ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Фэеплъым кIуэд иIэкъым

2022-09-08

  • ЕджакIуэ ныбжьыщIэхэм я урысейпсо зэщIэхъееныгъэм Къэбэрей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм хэт щIалэгъуалэр, волонтёрхэр, Тэрч щIыналъэм щыIэ «Юнармия» зэгухьэныгъэм я ныбжьыщIэхэр Осетие Ищхъэрэ – Аланием хыхьэ Беслъэн къалэм иджыблагъэ кIуащ. «Фэеплъым и къэрэгъулхэр» зи фIэщыгъэ Iуэхугъуэм ипкъ иткIэ, ди щIыналъэм икIа ныбжьыщIэхэр гуузу кIуэда сабийхэм я кхъэлъахэм щыIащ, нобэр къыздэсым мыкIуэдыж гуIэгъуэр иджыри зэ ягу къагъэкIыжащ.

  • Илъэс 18 дэкIащ Беслъэн къалэм дэт курыт еджапIэр мыункIыфIыж мафIэсым зэрыхагъасхьэрэ, сабиипсэ хейм кIэлъалэжьа щIапхъаджагъэхэр къызэрыхъурэ. А гузэвэгъуэм щэ бжыгъэкIэ цIыху хэкIуэдащ, абыхэм ящыщу 186-р сабийщ.
  • БзаджащIэхэм яIэщIэкIуэда я ныбжьэгъу цIыкIухэр ягу къагъэкIыжыну Джылахъстэнейм икIа ныбжьыщIэхэр «МелыIычхэм я кхъэлъахэм» дунейм ехыжахэм яхуэщыгъуэу зытIэкIурэ ита нэужь, Беслъэн къалэм дэт курыт еджапIэ №1-м кIуащ. IуэхущIапIэр щIэрыщIэу яухуэжу еджэныгъэр щызэтраублэжами, зэгуэр абдеж къыщыхъуа гуауэ щIыIэр пщимыгъэгъупщэу унапIэжьыр итщ. Зи джабэр мафIэ лыгъейм илыпщIа, зи унащхьэр къаплъэ еджапIэжьыр нобэ музей хъуащ, щымыIэжхэм я сурэтхэр блынхэм фIэлъу, дэтхэнэми и пащхьэ шэху уэздыгъэхэр щыблэу.
  • «БжэщхьэIум узэребакъуэу зыхыумыщIэнкIэ Iэмал имыIэу зы гурыщIэ гуэрым узэщIещтэ. КъыбгуроIуэ мы щIыпIэр зымыбгынэн гуауэ щIыIэм зэриIыгъыр, гугъапIэ мыухыжхэр зэпха гупсысэ гуэрхэм зэрамыутIыпщыр. ДыщIэтыху дакъикъэкIэ зэпыуакъым щыгъын фIыцIэкIэ хуэпа цIыхубзхэм я зэхэзекIуэр. Псори щымт, зыми зы псалъи жиIэртэкъым. Илъэс 18 лъандэрэ зи гуауэр зыгъэв анэхэм уигу ящIэмыгъункIэ Iэмал имыIэу уихузырт, цIыху лажьэншэхэр зыгуэрхэм я хъуагъэщагъэ бзаджэм зэрытекIуэдам уигъэхыщIэрт. Апхуэдэ насыпыншагъэ къэмыхъун, цIыхухэм я зэхуаку зэгурыIуэрэ лъагъуныгъэрэ дэлъын папщIэ, мы щIэщхъур къыщыхъуа щIыпIэм нэхъыбэрэ щIэблэр къешэлIэн хуейщ, апхуэдэ гузэвэгъуэ къэбгъэхъу зэрымыхъунур, лъэданэ ина сыт хуэдэ Iуэхури псалъэкIэ зэрызэфIэпхыфынур ябгъэлъагъуу ущиин хуейщ», – жиIащ гупым хэтахэм ящыщ зы нэхъыжьым.
  • НыбжьыщIэхэм удз гъэгъахэр сурэт лъабжьэхэм щагъэтIылъащ, шэху уэздыгъэхэр пагъэнащ, псы зэрыт бащырбэхэр къагъэнащ. Псэри псыри гъащIэщ… Щэхуу зы-    тIэкIурэ щытхэри, щIалэгъуалэр «Щыгъуэ жыгым» екIуэлIащ. Мыр мывэскъарщ, хейуэ кIуэда цIыхухэм я щIэжыр зымыгъэкIуасэ фэеплъщ.
  • ЩIыпIэхэр къаплъыхьа нэужь, ныбжьыщIэхэм шар гъэпщахэр уафэгум яутIыпщащ, зауэншэ дунейрэ мамыр уафэрэ хуэмейрэ хущIэмыкъурэ зэрыщымыIэр абыкIэ къаIуатэу.
  • ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.