ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мэлыжьыхьым и 1-р ГушыIэмрэ дыхьэшхымрэ я махуэщ

2022-03-31

  • Гъуэмбым укъизыхуар къикIыжауэ укъелъыхъуэ
  • Зы лIыжь цIыкIурэ зы фызыжь цIыкIурэ бын ямыIэу я закъуэу псэурт. Фызыжь цIыкIур апхуэдизкIэ жьейти, лIыжь цIыкIум и щхьэр иригъэужэгъуауэ здэкIуэн ищIэжыртэкъым.
  • Махуэ гуэрым лIыжь цIыкIум и щхьэр дихри дэкIауэ къыздиджэдыхьым, гъуэ дыдж куу гуэрым хуэзащ.

  • — Сыт хъурэ, мы фызыжь цIыкIур мы гъуэ дыджым издзэрэ зищIэжыху изгъэсмэ? — жиIэри егупсысащ.
  • ЛIыжь цIыкIур щIэкIуэрыкIыу къэкIуэжри, и фызым жриIащ:
  • — Гъуэмылэ тIэкIу схуэщI! Гъуэ гуэрым дыщэ изу илъщи, пщэдей сыкIуэнурэ къисхынущ.
  • Фызыжь цIыкIум зыри жимыIэу, гъуэмылэ ищIри гъуэлъыжахэщ.
  • Пщэдджыжьым лIыжь цIыкIум гъуэмылэр, кIапсэр къищтауэ щыщIэкIым:
  • — Догуэ, сэри сынэкIуэнурэ къисхынущ а дыщэр. Уэ мыкхъэмывэм псори къипхынукъым! — жиIэри, фызыжь цIыкIум и бгыр щIипхэри, и лIым и ужь иуващ.
  • ЛIыжьри арат зыхуейри, ущу, зыр зым и ужь иту макIуэхэр. Гъуэ дыджым щхьэщыхьэри, лIыжь цIыкIум кIапсэр и бгым ирищIэу щIидзащ, мащэм ехыну.
  • — Сэращ мащэм ехынур, къащтэ мыдэ кIапсэр! — жиIэри, фызыжь цIыкIум кIапсэр къыIэщIичщ, езым и бгым ирищIэщ, и кIапэр лIыжь цIыкIум иритри, ехащ.
  • «КъэутIыпщ!» жиIэм, мыдрейм иутIыпщурэ кIапсэр иухащ.
  • — ТIэкIу узыщIэгупсысыжыху ис абы! Уи щэн бзаджэр зыхэбнмэ, укъисшыжынщ. Мыр уи гъуэмылэщ, — жиIэщ, ар хуридзыхри, лIыжь цIыкIур къэкIуэжащ. Зы махуи, махуитIи, махуищи дэкIащ, лIыжь цIыкIури щIегъуэжащ.
  • — ТхьэмыщкIэм лей есхащ, езы Iимансызым зищIэжагъэнщ, — жиIэщ лIыжьми, кIапсэ кIыхь къищтэри, кIуащ. Гъуащхьэм Iухьэри, даIуэмэ, мащэм Iейуэ лъаIуэу макъ гуэр къоIукI:
  • — Алыхьыр зыщIэм мы мащэм сифш, ар къысхуэзыщIэм хуэзмыщIэн щыIэкъым! — жиIэрт макъым.
  • — А-а-а, зыпщIэжащ тхьэмыщкIэжь мыгъуэ, зыкъыкIэрыщIэ мы кIапсэми, сэ укъислъэфыжынщ, — жиIэри, лIыжь цIыкIум кIапсэ кIапэр иридзыхащ.
  • КIапсэм зыгуэрым зыкъыкIэрищIауэ лIыжь цIыкIум кърелъэф. КъеIэм, къеIэм, къеIэурэ, кърилъэфмэ, благъуэщ.
  • Благъуэр щилъагъум, лIыжь цIыкIур къэмэхащ. Благъуэри и гъуэм иплъэжу гъуащхьэм щхьэщытIысхьэжащ.
  • ЛIыжь цIыкIури зэ къызэщыужынтэкъэ — къызэщыужащ.
  •  — Умыгузавэ, сэ уэ усшхынукъым, ажалым сыкъебгъэлащи, — жиIащ благъуэм.
  • — Сыт хуэдэ ажал укъызэ-згъэлар? — жиIэри, лIыжь цIыкIур шынапэурэ благъуэм еупщIащ.
