ЦIыхухэм я гум фIыкIэ къина пщащэ
2023-03-23
- ГъащIэр Тхьэр къызэрытхуэупса тыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэщ. Ауэ абы и зэхэлъыкIэри и гъунэр здэщыIэри зым и дежкIи нахуэкъым. Зы щэху гуэр цIыхум и къэухьыр нэмысауэ щыIэмэ, ар гъащIэм и убзыхукIэрщ. Шэч къытедмыхьэжу дызыщыгъуазэр сыт жыпIэмэ — гъащIэ зиIэм уахътыи иIэщ. Аргуэрыжьщи, абы и пIалъэр зыщIэр Тхьэшхуэрщ. Ар къэсамэ, ажалым жьыгъэ-щIагъэкIи, цIыхуфI-цIыху IейкIи зэхэгъэж ищIыркъым. Ар натIэм къритхат, арат къыхуиухар. ЦIыхум и мурадхэри гугъэхэри абдеж щызэтощэщэж…
- Аруан районым хыхьэ Псыгуэнсу къуажэм щыщ Лэшкэнхэ Арсенрэ ФатIимрэ мурадыфIхэр я бащэу, я гугъэ дахэхэм я гъащIэр дэщIэращIэу унагъуэ насыпыфIэу псэурт. Дыгъэщыгъэу хъыджэбзищ къащIэхъуат зэщхьэгъусэхэми, насыпыр щащIэу жьэгум къыдэтIысхьат. Хуэмурэ бынхэр къыдэкIуэтеящ, хъыджэбзищми щIэныгъэ ирагъэгъуэтащ, IэнатIэ зырызи къыхуагъуэтыжащ. Абыхэм я ехъулIэныгъэхэм, зэфIэкIхэм иригушхуэу, ахэр я гурыфIыгъуэрэ къэкIуэнум фIыкIэ хуэплъэу махуэщIэм хуэкIуэрт зэщхьэгъусэхэр. АрщхьэкIэ, гугъэмрэ гъащIэмрэ щызэтемыхуэр нэхъыбэщ. Унагъуэ жьэгум дэлъа насыпым гуауэм и жьауэр къытридзащ, бынунэм яхэкIыжащ щхьэгъусэ пэжыр, адэ гумащIэр…
- Гуауэр гум дыркъуэу къытонэри, гъащIэм адэкIэ къыпещэ… ФатIимэ и бгыр щIикъузэри, и хъыджэбзищым щIыбагъ быдэ яхуэхъуащ. Адэм и фэеплъ нэхур яхъумэу, адэкIэ гъащIэм хачэ дэтхэнэ зы лъэбакъуэри абы къызэрыщыхъунур зэпалъыту, ар щIэгушхуэну щыта IуэхуфIхэр зрагъэхъулIэу псэурт иджы ахэр. Я гур утIыпщауэ гъащIэм хэплъэжыну хунэсатэкъым унагъуэр, етIуанэу гуауэр къащытепсыхам. Псэм и хъуахуэ бынырт ажалыр бжэщхьэIум къыщIытеувар…
- 2021 гъэм гъатхэпэм и 24-м Аргудан деж къыщыхъуа гъуэгу къэхъукъащIэ шынагъуэр ноби цIыхухэм ящыгъупщакъым. А пщэдджыжьым машинэ зэжьэхэуэм хэкIуэдат цIыхуищ: «Газпром газораспределение Нальчик» АО-м и къудамэу Лэскэн районым щыIэм и унафэщI Къуэн Алий, IуэхущIапIэм и водитель Ефэнды Iэуес, кадрхэмкIэ IэнатIэм и лэжьакIуэ Лэшкэн Миланэ.
- Лэшкэнхэ Арсенрэ ФатIимэрэ я бын нэхъыщIэт Миланэ. Илъэс 24-рэ… арат пщащэм и ныбжьыр зэрыхъур. И псэугъуэ дахэт, шэч хэмылъуи, гугъапIэ щхьэхуэхэр иIэжт. Зыхыхьэм фIыкIэ къахэщ Миланэ хьэл-щэн екIуи хэлът, и лэжьыгъэр нэгъэсауэ зэрызэфIихын щIэныгъи Iэзагъи бгъэдэлът. Езэши щхьэхи ищIэртэкъым, къалэн къыщащIар зэфIимыгъэкIауэ псэхугъуэ иIэнутэкъым. ЦIыхухэр къызэрыщыгугъыр и щхьэ Iуэхум япэ изыгъэщыфт а хъыджэбзыр.
- Миланэ УФ-м и МВД-м Краснодар къалэм щиIэ университетым и къудамэу Налшык щыIэм и юридическэ факультетыр къиухащ. ЯпэщIыкIэ Нарткъалэ дэт бэзэр нэхъыщхьэм юристу щылэжьащ, абы иужькIэ «Газпром газораспределение Нальчик» АО-м и къудамэу Лэскэн районым щыIэм уват. Япэ махуэхэм щыщIэдзауэ гупым я гум дыхьат пщащэ нэмысыфIэр. Миланэ и теплъэ дахэм узэрызыIэпишэм хуэдэуи, и гум, и псэм и къабзагъым удихьэхырт.
