуха, физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, гупсысакIуэ икIи IэщIагъэлI гъуэзэджэу дунейм тета Бэрау Артур Хьэсэн и къуэм теухуа фэеплъ зэIущIэ.
- Зэхыхьэм кърихьэлIат а цIыху Iущым, гумызагъэм и сабиигъуэм Хьэтуей къуажэм къыщыдэхъуа-къыщыдеджахэм ящыщу гъащIэм лъэ быдэкIэ щыува Бесчокъуэ Русланрэ Былымгъуэт Юрэрэ, езы Артур, иджыри ныбжьыщIэу, Москва къыщыхутахьагъащIэхэм ныбжьэгъу пэж къыщыхуэхъуа, мы зэманым физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Уэщхъун МуIэед, техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор ЗекIуэрей Аслъэн, биологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат ВэрылI Анзор, математик, тхыдэдж Мамхэгъ Астемыр, Бэрау лъэпкъым щыщхэр, егъэджакIуэхэр, студентхэр.
- Зэхыхьэр къызэIузыха Уэщхъун МуIэед тепсэлъыхьащ щIэныгъэлI цIэрыIуэ, академик Колмогоров Анатолий Москва дэт къэрал университетым деж къыщызэригъэпэщауэ щыта физико-математикэ школым Артур, «щIалэ цIынэщ» зыхужаIэм хуэдэу, ирагъэблагъэу, илъэси 2-кIэ щеджа иужь, адэкIэ и Iуэху къызэрекIуэкIам.
- — Долгопруднэм дэт Физико-техникэ институтым аэрофизикэмрэ хьэрш къэхутэныгъэхэм-кIэ и факультетым дыщызэрыцIыхуат, ныбжьэгъуи дыщызэхуэхъуат. Ар сэр нэхърэ илъэси 9-кIэ нэхъыщIэт. СССР-р лъэлъэжа иужь, Артур Америкэм езыгъэблэгъар механикэмрэ математикэмкIэ и къэхутэныгъэ къызэрымыкIуэхэмкIэ совет къэралми США-ми къыщацIыхуа, Нью-Йорк дэт академием щIыхь зиIэ и академикыу щыта Черепанов Геннадийт, — жиIащ Уэщхъун МуIэед.
- МуIэед къызэрыхигъэщауэ, а къэралым Артур илъэс 20-кIэ щыIащ. ЯпэщIыкIэ Бэраур транспорт компаниехэм программэ-хэр яхузэхилъхьэу зыбжанэрэ лэжьащ. Абы къыхэкIыуи, ар США-м кърамыгъэкIыжу екIуэкIащ. Къигъэхьэрычэтыр и уэчылым иритырт. IэнатIэфIт зыщIэхъуэпсри, информатикэмкIэ тестхэр итырт, зэрыпэлъэщым хигъахъуэ зэпыту. Абы къри-кIуащ Техас штатым и Спринг къалэр зи хэщIапIэ «Хьюстон-Паккард» (Hewlett Packard Enterprise) компанием Артур 1997 гъэм къыщыщIэдзауэ 2012 гъэ пщIондэ къулыкъу хъарзынэхэр зэрыщрихьэкIар.
- Уэщхъуным зэрыжиIамкIэ, хъыбарегъащIэ технологиехэм зегъэужьыным хуэгъэпса а IуэхущIапIэ лъэрызехьэм здэщыIэм, Артур щыхущIыхьэхэм деж щIэныгъэми елэжьырт. Къихутахэм теухуа дерсхэм къэрал зыбжанэм къащыхуеджэрт. Зызрипщытым егъэлеяуэ зэрыдихьэхым къыхэкIыу, щхьэкъэIэт имыIэу махуэ бжыгъэкIэ пэрытыфынут.
