ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КIыщыкъуэ къилэжьа пщIэ

2022-12-03

  • Хэку зауэшхуэм хэта, совет парт, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ Къущхьэ КIыщыкъуэ щыпсэуа, Налшык къалэм Лениным и уэрамым тет унэ №20-м абы и фэеплъ пхъэбгъу фIадзащ.

  • Къущхьэ КIыщыкъуэ 1923 гъэм накъыгъэм и 1-м Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Ар щеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутымрэ Бгы мэкъумэш институтымрэ. Хэку зауэшхуэм и зэманым Мэздэгу, Дон Iус Ростов щекIуэкIа зэхэуэхэм, Кишинёв, Венгриемрэ Австриемрэ щхьэхуит къэзыщIыжахэм хэтащ.
  • Зауэ нэужьым КIыщыкъуэ парт къулыкъу лъагэхэм пэрытащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ хозяйствэр зэфIэгъэувэжынымрэ абы зегъэужьынымрэ и гуащIэ хилъхьащ. 1969 гъэм къыщыщIэдзауэ 1984 гъэ пщIондэ КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIу щытащ. Ар хахащ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и еянэ зэхуэсым и депутату, РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату. Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ къызэрыщыхэжаныкIам папщIэ дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ.
  • ПэкIур щрагъажьэм, Къущхьэ КIыщыкъуэ зы дакъикъэкIэ хуэщыгъуащ.
  • — Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, бийр къыщыттеуам ди щIыналъэм псэемыблэжу къыщхьэщыжа лIыхъужьхэм ящыщщ Къущхьэ КIыщыкъуэ. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм зэхакъута республикэр къэгъэщIэрэщIэжыным зи къарурэ зэфIэкIрэ езыхьэлIахэм ящыщщ ар, — жиIащ КъБР-м ЦIыхум и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис. — Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу ди щIыналъэм и зыужьыныгъэм зи къару хэзылъхьахэр догъэлъапIэ. Апхуэдэщ Къущхьэ КIыщыкъуи.
  • Налшык къалэм Зауэм, Лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я ветеранхэм, пенсионерхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Абдулаев Мустэфа и псалъэм къыхигъэщащ Хэкур зыхъума, къэзыгъэщIэрэщIэжа икIи зезыгъэужьа лIыхъужьхэмрэ къэралым и тхыдэмрэ щIэблэр щыгъуазэу къэгъэхъун зэрыхуейр.
  • — Тхыдэм и дерсхэр ди тегъэщIапIэу адэкIэ зыдужьын хуейщ, — жиIащ КъБКъУ-м и проректор Къущхьэ Хъусен. — Къэбэрдей-Балъкъэрым и совет лъэхъэнэ тхыдэм къэрал лэжьакIуищым — Мэлбахъуэ Тимборэ, Ахъуэхъу Аслъэнбий, Къущхьэ КIыщыкъуэ сымэ — я цIэр къыхэнащ. Абыхэм я лэжьыгъэм пищащ КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ. Тхыдэмрэ пщIэ зыхуэфащэ цIыхухэмрэ зэрытщымыгъупщэм и щапхъэщ нобэрей Iуэху щхьэпэр.
  • Фэеплъ пхъэбгъур къызэIуахащ Зумакулов Борисрэ Къущхьэ Хъусенрэ. КърихьэлIахэм абдеж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.