ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

 

 

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

 

КъБР-м

 И ПАРЛАМЕНТЫМРЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМРЭ

Я ГАЗЕТ

 

сайт газеты «Адыгэпсалъэ»

 

2006 гъэм гъатхэпэм и 1

газетыр 1924 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм и 1 лъандэрэ къыдокI

Счетчик посещений Counter.CO.KZ - бесплатный счетчик на любой вкус!

 

 

ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР

 

 

ТХЫДЭ

 

 

ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ

 

 

ТХЫГЪЭХЭР

 

 

 

АРХИВЫР

 

english

адыгэбзэ

русский

 

ГЛАВНАЯ

Куэд зыхузэфIэкIам нэхъыбэжкIэ ущогугъ

 

                  Гъатхэпэм (мартым) и 30-м илъэс 60 ирокъу адыгэ тхакIуэ, публицист, журналист, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

                  ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Мусэбий и къуэр Бахъсэн районым щыщ Зеикъуэ къуажэм 1946 гъэм къыщалъхуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр (адыгэбзэмрэ литературэмрэ я къудамэр) къиуха нэужь, абы дзэм къулыкъу щищIащ, «Советская молодежь» газетым, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм, «Точка зрения» журналым, газет-журнал тедзапIэм щылэжьащ, 1997 лъандэрэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэщ.

            «ЛIым и гъащIэр къызэрабжыр илъэс бжыгъэкъым» - апхуэдэ псалъэхэр хэтщ КIуащ БетIал и усэхэм ящыщ зым. Абы шэч хэлъкъым: цIыхум пщIэ къыхуэзыхьыр и ныбжьыркъым – и гуащIэдэкIырщ. ПщIэ лъагэ щIыхуэфащэ гуащIэдэкI иIэщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд – и тхыгъэхэм, и жылагъуэ лэжьыгъэм къыхуахьауэ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIауэ е зэхилъхьауэ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи дунейм къытехьащ тхылъ тIощIым щIигъу. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми хыболъагъуэ ахэр зи Iэдакъэ къыщэкIам бгъэдэлъ акъылымрэ щIэныгъэмрэ зэрыиныр. «Си гугъэ – си кхъуафэжьей», «Лъэужь», «ТекIуэныгъэм и махуэ», «Адыгэ мамлюкхэр», «Уэгу вагъуэ – щIылъэ вагъуэ», «Разбросаны адыги по белому свету» - абыхэм ящыщ зы тхылъи лъэужьыншэ щыхъуакъым ди литературэмрэ журналистикэмрэ. Ар дэнэ къэна, дунейм къызэрытехьэ лъандэрэ цIыхум зыщагъэнщIыркъым абыхэм, махуэ къэси къащхьэпэ, еджэр зэи зытемызашэ, куэдым укъыхуэзыгъэуш, ухуэзыгъэIущ тхылъщ ахэр. Зи цIэ къитIуа тхылъхэм апхуэдэ мыхьэнэ яIэнкIэ щIэхъуар ахэр зи IэдакъэщIэкI тхакIуэм щIэныгъэ куурэ акъыл жанрэ зэриIэрщ – абы шэч къытепхьэнукъым, а тхылъхэм ящыщ дэтхэнэми щыгъуазэ зыхуэпщIмэ. Си щхьэкIэ сыщыгъуазэщ «Адыгэ мамлюкхэр» тхылъым (абы и бжыгъэр 5000 хъурт) цIыхур щыгуфIыкIауэ зэрыщытам – ар щIэх дыдэ «япхъуэтащ», жьыми щIэми ноби зэIэпах. Ар дыдэр хужыпIэ хъунущ «Разбросаны адыги по белому свету» тхылъми – тыкуэнхэм напIэзыпIэм щIэбзэхыкI, щIэх дыдэ гъуэтыгъуей хъу тхылъхэм ящыщщ ари.

