ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гъатхэпэм и дыгъэпс хъэтIхэр

2022-03-29

  • Хабзэ нэрымылъагъу гуэрхэмкIэ зыпащIащ тхыдэмрэ махуэрыбжэмрэ. Бжыгъэхэм яIэжщ езыхэм я щIагъыбзэ. Гъатхэпэм и 28-м ягъэлъапIэ залымыгъэ зытехьауэ щыта балъкъэрхэр хэкум къызэрихьэжрэ. А махуэ дыдэм и ныбжьыр илъэс 55-рэ ирокъу КъБР-м и Правительствэмрэ Парламентымрэ къыдагъэкI «Заман» газетым и редактор нэхъыщхьэ Конаков Хьэсэн Азрет и къуэр къызэралъхурэ.

  • Шэджэм Ищхъэрэ къуажэм 1957 гъэм и гъатхэ пасэу къыдэтIысхьэжа Конаков зэкъуэшхэр къызрихьэлIэжа вакIуэихьэгъуэ губгъуэхэм псэуху итащ лэжьакIуэжьу. Азретрэ Байданрэ (Терекуловхэ япхъущ) я бын курытщ Хьэсэн. Кавказым и щIэблэм я гущэкъу уэрэдыр лъэпкъ IуэрыIуатэщ. Азрет губгъуэм кьикIыххэртэкъым, Байдан унэгуащэт, езыр лIакъуэкIэ зыщыщ таубийхэр и напщIэм текIыртэкъым, бынитхур щIипIыкIырт лъэпкъ таурыхъхэмрэ пасэрей лIыхъужьхэмрэ я Iуэтэжым.
  • «Жылэ зысэрэ бын зыгъасэрэ» жи. Зы лъагъуэ щыIэкъым гущэ лъапэм къыщемыжьауэ. Дзэ къулыкъумри, КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетри зи щIыбагъ дэлъ Хьэсэн Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и корреспонденту лэжьэн къыщIидзащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Дон Iус Ростов кьалэм дэт Къэрал къулыкъущIэхэр щагъэхьэзыр академием. Конаковыр щылэжьащ КъБР-м и Печатымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ и министерствэм, Президентымрэ (иужькIэ — Iэтащхьэмрэ) Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэм. Иджыпсту ар зи унафэщI «Заман» газетми IэнатIэ зэхуэмыдэхэр зэгуэр щызэблихъуащ, корреспонденту къыщIидзэри.
  • Конаков Хьэсэн лэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и хъыбарегъащIэ агентствэм и унафэщIу. Абы и гуащIэдэкIыр къалъытащ КъБР-м и ЩIыхь тхылъкIэ. Ар ди республикэм щыхь зиIэ и журналистщ. Хьэлэмэтращи, дэтхэнэ IэнатIэ пэрытами, къалэмыр щигъэтIылъа къэхъуакъым. Хьэсэн и тхыгъэхэр зытриухуэр къызыхэкIа лъэпкъыр зэрыгушхуэ цIыху хьэлэмэтхэрщ. Мызэ-мытIэу якIэлъыкIуэурэ ар тетхыхьащ Тыркум ис балъкъэр диаспорэм. «Эльбрусоид» щIалэгъуалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и IуэхущIафэхэри интернет IэмалхэмкIэ утыку ирихьэрт Хьэсэн. Журналистым и апхуэдэ тхыгъэхэм уащрихьэлIэрт «Минги Тау» журналым, «Заман» газетым, нэгъуэщI хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм.
