ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гъуэгугъэлъагъуэ

2022-09-29

  • ГъащIэ гъуэгум щыщу нэхъыбэ икIухукIэ, дауи, цIыхум нэхъыфIу къыгуроIуэ ар зэрызэхэлъ Iуэхугъуэхэм я нэхъыщхьэ куэд: фIыри Iейри, хужьри фIыцIэри, пэжри пцIыри. Сэри аращ: си ныбжьыр кIуэтэхункIэ, нэхъри нэрылъагъу сщохъу цIыхухэм, я фэр зэрызэмыщхьым хуэдэу, ялэжь Iуэхугъуэхэри я дуней еплъыкIэхэри зэрызэхуэмыдэр, фэрыщIагъымрэ фыгъуэмрэ гъунэжу зэрыщыIэр, фIылъагъуныгъэ нэсыр зи гум къыпхуилъхэр, псэ къабзэу, пэжу къыббгъэдэувэну хьэзырхэри зэрымымащIэр. Алыхьым и фIыщIэкIэ, ахэр нэхъыбэщ.  

  • Апхуэдэхэм ящыщщ си тхыгъэ кIэщIым зи гугъу щыфхуэсщIыну цIыху щыпкъэр. Ар Аруан щIыналъэм хыхьэ Псыгуэнсу къуажэм щыпсэу си адэ къуэш нэхъыщIэ Семэн Артур Беслъэн и къуэращ.
  • Нэхъапэм къэслъытэрт адэ-анэм хуэдэу зи гур къыпщIэузын, узэхэзыщIыкIын, уи Iейри уифIри къыбдэзыIыгъын мы дунейм темыту. Ауэ апхуэдэукъым Iуэхур зэрыщытыр. КъызэрысщыхъумкIэ, дунейм дыкъытезыгъэхьахэм хуэдэу къытхуэсакъыу псэу цIыхукIэ ди Тхьэшхуэр дэтхэнэми къытхуэупсащ. Апхуэдэм гурэ псэкIэ укъелъагъу, дапщэщи хьэзырщ щIэгъэкъуэн къыпхуэхъуну, уи Iуэхур дэхуэхамэ, езым ейм хуэдэу иригузавэрэ зэригъэтэмэмыжыным хущIэкъуу. Зы адэ-анэм къалъхуа дэ зэрыбы-ным апхуэдэ хъумакIуэ сакъыу диIэщ Артур. Ди адэ  Леонид къыщытщхьэщытым щыгъуэ нэхъыжьыфIу, чэнджэщэгъуфIу, ныбжьэгъу пэжу диIащ ар. Папэ и нурыр тщхьэщыкIа нэужь, нэхъри нэхъ щабэ, гуапэ, гущIэгъулы къытхуэхъуащ адэ къуэшыр, зи дунейр зыхъуэжа и анэкъилъхум и фэеплъри абы къыщIэна бынри дыкъихъумэу.
  • Мыбдеж къыжыIапхъэщ гъащIэм пэжу къыщыддэгъуэгурыкIуэ ди Iыхьлыхэм си адэм къыдалъхуа дэтхэнэри зэращыщыр: апхуэдэт си адэм и шынэхъыжь Валери (ди жагъуэ зэрыхъунщи, ари дунейм ехыжащ), си адэ шыпхъу ХьэIишэти. АтIэми, псоми хуэдэжкъым гу щабэрэ псэ къабзэрэ зиIэ, зэхэщIыкI куу зыбгъэдэлъ, зэшхэм я нэхъыщIэ ди Артур.
  • Адэшхуэ-анэшхуэм я лъапсэ хуитым, гумрэ псэмрэ пэтщI пщIантIэ нэхум псори зэгъусэу дыкъыщыхъуащ дэ, дызэрыIыгъыу, дызэрылъытэу, лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ ди зэхуаку дэлъу. Дауи, а псори я фIыгъэщ дяпэ ита ди нэхъыжьыфIхэм. Абыхэм дуней тетыкIэу яIамрэ хабзэ дахэрэ нэмысу яхэлъамрэ щIэин лъапIэу къахуэнащ быным, абыхэм къащIэхъуэ щIэблэм.