  •  — Сэ мы гъуэмбыр си анэм срилъхухьауэ си гъуэт, ауэ махуищ ипэкIэ зыгуэр нихьауэ среукIыхь, срешхыхь, сигъэзагъэркъым, сигъэгупсэхуркъым, сигъэжейркъым. Уэ сыкъыIэщIэбгъэкIащ а бзаджэми, щэней укъызэрызэлъэIур пхуэсщIэнущ! — жиIащ благъуэм.
  • — Сумышх закъуэ, сэ нэгъуэщI зыри сыхуейкъым! — жиIэри, лIыжь цIыкIур и унэ къэкIуэжащ.
  • Благъуэр хуиту дунейм къытехьа хъуати, къуажэм я псыр иубыдащ.
  • Жылэр псы щхьэкIэ зэтолIэ, езэуэну, елъэIуну кIуэр къеубыдри, ешх.
  •  — Къуажэр псы щхьэкIэ зэтезгъэлIэнкъым, сызэрелъэIур къысхуищIэну жиIащ, — жиIэщ лIыжь цIыкIуми, кIуэщ, благъуэм елъэIури, къригъэутIыпщащ.
  • Псыр псоми кърагъэхъуа нэужь, аргуэру иубыдыжащ.
  • ЛIыжь цIыкIур етIуанэу кIуэщ, елъэIури, къригъэутIыпщащ. Псоми я хьэкъуи я щыкъуи къызэрырагъа-хъуэу, аргуэрыжьти, псыр благъуэм иубыдыжащ.
  • ЛIыжь цIыкIур ещанэу кIуэри, псыр къригъэутIыпщащ, ещанэуи иубыдыжащ благъуэ бзаджэм.
  • — Дунейм сыт и Iэмал мыбы! — жиIэщ лIыжь         цIыкIуми, гупсысэщ-къэгупсысэри, аргуэру бла-      гъуэм деж кIуэну ежьащ.
  • Благъуэр къаплъэри, лIыжь цIыкIур кIуэуэ щилъагъум, къегуоуащ:
  • — Ей, лIыжь цIыкIу, щэ уи лъэIур пхуэсщIэну жысIати, пхуэсщIащ. Абы фIэкIа укъэмыкIуэ, усшхынущ! — жиIэри.
  • ЛIыжь цIыкIур благъуэм егуоужащ:
  • — Сэ сынолъэIуну сыкъакIуэркъым. Уи гъуэм укъизыхуар къикIауэ укъелъыхъуэри, ар бжесIэну аращ! — щыжиIэм, благъуэр гужьеяуэ щIэпхъуэри, бгым щыхури, иукIащ. Къуажэм псыр хуиту ягъуэтыжащ. лIыжь цIыкIур, кIуэри, и фызыжьыр Iэсабзэ хъуауэ къришыжауэ, зэдопсэу. Уи фIэщ хъуркъэ? Уи фIэщ мыхъумэ, Жанхъуэтыкъуэ удэкIыу, БахъсэныжькIэ ебгъэзэкIа нэужь, Къэзано-къуейм унэмысу Жансэ хъубг и щIыбкIэ щопсэу.
  •  
  • Щхьэр хъужмэ, ныбэр узыжынкъым
  • Индрис махуэ гуэрым Хъуэжэ деж къыщIыхьащ:
  • — Уа, Хъуэжэ, си ныбэр схуэбгъэхъужтэмэ… Дыгъуасэ кIапэ мывэрэ пхъэщхьэмыщхьэ цIынэрэ сшхати, ныбэ уз сищIауэ нэху щыху сигъэжеякъым, хущхъуэ гуэр уиIэу пIэрэ? — жиIэри.
  • Хъуэжэ нэмэз щыгъэр къищтэри, зыгуэрхэр щэхуу къибжурэ, Индрис и щхьэм епщэу щIидзащ.
  • — Зи узыгъуэри зи бзаджэри кIуэдын Хъуэжэ, си щхьэм лажьэ иIэкъым, си ныбэращ узэпщэнур, — жеIэ зи ныбэ къыхэлъадэ Индрис.
  •  — Сызэпщэр сэ сощIэж. Ныбэм сыт и лажьэ, лажьэ зиIэр зэдэпшх хъунумрэ мыхъунумрэ зэхэзымыгъэкIыфар арщ. Щхьэр хъужмэ, ныбэр узыжынкъым, — жиIащ Хъуэжэ и фIэщыпэу.
