Усыгъэм и къарур
2021-12-14
- «Мэшыкъуэ» щIалэгъуалэ зэхыхьэм и фIыгъэкIэ ди республикэм проект гъэщIэгъуэнхэр къыщыхалъхьащ. ЩIэблэм заужьыну Iэмал езыт а Iуэхум и сэбэп жылагъуэм щекIа щапхъэхэр гъунэжщ.
- Апхуэдэщ «Бгыжьхэм я джэрпэджэж макъы-щIэ» фIэщыгъэм щIэту Жылау Антемыр игъэзэщIа проектыр. Ар хуэгъэзащ къыдэкIуэтей щIэблэр анэдэлъхубзэм, лъэпкъ литературэм дегъэхьэхыным, и дахагъэр ягурыгъэIуэным. Ди республикэм и усакIуэ цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэм къеджэу, абы хуэкIуэ видеоролик кIэщI цIыкIу трахыну я мурадщ Антемыр и гупым.
- Видеороликхэм щIагъыбзэ яIэщи, абырэ усэмрэ гупсысэ щхьэпэхэм ухуашэ. Мы зэманкIэ Антемыр апхуэдэ зыбжанэ иригъэтхри Интернетым ирилъхьати, цIыху куэд дыдэ къыпэджэжам и мызакъуэу, зым адрейм хуигъэхьу ахэр зэIэпахащ. КIуащ БетIал, Жылэтеж Сэлэдин, Кулиев Къайсын, Къаныкъуэ Заринэ сымэ, нэгъуэщI усакIуэ цIэрыIуэхэми я творчествэм хэIэбащ щIалэр.
- Жылаум зэрыжиIэмкIэ, абы къалэн нэхъыщхьэу зэхуигъэувыжыр анэдэлъхубзэр хъумэным ехьэлIауэ щыIэ лъэпощхьэпохэм щIэблэм гу лъригъэтэнырщ, ар зэраIэщIэкIуэсыкIыр къагуригъэIуэнырщ. Абы къыхегъэщ я анэдэлъхубзэм хуэфащэ гулъытэ щIалэгъуалэм зэрыхуамыщIым и зэранкIэ хабзэми гъэсэныгъэми зэрыкIэрыхур.
- КъищынэмыщIауэ, Антемыр и гугъу ещI мы Iуэхум тезыгъэгушхуа нэгъуэщI щхьэусыгъуэхэми. Апхуэдэщ лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэныр, хабзэр, щэнхабзэр хъумэныр, къыдэкIуэтей щIэблэр хэкупсэу къэгъэхъуныр, анэдэлъхубзэхэм я пщIэр къэIэтыныр.
- Къыхэгъэщыпхъэщ проектыр зэрырагъажьэу КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ министерствэхэм, «Кавказ фильм» киностудием, «Дея Синема» кино гъэлъэгъуапIэм абы зэрызыщIагъэкъуар.
- Мурад дахэхэр зиIэ щIалэщIэм адэкIи иригъэфIэкIуэну ди гуапэщ.
- Тэрчокъуэ Дисэ.