            Сыт ар ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и тхылъхэм я натIэ щIэхъур, цIыхум щхьэ зэрапхъуэрэ ахэр? Абы и жэуапыр езы тхылъхэм я деж щыбогъуэт: зи цIэ къитIуа тхылъитIми лъабжьэрэ купщIэрэ яхуэхъуар нобэрей щIэблэм «щагъэпщкIуауэ», ди щIэныгъэлIхэмрэ тхакIуэхэмрэ зытемыгушхуэу къэгъуэгурыкIуа темэрэ псалъэмакърэщ. ЩIэныгъэлIхэри тхакIуэхэри щыгъуазэт, дауи, Мысырым (Египетым) къэралыгъуэ щызыухуауэ щыта мамлюк дзэпщхэм я тхыдэм, ауэ, я цIэ зэзэмызэ къраIуэ фIэкI, абыхэм я нэхъыбапIэр зэрыадыгэри, узэрыпагэ, узэрыгушхуэ хъун тхыдэрэ лэжьыгъэшхуэрэ къызэрызэранэкIари ябзыщI зэпытащ иджыри къэс. Мамлюк дзэпщхэм я тхыдэмрэ я IуэхущIафэхэмрэ иджырей щIэблэр щыгъуазэ хъуамэ, ар псом япэ зи фIыщIэр ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ: абы и фIыгъэкIэ дэ нобэ дощIэ курыт лIэщIыгъуэхэм я зэманым дуней псом цIэрыIуэ щыхъуауэ щыта адыгэ дзэпщхэм – Къэлэун, Бейбарс, Бэркъукъу, Къанщауэ Гъур, Тумэн-бей сымэ, нэгъуэщIхэми КъуэкIыпIэм и тхыдэм зэи хэмыгъуэщэжын лъэужь къызэрыханар.

            Кавказ зауэм и ужькIэ адэжь щIыналъэр ирагъэбгынауэ щытащ адыгэ минищэ зыбжанэм – абы псори щыгъуазэщ, зыщымыгъуазэр хэкур зрагъэбгынахэм я щхьэ кърикIуамрэ я натIэ хъуамрэщ. ЦIыху куэд  щыгъуазэкъым, псалъэм папщIэ, Тыркум, нэгъуэщI къэралхэм Iэпхъуауэ щыта хьэжрэтхэм я щIэблэм культурэм, литературэм, гъуазджэм я лэжьакIуэ, къэрал лIыщхьэ, дзэпщ цIэрыIуэ куэд къазэрыхэкIам – абыхэм я хъыбархэри бзыщIауэ къэгъуэгурыкIуащ иджыри къэс. Уи лъэпкъыр псэм нэхърэ нэхъ бгъэлъэпIэн хуейщ, а псор хэIущIыIу пщIын, нобэрей щIэблэм и пащхьэ иплъхьэн щхьэкIэ. Ар хузэфIэкIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. «Разбросаны адыги по белому свету» тхылъым ущрохьэлIэ къуэкIыпIэ къэралхэм (Тыркум, Сирием, Иорданием, Египетым, Ливием) я культурэмрэ я литературэмрэ лъэужьышхуэ къыхэзына тхакIуэ, усакIуэ, композитор, щIэныгъэлI Iэджэм я хъыбархэм. Дунейпсо литературэм и классик хъуащ, псалъэм папщIэ, адыгэ хьэжрэтхэм я щIэблэ Хьэткъуэ Умар (Омер Сейфеддин); тырку, хьэрып литературэхэм лъэбакъуэщIэ ирагъэчащ адыгэ тхакIуэ, усакIуэ куэдым. ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ ахэр дэзыгъэцIыхуар, я гуащIэдэкIми щыгъуазэ дызыщIар (Мухьэмэд зэхилъхьауэ, 2002 гъэм Налшык къыщыдэкIащ хэхэс адыгэ тхакIуэ зыбжанэм я тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «ЩIэин» тхылъышхуэр).

            Иджыри къэс зыри зыщымыгъуэзэххар Тыркум, хьэрып къэралхэм цIэрыIуэ щыхъуа адыгэ дзэпщхэмрэ лIыщхьэхэмрэ я хъыбархэращ. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и фIыгъэкIэ нобэрей щIэблэм ящIэ хъуащ къуэкIыпIэ къэралхэм я тхыдэм лъэужьышхуэ къыхэзына хэку лIыщхьэхэм, генералхэм, маршалхэм, зауэлI хахуэхэм, спортсмен цIэрыIуэхэм я хъыбархэр – апхуэдэ куэдым я IуэхущIафэхэм ущагъэгъуазэ абы и тхыгъэ хьэлэмэтхэм, псом япэрауэ «Разбросаны адыги по белому свету» тхылъым. Дауи, аркъудейм къыщынэркъым ХьэфIыцIэ Мухьэмэд хузэфIэкIамрэ къытхузэIуихамрэ. ЦIыхум сыт щыгъуи яфIэщIэщыгъуэщ, дахьэх ди культурэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм теухуауэ Мухьэмэд и къалэмыпэм къыщIэкI тхыгъэ купщIафIэхэм – апхуэдэ тхыгъэхэщ «Си гугъэ – си кхъуафэжьей», «Уэгу вагъуэ - щIылъэ вагъуэ», «Лъэужь» тхылъхэм щызэхуэхьэсахэр.