  •  
  • ГущIэгъу зимыIэм ущыукIытэ хъунукъым
  • Гъэр гъаблэ хъуати, цIыхухэм я нэхъыбэр мэжэщIалIэт. Хъуэжэи ма-хуитI хъуауэ и жьэм ерыскъы хьэдзэ хуихьатэкъым. «Хэт и уэнжакъ Iугъуэ кърихуу пIэрэ, зыщIэзгъэпшэхъуэнти, сафIэшхэнт» жиIэри, Iуащхьэм теувэри, къуажэр къызэхиплъыхьащ. Зы бей гуэрым и уэнжакъым къриху Iугъуэр Хъуэжэ къилъагъури, абы кIуэну триубыдащ.
  • Хуэмурэ щхьэгъубжэм екIуалIэу щыдэплъым, къилъэгъуащ: фызым къаз ифыщIу, лIым жэрумэ игъажьэу, я пхъум хьэлыуэ зэпиупщIу щысхэу.
  •  — Сэлам алейкум! — жиIэу Хъуэжэ унэм щыщIыхьэм, унагъуэм исхэр нэпсей хъунти, яIыгъа шхыныгъуэхэр псынщIэу ягъэпщкIужащ: фызым иIыгъа къазыр бостеикIэм щIигъэпщкIуащ, лIым жэрумэр жьэгу дакъэм дридзеящ, хъыджэбзым иIыгъа хьэлыуэр матэм иридзэжащ.
  • — Уалейкум сэлам, Хъуэжэ! — жиIэри, нэгу зэхэуфакIэ, зэрыщIыхьар фIэфI зэрымыхъуар къыуигъащIэу, лIым сэлам кърихыжащ. Хъуэжэ шэнт къыхуагъэуври, ягъэтIысащ. Езыхэм зыри жамыIэу, Хъуэжэи къыщIэмыкIыжу зыкъомрэ щыса иужькIэ, лIыр къеупщIащ:
  • — Сыт хъыбар, Хъуэжэ? — жиIэри.
  • — Уэлэхьи, хъыбарышхуэ дыдэ сымыщIэ, ауэ сыкъыщыкIуэм зы блэ гуэр слъэгъуащи, абы нэхърэ нэхъ гъум си фIэщ хъункъым щыIэну! — жиIащ бзаджагъэ зигу илъ Хъуэжэ.
  • — Iэгъу, сыт и гъумагът абы? — щIэупщIащ лIыр.
  •  — ПцIы сымыупсу жысIэнщи, абы и гъумагъыр зыкIи къыкIэрыхуртэкъым иджыпсту бгъажьэу пIыгъа жэрумэм, — жиIащ Хъуэжэ. ЛIыр укIытэри, плъыжь къэхъуащ, иужькIэ аргуэру къеупщIащ:
  • — Iэгъу, ар зи гъумагъым и щхьэр сыт хуэдиз хъунт? — жиIэри.
  •  — Мо уи фызым ифыщIу иIыгъа къазым и щхьэм хуэдэ дыдэ хъунт икIи абы ещхьт, — жиIащ Хъуэжэ, и пащIэкIэ щIэгуфIыкIыу. ЛIыр нэхъри укIытащ. ИужькIэ ещанэу ар Хъуэжэ къеупщIащ:
  • — АтIэ ар зи инагъ блэм сыт епщIэфа?
  •  — КъамышыкIэ сеуэурэ, уи пхъум хьэлыуэр зэрызэпиупщIам хуэдэу, зэпызупщIащ, — щыжиIэм, «дыкъилъэгъуащ» жаIэри, псори къы-зыкъуахыжри, Хъуэжэ ягъэшхащ.
  •  
  • Узыхыхьэм уадемыкIумэ, уи унэ умыкIуэж
  • ЩэкIуэгъуэ зэманыр зэрикIыу илъэс къэскIэ щакIуэлIхэр зэхуэсырти, ялъэгъуахэр, лIыгъэу зэрахьахэр, я нэгу щIэкIахэр зэхуаIуэтэжырт. Апхуэдэу зы гъэ гуэрым ахэр зэхуэсат. IуэрыIуэдзу а къуажэм дэсхэм я нэхъыфI зыуэ къалъытэрти, жаIэхэм ирагъэдэIуэн папщIэ Хъуэжэи абыхэм ираджащ. Хъуэжэ Иблис здыщIигъури, щакIуэхэм я деж кIуэну гъуэгу теуващ. Хъуэжэ здэкIуэр щыжриIэм, Иблис къелъэIуащ:
  • — Хъуэжэ, сынолъэIу, гуп дыхыхьэмэ, я фIэщ мыхъун пцIы яхуумыупс, пцIым ибогъэлейри, сыбогъэукIытэ.
