Розэ и IэпщIэлъапщIагъэ
2021-12-16
- Бахъсэн къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щагъэлъагъуэ ГъуазджэхэмкIэ сабий школым и унафэщIым концерт-узэщIыныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и къуэдзэ, декоративно-прикладной гъуазджэм хуэIэпщIэлъапщIэ Къунаш Розэ и лэжьыгъэхэр.
- Выставкэр къыщызэIуахым ирагъэблэгъащ Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим, къалэм и IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, щIыпIэ самоуправленэмкIэ Советым и депутатхэр, сурэтыщIым и благъэхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр.
- Художникым утыку кърихьахэм ящыщщ политик, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэ цIэрыIуэхэм я сурэтхэр.
- СурэтыщIыр Бахъсэн къалэм къыщыхъуащ. Курыт еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиухри, КъБКъУ-м гъуазджэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и факультетым щIэтIысхьащ. 2016 гъэм ар къиухащ диплом плъыжькIэ. Розэ и лэжьыгъэхэр къытехуащ «Горянка», «Адыгэ псалъэ», «Газета Юга», «Баксан» газетхэм. Абы и IэдакъэщIэкIхэм ущыхуозэ «2008 — 2009 гъэхэм КъБР-м и еджакIуэ нэхъыфIхэр», «Черкесы (адыги). Законодатели моды и красоты на Кавказе», «Адыгэ хабзэ» тхылъхэм.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.