ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЛIыгъэ уахътыншэ

2023-01-12

  • Налшык, «МафIэ мыужьых» фэеплъым деж щекIуэкIащ ди щIыналъэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къызэрыIэщIагъэкIыжрэ илъэс 80 зэрырикъум теухуа пэкIу. Къэбэрдей-Балъкъэрыр бийм Iэрамыгъэхьэным жыджэру цIыхухэм зыхуагъэхьэзырын щIадзащ 1942 гъэм и шыщхьэуIум щегъэжьауэ. 1943 гъэм щIышылэм и 11-м ди зауэлIхэм хуит къащIыжащ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм яубыда республикэр.

  • Хэку зауэшхуэм щыгъуэ зэуапIэ губгъуэм итащ ди лъахэгъу мин 60-м нэблагъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зауэлI 26-м Совет Союзым и лIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ, цIыхуи 9-м ЩIыхьым и орденищри къратащ, сэлэт мини 10-м щIигъум нэгъуэщI дамыгъэхэр къыхуагъэфэщащ.
  • ЗэрытщIэщи, Хэку зауэшхуэм щыгъуэ бийм пэщIэтыным теухуауэ хузэфIэкI къигъэнакъым Къэбэрдей-Балъкъэрым. Республикэм щыщ лэжьакIуэ, колхозхэт, студент мин пщIы бжыгъэхэр Дзэ Плъыжьым, 1941 гъэм къызэрагъэпэща 115-нэ шуудзэм хэтащ.
  • 1985 гъэм Налшык къалэ къратащ Хэку зауэшхуэм и япэ нагъыщэр зиIэ орденыр. 2010 гъэм Налшык «Дзэ щIыхьым и къалэ» къыфIащащ Хэку зауэшхуэм зи псэ щызыта ди зауэлIхэм я фэеплъу. Абыхэм къагъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ щапхъэ яхуохъу щIэблэм. ТекIуэныгъэ Иным хахуэу щIэзэуа ди зауэлIхэм я фэеплъыр уахътыншэщ.
  • ПэкIум хэтащ КъБР-м и Правительствэмрэ Парламентымрэ, Налшык къалэ администрацэм я лIыкIуэхэр, Налшык къалэм и ветеранхэм я советым щыщхэр. Абыхэм «МафIэ мыужьыхым» тралъхьащ удз гъэгъахэр.
  • ГЪУЭТ  Синэ.