  • — Уэлэхьи, ар пэжым, ауэ уэ ущIыздэсшэр сыт уи гугъэ — сэ зызмыщIэжу пцIым щезгъэлейм деж ямылъагъуу къежэкIи, си цеикIэм къекъу, — жиIэри, тIури зэгурыIуащ. ЗдэкIуэм нэсу ирагъэблэгъа нэужь, щакIуэхэм ящыщ зым жиIащ:
  • — Уэлэхьи, мы гъэм сэ зы щыхь къэзукIати, си шэр занщIэу и нэ ижьым тезгъахуэри, нэ сэмэгумкIэ пхызгъэлъэтыжатэм.
  • НэгъуэщI зы щакIуэми ар жиIащ:
  • — Уэлэхьи, сэри зы мэзбжэн сымыщIэххэу срихьэлIэри, сыщебакъуэм, къыщылъэтри, срихьэжьэщ аби, сыкърихьэкIым-сыкърихьэкIыурэ, ди унэкIэ къезгъэгъазэри, занщIэу ди пщIантIэм сыкъыдэлъэдэжатэм.
  • — АтIэ, зиусхьэн щакIуэлIхэ, — жиIащ Хъуэжэ, — фи деж сыкъыщы-кIуэм зы бажэ сыхуэзати, абы и кIэм хуэдиз зи кIыхьагъ сэ зэи сымылъэгъуа, яIуэтэжуи зэхэзмыха. Апхуэдэ бажэ кIэ кIыхь ди щIыпIэм щыпсэууэ сигугъэххэнтэкъым.
  • — Сыт хуэдиз и кIыхьагъынт а бажэм и кIэм? — жиIэри, щIэупщIащ щакIуэхэм ящыщ зы.
  •  — ПцIыр сыт щхьэкIэ щхьэпэ, пцIы сымыупсу жысIэнщи, бажэм и кIэр сажнэ пщыкIутIым щIигъунт! — жиIащ, и псалъэр игъэбыдэжурэ, Хъуэжэ.
  • Ар Иблис щызэхихым, къежэкIри, Хъуэжэ и цеикIэм къекъуащ.
  • — Сажнэ пщыкIутI мыхъуми, сажнипщI икIэ къихуэнтэкъым! — бжыгъэм тIэкIу къригъэлъэхъшэхащ Хъуэжэ.
  • Иблис аргуэру цеикIэм къекъуащ.
  • — СажнипщI щыжысIэм, тIэкIу щIезгъэгъуауэ си гугъэщ, уэлэхьи, сажний хъунтэм, — жиIащ Хъуэжэ.
  • Аргуэру Иблис Хъуэжэ и цеикIэм къекъуащ.
  • — СызытемыкIыжыну пэжу вжесIэнщи, бажэм и кIэр сажнихым и кIэ къихуэнтэкъым, — жиIащ Хъуэжэ.
  • Аргуэру Иблис Хъуэжэ и цеикIэм къекъуащ. Абы иужькIэ Хъуэжэ Иблис и дежкIэ къеплъэкIри, псоми зэхахыу жиIащ:
  • — Уа, Иблис, бажэ кIагуэ слъэгъуащ жызумыгъэIэнумэ, скIэрыкI иджы! — ЗэхуэдитIыр пхукIэрызгъэхуащи, ирикъуни ар!
  • Хъуэжэрэ Иблисрэ къыщIэкIыжри гъуэгу къытеувэжащ. КъыщыкIуэжым, Иблис зигъэгусауэ Хъуэжэ къыжриIащ:
  •  — Зэи уи гъусэу гуп сахыхьэжынкъым, сыукIытащ, сыт апхуэдэ пцIы егъэлея щIахуэбупсар щакIуэхэм?
  •  — Ей-й, Иблис, Иблис! — жиIащ Хъуэжэ, — «узыхыхьэ гупым уаде- мыкIумэ, уи унэ умыкIуэж» жиIэу къекIуэкI псалъэжьыр сэракъым къэзыгупсысар, сэ иджыри къэс щакIуэ слъэгъуакъым, илъэгъуам пцIы тIэкIу щIимыгъуу къиIуэтэжыфу.
  •  
  • Къэзышэжынумрэ
  • дэкIуэжынумрэ къызэращIэр
  • Зи щхьэгъусэ дунейм ехыжа цIыхухъур хьэдагъэ къыдыхьэ цIыхубзхэм яхэплъэу, къишэж хъун яхэтмэ нэкIэ къилъыхъуэу жаIэ. ЗилI зыфIэкIуэдахэр апхуэдэ дыдэу асыхьэтым щыту къыщIэкIынкъым. Дауи, абыхэм я пэжыпIэр зыщIэр езы Тхьэшхуэрагъэнщ.