  • Си сабиигъуэм щыщIэдзауэ нобэр къыздэсым си адэ къуэшым и жьауэр зыхызощIэ. Нэхъ цIыкIуу сыщыщытами, курыт школым сыщыщIэса илъэсхэми, къыкIэлъыкIуа зэманми — дапщэщи Артур и нэIэ къыстетащ. Ар фIыуэ щыгъуазэт школым сыт хуэдэ ехъулIэныгъэ щызиIэми, си махуэрытхым егъэджакIуэм сыт къритхэми, ищIэрт хэт си ныбжьэгъуми, сыт хуэдэ IэщIагъэм сыхуеджэну си мурадми. Адэ къуэшыр апхуэдэу набдзэгубдзаплъэу зыхущытар, ноби и гулъытэ щимыгъа-щIэр си закъуэкъым — еш имыщIэу, и къаруи зэмани емыблэжу, гурэ псэкIэ ар къыттеубгъуащ и къуэш-шыпхъу бын псоми, езым и унагъуэм исхэм дапищIу. «Зэдэлъхузэшыпхъухэм ди гъуэгугъэлъагъуэщ Артур», — жысIэмэ, сыщыуэнукъым.
  • Артур унагъуэ дахи иIэщ. Абырэ и щхьэгъусэ Жаннэрэ къуищ зэдагъуэтащ: Азэмэт, Азрэт, Ахьмэд. ЩIалищми щIэныгъэ нэс, лъэпкъ гъэсэныгъэ дахэ иратащ. ЦIыхухэм сэбэп яхуэхъуфу, акъылыфIэу, лэжьакIуэфIу, я адэ-анэм хуэдэу цIыхугъэ лъагэрэ зэхэщIыкI куурэ яIэу къэхъуащ ахэр, Алыхьым и фIыщIэкIэ. Зэщхьэгъусэхэм къуэрылъхуищ дахэкIейуэ яIэщ: Алихъан, Данэ, Амир цIыкIу. Нэхъыжьхэм я гъащIэр ягъэдахэ, я дунейр нэхъ щIэщыгъуэ къыщащI а сабий дыщэхэм.
  • Си гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ, сызэрыгушхуэ, си щхьэр лъагэу сэзыгъэIэт си адэ къуэш Семэн Артур иджыблагъэ илъэс 60 ирикъуащ. И махуэшхуэмкIэ гуапэу сохъуэхъу абы икIи зыхузогъазэ: «Си адэ къуэш лъапIэ, си адэ къуэш дыщэ, псалъэкIэ къыпхуэмыIуэтэным хуэдэщ уэр папщIэ си гум илъ хуабагъыр, IэфIыгъэр. Адэ зимыIэм демыхъуапсэу зэрыбыныр дыбогъэпсэури, удгъэпэжыфын Алыхьым ищI. Уэ илъэс 60-м уебэкъуа къудейщи, гъащIэм и курыкупсэм унэсауэ аращ, ди Тхьэшхуэм жиIэмэ. НэхъыжьыфIу, чэнджэщэгъуфIу, унэтIакIуэу удиIэщи, Алы-хьым адэкIи уригъэфIакIуэ. Ди Тхьэшхуэм сыпхуолъэIу узыншагъэ быдэ, гъащIэ кIыхь, дахэ къуитыну, зэщхьэгъусэхэр фызэкIэрымыхуу фIыуэ флъагъу фи бынхэм, абыхэм къащIэхъуэ щIэблэ дахэм я насып куэд фыхэплъэну. Ди жьэгу пащхьэм и хъумакIуэ нэхъыжь      Iумахуэ, уи жьауэм илъэс куэдкIэ Тхьэм дыщIигъэт».
  • СЕМЭН Iэсият,
  • Псыгуэнсу къуажэ.