Уэркъуасэм и лъэужь нэхур
2023-01-19
- ЦIыхур къыщыпхэмытыжми, абы и фэеплъыр дахэрэ гуапэу куэдым ягу къинэмэ, IуэхущIафэу иIамрэ дуней еплъыкIэу бгъэдэлъамрэ щIэх-щIэхыурэ тепсэлъыхьыжмэ, ар Тхьэм къихуиуха зэманыр щызу, купщIафIэу езыхьэкIахэм, «лъэужь нэху къигъэнащ» зыхужаIэхэм ящыщу аращ. Апхуэдэу и гъащIэр ирихьэкIащ къэрал IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я пашэу щыта, жылагъуэ Iуэхухэми хуэжыджэ-ру псэуа, КъБР-м цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Уэркъуасэ Анатолэ Iэдэм и къуэм. Илъэс блэкIам и дыгъэгъазэм Уэркъуасэр дунейм ехыжащ и ныбжьыр илъэс 75-м иту.
- Уэркъуасэр Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм 1948 гъэм фокIадэм и 24-м къыщалъхуащ. Курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха щIалэщIэм еджэным щыпищащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ухуакIуэхэр щагъэхьэзыр и факультетым. ЕджапIэ нэхъыщхьэм и щIалэгъуалэ жыджэрхэм яхэту, Анатолэ щыIащ Алтай щIыпIэм, абы щекIуэкI ухуэныгъэ инхэми и гуащIэдэкI зэфIэкIхэр хилъхьащ.
- Еджэныр ехъулIэныгъэкIэ зэфIигъэкIыу, IэщIагъэлI зэрыхъуам щыхьэт техъуэ дипломыр Iэрылъхьэ хуэхъуа нэужь, Уэркъуасэм ЖБИ заводым 1972 гъэм лэжьэн щыщIидзащ икIи мыгу-вэу IэщIагъэлI щIалэр заводышхуэм и цеххэм ящыщ зым и унафэщIу ягъэувауэ щытащ. Ухуэныгъэм къыщагъэсэбэп гъущI-бетон пкъыгъуэхэр щагъэж IэнатIэм ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэ хъуат зэман кIэщIым къриубыдэу. Ар зи фIыгъэри, шэч хэмылъу, я пашэ адыгэ щIалэщIэрат. Абы гу лъамытэу къэнакъым икIи ухуэныгъэхэр егъэкIуэкIынымкIэ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ, нэхъыщхьэрати, и нэIэм щIэт цIыхухэр лэжьыгъэм къыхузэщIэгъэуIуэнымкIэ Iэзагъ зыхэлъ щIалэщIэр жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ IэнатIэм, ПМК-798-м, ягъэкIуащ. А лъэхъэнэм шэщIауэ дэнэкIи щаухуэрт псэупIэ унэхэри, Уэркъуасэм хуэдэу зи лэжьыгъэм хьэлэлу пэрытхэр нэхъ IэнатIэ гугъухэм, ауэ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ягъэувырт.
- ПМК-м лэжьыгъэфI къыщрихьэлIа нэужь, Уэркъуасэр Аруан щIыналъэм и архитектору, «Мэкъумэшхимие» IуэхущIапIэм и унафэщIу щытащ, иужькIэ районымрэ Нарткъалэрэ я архитектор нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ лэжьащ. «Мэкъумэшхимие»-м и пашэу щыщы-та илъэсхэм, Уэркъуасэми абы и нэIэм щIэту лажьэхэми мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ КПСС-м и ЦК-м, СССР-м и Министрхэм я Совет Нэхъыщхьэм, СССР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм, ВЦСПС-м, ВЛКСМ-м и ЦК-м я и Бэракъ Плъыжь зэIэпахыр, саугъэт зэмылIэужьыгъуэхэр. Ахэр къэрал гулъытэ инт.
- «Нартхэм я къалэ» зыфIаща жылэм нобэ иIэ теплъэ дахэми, ар зэщIэкъуа-рэ зыхуей хуэзауэ зэрыщытми, республикэми къэралми щекIуэкI зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм пашэ щыхъу зэпыту къызэрекIуэкIами, дауи, и фIыгъэ хэлъщ абы и архитектор нэхъыщхьэу илъэс бжыгъэкIэ лэжьа IэщIагъэлI щыпкъэм. Москва дэт «Гипрогор» институт цIэрыIуэм щызэхалъхьа планым тету, Уэркъуасэм зригъэужьащ къалэм икIи ар иригъэфIэкIуащ.