- — ЩIэныгъэрылажьэхэр зыпэмылъэщ Iуэху нэхъ зэхэзэрыхьахэм фIэтелъыджащэу хэплъэн щIидзэрти, акъыл жанкIэ зэIуипщыкI-зэпригъэзырт, IупщI къищIахэм иригушхуэжрэ адэкIи зэрыпищэным хущIэкъу зэпыту. Мис апхуэдэ цIыхут Бэрау Артур. ЮНЕСКО-м илъэс бжыгъэкIэ ядэлэжьати, Бразилием щыIэу, электричествэм теухуа тхылъ гъэщIэгъуэн щрихьэлIауэ щытащ. Ар урысыбзэм къригъэтIэсащ. Иужьым ар хуабжьу ятхьэкъуат математикэм и Iыхьэ «Теорие вероятности» зыфIащам ящыхузэхэмыгъэкI Iуэхугъуэхэми. А лъэныкъуэмкIэ и къэхутэныгъэхэр щызэгъэуIуа тхылъи къыдигъэкIат, — къыпещэ и псалъэм Уэщхъуным.
- И гукъэкIыжхэмкIэ къызэхуэсахэм ядэгуэшащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университе-тым илъэс куэдкIэ щылэжьа Мамхэгъ Астемыр, Хьэтуей дэт курыт школым математикэмкIэ щезыгъэджа, абыкIэ республикэм ЩIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, гъэсакIуэ гъуэзэджэу дунейм тета Мамхэгъ Билъостэн и къуэм.
- Астемыр убгъуауэ тепсэлъыхьащ Бэраум и цIыкIугъуэ-еджэгъуэу къуажэм щигъэкIуам, иужьым физикэм зритыжами, математикэр тегъэщIапIэ хуэхъуу, зэпкърыхыгъуей дыдэу къыщалъытэхэм елэжьрэ щехъулIэу, нэгъуэщI къэрал утыкухэми къыщыпсалъэу зэрыщытам.
- — Си жагъуэ зэрыхъущи, Артур физтехым щIэтIысхьа иужь сызэрыхуейуэ сыIущIэжыфатэкъым. КъыщыкIуэж закъуэтIакъуэхэм зыхэсщIэрт, зэгупсысыр нэгъэсауэ къызыгурыIуэн зэримыхьэлIэм къыхэкIыу, щхьэ закъуэ — лIы закъуэу зыкъызэрыщыхъужри, — жеIэ Мамхэгъым.
- Бэраум Долгопруднэм дэт институт цIэрыIуэр «инженер-фи-зик летательных аппаратов» IэщIагъэмкIэ къиуха нэужь, и кандидат лэжьыгъэр Налшык щыпхегъэкI. 1987 гъэм ар инженер нэхъыжьу къащтэ бжьамий абрагъуэхэр ухуэнымрэ пхышынымкIэ Москва дэт институтым.
- — СССР-р лъэлъэжа иужь, и гъуса щIэныгъэлIхэми хуэдэу, Артур лэжьапIэншэу къонэ. 1992 гъэм Америкэм кIуэн хуей щIэхъуари аращ. АрщхьэкIэ, Уэщхъун МуIэеди зэрыжиIауэ, къыздыщIидзар къызэрагъэгугъам пэжыжьэт, — къыпещэ и псалъэм Астемыр. — Сыт ищIэнт? КъыхуемыгъэкIуми, лэжьапIэ гуэрхэр къыщилъыхъуэн хуей хъуащ. Къыхуихуащ бензин щрагъахъуэ станцхэми щыщылэжьа. Илъэси 9-р апхуэдэу игъэкIуащ. Зыхуейм теIэбэн ипэ къихуэу, хуабжьу гугъу ехьащ.
- Мамхэгъым зэрыжиIэмкIэ, Бэраум и псэм нэхъ дыхьэ зэштегъэукIэм, математикэм нэхъ яхузэпкърымых Iуэхухэм зарипщытыным, зэман нэхъ къыщыхудэхуар дуней псом къыщацIыхуа компанием щылэжьэн щIидза иужькIэщ.
- Апхуэдэ щIыкIэм тету дунейм къытохьэ «теория игр», «оптимальное управление», «максимум энтропии физики», «логика Базиса», «теория вероятности», «исчисление индуктивной логики», нэгъуэщI унэтIыныгъэхэми япыщIа и лэжьыгъэ къызэрымыкIуэхэр. КъедбжэкIахэм хэлъытапхъэщ 1930 гъэ лъандэрэ и пIэ ирамыгъэкIыфа Iуэху зэхэкIыгъуей дыдэу «Парадокс 2-х конвертов» зыфIащар зэIубз щищIа и тхыгъэр. Ар тегъэщIапIэ мэхъури, Артур ирагъэблагъэ Франджым 2010 гъэм щекIуэкIа щIэныгъэ зэхуэсым.