  • Зэгуэрым Жэмыхъуэм къеупщIат и ныбжьэгъу гуэр:
  • — Уа, СулътIан, къэзышэжыну цIыхухъумрэ дэкIуэжыну цIыхубзымрэ дауэ къызэрыпщIэнур?
  •  — Нэщэнэ зыбжанэ яIэщ абыхэм, — жиIащ СулътIан. — Ауэ сэ нэхъыбэу къызэрысщIэр мыбыхэмкIэщ: цIыхухъум къабзэу зызэщIиупсэу, и вакъэ игъэцIууэ, дыху зытриутхэу щIидзамэ, «хэтхэ я унэ къанжэ тес» жиIэу аращ; цIыхубзым зигъэщIэращIэмэ, сэхусэплъ зыхилъхьэмэ, и щхьэцыр ириIэмэ, и Iэбжьанэхэр илэмэ, и лэжьапIэм къыщыгувэмэ, гуп хыхьэн, зытригъэун и мыжагъуэмэ, лIы хуейуэ аращ…
  •  
  • Гуэныхьыр къищтат
  • Я гъунэгъу кхъэмкIэ СулътIан блэкIырт. «Хьэ йолъэ» жаIэри, кхъэр къызэрыщIыхьа мывэкъалэр нэхъ лъагэ ящIырт. СулътIан зыгуэр жригъэIэн мурадкIэ, абы елэжьхэм ящыщ зы къеупщIащ:
  • — Хъуну пIэрэ, СулътIан, мывэкъалэм и лъагагъ тщIар?
  • — Уэлэхьи, абы къелъэжым и гуэныхьыр сэ къызощтэм, — кIэщIу пиупщIащ гъуэгурыкIуэм.
  •  
  • Куэбжэр хэщтхьат
  • Кхъэм зэрыдыхьэ куэбжэр уэс куум хэщтхьати, яхуIухыртэкъым. Щымыхъум, лIыр мывэкъалэмкIэ щхьэдахьэхыу щIа-дзащ. Ар щилъагъум, СулътIан гушыIащ:
  •  – Уэлэхьи, нобэ фIэкIа, къэдыгъуауэ кхъэм щIалъхьэIауэ сымылъэгъуа!
  • Жэмыхъуэ СулътIан.
  •  
  • Сэ махуэу сылъыхъуэри, згъуэтакъым
  • Пщыхьэщхьэм Дизыкъуажэ и шыдыжьыр имыгъуэтыжу къыдыхьэжащ. Жэщыбгым нэсауэ, пщIантIэм Iэуэлъауэ гуэр къыщыIуащ.
  • — Си шыдыжьыр къэкIуэжауэ къыщIэкIынщи, щIэзгъэхьэжынщ, — жиIэри, ар унэм къыщIэкIащ.
  • Iэуэлъауэр къыздиIукIыр шыдыр здэщыт хабзэмкIэти, абыкIэ кIуащ. ДыгъуакIуэхэр шыдым лъыхъуэу абы щIэту щилъагъум:
  • — Сэ махуэу сылъыхъуэри, згъуэтыжакъым, фэ жэщу вгъуэтын фи гугъэрэ а си шыдыжьыр? — жиIэри, Дизыкъуажэ унэм щIыхьэжащ.
  •  
  • СызэрыщыIэр къищIэнщ
  • Дизыкъуажэ фIыуэ къэзымылъагъу гуэрым, ар цIыхухэм ауан къригъэщIын мурадкIэ, хъыбар игъэIуащ ар къуажэпщым и пхъум лъыхъу хуэдэу.
  • Хъыбарыр къуажэ псом щызэлъащIысащ. Ар псоми зэхахауэ Дизыкъуажэ къыщищIэм:
  • — Псоми щызэхахакIэ, езы пщым ипхъу дыдэми зэхихагъэнщ, куэду фIыщ, си гуапэщ. НэгъуэщI мыхъуми, пщым ипхъу тхьэIухудым ищIэнщ сэри сызэрыщыIэр, дунейм сызэрытетыр, — жиIэри, уэим имыщIу блигъэкIащ.
  •  
  • Содэ, иджы сагъэувми
  • Дизыкъуажэ бригадиру ягъэувыну сыт хуэдизрэ иужь къимыхьами, зикI яхуэувыртэкъым, моуэ жиIэрти:
  • — Унафэ къысхуащIыр згъэзащIэу, схузэфIэкIыр сщIэуэ сылажьэмэ, нэхъ къызощтэ.