- 1992 гъэм къыщыщIэдзауэ Уэркъуасэр илъэситхукIэ лэжьащ Нарткъалэ и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэу. Къалэм и архитектор нэхъыщхьэу щыщыта лъэхъэнэм иригъэжьауэ щыта Iуэхугъуэхэу зыхунэмысахэм пищащ IэщIагъэлIым, абы щызекIуэ унафэр IэщIэлъу. А къулыкъур зэрызэрихьэм хуэдэурэ, илъэс-рэ ныкъуэрэ дэкIри, щIыпIэ самоуправленэмкIэ советым и тхьэмадэм и къалэнхэри и пщэм къыдалъхьащ. Аруан районым и унафэщIхэм хьэкъыу ящIэрт Уэркъуасэ Анатолэ а псоми хъарзынэу зэрыпэлъэщынур икIи сыт и лъэныкъуэкIи я дзыхь кърагъэзырт. Абы и фIыгъэкIэ зэман кIэщIым къриубыдэу къалэр зыхуей хуагъэзащ, щIыпIэм и зыужьыны-гъэм къыхуаутIыпщ мылъкур акъыл хэлъу къигъэсэбэпурэ. Къалэр къабзэ хъуат, ухуэныгъэщIэхэри куэду щрагъэкIуэкIырт. Абыхэм ящыщт фэтэр 75-рэ хъу унэу дохутырхэм, егъэджакIуэхэм, псэупIэ хуэныкъуэ куэдым папщIэ яухуауэ щытар, къалэкум дащIыхьа бэзэрыщIэр, нэгъуэщIхэри.
- Аруан щIыналъэм и къалэ нэхъыщхьэм и Iэтащхьэ къулыкъум къыпэрыкIащ Уэркъуасэр 1997 гъэм. Ар а щIыпIэм и «Водоканал» IэнатIэм ягъэкIуащ икIи илъэси 10-кIэ щылэжьащ. ЖыпIэнурамэ, Анатолэ абыи лэжьыгъэ щхьэпэ куэд щызэфIихащ. Абы и щыхьэтщ а IэнатIэр а зэманым ди республикэм щынэхъыфIхэм хабжауэ зэрыщытар. Нарткъалэ щаухуауэ щытащ псы къыщIэшыпIэщIэхэр, псыр щызэхуахьэс гуэнышхуэхэр, ар зэрыкIуэну бжьамийхэр щIыгъужу. Районым хыхьэ жылэхэу Старэ Урыху, Урыху, Старэ Лэскэн, Ташлы-Тала, Лэскэн ЕтIуанэ, Арщыдан, Псыгуэнсу, нэгъуэщIхэми псы къигъэхъуапIэщIэхэр къыщызэIуахат. Къэхъун къуажэм Уэркъуасэм и жэрдэмкIэ псыр щызэхуахьэс чэщанэ щащIащ. А псори къалъытэри, Уэркъуасэ Анатолэ зи пашэ гупым къратауэ щытащ УФ-м Къэрал ухуэныгъэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и Правительствэм къабгъэ-дэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Уна-фэщI щыпкъэм, лэжьыгъэм гудзакъэ хуиIэу, жэуаплыныгъэр зыхищIэу пэрытым, абы щыгъуэ къыфIащауэ щытащ «КъБР-м цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр.
- Аруан районым, абы и къалащхьэм заужьыным, щIыналъэм щыпсэухэм я гъащIэр нэхъ тынш, екIу, иджырей мардэхэмрэ пщалъэхэмрэ изагъэ щIыным къаруушхуэрэ зэфIэкI инрэ тригъэкIуадэу лэжьащ Уэркъуасэ Анатолэ. Зэи къэхъуакъым Уэркъуасэм дзыхь къыхуащIа лэжьыгъэр, къыхуагъэува къалэныр къызыхуэтыншэу икIи фIагъ лъагэ иIэу щызэфIимыгъэкIа. Зыпэрыт IэнатIэр егъэфIэкIуэнымкIэ жэрдэмыщIэхэр дапщэщи зи куэд, гудзакъэрэ хэлъэтрэ зиIэ а цIыху щыпкъэр лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ нэст. Анатолэ апхуэдэуи хэкупсэ нэст. Анатолэ теухуа фэеплъ тхыгъэм фыкъыщеджэ мы «Адыгэ псалъэ» газетыр и ныбжьэгъу пэжу къекIуэ- кIащ абы. ФIыуэ илъагъурт щалъхуа щIыналъэр, абы и цIыхухэр.
- Апхуэдэу купщIафIэу, IуэхуфIхэмкIэ гъэнщIауэ и гъащIэр ирихьэкIащ Уэркъуасэ Анатолэ. ЛэжьакIуэшхуэм и фэеплъыр я гум илъынущ абы къыщIэна унагъуэ дахэм, Уэркъуасэр куэдрэ ящыгъупщэнукъым Аруан щIыналъэм щыпсэу цIыхухэм, къыдэлэжьахэм, ныбжьэгъу пэжу иIахэм. Ахърэт нэхукIэ Тхьэр къыхуэупсауэ къыщIигъэкI лъэужь дахэ дунейм къытезына ди ныбжьэгъу пэжым.
- Уэркъуасэ Анатолэ и ныбжьэгъуу
- щытахэм къабгъэдэкIыу
- КЪУЩХЬЭТIУ Хьэутий.