Беслъэнейхэм къахэкIат
2023-03-10
- Адыгэ лъэпкъым къыхэкIащ, бгъэщIагъуэ пэтми, къыпхуэмыIуэтэну цIыху телъыджэхэр. Ди куэдщ дохутыр Iэзэхэр, сурэтыщI телъыджхэр, щIэныгъэлI щэджащэхэр, дзэпщ хахуэхэр. Апхуэдэу, сыт хуэдиз зэман дэкIами, цIыхум яIурылъынущ Нартсанэ (Кисловодск) къалэ дэт Ставрополь къэрал медицинэ академием и вертеброневрологие (тхыцIэ узыфэхэмкIэ) клиникэм илъэс куэдкIэ и унафэщIу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм я цIыхубэ дохутыр, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием (ЩIДАА) и академик, Белгород и къэрал университетым, Кишинев и къэрал медицинэ университетым щIыхь зиIэ я профессор, ЩIэныгъэхэмкIэ Молдовэ академием и академик Лий Адэлджэрий (Анатолэ) и цIэр.
- Ар дуней псом къыщацIыхуу, и цIэмрэ и хъыбарымрэ езым япэ иту, щIыхь тхылъу къыхуагъэфащэмрэ цIэ лъапIэу къыфIащымрэ гъуни нэзи ямыIэу псэуащ. ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа, зи цIэр медицинэм и тхыдэм къыхэлыдыкIыу къыхэна цIыху щэджащэм сыхуэзэну, сепсэлъэну къысхуихуати, Адэлджэрий щалъхуа мазэм ирихьэлIэу си гукъэкIыжхэмкIэ сывдэгуэшэну сыхуейт:
- «Краснодар крайм и Успенскэ куейм хыхьэ къуажэ цIыкIум сыкъыщалъхуащ сэ. Дэ дыунагъуэшхуэт — зэшитху дыхъурт, шыпхъуитI тщIыгъуу. ИтIанэ си анэ дэлъхум и зы щIалэрэ пщIащэ цIыкIурэ ди гъусэу япIащ, абыхэм я адэ-анэр репрессием ихьати. АтIэ, ди къуажэжьу Бэчмырзей хьэблэр унагъуэ 67-рэ хъуу арат. 19-нэ лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм адыгэр хэкум щрашым щыгъуэ зи насып кърихьэкIыу къагъэнахэм къатехъукIыжауэ арат ахэр. Ди къуажэм и цIэр фIащыжауэ Тыркум зы жылэ щыIэу сощIэ, псалъэм къыдэкIуэу жысIэнщи. Ди къуажэм нэгъуэщIу Шыуан гъуэгукIэ йоджэ. Сыту жыпIэмэ, 19-нэ лIэщIыгъуэм ипэхэм ди къуажэм блэкIыу гъущI гъуэгу тралъхьауэ щытащ. Ар къэхъун ипэ ефэнды гуэрым чытапым къриджыкIат «шыи щIэмыщIауэ, выи щIэмыщIауэ, емынэм зэрихуэу зыгуэр къэкIуэнущ» жиIэу. НтIэ, беслъэней лIакъуэм дакъыхэкIащ Лийхэ. Сэ ди лъэпкъым и тхыдэр икъукIэ куууэ зджащ икIи къызэрекIуэкIари мыпхуэдэущ… Пщыхэр зэныкъуэкъун щIадзэу, адыгэ щIыналъэр щызэхуагуэшыжым щыгъуэ, Къанокъуэ Бэчмырзэ и унэкъуэщ зыбжанэ щIыгъуу Пшыз (беслъэнейхэр Псыжь зэреджэр аращ — авт.) IуфэкIэ Iэпхъуащ икIи жылэу тIысыжащ. 