            Куэдым хунэс, куэд къыщIэзыгъэлъэф къалэм Iумахуэ зыгъабзэ тхакIуэ, публицист гуащIафIэщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, и тхылъхэм ущеджэкIэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым ар а псом зэрыхунэсыр, апхуэдэ зэмани гуащIи къыздрихыр. ИщхьэкIэ зэрыщыжытIащи, езым и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэхэм нэмыщI, Мухьэмэд зэхилъхьауэ, игъэхьэзырауэ дунейм къытехьащ тхылъ гъэщIэгъуэн куэд. Псом япэ зи цIэ къиIуапхъэр, дауи, адыгэ тхакIуэшхуэ КIыщокъуэ Алим теухуа «Всадник чести» тхылъырщ. Мухьэмэд абы щызэхуихьэсащ ди тхакIуэ, усакIуэ щэджащэм и гъащIэмрэ и гуащIэдэкIымрэ IупщI дыдэу уи нэгу къыщIэзыгъэувэ тхыгъэ хьэлэмэтхэр. «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм 1984 гъэм къыщыдэкIри, къэрал псом щызэбгрыкIат «Одна судьба – одна дорога» тхылъыр – ар халъытауэ щытащ «Мы дружбой ленинской сильны» сериемкIэ къыдэкI тхылъ нэхъыфI дыдэхэм. Мухьэмэд зэхилъхьауэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм 1992 гъэм къыщыдэкIащ дуней псом щыцIэрыIуэ дирижер Темыркъан Юрий теухуа тхылъ хьэлэмэтри.

            Литературэмрэ публицистикэмрэ цIэрыIуэ зэрыщыхъуа гуащIэдэкIым къыгуэпх хъунукъым ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэрыщIалэ лъандэрэ дэзыхьэх редактор IэщIагъэри. Ар пасэ дыдэу IупщI хъуауэ щытащ – Мухьэмэд университетым щыщIэса гъэхэм, студентрэ пэт, абы дзыхь къыхуащIауэ щытащ «Университетская жизнь» газетым и редактор къулыкъур. А IэнатIэр къыхуэзыгъэфэщахэр щигъэщIэхъу къэхъуакъым Мухьэмэд: ар зи редактор «Университетская жизнь» газетыр Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм къыдагъэкI газет нэхъыфI дыдэхэм ящыщ зы хъуауэ щытащ – и унэтIыкIэкIи, и мыхьэнэкIи, и зэхэлъыкIэкIи.