  • 2014 гъэм Сочэ щекIуэкIа щIымахуэ Олимп джэгухэм теухуауэ репортаж къэзыщIахэм яхэтащ Конаков. Апхуэдэу Хьэсэн и тхыгъэ зэхуэмыдэхэр «АИФ-СК», «Труд-СК» щIыналъэ газетхэм къытехуэрт. Дапщэщи ар зытетхыхьыр – лъэпкъ щэнхабзэрщ, спортырщ, цIыху гуащIафIэхэм я Iэужьырщ.
  • Конаковым и IэдакъэщIэкIхэм дапщэщи щигъэпажэр цIыхум и гуащIэдэкIырщ, тхыдэ фэеплъхэрщ. 2021 гъэ лъандэрэ Хьэсэн и редактор нэхъыщхьэщ «Заман» газетым. Корреспонденту, къудамэм и нэхъыжьу, редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу нэхъапэм ар здэщыIа редакцэм иIэжщ езым и гугъусыгъухэри, и гурыфIыгъуэхэри. Хьэсэн иджы щапхъэу къегъэлагъуэ езыр зыдэлэжьа редактор нэхъыщхьэ Аттаев Жамал и Iуэху зехьэкIар: «IэщIагъэ, щIэныгъэ, хабзэ, нэмыс ехьэлIауэ куэд дыдэ къызэзыта нэхъыжьыфIщ ар…» Апхуэдэу Хьэсэн щогуфIыкI иджыпсту щIэджыкIакIуэхэм я бжыгъэр зэрыхэхъуэм, къытхуеIуатэ къуажэдэсхэм газетыр зэрадэлажьэ Iэмал зэхуэмыдэхэр.
  • ЦIыху щхьэхуэм и дуней зэхэщIыкIыр ар здыщапIа лъапсэм къыщожьэ. Азретрэ Байданрэ я пщIантIэр хьэщIэкIуапIэт. Адыгэ ныбжьэгъуи пыхъуэпыши я куэдт Хьэсэн и адэ къуэшхэм езы зэшхэми  уэрсэрыжьу адыгэбзэр ягъэшэрыуэт. А нэхъыжьхэм я уэршэр макъымрэ гукъэкIыж теплъэгъуэхэмрэ къахэкIагъэнщ Хьэсэн и псэкупсэр. ЩыIэщ цIыху уеуэршэрылIэу укъыщIэкIыжа нэужьи, гу зылъумытэжрэ уи Iупэхэр щыпхузэтеж … Щынэрылъагъущ ар Конаковым деж. Езыр гуапэщ, и нэгур зэIухащ. Езым и жыIауэ «зэи къилъыхъуакъым къулыкъу хэIэтыкIа…»
  • Зи ныбжьыр илъэс 55-рэ ирикъу Хьэсэн бынунэщ. И унэгуащэ Лизэ Зэрэгъыж къыщыхъуащи, адыгэбзэ екIу Iурылъщ. БынитI зэдапIащ Конаков-зэщхьэгъусэхэм. Япхъу Илонэ адыгэ нысэщ (Хьэжнэгъуейхэ исщ), и IэщIагъэкIэ юристщ. Я щIалэ Мурат хабзэхъумэ IэнатIэхэм щолажьэ — суд экспертщ. Хьэсэн икIи адэшхуэ насыпыфIэщ, пхъурылъху иIэщ. Къыхуэмыгъэсу поплъэ и къуэр унагъуэу игъэтIысыжу дадэ нэс щыхъунум.
  • Балъкъэрхэм я къэщIэрэщIэжыгъуэ махуэм тIолъхуэныкъуэ хуэхъуа лIым хъуапсапIэ и куэдщ, дауи. Языхэз гуэрыр… бзыщIакъым. Аддэ иджыри щIалэщIэ цIыкIуу тенджызыдзэм къулыкъу здыщищIа Севостополь и бухтэ мамырхэр…Щхьэдэхынт ар иджы  КърымымкIэ. «Дзержинский» крейсерыр щимыгъуэтыжми, ириплъэнт иджы ар тенджыз кхъухьтедзапIэхэм. Хьэсэн игурэ и щхьэрэ зэтелъу иджыпстуи ирогушхуэ къэралышхуэм тыхь хуищIауэ щыта а илъэсищым.
  • ГугъэкIыхьщ дапщэщи цIыхур. Нэхъ кIыхьыжщ сыт щыгъуи гъуэгуанэхэр. Иджыпсту Конаковым игъэIурыщIэ «Заман»-ри зы кхъухьыфI ирокъу. Адыгэ редакцэр Хьэсэн дохъуэхъу и зекIуэ лъагъуэхэр зэи жьыбгъэ даущрэ псыщхьэ мамыррэ щымыщIэну. ГуащIэдэкI къэуат Тхьэм зэхригъащIэ!
  •  Къармэ Iэсият.
  • Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.