ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2021-08-14

  • Хъэуан фо
  • Хъэуаныр фIыуэ хъуауэ къыхах, псы щIыIэкIэ ятхьэщI, хъыдан гъущэкIэ ялъэщIыж, тIууэ зэгуаупщIыкI, жылэр кърахри яупщIатэ, и фэр трагъэж, хъэуаныку къэнам псыр къыщIаху. Абы щхьэкIэ псыщIэху, лыхьэж къагъэсэбэп, е бинтым кIуэцIалъхьэри къыщIакъузыкI. Хъэуаныпсыр кхъузанэ щабэкIэ язри, кIэструлкIэ мафIэм трагъэувэ. МафIэр ин ящIри, и щхьэр темыпIауэ къагъавэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. Ар зэ къызэрытекъуалъэу зэIащIэ, къимыкIын щхьэкIэ. Къытекъуэлъар дакъикъи 5 — 6 дэкIмэ къикIыжынукъым, къэкъуалъэу тетынущ. ЩIимысыкIын щхьэкIэ, хъэуаныпсыр бэлагъкIэ зэIащIэ. Абдежым къыщыщIэдзауэ ар Iув хъууэ хуожьэ. МафIэ мыгуащIэм тету дакъикъэ 48-кIэ къавэмэ, хъэуаныпсым и пщтырагъыр градуси 105 — 106-рэ мэхъу. Мис абы и ужькIэ фор хьэзырщ. Ар гъуэжь-фIыцIафэу, Iуву, зэпышу щытщ.

  • Фор кхъузанэ щабэкIэ яз, тIэкIу ягъэупщIыIу, хьэкъущыкъу гъущэм иракIэри, и щхьэр ягъэбыдэж.
  • Халъхьэхэр: хъэуан укъэбзауэ — г 1000, абы фо хьэзыру къыхокI — г 130-рэ.
  • Лэпс зэщIэт, джэдыл, кIэртIоф, хугу хэлъу
  • Джэд гъэкъэбзар тыкъыр цIыкIуурэ зэпауд, яупщIатэ я хьэлъагъыр г 45 — 50 хъууэ. Псы хуабэкIэ тIэу-щэ ятхьэщI, шыуаным иралъхьэри, псы щIыIэ щIакIэ, мафIэ иным тету зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. Шыгъу хадзэ, шыуаныщхьэр трапIэри, мафIэ щабэм тету тхъурымбэр къытрахыурэ ягъавэ дакъикъипщI-пщыкIутху хуэдизкIэ.
  • ИтIанэ зэпэплIимэ цIыкIуурэ упщIэта кIэртIофыр халъхьэри зэIащIэ, шыуаныщхьэр трапIэри, мафIэ щабэм тету дакъикъих-икIэ ягъавэ. Абы зэIащIэурэ хугу лъэсар хакIутэ, шыуаныщхьэр трапIэжри хьэзыр хъуху — дакъикъэ 15 — 20 хуэдизкIэ ягъавэ.
  • Шыуаныр мафIэм къыпэрахыж, пэшхьэкубгъум деж трагъэувэри, бжьын гъэлыбжьа традзэ. И щхьэр трапIэри, дакъикъитху-хыкIэ щагъэт, нэхъ IэфI хъун, мэ гуакIуэ къыщIыхьэн щхьэкIэ. ЗэрызэщIэту пщтыру фалъэ куукIэ Iэнэм трагъэувэ. ЩIакхъуэ е чыржын дашх.
  • Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): джэдылу — г 150-рэ, псыуэ — г 700, кIэртIоф укъэбзауэ — г 60, хугуу — г 20, шыгъуу — узыхуейм хуэдиз. Бжьын гъэлыбжьам: тхъу гъэвэжауэ — г 20, бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 20, шыбжий сыр хьэжауэ — узыхуейм хуэдиз.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр» хылъым къитхыжащ.
  •  
  • Псыщхьэ мылыр  зы махуэкIэ  хъуркъым Iув
  • Делэр бущийуэ уи жьэр иумыгъэш, шэдым жылэ тепсэкIэ къытекIэнкъым мэш.
  • * * *
  • Зи гугъэжым цIыху цIэрыIуэу куэдрэ щIэщхъу къыщощI… ЩыгъыныщIэ щызытIагъэм псори къеплъ къыфIощI.
  • * * *
  • Нэхъыжым пэрыуэм сыт мыгъуэр и махуэ? И гугъэжщ ЩIалэгъуэм сытым дежи захуэу!..
  • * * *
  • Нэхъ ерыщу дызыпылъыр ди Iуэху лъэпкъи зыхэмылъырщ, дэни хэтIуу ди бэлагъыр, — сыту тфIэфI-тIэ а делагъэр!
  • * * *
  • Нобэ зыри къомыфыгъуэм, жыIэгъуейщ уи Iуэхур щIагъуэу, ар къэпщIэну зэуэ гугъуми, къэгъуэтыж езым уи дагъуэр.