- Бэраур «зытегушхуахэм» ящыщщ «Санкт-Петербургский парадокс» зыфIаща Iуэху гугъусыгъуу 1715 гъэ лъандэрэ математикхэм яхузэпкърымыхар. Абы теухуауэ Артур къыщыпсэлъат 2011 гъэм математик цIэрыIуэ-хэм Канадэм и Ватерлоо къалэм щрагъэкIуэкIа зэхыхьэм, и тхыгъэри журнал цIэрыIуэхэм щыхутрадзэжу. А зэIущIэм Бэраум нэгъуэщI Iуэхугъуи къыщиIэтат, «Захуагъэм тет шахматхэр» («Справедливые шахматы») и фIэщыгъэу а спорт лIэужьыгъуэм куэд щIауэ ящыхузэхэмыгъэкI лъэпощхьэпом теухуа и еплъыкIэр къыщигъэлъагъуэу.
- Мамхэгъыр зэрытхыдэджыр имыгъэгъуащэу, лъэIэсащ Къэбэрдейм щыпсэу Бэраухэ къызытехъукIыжар Урыс-Кавказ зауэр здекIуэкIым, кIахэ лъэныкъуэмкIэ кърадыгъукIа Ахьмэд щIалэ цIыкIур зэрыарами. Дэфтэр тхыгъэжьхэм къызэрыхихыжауэ, Ахьмэд и адэшхуэм зэреджэу щытари гъэщIэгъуэнт — ЛIыгубзыгъ.
- — Къыхэгъэщыпхъэщ, Артур Америкэм IэнатIэ хъарзынэ щызэрихьэу щыпсэуами, щалъхуа и лъахэмрэ ар зыхыхьэ СССР къэралышхуэмрэ хэкупсэ нэсу зэрыхущытари, — къыхигъэщащ Уэщхъун МуIэед.
- Бэрау Артур гъащIэм щигъэкIуа и иужьрей илъэсхэм хуабжьу ныбжьэгъу къыхуэхъуат тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Къумахуэ Михаил Хьид и къуэр, ядернэ физикэмкIэ и къэхутэныгъэ гъуэзэджэхэмкIэ дуней псом къыщацIыхуа еджагъэшхуэ, Урысейм Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и академием щIыхь зиIэ и академик, Рентген оптикэмрэ Физикэ оптикэмкIэ институтхэм я унафэщIу щыта Къумахуэ Мурадин Iэбубэчыр и къуэм и дэIэпыкъуэгъу нэсу илъэс 20-м нэблагъэкIэ декIуэкIар.
- — «Мурадин зи яужь ита иужьрей къэхутэныгъэу «термоядернэ синтез» зыхужаIэр зэребгъэкIуэкI хъунум ехьэлIауэ къызэринэкIа и тхыгъэхэм «щигъэпщкIуар» зэхэдгъэкIын хьисэпкIэ, и лэжьыгъэр я пащхьэ итлъхьат ядернэ физикэм хэзыщIыкI щIэныгъэлI зыбжанэм. Абыхэм къахэщхьэхукIыу, зи яужь ихьа Iуэхум пэлъэщар физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ кандитат Бэрау Артурщ, — жеIэ Къумахуэ Михаил. — А щIалэм хузэфIэкIащ пкъыгъуэжьейхэм я зэхуэсыкIэ-ехужьэкIэ ин дыдэу Къумахуэ Мурадин и иужьрей тхыгъэхэм щигъэпщкIуар зыхуэдэр зыгуригъэIуэн…».
- Мыри къыхэзгъэщынут: Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щекIуэкIа зэхыхьэм зи гугъу щащIа Бэрау Артуррэ сэрэ дызэблагъэт. Абы и адэмрэ си анэмрэ зэкъуэшитIым я бынт. Дэ тIур, шыгъу-пIастэ куэд зэрызэдэтшхам и мызакъуэу, гъащIэм ди еплъыкIэ куэдхэмкIи дызэтехуэрт. Ауэ щыхъукIи, сфIэмащIэщ, а щIалэм дахагъэу хужытIэ хъуну псори мы тхыгъэ закъуэмкIэ зэфIэзгъэкIыныр…
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.