  • Бригадиру ягъэува Хьэбас колхозым и машинэ, шыгу, выгухэр хуиту къигъэсэбэпурэ, унэ дэгъуэри гуэщышхуи ищIащ. Ар зылъэгъуа Дизыкъуажэ и ныбжьэгъум деж кIуэри жриIащ:
  • — Сэри унэ сщIын хуейщи, мыгъэризэр нэхъ мыхъуми, сыбригадирынт. КхъыIэ, умыщхьэхыу кIуэи, схужеIэ председателым, содэ, иджы бригадиру сигъэувми.
  •  — А уэ уи гугъэр бригадир псоми яхузэфIэкIыркъым, уэ Хьэбас зыдумыщI. Ар председателым и малъхъэгъущ, — къыжриIащ Дизыкъуажэ и ныбжьэгъум.
  •  
  • Дахэ и щIагъ дыщэ щIэлъщ
  • Унагъуэ гуэрым нысэфI къашат. Нысэм унагъуэр тэрэзу зэрихьэрт, псалъэртэкъым, псоми пщIэрэ Iулыджрэ яхуищIырт. Дэтхэнэ зыми бгъэдыхьэкIэ дахэ къахуигъуэту щэн щабэ хэлът. Псоми ягу нэсырт.
  • Пщыкъуэ бзаджэжьым сыт имыщIэми, нысэр къыхуэгъэгубжьыртэкъым. Зэгуэрым мэзым кIуэщ, пхъэуэ щыIэм я нэхъ къуаншэлъаншэр къишэри, къэкIуэжащ. Пхъэр        иридзщ, зы IэплIэшхуэ хуэдиз къыхущIихьэжри, езыр нысэм жиIэнум пэплъэу къуэгъэнапIэм къыкъуэувэжащ.
  • Нысэм пхъэхэр мафIэм тет шыуаным щIилъхьэну хуежьа щхьэкIэ, апхуэдизкIэ къуаншэлъаншэти, щIэзагъэртэкъым. ХущIэмылъхьэу куэдрэ елIэлIащ. ИкIэм, зэрыщIилъхьэн Iэмал къигупсысри, щIигъэзэгъащ.
  • — СызрашэкIын, шыуаным зришэкIыу къысхуишащ, — жиIащ нысащIэм.
  • Ар зэхэзыха пщыкъуэр тыкуэным кIуэри, и нысэфIым щхьэфIэпхыкI дахэ къыхуищэхуащ, абы иужькIи бзаджагъэ кIэлъызэрихьэжакъым.
  •  
  • Дзыгъуэ цIыкIур Iэтэшхуэми ипIытIыркъым
  • Зауэшхуэм и ужькIэ щIалэхэм къаублауэ хъыджэбзаплъэ нэгъуэщI къуажэ кIуэрт. Хьэблэм хъыджэбзу дэсыр къыхузэхуашэсрэ хагъаплъэу, ягу ирихь къахэкIмэ, лъыхъуурэ къашэу, хабзэ хъуауэ екIуэкIырт.
  • Апхуэдэу нэгъуэщI къуажэ къикIыу къэкIуа щIалэжьыр хьэблэ хъыджэбзхэр къыхузэхуашэсауэ хагъаплъэрт.
  • — Мор хъунут, ауэ тIэкIу цIыкIуIуэщ, — щIалэм щыжиIэм, хъыджэбзыр, тхьэкIумафIэти, къызэщIэплъэри:
  • — Алыхь, дзыгъуэ цIыкIур Iэтэшхуэми хуэмыпIытI, — жиIащ.
  •  
  • Ар зэрыхъум елъытащ
  • ЦIыхубзыр куэдрэ мылъхуэурэ щысауэ, лъхуэри щIалэ цIыкIу къыхуэхъуащ.
  • Адэ хъуа щIалэжьым гуфIакIуэ къыхуэкIуэурэ цIыху цIыкIур къехъуэхъурт.
  • — Зы къуэ щхьэкIэ сынохъуэхъунукъым, тIу-щы уиIэн хуейщ, — жиIащ къэкIуахэм ящыщ зым.
  • — Уэлэхьи, ар фIы хъумэ, сэ схурикъунмэ, ауэ бзаджэ хъумэ, жылэм зэрыщыту тхурикъуным, — жиIащ адэм.
  •  
  • Дзы зиIэм и нэIэ тетщ
  • Зи ныбжь фIыуэ хэкIуэта тхьэмадэфIыр хъыбар яжриIэу щIалэхэм яхэст.
  • Абы ирихьэлIэу цIыхубзищ къыдэкIуейрт.