            1997 гъэ лъандэрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд «Адыгэ псалъэм» и редактор нэхъыщхьэщ. ЦIыхум гу лъамытэнкIэ Iэмал иIэкъым лъэпкъ газетым а зэманым и кIуэцIкIэ зыужьыныгъэшхуэ зэригъуэтам – нобэ ар Кавказ Ищхъэрэм къыщыдэкI газетхэм сыт и лъэныкъуэкIи йофIэкI. Мухьэмэд и фIыгъэкIэ «Адыгэ псалъэр» ди лъэпкъым и гъащIэмрэ и щэнхабзэмрэ я гъуджэ хъуащ, гъуджэ къудейкъым – «Адыгэ псалъэр» нобэ хъуащ ди лъэпкъ культурэм и унэтIакIуэ, абы и хъугъуэфIыгъуэхэр цIыхубэм я деж нэзыхьэс, цIыхур зыузэщIыныгъэмрэ дэрэжэгъуэмрэ къыхузэщIэзыIэтэ, хуэзыунэтI лъэпкъ газет гуащIафIэ. Ди культурэми ди гъащIэми зы махуи теплъэкъукIыркъым Мухьэмэд зи редактор нэхъыщхьэ, абы и щIэныгъэ куумрэ и акъыл жанымрэ яунэтI газетыр. Абы щыхьэт техъуэфынущ газетыр махуэ къэси зыIэрыхьэ, абы еджэ дэтхэнэ зыри. «Адыгэ псалъэм» уеджэ хъунущ ди лъэпкъым и нобэмрэ и дыгъуасэмрэ я щIэнгъуазэкIэ. Газетым и редактор нэхъыщхьэ къулыкъум щыпэрыувэм апхуэдэ мурадщ Мухьэмэд иIар, ар абы къызэрехъулIам шэч хэлъкъым. «Адыгэ псалъэм» и фIыгъэкIэ нобэрей щIэблэр иужьрей зэманхэм щыгъуазэ хъуащ адыгэхэм лIэщIыгъуэ кIыхьхэм къыпхаха культурэ къулейм, абыхэм я тхыдэ хьэлэмэтым, хамэ къэралхэр псэупIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэм я дунеймрэ я Iуэху зытетымрэ. А псор цIыхум я деж нэзыхьэс тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къытохуэ газетым, абыхэм я зэхэублакIуэри, я унэтIакIуэри, я къызэгъэпэщакIуэри, псом япэрауэ, «Адыгэ псалъэм» и редактор нэхъыщхьэрщ. Мухьэмэд и жэрдэмкIэ зэхэубла хъуауэ газетым щIэх-щIэхыурэ къытохуэ Iуэхугъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ тематическэ напэкIуэцIхэр – «Махуэку», «Узыншагъэ», «Жьыщхьэ махуэ», «ЩIалэгъуэ», «Ислъамым и нур», «Малъхъэдис», «Шыхулъагъуэ», «Гъуазэ», «IуэрыIуатэ – дыщэ пхъуантэ», «Адыгэ къуажэхэм я щIэнгъуазэ», «Щикъухьащ адыгэр дунеижьым», «ЦIыкIураш» (сабийхэм папщIэ), «ЩIыуэпсым и макъ», нэгъуэщIхэри. Апхуэдэ напэкIуэцIхэм цIыхур гуапэу IуощIэ, ищхьэкIэ зэрыщыжытIащи, а псоми я зэхэублакIуэр газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ, аращ абыхэм псэ хэзылъхьэри я купщIэр зыгъэбелджылыри.

            Хэти щыгъуазэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым я адыгэ газетхэм зэщIыгъуу къыдагъэкI номер зэгуэтхэр дунейм щIэх-щIэхыурэ къызэрытехьэм. Апхуэдэ номерхэр зыфIэмыщIэщыгъуэрэ зыфIэмыхьэлэмэтрэ урихьэлIэнукъым. «Адыгэ псалъэм» и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и жэрдэмкIэ апхуэдэ номер 37-рэ дунейм къытехьащ, «Зыщ ди блэкIари, зыуэ щрет ди къэкIуэнури» псалъащхьэм щIэту. Мухьэмэд къыхилъхьэурэ, «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ» (Мейкъуапэ), «Черкес хэку» (Черкесск) газетхэм апхуэдэ номерхэм зыбжанэрэ къыщаIэтащ ди лъэпкъ культурэм, тхыдэм, анэдэлъхубзэм, хабзэхэм, ди нобэрей дунейм, хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я псэукIэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр.

