|  | 
            Псори и чэзум зэфIагъэкIынущ2023-09-28 
              
                Тхьэмахуэ къэс екIуэкI «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр зэхишащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, министрхэр, щIыналъэ администрацэхэмрэ къалэ округ- округхэмрэ я унафэщIхэр. Псоми еджэн… 
            Захуагъэмрэ пэжымрэ я гъуазэу2023-09-28 
              
                Краснодар крайм хыхьэ Сочэ къалэм тхьэмахуэ блэкIам щекIуэкIащ «Урысейр зэрыщыту-2023» иджырей журналистикэмкIэ 27-нэ зэхуэс ин. Я Iуэху зехьэкIэхэмкIэ, лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп мардэщIэхэмрэ еплъыкIэщIэхэмкIэ зэдэгуэшэну абы кърихьэлIат Урысей Федерацэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэм къызэщIиубыдэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэ 1000-м щIигъу. Форумым и лэжьыгъэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Жыласэ Заурбэч я пашэу. Псоми еджэн… 
            Ислъамым и нур2023-09-28 
              
                Щэлэуатым къыдэкIуэ псапэхэрЩэлэуат хъужыр ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам Алыхьталэм и фIыгъуэр къеуэлIэну узэрыхуэлъаIуэ псалъэхэрщ. Псалъэм папщIэ, нэмэзым хэт Iэтэхьиятым и кIэм жаIэ хабзэ «Iэллахьуммэ, щэлли гьэла Мухьэммэдин…» псалъэхэри щэлэуатым и зы лIэужьыгъуэщ. Апхуэдэхэр куэд дыдэ мэхъу, кIыхьи кIэщIи яхэту. Ауэ шэч закъуи къытумыхьэу, уигу илъыпхъэр зыщ: щэлэуат нэхъыбэ къэпхьыху, уи дежкIэ нэхъыфIщ. Бегъымбар лъапIэу щэлатрэ сэламрэ зэхам Алыхьталэм и пащхьэм щиIэ увыпIэр апхуэдизкIэ лъагэщи, уеблэмэ ар зыгъэлъапIэ хъуэхъу къызыкIэлъымыкIуэ духьэм жэуап имыIэнкIэ шынагъуэщ. Псоми еджэн… 
            «Ар зыхуадар сэрауэ щытми, Зэры-Кавказу яхуэхъуащ»2023-09-28 
              
                МэшбащIэ Исхьэкъ мы и сатырхэр, нэгъуэщI псалъэ дахэ куэди зыхуатха Адыгэ фащэм и махуэр нобэ догъэлъапIэ. А фэилъхьэгъуэ телъыджэм кIуэ пэтми бжьыпэр зэриубыдыжым дэ псори щыхьэт дытехъуэфынущ.Лъэпкъым и гуфIэгъуи гуауи дэзыгъэва, тхыдэ жыжьэм къыпхыкIа фащэ зиIэхэм, ар зыгъэлъапIэхэм кIуэ пэтми къахэхъуэ зэпытщ, адыгэ фащэкIэ хуэпауэ а махуэм лэжьапIэ, еджапIэ кIуэ ныбжьыщIэ куэдым къалэ уэрамхэм уащрохьэлIэ. Сыту гухэхъуэ щIэблэм я гум, я псэм лъэпкъ гупсысэ къызэрыщыушыр плъагъуну!Илъэс къэс а махуэм ирихьэлIэу гуфIэгъуэ дауэдапщэ, зэпеуэ, зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр ди щIыналъэм къыщызэрагъэпэщ. Адыгэ фащэм и тхыдэм, абы иIа, иджы игъуэта теплъэм, фащэм и мыхьэнэм теухуа дерсхэр еджапIэхэм щрагъэкIуэкI, фильмхэмрэ нэтынхэмрэ щагъэлъагъуэ.И пкъым хуэфIыпс фащэ екIу иIэну щIэмыхъуэпсыр хэт?! КъызыгурыIуэм ещIэ адыгэ фащэр фэилъхьэгъуэ къудей мыхъуу, укъызыхэкIам хуэпщI пщIэм и щыхьэт гуэру зэрыщытыр. Ар лъэпкъым и гупсысэ, зэфIэкI, Iэзагъэ къызытещыж Iэужь нэсщ.Адыгэ фащэр фIыуэ зылъагъу, ар щIэх-щIэхыурэ зи пкъым изылъхьэ адыгэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ упщIэ зыбжанэкIэ захуэдгъэзащ фащэм езыхэм я дежкIэ иIэ мыхьэнэм, ар щIыщатIагъэ щхьэусыгъуэм теухуауэ. Ди псэлъэгъухэм яхэтщ илъэс куэд щIауэ хуэсакъыу фащэ зезыхьэхэр, ар тыгъэ лъапIэ зыхуащIахэр. Псоми еджэн… 
            Гъуэныбэ Iэуес и хъуэпсапIэхэр зыIэрегъэхьэ2023-09-28 
              
                Сербием и къалащхьэ Белград къикIыу хъыбар гуапэ иджыблагъэ къытIэрыхьащ. ФокIадэм и 16 — 24-хэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ абы щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым ещанэ увыпIэр къыщихьащ адыгэ щIалэ Гъуэныбэ Iэуес. Килограмм 82-рэ зи хьэлъагъхэм я деж домбеякъ медалым щхьэкIэ ар ебэнащ дуней псом и чемпион цIэр зэзыхьэ, Тыркум щыщ Акбудак Бурхъан икIи зэIущIэм и бжыгъэр 6:3-уэ къыфIихьащ. Псоми еджэн… 
            Гупхэр я лъэкIыныгъэкIэ  щызэпэIэщIэм деж2023-09-28 
              
                Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гъэмахуэ чемпионатым и гуп нэхъыщхьэм зи чэзу зэIущIэхэр щекIуэкIащ, ауэ щIэщыгъуэу зыгуэр къэхъуауэ гу лъыттакъым — ипэ ит командитхум и лъабжьэ увыпIэм щытхэр тыншу, и нэхъыбапIэм бжыгъэшхуэкIэ зэрыхагъащIэщ. Псори я зэфIэкIкIэ нэхъ зэхуэдэу, зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ ямыIэу, нэхъ зэрыхэгъэзыхьу джэгуамэ, зэхьэзэхуэр дэщIакIуэхэм я дежкIэ нэхъри гъэщIэгъуэн хъуну къыщIэкIынт, абыхэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъунри хэлът. Псоми еджэн… 
            КIущ Iэсият и ехъулIэныгъэ лъагэ2023-09-26 
              
                Тхьэмахуэ блэкIам ди къэралым щекIуэкIащ Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я урысейпсо зэпеуэм и иужьрей Iыхьэр. Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и къалащхьэ Черкесск къалэм щызэхаша а зэхьэзэхуэм ирагъэблэгъащ УФ-м хыхьэ субъектхэм гъатхэм щекIуэкIа щIыналъэпсо Iыхьэм щытекIуа егъэджакIуэхэр. Къэралпсо утыкум зи зэфIэкIхэр щызыгъэлъэгъуахэм ящыщащ ди лъахэгъу адыгэ бзылъхугъи. Ар Аруан районым хыхьэ Псыгуэнсу жылэм дэт курыт школ №3-м пэщIэдзэ классхэр щезыгъаджэ КIущ Iэсиятщ. Псоми еджэн… 
            Лъагъуныгъэмрэ гуапагъэмрэ я лъахэ2023-09-26 
              
                Мы гъэм илъэс 20 мэхъури, Урыскй Федерацэм щагъэлъапIэ ГъэсакIуэмрэ школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмысахэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэмрэ я махуэр. Къэрал зыужьыныгъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а IэнатIэм и щытыкIэм иджыри гу лъозыгъатэ махуэшхуэщ ар, сыту жыпIэмэ хэкум къихъуэ щIэблэм ябгъэдэлъ гупсысэмрэ дуней еплъыкIэмрэ, яIэ гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ куэд елъытащи. А псоми я къежьапIэр сабий гъэсапIэхэращ. Псоми еджэн… 
            Бзэм хэт псалъэ нэхъыжьхэм я къежьапIэр2023-09-26 
              
                «ЩIы Уэ Псы Бзэ» тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Токъмакъ Айдын адыгэбзэм и зэпкърылъыкIэр едж. Ар щыхьэт тохъуэ псалъэр зэрызэпкърылъ пычыгъуэ къэс мыхьэнэшхуэ зэрыхэлъым, а мыхьэнэри бзэм зиубзыхун щыщIидза мывэ лъэхъэнэм къызэрыщежьэжам. Псоми еджэн… 
            ЩIакхъуэм хуэфащэ пщIэ хуэтщIрэ?2023-09-26 
              
                ЩIым телэжьыхь цIыхур зэгъэзэхуэным нэхъ хуэIэзэу, хуэIэкIуэлъакIуэу, нэхъ жыжьэ кIуэцIрыплъыфу игъащIэми щытщ. Псоми еджэн… 
            Есэпымрэ ар езыгъэджхэмрэ2023-09-26 
              
                Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и «ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм зэпымыууэ щыхагъахъуэ центр» (ЦНППМ) къэрал IуэхущIапIэм и егъэджэныгъэ-методикэ советым и унафэкIэ, иджыблагъэ дунейм къытехьащ «О математиках, математике и её преподавании и в шутку и всерьёз» зи фIэщыгъэ япэ къыдэкIыгъуэр. Ар Мамхэгъ Астемыр зэхигъэуващ. Псоми еджэн… 
            УзыIэпызышэ зэхэшэ2023-09-26 
              
                Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм зэхыхьэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. «Гум и макъ» цIэр зезыхьэ клубым хэтхэм «Хэкум и жьыху» зыфIаща зэхуэсыр ирырагъэхьэлIащ Адыгэхэм я махуэм. ШколакIуэхэр, абыхэм я егъэджакIуэхэр, тхакIуэхэр зыхэта зэIущIэр къызэзыгъэпэщари езыгъэкIуэкIари а къудамэм и лэжьакIуэ нэхъыжь Безыр Ленэщ. Псоми еджэн… 
            Чемпионыр кърагъэблэгъэж2023-09-26 
              
                Налшык и кхъухьлъатэ телъэтыкIыпIэм деж Iэтауэ иджыблагъэ къыщрагъэблэгъэжащ Сербием бэнэкIэ хуитымкIэ щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым дыщэ медаль къыщызыхьа Мусукаев Исмэхьил. Псоми еджэн… 
            ЦIыкIураш2023-09-26 
              
                Мультфильмхэр дауэ къэунэхуа?ЦIыкIухэ, дощIэ — фэ мультфильмхэм феплъын ффIэфIщ. Абыхэм фыгупсысэфу, Iеймрэ фIымрэ зэхэвгъэкIрэ фIым фрителъхьэу, гуапагъэ фи гум илъу фагъасэ. Языныкъуэхэм фагъэдыхьэшх, яхэтщ мащIэу фызыгъэнэщхъеи. Псоми еджэн… 
            БгъэдыхьэкIэщIэхэр къагъэсэбэпынущ2023-09-23 
              
                Налшык щызэхэтащ КъБР-м Наркотикхэм пэщIэтынымкIэ и комиссэм хэтхэм я зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Псоми еджэн… |