  • ХадапхэмкIэ бжыхьым къелъэу я пащхьэ къихуа хьэм цIыхубзхэр игъэщтащ: цIыхубзищым зыр и бгъэм, адрейр и ныбэм, ещанэр и бэкъум епхъуэжащ.
  • Ар зылъэгъуа тхьэмадэфIыр дыхьэшхри, жиIащ:
  • — Дзы зиIэм и нэIэ тетщ, жыхуаIэракъэ!
  • — Сыт апхуэдэу щIыжыпIар, тхьэмадэ? — еупщIащ щIалэхэр лIыжьым.
  • — И бгъэм епхъуэжам сабий щIэсщ, и ныбэм епхъуэжар лъэщыджэщ, и бэкъум дэпхъуэжари хъыджэбздэсщ, — жиIащ тхьэмадэм.
  •  
  • Хэт и бзэр сытым нэхъ хуэшэрыуэ
  • ЩамилкIэ зэджэ Iимамышхуэм и дзэм хэтащ Кавказым лъэпкъыу ис псоми ящыщ.
  • ЗэрыжаIэжымкIэ, зэгуэрым Щамилым мурад ищIащ и дзэм хэт лъэпкъхэм я псалъэмакъым едэIуэну:
  • — Къысхуэфшэт мышкъышитI, — жиIащ.
  • Мышкъышхэм къахэкIа лIитI къыхуашащ.
  • — Фызэпсалъи, фи псалъэмакъым севгъэдаIуэт, — жиIащ Щамил.
  • МышкъышитIыр зэпсэлъащ.
  • — Тобэ, сыту фIы мы фи бзэм урихъуэнэну! — жиIэри, лIитIыр иутIыпщыжащ.
  • — Иджы асэтин къущхьитI къысхуевджэт! — жиIащ Iимамым.
  • Куэд дэмыкIыу асэтин къущхьэ щIалитI къыхуашащ.
  •  — Фызэпсалъи, фи псалъэмакъым севгъэдаIуэт, — жиIащ Щамил. ЩIалитIри зэпсэлъащ.
  •  — Тобэ, сыту фIыт мы фи бзэм урибгэну, — жиIащ Щамил.
  • Асэтин къущхьэ щIалитIым фIыщIэ яхуищIри, иутIыпщыжащ.
  •  — Иджы къысхуевджэт Къэбэрдейм щыщ адыгэ щIалитI! — жиIащ.
  • Къэбэрдей щIалитIыр псынщIэу къыхуагъэсащ.
  •  — Фызэпсалъи, севгъэдаIуэт фи псэлъэкIэм, — жиIэри, елъэIуащ абыхэм Щамил.
  • Щамил едаIуэщ-едаIуэри, мыпхуэдэу жиIауэ къаIуэтэж:
  •  — Тобэ, тобэ, сыту бзэ хъарзынэ, фIыуэ плъагъу цIыхубзым уреIущэщэну уасэ иIэкъым.
  • КъардэнгъущI Зырамыку.
  •  
  • Холестерин
  • Шэмхьун урыс бзылъхугъэ дахэ нысэу къызэрыхуашэрэ мазэ зыбжанэ дэкIат. Нысэр дохутырти, лIыжьым и узыншагъэм хуэсакъыу кIэлъыплъырт, имышхыпхъэу къилъытэр иригъэшхыртэкъым. Шэмхьун къармэхьэблэжьти, махуэм зэ нэхъ мыхъуми лы пшэр имышхамэ, шхауэ къилъытэртэкъым. Нысэм ар идэртэкъым. Абы щхьэкIэ зэгурымыIуэныгъэ яку къыдэ-      хъуэр хэбгъэкIмэ, адреймкIэ зэнэзэпсэу къэплъытэ хъунут.
  • Махуэ гуэрым Шэмхьун лы пшэрыфIым бгъэдэсу къыщIыхьэжа нысэр къэIэбэри, Iэнэм лыр трихыжащ. Ар Шэмхьун идэнт? Абы и губжь макъым унэм къыщIиша и      къуэм нысэр зыхуейр урысыбзэ зымыщIэ и адэм къыгуригъэIуащ.
  •  — Пшэр пшхы хъунукъым, — жеIэ уи нысэм. — Лы пшэрым холестерин хэлъщ.
  •  — Сыт хэлъщ жыпIа?
  •  — Холестерин…
  •  — Си адэшхуэм и адэж лъандэрэ щымыIа хъэлстринэр дэнэ къыздикIар? Сыт ар езыр зищIысыр?
  • — Дауэ иджы ар нэхъ тэмэму къызэрыбгурызгъэIуэнур? Атеросклероз уещI.