            Езыр зи редактор нэхъыщхьэ «Адыгэ псалъэм» нэмыщI, Мухьэмэд игъэхьэзырауэ дунейм къытохьэ «Нарт», «Черкесское зарубежье», «Хасэ»  газетхэри. 1992 гъэ лъандэрэ къыдокI «Нарт» газетыр. Абы и номер 40 хуэдиз игъэхьэзыращ ХьэфIыцIэм. Къару мащIэ текIуэда а Iуэхум?! Напэ зыбгъупщI, нэхъыби мэхъу «Нарт» газетым и дэтхэнэ къыдэкIыгъуэри. ГуащIэ ин дыдэ пхэлъын хуейщ а псор бгъэхьэзырын щхьэкIэ. Ар зыхузэфIэкI лэжьакIуэ гуащIафIэщ абы и редактор ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Псом ящхьэращи, «Нартым» и дэтхэнэ къыдэкIыгъуэри купщIафIэщ, зэмылIэужьыгъуэщ, уи акъылыр зыгъэлажьэ, уи гупсысэр зыунэтI, куэдым укъыхуэзыгъэуш, ухуезыджэ, хъыбар гъэщIэгъуэнхэмкIэ къыбдэгуашэ, зэи узытемызашэ псалъэмакъ щIэщыгъуэкIэ гъэнщIа газетщ Мухьэмэд и «Нартыр». Ар дыдэр хужыпIэ мэхъу ХьэфIыцIэм езым и жэрдэмкIэ къызэригъэпэщауэ къыдигъэкI «Черкесское зарубежье» газетми. И цIэмкIи зэрыгурыIуэгъуэщи, абы и къалэн нэхъыщхьэр нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я хъыбархэм (я псэукIэ, я Iуэху зытет, н.къ.) ди цIыхухэр щыгъуазэ щIынырщ. А къалэныр сыт щыгъуи хузэфIокI Мухьэмэд и «Черкесское зарубежье» газетым – и тиражыр мини 10-50 хъууэ, 1992 гъэ лъандэрэ дунейм къытохьэ ар. «Черкесское зарубежье» газетым и фIыгъэкIэ нобэрей щIэблэр щыгъуазэ мэхъу Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Германием, Америкэм, нэгъуэщI къэралхэми щыпсэу адыгэхэм я хъыбар Iэджэм – абыхэм я Iуэху зытетми я тхыдэми куууэ хэзыщIыкI цIыхущ газет хьэлэмэтыр къыдэзыгъэкI ХьэфIыцIэ Мухьэмэд: езыри куэдрэ яхохьэ абыхэм, газетым тридзэн хъыбар гъэщIэгъуэнхэр къыхуэзытх хэхэс адыгэ куэди и нэIуасэщ, и ныбжьэгъущ.

            Мухьэмэд и редактор лэжьыгъэм и гугъу щыпщIкIэ ублэкI хъунукъым абы анэдэлъхубзэм хуиIэ гулъытэм. «Адыгэ псалъэ» газетым еджэ дэтхэнэм дежкIи нэрылъагъущ абы и бзэр иужьрей илъэсхэм куэдкIэ зэрефIэкIуар – ар, псом япэрауэ, зи фIыщIэр газетым и редактор нэхъыщхьэрщ. Газетым щылажьэ дэтхэнэри Мухьэмэд хуиущий зэпытщ ди анэдэлъхубзэр зэрыкъулейр, IэкIуэлъакIуэу къэбгъэсэбэпмэ, абы гупсысэм я нэхъ куури кърипIуатэ зэрыхъунум, ар къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытым. Газетым и бзэр IупщI, гурыIуэгъуэ, гукъинэ щыхъун хуейщ абы еджэм, итIанэщ ар цIыхум къабыл щащIынури я гум щыдыхьэнури – аращ Мухьэмэд и лэжьэгъухэм япиубыдыр. Езыри апхуэдэущ адыгэбзэм зэрыхущытыр – абы и фIыпIэмрэ и кууупIэмрэ къыщIэзыгъэлъэф тхакIуэщ ХьэфIыцIэр. ТIорысэ хъуауэ ялъытэ псалъэ куэд къыдэщIэрэщIэжащ Мухьэмэд и къалэмым, псалъэщIэхэри къигъэщIын хузэфIэкIащ – ар щынэрылъагъущ езым и тхыгъэхэми газетым и напэкIуэцIхэми.

