Лъэпкъ фIыгъуэхэр яхъумэ
2023-03-18
- Дэтхэнэ лъэпкъми и къэкIуэнур зэрыхъунур елъытащ къыщIэхъуэ щIэблэм бгъэдэлъ щIэныгъэм, зэфIэкIым, жыджэрагъым. Ар хъума хъун папщIэ мыхьэнэ ин иIэщ адрейхэм къахэзыгъэщхьэхукI анэдэлъхубзэр щыIэным, абы зегъэужьыным, щэнхабзэмрэ хабзэмрэ зехьэным. А къалэнхэм я курыххэр пщэрылъ яхуэхъуу я лэжьыгъэр ирахьэкI Аруан щIыналъэм хиубыдэ жылэхэм дэт курыт школхэм, сабий гъэсапIэхэм я IэщIагъэлIхэм, псом хуэмыдэу анэдэлъхубзэр ныбжьыщIэхэм езыгъэджхэм. Абыхэм ябгъэдэлъ Iуэху зехьэкIэмрэ зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэмрэ къытхутепсэлъыхьыну иджыблагъэ зыхуэдгъэзащ егъэджэныгъэмкIэ щIыналъэ IэнатIэм и методикэ центрым и унафэщI Балъкъэр Альбинэ.
- — ЩIэблэр хэкупсэу, я анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ хабзэмрэ ялъытэу къэгъэтэджынымкIэ къалэнышхуэ къапэщылъщ адыгэбзэмрэ литературэмрэ курыт школхэм щезыгъэджхэм. Программэм къигъэув дерсхэм, класс щIыб лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, нэгъуэщI сыт хуэдэ Iэмалхэри къыхузэщIэвгъэуIуэрэ, Альбинэ, лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ а Iуэхум?
- — Пэжщ, егъэджакIуэфIым, зи гуи, зи пси лэжьыгъэм етам, куэд хузэфIокI ныбжьыщIэхэм я дуней еплъыкIэр, гупсысэкIэр убзыхунымкIэ. Абы сабийм и фIэщ ещIыф цIыхум гъащIэм щиIэ къалэнхэм я нэхъыщхьэр пэжыр и гъуазэу, гууз-лыузрэ зэхэщIыкIрэ бгъэдэлъу, и бзэр, щалъхуа щыналъэр, лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ ихъумэу псэуныр зэрыарар. Я IэщIагъэм иIэ IэмалыфIхэр нэхъыфIыжу къэгъэсэбэпынымкIэ сэбэп мэхъу адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэм ирагъэкIуэкI «Лъэпкъ хабзэ» факультатив курсыр. Ар Аруан щIыналъэм щылажьэ еджапIэхэм я 5 — 8-нэ классхэм щIэсхэм папщIэ къызэрагъэпэщ урок нэужь лэжьыгъэщ, 2016 гъэ лъандэрэ йокIуэкI. Класс нэхъыжьхэм щеджэхэр а курсым щыпащэу жыпIэ хъунущ программэкIэ зэджэ «КъБР-м и тхыдэ», «КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ» предметхэм. Ди адыгэ сабийхэм адыгэбзэр я псэм хэлъу, лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ щыгъуазэу, тхыдэмкIи щIэныгъэ ябгъэдэлъу къэгъэтэджынымкIэ ахэр псори IэмалыфI защIэщ. А лъэпкъ фIыгъуэхэм щIэбгъэджыкIа щIэблэращ бзэри хабзэри зезыхьэнур, ахэр зыхъумэнур, езыгъэфIэкIуэнур. Абыхэм пщIэ яхуэзыщI, зылъытэ лъэпкъращ къэкIуэну зиIэри.
- — Илъэс блэкIар къэтщтэнщи, Альбинэ, щIэблэм лъэпкъ щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэр щызэфIэфха районым щылажьэ еджапIэхэм, гъэсапIэхэм?