1861 гъэм, пщылIыпIэр щагъэкIуэдыжам щыгъуэ, ермэлыхэр ди къуажэм къэкIуэжауэ щытащ. НэгъуэщIхэм жаIэу зэрызэхэсхыжамкIэ, абыхэм щIымахуэм псым жор хагъэувэрти, мажусий дауэдапщэхэр ирагъэкIуэкIырт. Ар ди жылэм дэсхэм ямыдэу, зызэщIакъуэри, щIыпIэр ябгынащ икIи километритхукIэ ипщэкIэ дэIэпхъуеящ. Дауэ мыхъуами, Бэчмырзей къуажэ цIыкIум и диныр, хабзэр, хьэлыр, щэныр яхъумэжащ, къэзакъ, ермэлы гупым къахъуреихьауэ зэман куэдрэ псэуа щхьэкIэ къэмынэу. Мис а километритхур махуэ къэс тIукIэ гъэбэгъуауэ скIууэ щытащ — дыздэIэпхъуам сыкъикIыурэ, дыбгына къуажэм нэс еджапIэм сыкIуэрти. Къапщтэмэ, махуэм тIэу щытезгъазэ къэхъуащ, сэ еджэным нэмыщI нэгъуэщIхэми зыхуэзгъасэрти, псынщIэу унэм сыкIуэжырт, сышхэрти, тезгъэзэжырт. Сэ аращ си тхыдэр, ар зыщIыпIи пхуэхьынукъым икIи сропагэ беслъэней лъэпкъым сыкъызэрыхэкIам. Иджыри къыздэсым ЩIДАА-м хэтхэр къызодауэ Лийхэр абазэщ, жаIэри. Ауэ сэ абыхэм «Си къуэшым и щхьэгъусэр абазэщи, ар абазэу убж хъунущ, ауэ сэ сыбеслъэнейщ» жызоIэри, гушыIэкIэ сакъыпокI, сызэрыбеслъэнеймкIэ си фIэщхъуныгъэми сахутекIыркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы щыхьэт техъуэ тхыгъэ куэд сиIэщ.
- Инэхъыбэм сыкъызэрацIыхур Анатолэущ, ауэ си цIэ дыдэр Адэлджэрийщ, си адэри Алейксейкъым, атIэ, Iэмырбийщ. ЗэрыжысIащи, игъащIэм къэзакъхэм дапэгъунэгъуу дыкъэгъуэгурыкIуащ. Зы еджапIэ ущыщIэскIэ, хамэбзэкIэ псалъэ ныбжьэгъухэр ущиIэкIэ фIэщыгъэцIэ, гъэфIэныцIэ къуат. Сэри апхуэдэу псори АнатолэкIэ къызэджэ хъуат. Фи фIэщ хъункъым, ауэ илъэс 17 сыщыхъуаращ си цIэ дыдэр къыщысщIар. Сэ ар зыкIэ телъыджэ сщыхъуати! Ди адэр зауэ нэужьым колхозым председателу щыIащ. Сэ абы и лэжьыгъэмкIэ сыщыдэIэпыкъу къэхъурт. Псалъэм папщIэ, еджапIэ нэужьым сышхэу сыщысу къызбгъэдыхьэрти, «Сэ нобэ си Iуэхур щIагъуэкъым, си пIэкIэ уплъырыну къыщIэкIынщ» жиIэрти, сыкIуэрт. Школ машинэм мэкъу иралъхьэу, дыгъуэу, ди егъэджакIуэхэр къыщызыубыд къэхъурт. Курыт школыр къыщызухам апхуэдэу жыжьэ дыди еджапIэ сыкIуэфынутэкъым. Арати, Армавир дэт медицинэ училищэм сыщIэтIысхьащ. Мыурысу сэ зыращ щIэсар курсым. Иджыпсту абы музей щысхуаухуащ, къалэм щIыхь зиIэ срихьэщIэщ, пщIэ къысхуащI. АтIэ, еджапIэм сыщыщIэсым, сэр нэмыщI къуажэм зы дохутыр дэстэкъыми, ди гъунэгъу къуажэхэми, Бэчмырзейми сымаджэ щыIэмэ, си деж занщIэу къагъакIуэрт. Япэ семестрым сыщыщIэсым къакIуэу щIадзакIэт. Нобэ хуэдэу сощIэж, жэщым зыгуэр сымэджамэ, жэмыр зэрыдахуу, сыхьэтитхум къагъакIуэрт. Ди анэм «ТIэкIу вгъэжей, ешащ тхьэмыщкIэр» жиIэрти, дигъэкIыжырт. Жеин срикъурэ сыкъэтэджмэ «Нуриет къэкIуат. Залымхъан къэкIуат» зэрыжиIэу, адэкIэ къыпищэнур къызгурыIуэрти, къуажэкIэм сынэсырт жэщым сымэджам сеIэзэну, сыдэIэпыкъуну.
