ПсэупIэхэр зыхуей хуагъазэ
2022-04-07
- КIуэкIуэ Казбек хуэзащ лэжьыгъэ IуэхукIэ республикэм къэкIуа «ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ фонд» компание зэIухам къыхуаутIыпщ мылъкур зыхухэхахэм ятегуэшэныр зи нэIэ щIэт советым и унафэщI Степашин Сергейрэ «ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ фонд» компанием и генеральнэ унафэщI Цицин Константинрэ.
- КIуэкIуэ Казбек Степашинымрэ Цицинымрэ ехъуэхъуащ Фондым статусыщIэ зэригъуэтам щхьэкIэ икIи фIыщIэ яхуищIащ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм зегъэужьынымкIэ, цIыхухэр кхъахэ хъуа унэхэм къыщIэгъэIэпхъукIынымкIэ программэр гъэзэщIэным теухуауэ зэрызэдэлэжьэну мардэхэр зэдаубзыхуну Iэмал къызэрыратам папщIэ.
- Фондым и унафэщIхэр арэзы техъуащ цIыхухэр ущыпсэуну дзыхьщIыгъуэджэ хъуа унэхэм къыщIэгъэIэпхъукIынымкIэ программэр нэхъ пасэу щIыналъэм зэрыщызэфIагъэкIам — ар 2023 гъэ пщIондэ тещIы-хьат. Абы ипкъ иткIэ, цIыху 1020-рэ фэтэр куэду зэхэт унэжь 62-м къыщIагъэIэпхъукIащ.
- «ЦIыхухэр унэ кхъахэхэм къыщIэгъэIэпхъукIыным теухуа программэм и япэ Iы-хьэр фIы дыдэу щызэфIэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, уеблэмэ илъэсрэ ныкъуэрэ — илъэситI иIэжу лэжьыгъэр яухащ. Ар къалэным жэуаплыныгъэ пылъу зэрыбгъэдыхьам и щыхьэтщ. Мы Iуэхум теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр ящыщ хъуащ Урысейм щыяпэ хэгъэгуипщIым, абы ипкъ иткIэ, дэ мылъкукIэ защIэдгъэкъуэфынущ, программэщIэм иужь ихьэмэ», — жиIащ Степашиным.
- УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэм тету, 2021 гъэм щIышылэм и 1-м и пэ къихуэу кхъахэ хъуауэ къалъыта унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэIэпхъукIыным теухуа программэри щаубзыхуащ республикэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым 2024 гъэ пщIондэ фэтэр куэду зэхэт унэ 19-м (метр зэбгъузэнатIэ мин 15,6-рэ) цIыху 1 819-рэ къыщIагъэ-IэпхъукIыну я мурадщ. Ауэ ари нэхъ пасэу зэфIагъэкIыну ягу зэрилъыр къыщыIуащ зэIущIэм.
- Степашиным къыхигъэщащ санкцэхэм дызрагъэува экономикэ щытыкIэ гугъуми, ди къэралым къыхуэдзэлашхэхэр куэд зэрыхъуами емылъытауэ, ди Президентым игурэ и щхьэрэ зэрызэтелъыр. «Иджыблагъэ Президентым иригъэкIуэкIащ Правительствэм хэтхэм я зэIу-щIэ. Ар теухуауэ щытащ ухуэныгъэм, кхъахэ хъуа унэхэм, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэ хуэныкъуэ псэупIэхэм ятеухуа Iуэхухэм. ЦIыхухэр унэщIэхэм гъэIэпхъуэным епха программэм пащэнущ, текIуэдэну мылъкум кIэрыхунукъым, адэкIи дылэжьэнущ», — жиIащ Степашин Сергей.
- КъулыкъущIэхэр тепсэлъыхьащ Урысейм и Правительствэм иджыблагъэ къыдигъэкIа Унафэм ипкъ иткIэ, 2023, 2024 гъэхэм хэгъэгухэм хухаха федеральнэ мылъкур иджы щыщIэдзауэ къэбгъэсэбэп зэрыхъунум, ар лэжьыгъэр нэхъ псынщIэу зэфIэкIынымкIэ хэкIыпIэфIу зэрыщытым.
- ЗэIущIэм и гугъу щащIащ коммунальнэ инфраструктурэр къэгъэщIэрэщIэн зэрыхуейм, псом хуэмыдэу псы зэрыкIуэ бжьамийхэр зэхъуэкIыным. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым къритхащ а Iуэхур программэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ лъэпкъ проектхэмрэ къагъэсэбэпурэ зэрызэфIагъэкIыр. «Псы къабзэ» федеральнэ проектым и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэсищым къриубыдэу псы зрикIуэ объект 50 щаухуащ. ДяпэкIэ, илъэситIым къриубыдэу, щIыпIэ администрацэхэм сом мелуани 130-рэ хуаутIыпщынущ жылэхэм псы зэпымыууэ яIэрыхьэн папщIэ. Бахъсэн псы зэрызэбгрыкI бжьамийхэр километр 77-м щыдэлъхьэныр къыпэкIуащ Урысей Правительствэм бюджетым къыхэкIыу къытхуиутIыпща ахъшэ щIыхуэм. Сом меларди 2 зытекIуэдэну а ухуэныгъэ иныр 2023 гъэм и дыгъэгъазэм зэфIагъэкIыну я мурадщ. Налшык къалэ щаухуа унэщIэхэм 2022 — 2024 гъэхэм псы зэрыкIуэ, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр щыдалъхьэнущ. ЩоджэнцIыкIумрэ Кулиевымрэ я цIэхэр зезыхьэ проспектхэм инженер коммуникацэхэр щызэрахъуэкIащ. Дызэрыт зэманым республикэр хыхьэнущ ЖКХ IэнатIэр къэгъэщIэрэщIэным теухуа программэм.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.