- — Апхуэдэ унэтIыныгъэ зиIэ лэжьыгъэм хузэхэтлъхьа «гъуэгу картэм» щыдгъэбелджыла Iуэхугъуэхэм ящыщ куэд зэдгъэхъулIащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, абыхэм ящыщщ адыгэбзэмрэ литературэмрэ школхэм щезыгъэджхэм папщIэ къызэдгъэпэща «стIол хъурей» зэIущIэр. Абы шэщIауэ дыщытепсэлъыхьащ иджырей ныбжьыщIэхэм егъэгъуэтыпхъэ хэкупсэ гъэсэныгъэм адэкIи зегъэужьын зэрыхуейм, абы хэкIыпIэу иIэхэри, щхьэж зэреплъкIэ, утыку къитхьащ. Апхуэдэу школ къэс я Интернет сайтхэм къыщызэIутхащ «Лъэпкъ щIэныгъэ» напэкIуэцIыр. ЕгъэджакIуэхэр абдежми щызэдогуашэ а унэтIыныгъэмкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэмкIэ, яIэ еплъыкIэхэмкIэ, нэхъыфIхэр къыхахри, псоми къагъэсэбэп. Къыхэгъэщыпхъэщ еджапIэ къэс адыгэбзэмкIэ пэшхэм, школ музейхэм хэкупсэ гъэсэныгъэм хуэщIа плIанэпэхэр яIэ зэрыхъуар. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм тещIыхьа дэфтэрхэр, сурэтхэр, нэгъуэщI лъэпкъ хьэпшыпхэри.
- Къэрал, щIыналъэ махуэгъэпсхэм къыхэбелджылыкIауэ зы лъэпкъ махуэщIи гулъытэншэ ящIыркъым ди егъэджакIуэхэми абыхэм я нэ-Iэм щэт ныбжьыщIэхэми. Ахэр жыджэру хэтщ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэр, Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэр, Адыгэ тхыбзэм и махуэр, ди лъэпкъым ехьэлIа нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри щагъэлъапIэ зэхуэсхэм, езыхэми абыхэмкIэ лэжьыгъэ куэд къызэрагъэпэщ икIи къызыхуэтыншэу ирагъэкIуэкI: дерс зэIухахэр, класс щIыб лэжьыгъэ купщIафIэхэр, пшыхь хьэлэмэтхэр, нэгъуэщIхэри. Нэгъабэ екIуэкIауэ щыта «Этнографие диктант иным» хэтащ ди щIыналъэм щыщу цIыху 600-м нэс: егъэджакIуэхэри, гъэсакIуэхэри, еджакIуэхэри, абыхэм я адэ-анэхэри. Апхуэдэу ди егъэджа-кIуэхэри еджакIуэхэри нэгъаби мы гъэми жы-джэру хэтащ «Адыгэ диктантым». Аруан щIыналъэм зы еджапIи къинакъым Адыгэ тхыбзэм и махуэм хуэщIа зэхыхьэхэр, зэпеуэхэр, дерс зэ- Iухахэр, пшыхьхэр щрамыгъэкIуэкIа. Лъэпкъым ехьэлIа щIэныгъэ щIэблэм ябгъэдэлъхьэнымкIэ ахэри хэкIыпIэфIщ.
- — Фи лэжьыгъэхэмкIэ ди республикэм и щIыналъэхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм фапыщIащ, дауи. А унэтIыныгъэм и гугъу къытхуэщIыт.
- — Аруан щIыналъэм и егъэджакIуэхэр дапщэщи жыджэру хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм, Урысей Федерацэм егъэджэныгъэм, гъэсэныгъэм, методикэм ехьэлIауэ къыщызэрагъэпэщ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Апхуэдэу жыджэрщ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэри. Нэгъабэ и мэлыжьыхь мазэм Къэрэшей-Шэрджэсым щекIуэкIащ щIыналъэ зэхуаку егъэджэныгъэ-методикэ семинар ин. Абы къыщаIэтащ иджырей егъэджэныгъэ мардэщIэхэм (ФГОС) хуэкIуэу анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ курыт школхэм зэрыщегъэджыпхъэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр. Семинарым и лэжьыгъэм жыджэ-ру хэтащ Аруан щIыналъэм анэдэлъхубзэр щезыгъэдж лэжьакIуэ пашэхэу ГъукIэпщокъуэ Iэсиятрэ (Джэрмэншык дэт курыт школ) Жыласэ Заремэрэ (Нарткъалэ дэт курыт школ №2). Владикавказ нэгъабэ щекIуэкIа, Анэдэлъхубзэр езыгъэдж IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я щIыналъэпсо зэхыхьэми хэтащ ди егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм ящыщхэр. Зэхуэсым доклад хьэлэмэт щищIащ Нарткъалэ дэт курыт школ №6-м и нэIэм щIэт сабий гъэсапIэм и унафэщI Семэн Iэсият.