  • * * *
  • Пэжым псэр ебгъэсэжамэ, пцIым уегъащтэ — ухуэзамэ.
  • * * *
  • Псыщхьэ мылыр зы махуэкIэ хъуркъым Iув, «Сэ псори сощIэ!..» — жыпIэу укъысхуэмыув!
  • * * *
  • Темылъ укIуэд бэзэрым фIыгъуэу, — щокIуэкI Iиблис и хьэгъуэлIыгъуэр.
  • * * *
  • Уопсэури уэ утету дыгъужь хабзэм, жыбоIэр ахъшэм хуэмыщIэн щымыIэу, атIэ щхьэ къыумыщэхурэ зы псэ къабзэ, зы гу хьэлэл, Iущыгъэ — уэ уимыIэр?
  • * * *
  • ЦIыхум и насыпыр зыхимыщIэ, бгъэдэлъыпэми — къыхуэмыцIыху, ар абы щебакъуи — къыхуэмыщIэ, IэщIэкIам — уэлбанэщ, пщIащэпыхущ…
  • Хьэту Пётр.
  • Зи щхьэ  зыфIэмыдэхэж  щыIэкъым
  •  ЗэдэмыпсэуитI зэнтIэIуркъым.
  •  Зэз зи бзэгу телъым IэфI щымыIэж къыфIощI.
  •  Зи бзэ текIуэда куэд кхъэм щIэлъщ.
  •  Зи лIэгъуэ къэсам и мыхьэл къещтэ.
  •  Зи мылъку зыфIэкIуэдам хуэгуIи, зи акъыл зыфIэкIуэдар гъеиж.
  •  Зи щхьэ зыфIэмыдэхэж щыIэкъым.
  •  Хьэм и кIэм утеувэмэ, къодзакъэ.
  •  Щыгъын хьэху нэхърэ — щыгъын фаджэ.
  •  ЩIалэ ебгъэлъагъур и гъуэгущ.
  •  ЩIэ ягъэIущ щхьэкIэ, жьы яущиижрэ?
  •  
  • Делэрэ губзыгъэрэ я зэхуаку
  • Зыгуэрым и къуэш делэр делэщым ишат, яритыну. Нэсхэри, губзыгъэр гъущI куэбжэ лъагэм еIэу уващ, Iуихыну. Зи, хуIухыртэкъым: еIащ — IукIакъым, аргуэру еIащ — IукIакъым!
  • Щымыхъуххэм, делэр къэпсэлъащ:
  • — Мо щIыIу плъыжь цIыкIу хуэдэ хэгъэбыдам текъузэт…
  • Къуэш губзыгъэм делэм жыхуиIам трикъузэри, гъущI куэбжэ абрагъуэр Iэуэлъауэшхуэ ищIу къызэIужащ.
  • Делэрэ губзыгъэрэ я зэхуаку блын дэткъым.
  • УмэжэлIауэ къыщIэкIынщ
  • Зи щхьэгъусэр лэжьакIуэ дэкIа ХьэкIулинэ пщэдджыжьышхэр зэфIэкIыу цIыкIухэр еджапIэм иутIыпща нэужь, унэр тIэкIу зэлъыIуихщ, зи ныбжьыр илъэс иримыкъуа и щIалэ нэхъыщIэр и Iэблэм тригъэтIысхьэри, уэршэракIуэ ежьащ. Гуэщым белыкI зыупсу щIэс тхьэмадэм абы зыри жриIакъым, сабийм тIэкIу къыдэджэгуа мыхъумэ.
  • ХьэкIулинэм къимыгъэзэжурэ, махуэр фIыуэ хэкIуэтащ.
  • Ауэрэ, шэджагъуэ нэужьми нэсащ. Бжьэпэм тет дзэл жыг баринэшхуэм и щIагъ удзыпцIэ жьауапIэм фыз уэршэрым яхэсу щIэс ХьэкIулинэр къыщызэплъэкIым, гу лъитащ и тхьэмадэ къыIухьам. ЛIыжьым и Iэпэм фIэдзат хъуржын цIыкIу, зы щIакхъуэ Iыхьэшхуэ, кхъуей цIынэ ныкъуэфI, игъэвыкIауэ джэдыкIэ зытIущ, псыIэфI птулъкIэ илъу.
  • — Мэ, тIу, нышэдибэ лъандэрэ уныдыхьэжакъым, умэжэлIауэ къыщIэкIынщ, — хуишиящ абы гъуэмылэр нысэм.
  • Ныбжь
  • — Уузыншэщ, уи къару илъыгъуэщ, итIани…- гукъанищэр хуэсщIрэ жезмыIэ щымыIэу соущие нэхъыщIэм. — Бетэмал, а уэ уи ныбжьым иджыпсту сэ сыкъихутэжамэ, плъагъунт сщIэр!
  • — НтIэ, сэ си ныбжьым уитакъэ уэ?!