- «Егъэлеяуэ цIыху нэфIэгуфIэт, сытым дежи и нэгур зэIухауэ апхуэдэт, Iуэху гуэркIэ убгъэдыхьами, укъигъэщIэхъунутэкъым, и къалэнырати — дагъуэншэу игъэзащIэрт. ГъащIэ кIыхь имыIами, и дуней тетыкIамкIэ лъэужь дахэ къыщинащ. Гупым къызэрытхыхьэрэ зэманышхуэ дэмыкIами, фIыуэ зыкъыдигъэлъэгъуат, гуапэу ди гум къинащ, куэдрэ и цIэ фIыкIэ жыдоIэ. Пэжыр жыпIэмэ, дыхуозэш а хъыджэбз гуапэм», — жаIэ «Газпром газораспределение Нальчик» АО-м и къудамэу Лэскэн районым щыIэм и лэжьакIуэхэм.
- Зи лэжьыгъэр нэгъэсауэ зэрызэфIигъэкIыным хущIэкъу хъыджэбзым и Iэзагъым, зэфIэкIым зэрыхигъэхъуэным иужь итт. Ар сытым дежи хуэпабгъэрт щIэ гуэр къищIэным, зыпэрыт Iуэхур зэрыригъэфIэкIуэным. Абы гу лъызыта унафэщIхэми Миланэ и лэжьыгъэкIэ мурад пыухыкIахэр къыхуаIэт. Ауэ абы теухуауэ гъащIэми езым и гугъэ иIэжт…
- И благъэ-Iыхьлыхэми егъэлеяуэ яхуэгумащIэт хъыджэбзыр. И дэIэпыкъуныгъэ дэтхэнэми лъигъэсэнут, и гуапагъэр псоми захригъэщIэфырт, псом хуэмыдэу яхуэнэхъуеиншэт и шыпхъу бынхэм. Ахэр зыгуэр хуейуэ е ягу къихьауэ зэхихамэ, ар яхуимыщIауэ етIысэхынутэкъым. Езы цIыкIухэми анэ шыпхъу дахэр икIи гумащIэр, я жыIэр тIу зымыщIу яхуэзыгъэзащIэр, фIыщэу ялъагъурт.
- Анэмрэ бынымрэ дунеягъэкIэ зэпэIэщIэ ищIащ ажалым, ауэ псэхэм яку къыдыхьэфын къару щыIэкъым. ЩIыгъущ анэпсэр быныпсэм, анэгур унапIэ хуищIащ пхъу нэхъыщIэм. Анэм и махуэм «хьэщIэ лъапIэу» хэтыр Миланэ теухуа гукъэкIыжхэрщ. Гу лъащIэм щыщIепщытыкIыж и пщащэ гумащIэм и дэтхэнэ зы махуэри. Къыхуохуэ Миланэ и жыIэкIэу «мамэ» псалъэр зэхихауэ къыфIэщIу къыщыхэскIыкIи, бжэр къыIуихыу гуфIэжу пхъур къыщIыхьэжыну къыщыщыхъуи. Анэм куэдрэ игу къокIыж Миланэ и иужьрей пщэдджыжьыр. ЛэжьапIэм кIуэну пщIантIэм дэкI хъыджэбзым куэбжэм нэс дэкIуэтат ФатIимэ, лъэбакъуищ нэхъ имычауэ: «Мамэ, укъызэджа?» — жиIэри къызэплъэкIыжат пщащэр. ГъащIэр къазэрыхуэупсэжа иужьрей зэ Iуплъэгъуэт ар, анэр псэуху нэгум щIэмыкIыжыну…
- ИлъэситI мэхъу Миланэ дунейм зэрехыжрэ. ГурыIуэгъуэщ благъэ-Iыхьлыхэм ар ягу зэримыхуар, ауэ гуапэ пщымыхъуу къанэркъым къыдэлэжьахэм ар зэращымыгъупщэр. Мызэ-мытIэу къытрагъазэурэ къэкIуащ ахэр Лэшкэнхэ я унагъуэм. «Хабзэр щызэрахьэ гуп дахэ яхэтащ Миланэ. Ди гуауэр къыддаIыгъащ, иджыри ягу ихуакъым я лэжьэгъуу щыта хъыджэбзыр, си быным къыхуащIа пщIэр я щхьэкIи я унагъуэкIи ягъуэтыжыну си гуапэщ, я гур хэзыгъэщIын ямылъагъуу Тхьэм игъэпсэу», — жеIэ ФатIимэ.
- Гуауэри гуфIэгъуэри щызэхэухуэна дунеижьыр йокIэрэхъуэкI, зэманыр къыпибжыкIыурэ. БынкIэ илъэгъуа гузэвэгъуэм анэм и гур зэщIиIулIами, абы гуауэм зригъэхьынкIэ Iэмал иIэкъым. Абы къыщогугъ адрей и хъыджэбзитIыр, анэм и гуапагъэрэ хуабагъэрэ хуэныкъуэу. Анэм и гъащIэм къыпащэнущ Миланэ и фэеплъу къыхуэна зэшыпхъуитIымрэ абыхэм я щIэблэмрэ…
- ЩхьэщэмыщI Изэ.