- Илъэси 10-м щIигъуауэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ субъектым щокIуэкI Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я зэфIэкIхэр щагъэлъагъуэ «Дызэщхькъым, ауэ дызэхуэдэщ» щIыналъэпсо зэпеуэр. Нэгъабэрей зэхьэзэхуэм ди республикэм къыбгъэдэкIыу хэтащ Нарткъалэ дэт сабий гъэсапIэ №5-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Гулэжын Маринэ икIи, ди гуапэ зэ- рыхъущи, ещанэ увыпIэр къыщихьащ. Гулэжыныр апхуэдэу хэтащ нэгъабэ и дыгъэгъазэм Москва щекIуэкIа,УФ-м щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэр езыгъэджхэм я къэралпсо съездым.
- Ди районым адыгэбзэр щезыгъэджхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и пашэ Хъуэст ФатIимэ иригъэкIуэкI лэжьыгъэшхуэм тхыгъэ щхьэхуэ хуэфащэщ. ЕгъэджакIуэ Iэзэр куэдрэ ираджэ Зэреджэ тхылъхэм, методикэ литературэм хэплъэу Москва щыIэ центрым, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ тхылъхэм я эксперту. Апхуэ- дэу Хъуэстыр хэтщ «АнэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэу УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэмрэ УФ-м щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэмкIэ федеральнэ институтымрэ къызэрагъэпэщым икIи ирагъэкIуэкIым и къэпщытакIуэ гупым.
- Зи цIэ къисIуа егъэджакIуэхэм хуэдэ ди мащIэкъым. Абыхэм дрогушхуэ, дропагэ.
- — Апхуэдэ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэхэм, зи лэжьыгъэр жэуаплыныгъэ лъагэ зыхащIэу езыхьэкIхэм, дауи, я мащIэкъым фызэрыгушхуэ еджакIуэхэри…
- — Шэч хэлъкъым. Ди щIыналъэм къихъуэ щIэблэми, ди гуапэ зэрыхъущи, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ, лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэм-кIэ щIэныгъэфI зыбгъэдэлъ куэд яхэтщ. Къы-хэзгъэщынщи, «Лъэпкъым и гъащIэр и бзэращ», «ЗэчиифIэхэм я вагъуэбэ», «Анэдэлъхубзэм хуэIэзэхэр» республикэ зэпеуэхэм нэгъа- бэ щытекIуахэм ящыщщ еджакIуэхэу Бозий Дианэ, Жыласэ Айдэмыр (Нарткъалэ, лицей №1), Сэхъурокъуэ Камиллэ (Старэ Шэрэдж), Соблыр Астемыр (Джэрмэншык) сымэ, нэгъуэщIхэри. Нарткъалэ дэт курыт школ №2-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Жыласэ Заремэ и еджакIуэхэр и гъусэу нэгъабэ жыджэ-ру хэтащ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезы-хьэ Адыгэбзэ Хасэм къызэригъэпэща «Джэгурэш» зэпеуэм икIи «Нартхэм я щIэблэ» фIэщыгъэр зиIа а гупым абы етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. Апхуэдэу, «Унагъуэр бзэмрэ хабзэмрэ я хъумакIуэщ» зэпеуэм сабий гуп хуигъэхьэзыращ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэ Шорэн Хьэлимэт. «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм щытекIуащ Псыгуэнсу къуажэм дэт курыт школ №3-м и гупыр.
- А лэжьыгъэ псори хуэунэтIащ ди щIыналъэм, къэралым яхуэфэщэн щIэблэ къыщIэувэным, я Хэкур фIыуэ ялъагъуу, я анэдэлъхубзэр яIурылъу, лъэпкъ хабзэр ягъэзащIэу. Анэдэлъхубзэр хъумэным, абы зегъэужьыным хуэгъэпса лэжьыгъэм пыдощэ. Къалэнхэр инщ, мурадхэри абыхэм япохъу.
- Епсэлъар ТАМБИЙ Линэщ.