- 1962 гъэм еджапIэ нэхъыщхьэр къыщызухам къуажэр ди деж щызэхуэсауэ щытащ, ягъэлъэпIэну, къызэхъуэхъуну. Абыхэм я нэгум зыкIэ зихъуэжати, махуитI дэкIмэ армэм сызэрыраджэмкIэ хъыбарегъащIэ тхылъыр Iэнэм щахутеслъхьам! Армэ нэужьым тэлайкIэ сылажьэри, Ставрополь дэт медицинэ институтым сыщIэтIысхьащ.
- Молдовэм и иджырей президентми, абы ипэ щыIами я щхьэ къызахьэлIауэ щытащ, я узыншагъэм къыщигъэдзыхэм. ИужькIэ, сыкъыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу абыхэм къысхуагъэкIуауэ щытащ лIыкIуэ зыбжанэ, къэрал оркестрыр ящIыгъуу. Горбачёв Михаили, Ельцин Бориси сеIэзащ. Михаил Москва сригъэблагъэрт, къалащхьэм клиникэ къыщысхузэIуихыну сыкъигъэгугъэу куэдрэ сриджащ, ауэ сэ сыхуейтэкъым си лъахэм сиIэпхъукIыну. Абыхэм къищынэмыщIа, си щIыналъэми цIыху къызэрыгуэкI куэд къыщысщыгугъырти, си лъахэгъухэм, лъэпкъэгъухэм сапэгъунэгъумэ, къысхуейм гугъуехьыншэу сыкъигъуэтыфмэ нэхъ къэсщтащ.
- Зи тхыдэм фIыуэ щыгъуазэ дэтхэнэ адыгэми ищIэу къыщIэкIынщ ди лъэпкъым и пасэрей медицинэр жыжьэ нэсауэ зэрыщытар, узыншагъэм, Iэзэным теухуауэ щIэныгъэшхуэ зэрабгъэдэлъар. МедицинэмкIэ къыдэзгъэкIа тхылъым итщ «Адыгэхэм я медицинэ» зы лекцэ кIыхь. Дауи, а щIэныгъэхэр сэри къызогъэсэбэп. ЩIДАА-м и академик, пщIэ ин зыхуэсщI цIыхубз телъыджэ къытхэтщ адыгэ лъэпкъым — Бэчыжь Лейлэ. Абы и къуэр сымаджэ хьэлъэу щытащ куэдрэ, иджы дыдэ дунейм ехыжащ тхьэмыщкIэр. Сэ зэи сщыгъупщэнукъым Лейлэ къызжиIауэ щыта псалъэхэр: «Иужьрей илъэс пщыкIутIым уэращ си къуэр зыгъэпсэуар. Гу зылъыстаращи, уи IэзэкIэ Iэмалхэм адыгэ медицинэр нэхъ къыхобелджылыкI». Сэ ар икъукIэ си гуапэ хъуат ар.
- Сэ куэд щIауэ сыщIохъуэпс ди клиникэм нэхъри зезгъэубгъуну, ди Iэмалхэмрэ зэфIэкIымрэ хэзгъэхъуэну. ПлъапIэу сиIэр а зыращ. ЗэрыжаIэщи, ар си иужьрей уэрэду цIыхубэм яжесIэну сыхуейщ…».
- Дохутыр Iэзэу, щIэныгъэлI телъыджэу яцIыхуа Лий Адэлджэрий и цIэр зэхэсхыху си нэгу къыщIоувэ шэджагъуашхэ ищIу еджапIэм жэрыжэкIэ зыгъэзэж, щIэныгъэм зи гур хуэкъабзэ, къызыхэкIа лъэпкъым пщIэ хуэзыщI, адыгэпсэ зыIут щIалэ цIыкIур. Абы нэгъуэщIынэкIэ срегъэплъ гъащIэм, цIыхухэм, лъэпкъым.
- КъыхуигъэщIат ар медицинэм и закъуэ мыхъуу, адыгэ щIыхьри иIэтыным!
- ФЫРЭ Анфисэ.