  • — Абы щыгъуэ уэ а уи щхьэм иджыпсту илъым хуэдизщ сысейми илъар!
  • Хьэх Сэфарбий.
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 1. Гъавэ къэкIыгъэ. 4. Пхъэм къыхабзыкIа бжэмышхышхуэ. 6. Дыгъужьри бажэри зэщакIуэ псэущхьэ лъэ псынщIэ. 8. Гъэгъа Iэрамэшхуэ хужьхэр хъуэпсэгъуэу къызыпыкIэ, ди щIыпIэм щыкуэд жыг. 9. ДжэдыкIэ … 10. ЦIыхубзхэм зыкIэралъхьэ хьэпшып цIыкIу. 13. Хывым нэгъуэщIу зэреджэ. 14. Куэд щIауэ щыт бжыхьыр … хъуащ. 19. Хъарбыз … Е зыгуэрым и фIыпIэ. 20. Я бийхэм яйуэ, зауэм щытекIуахэм къаIэрыхьэ хъугъуэфIыгъуэхэр. 21. Псы Iуфэ мывалъэ-пшахъуалъэ. 22. Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм я щIыналъхэм щыIэ псыежэх. 24. Совет Союзым, Европэм, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм мызэ-мытIэу щытекIуа адыгэ шууей … Жамбот. 26. Уэлбанэми уаеми ущызыхъумэ, ди зэманым щIагъуэу зэрамыхьэж цIыхухъу щыгъын хуабэ. 27. Чы … Е гъавэ, ерыскъыхэкI зралъхьэу щыта кумбыгъэ. 28. ТхакIуэ цIэрыIуэм и цIэкIэ … дахэ зэхашащ. 32. … из хъужыркъым. 34. Уи щхьэ мыузым … къыумышэкI. 35. Адыгэ композитор Iэзэ. 36. Унэм ибгъу. 37. Узыдэмыхьэ къуэладжэ … дэзщ. 35. ЦIыху уэд.
  • Къехыу: 1. Шым и кIуэкIэ. 2. … налъэ. 3. Iэпкълъэпкъ зэрытыпIэхэр зэрызыгъэIыгъ, къупщхьэмрэ лымрэ зэпызыщIэ. 5. Узыпхымыплъыф хьэуа. 7. … -махуэми, си унэ ныкъуэщIыр и кIэм нэзгъэсыжащ. 11. Бжэгъу кIыхь, къурагъ гъум. 12. ЛIы ефа жеижам и … макъ къоIу. 13. Къэбэрдей тхакIуэ, журналист. 15. Кърымым, Азие Курытым щыIа къэралыгъуэхэм я Iэтащхьэхэм зэреджэу щыта. 16. Хэку зауэшхуэм и зэманым бийм ерыщу пэщIэта Къалэ-лIыхъужь, быдапIэ. 17. Волгэ псым адыгэхэр зэреджэу щыта. 18. … ныбжьыщIэхэр школ пщIантIэм щызэрызохьэ. 23. … щытхъуи, щIэр къащтэ. 24. Ди адыгэ тхакIуэ, усакIуэ зыбжанэм фIаща хамэцIэ. 25. ЗекIуэ ежьа шу гупым я кIэм ит. 26. ЛIыхъужьым пщIэ, … хуэфащэщ. 29. ЦIэрыIуэ хъуа «Данэ бэлътоку» уэрэдми, нэгъуэщI зыкъомми макъамэ хуэзытха уэрэдус, уэрэджыIакIуэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист Къашыргъэ … 30. Адыгэ театрым и джэгуакIуэу щыта, Лениным и ролри, нэгъуэщI куэди Iэзэу зыгъэзэщIа, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист. 31. Мэлыхъуэ пщыIэ. 33. Нарт хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, Iэщхэм я тхьэ. 35. Нартыху … е дыгъэ …
  • Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
  • ШыщхьэуIум и 7-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу: 1. Къазмакъ. 4. Ныбжьэгъу. 7. Курыт. 8. Йорк. 10. Инат. 11. Бдзы. 12. Напэ. 15. Хьэзыр. 16. Хьэрып. 19. Псыдыуэ. 20. Тхъу. 21. Ущ. 22. Бемырзэ. 25. Сыбыр. 26. Благъуэ. 30. Жэпкъ. 32. Къру. 33. Гъашэ. 34. Гъунэгъу. 36. Щабэ. 37. ЩIэрыкIуэ. 38. Щхьэдыкъ.
  • Къехыу: 1. Къабзий. 2. Мурат. 3. Къат. 4. Ней. 5. Борэн. 6. Гъуэншэдж. 9. Гудзэ. 13. Бырс. 14. Хьэлу. 15. Хьэнтхъупс. 17. Пхъэщабэ. 18. АдрыщI. 23. Ерыщ. 24. Залэ. 27. БжэхуэщI. 28. Къурш. 29. Сэрмакъ. 31. Къанлы. 33. Гъыбзэ. 35. Гъуджэ. 36. Щыщ.