ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъагъуныгъэмрэ IуэхуфIхэмрэ  я дунейм  

2022-06-15

  • КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и студентхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Забаков Азэмэт иджыблагъэ хэтащ зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэхэмрэ щытыкIэ гугъум ихуа унагъуэхэм щыщ сабийхэмрэ папщIэ артцентрым и лэжьыгъэр мы гъэм щIэуэ къызэрызэIуихым теухуа гуфIэгъуэ пшыхьым.

  • «Лъагъуныгъэмрэ IуэхуфIхэмрэ я дунейм» арт-еIэзапIэм дяпэкIэ къекIуэлIэнущ «ГущIэгъу 07» зи фIэщыгъэ, сымаджэ хьэлъэхэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ щхьэкIэ къызэрагъэпэща Къэбэрдей-Балъкъэр псапащIэ фондыр хэщIапIэ зыхуэхъуа сабийхэр.
  • ЖэрдэмщIакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, егъэджэныгъэр щызэтраублэну еджапIэм ахэр гуп-гупурэ щылэжьэнущ, арт-IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я щэхухэм зыщагъэгъуазэм къыщымынэу, уэршэрыкIэм, псэлъэкIэм, Iуэху зэдэщIэкIэм епха Iэзагъэхэри щызыIэрагъэхьэнущ.
  • «Зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэр я щытыкIэкIэ нэхъ зэрызэкIуэцIылъым егъэджакIуэхэми гъэсакIуэхэми куэд щIащ гу зэрылъатэрэ. Ар къызыхэкIыр я хъуреягъкIэ къыщыт цIыхухэм зэхамыщIыкIынкIэ, зыхамыгъэхьэнкIэ шынагъэ щэху зэракIуэцIылъырщ. Мис абдеж уфIэмыкIыжыну къощхьэпэ арт-еIэзэкIэр. Узыфэ зэхуэмыдэхэр зыбгъэдэлъ, зи Iуэху зэхуэмыхъу, хуэмыщIауэ къэтэджа ныбжьыщIэхэм ягурэ я щхьэрэ зэмыбгъэжын икIи цIыхухэм зыщамыгъэпщкIуу хуиту дунейм тетын папщIэ къызэрагъэпэща артцентрым и лэжьыгъэр хуэунэтIащ абыхэм я псэм щыгъэпщкIуа дунейр къызэщIагъэушэным, психологие и лъэныкъуэкIэ зыIууэ гугъуехьхэр къызэранэкIыфу икIи лъэпощхьэпоуэ зыIууэхэм ебэкъуэфу егъэсэным», – жиIащ «ГущIэгъу 07» псапащIэ фондым и унафэщI Кузьминов Олег.
  • «Центрым илъэс зыбжанэ хъуауэ зэрешалIэ зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэр, абыхэмрэ ныбжьыщIэ узыншэхэмрэ зэрыщIаи зэгурыIуаи зэрыхъуну щIыкIэхэм йолэжь. Дерсхэмрэ зэIущIэхэмрэ, шэч хэмылъу, щхьэпэщ, зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэмрэ IэпщIэлъапщIагъэм епха лэжьыгъэкIэ гъэнщIащ. Центрым щылажьэхэри волонтёрщ, Iуэхум гурэ псэкIэ етарэ сэбэп хъуну хущIэкъу защIэщ. 2018 гъэм сэри волонтёру Центрым сыщыIащ, абы щегъэжьауэ нобэр къыздэсми дызэдолажьэ, щIэх-щIэхыурэ дызэлъоIэс. Фондым иригъэкIуэкI лэжьыгъэм дыхуэныкъуэщ, цIыхугъэмрэ дахагъэмрэ ди гъащIэм щытепщэу щытын папщIэ, езыхэм я псалъафэкIэ жысIэнщи, лъагъуныгъэмрэ IуэхуфIхэмрэ я дунейм дытетын щхьэкIэ. ЕгъэджакIуэхэри, гъэсакIуэхэри, къекIуалIэ сабийхэри сыт щыгъуи ехъулIэну, зэхэзыщIыкIхэр кIуэтэху нэхъыбэ хъуну, гугъуехь зыIууэхэр кIуэдыпэну си гуапэщ», – яжриIащ гуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэлIахэм Забаков Азэмэт.
  • ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.