«Адыгэ тхыдэм и адэ»
2022-11-22
- А фIэщыгъэцIэр иIэу КъуэкIыпIэм щыпсэу лъэпкъхэм я гъуазджэхэмкIэ къэрал музейм и Кавказ Ищхъэрэ къудамэу Мейкъуапэ дэтым къыщызэIуахащ Нэгумэ Шорэ и гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ траухуа гъэлъэгъуэныгъэ ин.
- Абы хьэпшып 200-м щIигъу щызэхуэхьэсащ. Абыхэм ящыщщ XVII — XIX лIэщIыгъуэхэм къыдэкIа къурIэныр, XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм дунейм къытехьа Iэрытххэр, гравюрэхэр, адыгэхэм я щыIэкIэ-псэукIэр къэзыгъэлъагъуэ экспонатхэр. Апхуэдэуи музейм щIэлъщ Нэгумэ Шорэ и лэжьыгъэм теухуауэ щIэныгъэлIхэм я IэдакъэщIэкIхэр, иджырей сурэтыщIхэм я живопись, графикэ, скульптурэ IэрыкIхэр. А псоми къагъэлъагъуэр, дауи, Нэгумэм и шыфэлIыфэрщ.
- — Нэгумэ Шорэ, егъэлеиныгъэ лъэпкъ хэмылъу, цIыху къызэрымыкIуэу щытащ. Абы фIагъ, беягъ куэд бгъэдэлъащ жыпIэкIи, ущыуэнукъым. IуэрыIуатэдж ахъырзэмант ар, куэди зэхуихьэсыжащ. Тхыбзэм зиужьыным хэлъхьэныгъэ ин хуищIащ, апхуэдэуи адыгэ тхыдэр хъумэным, джыным, тхыным хузэфIэкI хилъхьащ. Куэд тетхыхьащ езы Нэгумэми къыщIэна лэжьыгъэхэми. ИтIани ар нэсу джауэ щыткъым, дэ иджыри псоми дыщыгъуазэкъым. Мы гъэлъэгъуэныгъэми фызыщымыгъуазэ куэд къыщыфщIэнущ, иджыри къэс дунейм къытемыхьа гуэрхэри щыфлъагъунущ, — жиIащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием хэт профессор, КъуэкIыпIэм щыпсэу лъэпкъхэм я гъуазджэхэмкIэ къэрал музейм и унафэщIым и къуэдзэ Зайцев Илья.
- Абы къытригъэзэжу жиIащ иджыри къэс зыми ямылъэгъуа хьэпшып гъэлъэгъуэныгъэм зэрыхэлъыр. Псалъэм папщIэ, тыркубзэкIэ тха дэфтэр езы Нэгумэм иIыгъауэ, и тхылъ хъумапIэм хэлъауэ, адыгэ тхыдэр щитхым къигъэсэбэпауэ щыIэщ музейм.
- — Апхуэдэуи телъыджэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэпкъ музейм щахъумэ экспонат зыбжанэ. Ахэри къашащ гъэлъэгъуэныгъэм. Зи гугъу тщIыхэм ящыщщ Пащтыхьышхуэм и щхьэхъумэхэм яхэту щылажьэм Нэгумэ Шорэ щыгъа пыIэр. А дзэлIхэм я сурэтхэри къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэри щIэлъщ музейм. А псоми дэ нэрылъагъу тщащI узэщIакIуэр къыщыхъуа, зыхэпсэукIа лъэхъэнэмрэ дунеймрэ, — дыщIигъуащ Зайцевым.
- Шорэ и лэжьыгъэхэм къыщигъэсэбэпа, тыркубзэкIэ тха дэфтэрхэр Урысей къэрал библиотекэм и фондым щыщщ. Ар зыхэлэжьыхьахэм хохьэ ат-Табари и тхыгъэхэу «Таварих анбия», «Джихан-наме». Ахэр уэсмэн историографием и фэеплъу ябж.
- Утыку кърахьахэм яхэлъщ КъуэкIыпIэм щыпсэу лъэпкъхэм я гъуазджэхэмкIэ къэрал музейм и Кавказ Ищхъэрэ къудамэу Мейкъуапэ дэтым, Къэбэрдей-Балъкъэр лъэпкъ музейм, Ткаченкэ и цIэр зезыхьэ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейуэ Налшык дэтым, Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым я лъэпкъ библиотекэхэм, АР-м и Лъэпкъ музейм, Адыгейм и Сурэт галереем щызэхуахьэсыжахэри, Твердохлебов Николай (Краснодар край) и коллекцэм щыщхэри, Дагъыстаным и Эндирей къуажэм дэт школым къраша хьэпшыпхэри, «Беловодье» турист комплексым (Каменномост къуажэ, Адыгей) и этнографие музейм щIэлъхэри.
- Нэгумэ Шорэ и творчествэр джыныр къуэкIыпIэ тхыдэм щыщ Iыхьэ гъуэзэджэщ, ар урыс, европэ историографием и зэпыщIапIэу жыпIэ хъунущ, апхуэдэуи ислъамымрэ историографие хабзэмрэ (хьэрып, къэжэр, уэсмэн) зэзыпхщ.
- Зи гугъу тщIы гъэлъэгъуэныгъэм хэту Мейкъуапэ «стIол хъурей» щекIуэкIащ. Абы хэтащ щIэныгъэлI-тхыдэджхэр, лъэпкъ интеллигенцэр, Москва, Мейкъуапэ Налшык щыщ аспирантхэр, нэгъуэщIхэри. Музейм щекIуэкIа Iуэхум, Нэгумэ Шорэ и гъащIэм, и лэжьыгъэм теухуа гъэщIэгъуэн куэд щыжаIащ а зэIущIэм.
- Гъэлъэгъуэныгъэр щэкIуэгъуэм и 30 пщIондэ екIуэкIынущ.
- НэщIэпыджэ Замирэ.