Куэдым хунэса хэкупсэ
2022-12-06
- Дыгъэгъазэм и пэщIэдзэм дунейм ехыжащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, хэкурыдж цIэрыIуэ Мартынов Александр Николай и къуэр. Хэкупсэ нэсу зи гъащIэр зыхьа Мартыновым лэжьыгъэш-хуэ иригъэкIуэкIащ 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм хэта ди лъахэгъухэу Ростов областым хыхьэ Мартыновскэ районым щызэуахэм, абы щыхэкIуэдахэм я цIэ-унэцIэхэр, зэрахьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ къэугъуеижыным теухуауэ. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыту, щIэблэр хэкупсэу къэгъэтэджыным гулъытэшхуэ хуищIу щытащ Александр.
- Мартыновыр Ростов областым хыхьэ Арбузов къутырым 1970 гъэм къыщалъхуащ. Курыт школым классий къыщиухри, Александр щIэтIысхьащ Константиновск педучилищэм икIи абы черчениемкIэ егъэджа- кIуэ IэщIагъэр 1989 гъэм щызригъэгъуэтащ. Куэд дэмыкIыу Мартыновыр дзэм ираджащ, Хэкум къулыкъу хуищIэну. А къалэныр щытхъу иIэу зэфIихри, и IэнатIэм пэрыувэжащ икIи ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьэу лэжьащ. Бгъэдэлъ щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ хигъэхъуэн мурадкIэ Александр щIэтIыс- хьащ Ростов дэт къэрал педагогикэ университетым икIи ар ехъулIэныгъэкIэ къиухащ 1999 гъэм.
- Жэуаплыныгъэ лъагэ зыхищIэу IэнатIэм пэрыт, щIэблэр гъэсэным ехъулIэныгъэфI- хэр щызыIэрызыгъэхьэ щIалэщIэм гу лъамытэу къэнакъым. Зы илъэс нэхъ дэмыкIыу ар ягъэуващ щылажьэ школым и унафэщIу. Мартыновым и нэIэм щIэту а еджапIэм лэжьыгъэ купщIафIэ куэд щекIуэкIащ, щIэныгъэфIрэ гъэсэныгъэ тэмэмрэ щIэблэм егъэгъуэтыным ехьэлIауэ.
- 2010 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэси 10-кIэ Мартыновыр лэжьащ Мартыновскэ щIыналъэм ис ныбжьыщIэхэм егъэджэныгъэ программэм и лейуэ щадэлажьэ центрым и унафэщIу. Апхуэдиз жылагъуэ лэжьыгъэм щIыгъуу Мартынов Александр мызэ-мытIэу хахащ щыпсэу щIыналъэм и цIыхубэ депутату. Ар лэжьащ Мартыновскэ район администрацэм и Iэтащхьэуи. Иужьрей илъэситIым ар щытащ Мартыновскэ районым и хэкурыдж музейм и пашэу.
- Сыт хуэдэ лэжьыгъэ иригъэкIуэкIами, Мартыновым дапщэщи гулъытэшхуэ хуищIащ Хэку зауэшхуэм и напэкIуэцIхэр нэсу джы-ным. Псом хуэдэжтэкъым абы иригъэкIуэкI къэлъыхъуэныгъэхэр. Зи пашэ хэкурыдж музейм къыщызэригъэпэщауэ щытащ лэжьыгъэ IуэхукIэ зыпыщIауэ щыта Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI хэкупсэ гъэсэныгъэм теухуа плIанэпэ щхьэхуэ.
- Ди щIыналъэм мызэ-мытIэу щыIащ Мартыновыр. Ар илъэс куэдкIэ ядэлэжьащ ди республикэм щыIэ къэлъыхъуакIуэ гупхэм. Лэжьыгъэ купщIафIэ куэд зэгъусэу зэфIахащ хэкупсэ нэсу зи дунейр зыхь, егъэджакIуэ икIи гъэсакIуэ нэс Гулэжын Беслъэнрэ Мартыновымрэ. Абыхэм къалъыхъуэжащ, зэфIагъэувэжащ Хэку зауэшхуэм хэта зауэлIхэм ящыщу нэхъапэм хъыбарыншэу кIуэдауэ къалъыта ди лъахэгъу куэдым я цIэ-унэцIэхэр, хэIущIыIу ящIыжащ абыхэм зэрахьа лIыгъэмрэ яхэлъа хахуагъэмрэ. Мартыновыр хэту ди республикэм и курыт школ зыбжанэм къыщызэIуахащ 115-нэ шу дивизэм хэту зэуахэм я фэеплъ- хэр.
- Мартыновыр гъунэгъуу зыцIыхуахэм ягу къызэрагъэкIыжымкIэ, щIыналъэ тхыдэмкIэ щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ, бзэ дахэ, къабзэ, шэрыуэ зыIурылъ IэщIагъэлIым музейм зэIущIэхэр щыщригъэкIуэкIкIэ, хъыбархэр щыжиIэжкIэ, бадзэ лъэтам зэхэпхыным хуэдэу, ихъуреягъкIэ щэху хъурт, апхуэдизу абы ахэр зэкIуу, зэпэщу абы къиIуэтэжырти. «Езы зэ-ман дыдэри къэувыIами ярейт а дакъикъэ- хэм деж», — жаIэрт Мартыновым и псалъэхэр зэхэзыхахэм.
- Мартынов Александр Николай и къуэм, егъэджакIуэ икIи гъэсакIуэ нэсым, лэжьы-гъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэм, унафэщI Iэзэм икIи цIыху щыпкъэм, и фэеплъыр куэдрэ ящыгъупщэнукъым ар зыцIыхуу щытахэм, къыдэлэжьахэм я гум ихунукъым. Хэкупсэ нэсым и гъащIэ кIэщIыр, ауэ купщIафIэр щапхъэщ щIэблэм я дежкIэ.
- КЪАРДЭН Маритэ.