  • — АдыгэбзэкIэ жыIэ мыр!
  • — Хъунщ. Нэхъ гурыIуэгъуэу бжесIэнщ. Щыгъупщэх уещI.
  • Зыкъомрэ хэгупсысыхьа нэужь, Шэмхьун, и щхьэ хужиIэж щIыкIэу, жиIащ:
  • — Уэлэхьи, пэжу къыщIэкIынум ар! Пщэдджыжьым мы лы пшэрыр сшха нэужь, сызэрышхэн хуейр сщогъупщэжри, сымышхэу махуэ псом къызокIухь. Пэжынущ!..
  •  
  • Светофор
  • Къуажэ трактористхэр зэкIэлъхьэужьу Налшык къалэ ягъэкIуат комбикорм къашэну. ЯгъэкIуар Iуэхут! Тракторист ПIытIу Налшык кIуэн дэнэ къэна, илъэс щэщIым фIихуауэ къуажэм къыдэкIатэкъым, губгъуэ нэхъ жыжьи IукIатэкъым. Налшык уэрамхэр къуажэм иригъэщхьа? Светофор къаблэм емыплъу зэпрыжауэ здэкIуэм, автоинспекторым къигъэувыIащ.
  • — Дэнэ укIуэрэ, къуэш?
  • — Уэлэхьи, сокIуэжым. Сытыт?
  • — УкIуэжыр хъарзынэщ, ауэ мо светофорым плъыжьыр къаблэу щхьэ узэпрыжа?
  • — Сыт светофор?
  • — Месри, зиунагъуэрэ, мор плъагъуркъэ? Мо ункIыфI-къыщIэнэжыр…
  • — Мори?.. Уэлэхьи, ар махуэшхуэм щхьэкIэ къыфIалъхьа си гугъам!
  •  
  • Факъырэ гумащIэ
  • — Дадэ! Дадэ! Факъырэ гуэр къыIухьауэ къоджэ! — пщIантIэм дэт Мэлил къыбгъэдэлъэдащ и къуэрылъху цIыкIур. Данил мыпIэщIащэу куэбжэмкIэ иунэтIащ.
  •  — Еблагъэ! ХьэщIэ утщIынщ! — зыхуигъэзащ абы къэлътмакъ ин гуэр зи плIэм еупцIэкIа, зи ныбжь хэкIуэта факъырэм.
  •  — Уи еблагъэ куэд ухъу! Себлэгъэну игъуэкъым. ФакъыракIуэ къызокIухь, — и бзэ ныкъуагъым зэрымыадыгэр IупщIу къыбгуригъаIуэу жиIащ факъырэм.
  • — Сыт Iыпхрэ?
  • — Хьэжыгъэ…
  • — Уэлэхьи, ар ди мащIэм.
  • — ДжэдыкIэ…
  • — Уэлэхьи, ди джэдхэр мыкIэцIыж.
  • — Шэ, шху…
  • — Ди жэмыр гъужащ.
  • — Щыгъын фызыхуэмеиж…
  • — Уэлэхьи, апхуэдэ димыIэ.
  • — Ахъшэ…
  • — Илъэс мэхъури улахуэ къыдамыта.
  • Факъырэр зы тэлайкIэ щыму щыта нэужь, и жыпым ахъшэ зэкIэрыт кърихри, Мэлил къыхуишиящ:
  • — Мэ, мыр зыгуэр фхуэхъунщ. Зы къэп къащти, си ужь ниувэ, Iуэхуншэу пщIантIэм удэмысу.
  •  
  • Зыдыгъуари игъэтыншынкъым
  • Мэкъуауэгъуэ мазэр къэблагъэрт. Къармэхьэблэхэми етауэ мэкъу зэреуэнум зыхуагъэхьэзырырт.
  • «Ялыхь, Къармэхьэблэ мэкъуауэ мазэу сыщумыгъалIэ», — жиIакъэ адыгэм. ЦIыкIуи ини мэкъуауэщ. Апхуэдэ махуэ гуэрым хэплъэу тетIысхьэпIэм тес Мусэ пощтзехьэ къыIухьар къеупщIащ:
  • — Мыр сыт, Мусэ, хуабжьу ухэплъэрэ?
  • — Зэпытыр къахуэмыкIуэкIэ, си шэмэджыр сфIадыгъуащ.
  • — Умыгузавэ, Мусэ. Уэлэхьи, ар зыдыгъуари имыгъэтыншын а шэмэджым, — кIэзет къихьар къритри, IуигъэзыкIыжащ пощтзехьэм.
  • Думэн Мурадин.