            Анэдэлъхубзэм зиужьын, абы и IэфIым щIэблэр къыщIэтэджэн папщIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ Мухьэмэд и жэрдэмкIэ зэхэубла хъуауэ адыгэ еджапIэхэм илъэсибл лъандэрэ щекIуэкI «Си бзэ – си псэ, си дуней» зэхьэзэхуэм. УщымыгуфIыкIын плъэкIыркъым а жэрдэм телъыджэм: иужьрей илъэс тIощIырыпщIым Iэпэдэгъэлэл хъуауэ къэгъуэгурыкIуа анэдэлъхубзэм и пщIэр къиIэтыжыфынущ абы. Анэдэлъхубзэм и IэфIыр цIыхум щызыхищIэр ар сабий ныбжьым щитым дежщ. Аращ ХьэфIыцIэм и фIыгъэкIэ зэхэубла хъуа Iуэху дахэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр – ар фIыуэ къыгуроIуэ, къыгурыIуэ къудейм къыщымынэу, игурэ и псэрэ етауэ абы хуолажьэ Мухьэмэд. Шэч хэлъкъым абы щхьэкIэ пщIэ лей Мухьэмэд зэрыхуэфащэм. Лъэпкъым, щIэблэм къащхьэпэн Iуэху блэжьынумэ, «Си бзэ – си псэ, си дуней» зэпеуэм и зэхэублакIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд щапхъэ пхуэхъунущ.

            Мухьэмэд, ищхьэкIэ зэрыщыжытIащи, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэщ: Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэщ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и гъэзэщIакIуэ гупым хэтщ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академикщ, «Адыгэ энциклопедие» институтым и директор–къызэгъэпэщакIуэщ, Дунейпсо Кавказыдж обществэм  (США, Чикагэ) и членщ, «Си бзэ – си псэ, си дуней» зэхьэзэхуэр зыунэтI республикэ Советым и унафэщIщ. Мыхьэнэшхуэ зиIэ и гуащIэдэкIым къыпэкIуауэ, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэрехьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щIыхь зиIэ я журналист цIэ лъапIэхэр. Абы зыбжанэрэ къратащ КъБР-м ПечатымкIэ и министерствэм, Журналистхэм я союзым я саугъэтхэр; апхуэдэ гулъытэ къыхуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэми. Мухьэмэд къыхуагъэфэщащ мамырыгъэм и Урысей Фондым и дыщэ медалыр, имам Щамил и цIэр зезыхьэ Дунейпсо фондым и дыщэ медалышхуэр, Къандур-фондым и саугъэт «ЩIыхь дамыгъэр» Абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ яку дэлъ къуэшыгъэр гъэбыдэнымкIэ иIэ фIыщIэм папщIэ  абы къратащ Апсным и орден лъапIэ дыдэр. Ар щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутату.

            ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зи къару илъыгъуэ тхакIуэщ, публицистщ, щIэныгъэлIщ, жылагъуэ  лэжьакIуэ лъэрызехьэщ, и лъэпкъымрэ и республикэмрэ нэхъри ефIэкIуэн, заужьын папщIэ куэд хузэфIэкIащ. Адыгэр нэхъыбэжкIи щогугъ абы. Ди фIэщ мэхъу ар и къаруи, и гуащIи, и зэфIэкIи зэи зэремыблэжынур. Апхуэдэр къалэн зыщащI цIыху лъэрызехьэхэм ящыщщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.

                                  

    ХЬЭФIЫЦIЭ МУХЬЭМЭД И ДЕЖ

Зыгуэрхэм дэ фIы дыдэу дыкъалъагъур,

Къэдмылэжьа щытхъу инхэр къытлъагъэс.

Щыпхыдагъэшри щIыгум бгъуфIэу лъагъуэ,

Вагъуэхэр щылыд уафэм дынагъэс.

 

Егъэлеяуэ дифI зыIэтхэм ещхьу,

Ди Iейр тхуэзыгъэбатэри мэхъу куэд.

Абыхэм жаIэм тепщIыхьмэ, дыхущхьэу

Дохь гъащIэр, пщIэншэу зэман догъэкIуэд.

 

Дащыщкъым щытхъум зи щхьэр игъэуназэм,

Дащыщкъым жагъуэгъу псалъэм дэгулэзым,

Яжынур дишхэм тщIэжу дытетщ гъуэгу,

ГуфIэу къытхуеуэу ди ныбжьэгъухэр Iэгу,

Къиплъэн укIытэу адрейхэр ди нэгу!

 

 БИЦУ Анатолэ.

Мы тхыгъэхэр «Iуащхьэмахуэ» журналым тетщ (2006 гъэ, №1, нн. 116-120)

 

ГЛАВНАЯ

 

ссылки

ГАЗЕТЫМ И ЛЭЖЬАКIУЭХАР

къыдэкIыгъуэхэр

 

KavkazWeb

Copyright © 2005 Buch e-mail: [email protected]