ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ТхылъымпIэ  хужь  къыщIагъэкI

2022-05-13

  • Мазэ зыбжанэ ипэкIэ и уасэр зэрыдэуеям нэмыщI икIи зэпэубыда хъуа тхылъымпIэ хужьыр къыщIагъэкIыу щыщIадзащ Свердловск областым хыхьэ Туринск къалэм. Абы дэт целлюлозэ-тхылъымпIэ комбинатым къэралыр зыхуэныкъуэ тхылъымпIэм и процентиблым нэс щащIын хуэдэу дыкъагъэгугъэ.

  • Туринск къалэм дэт целлюлозэ-тхылъымпIэ заводым лэжьэн щIидзэжауэ офсет тхылъымпIэ къыщIегъэкI. «Мы мазэм и кIуэцIкIэ 80-рэ зыкъытхуагъэзащ. Ди заводым илъэс 60 хъуауэ къыщIегъэкI зэрытхэ тхылъымпIэ. Абы елэжьын IэщIагъэлIи ди куэдщ, Iэмэпсыми диIэщ. Заводыр тIэкIу зетхьэри, лэжьыгъэр зэтедублэжащ, — жеIэ IуэхущIапIэм и унафэщI Русаков Дмитрий. — ТхылъымпIэ хужь тщIын папщIэ, гипохлорид къыдогъэщхьэпэ. Тамбов къыщытщэху гипохлоридымкIэ хужь дощI целлюлозэр. Лэжьыгъэр зэтедублэжыным сом мелуани 10 — 15 текIуэдащ. Зы мазэм А4 тхылъымпIэ напэм хуэдэ зэрылъ къуту мелуаным нэс къыщIыдогъэкI».
  • Водородым и перекисыр къэбгъэщхьэпэну нэхъ шынагъуэншэт, ауэ къэралым зэкIэ ар узрикъун хуэдизу къыщыщIагъэкIыркъым. Русаков зэрыжиIэмкIэ, нобэрей IуэхукIэ Туринск дэт заводым и закъуэщ Урысейм тхылъымпIэ хужь къыщыщIэзыгъэкIыр. Водородым и перекисым щыгугъыу еса адрей завод 24-р щытщ, ар зэрамыIэм къыхэкIыу.
  • ТхылъымпIэм и уасэри езэгърабгъущ. НобэкIэ зы къутым ихьыр сом 320-щ. Къанэр зыщ — Туринск дэт заводым и лъэужьым тхылъымпIэ зыщI адрей IуэхущIапIэхэри ирикIуэнырщ.
  • ЧЭРИМ  Марианнэ.